ЦIыхухэр сакъыну къыхураджэ

Гу зылъытапхъэ

Террорым пэщIэтынымкIэ лъэпкъ комитетым и Оперативнэ штабу КъБР-м щыIэм ИлъэсыщIэ махуэшхуэхэм ехьэлIа нэгузыужь Iуэхухэр къызэгъэпэщыным и пэ къихуэу республикэм щыпсэухэм ягу къегъэкIыж гуфIэгъуэ дауэдапщэхэр щекIуэкIкIэ цIыху куэд щызэхуэс щIыпIэхэм щысакъын, террорым пэщIэтыным теухуауэ щыIэ мардэхэм тетын зэрыхуейр:
- фи автотранспортыр абы хухэха щIыпIэхэм деж щывгъэув;
- къызэрымыкIуэ щытыкIэхэр къэзыгъэхъункIэ, цIыхухэм шынагъуэ къатезыгъэхьэнкIэ хъуну Iуэхухэр фымылэжь;
- балигъ мыхъуа сабийхэр я закъуэу къэвмыгъанэ;
- шэч уэзыгъэщI хьэпшыпхэм, апхуэдэу зыри кIэлъымыплъу зэман кIыхькIэ зы щIыпIэм деж щыт автотранспортым гу лъыфтэмэ, ахэр къыффIэмыIуэхуу фыблэмыкI. Апхуэдэ зыгуэрым фрихьэлIэмэ, абыкIэ икIэщIыпIэкIэ хъыбар евгъащIэ хабзэхъумэхэм е къызэрымыкIуэ щытыкIэхэм кIэлъыплъ IуэхущIапIэхэм;
- хабзэхъумэ IэнатIэхэм, апхуэдэуи цIыху куэд зыхэт зэхуэсхэр щекIуэкIым деж шынагъуэншагъэр къызэгъэпэщыным зи лэжьыгъэр пыщIа нэгъуэщI къулыкъущIэхэм хабзэкIэ къыфхуагъэувхэр вгъэзащIэ;
ЦIыху куэд щызэхуэса щIыпIэм дэпхьэ хъунукъым къэлыдынкIэ, къэуэнкIэ, щхъухь зыхэлъ, мэ гуащIэ къызыкIэрих веществохэр, пиротехникэ Iэмэпсымэхэр, къыпхэуэнкIэ, узыуIэнкIэ шынагъуэ хьэпшыпхэр, апхуэдэуи зэкIуэцIылъышхуэхэр, сумкэшхуэхэр;
ПщIэ зыхуэтщI адэ-анэхэ! ГуфIэгъуэ дауэдапщэхэм щыхэфшэкIэ, фи сабийхэм ягурывгъаIуэ уэрамым, пщIантIэм, унэ щIыхьэпIэхэм деж къыщагъуэта дэтхэнэ зы хьэпшыпми уеIусэныр шынагъуэншэу щымытынкIэ зэрыхъунур.
Зыщывмыгъэгъупщэ! Фи набдзагубзаплъагъэмрэ хабзэхъумэхэм фадэIэпыкъуну фызэры­хьэзырымрэ щIэпхъаджагъэ хьэлъэ къэмыхъуным хуэщхьэпэныр зыхуэIуа щыIэкъым!
«Линэ пщтырым» и телефонхэр:
КъБР-м щыIэ Оперативнэ штабым: 48-15-48;
Урысейм и ФСБ-м и Управленэу КъБР-м щыIэм: 48-15-81 (дзыхь зрагъэз телефон);
КъБР-м щыIэ МВД-м: 40-49-10 (плъыр часть); 49-50-62 (дзыхь зрагъэз телефон);
УФ-м СледствиемкIэ и комитетым СледствиемкIэ и управленэу КъБР-м щыIэм - 77-64-22 (дзыхь зрагъэз телефон);
Урысейм и МЧС-м и Управленэ нэхъыщхьэу КъБР-м щыIэм - 39-99-99 (плъыр часть).

Террорым пэщIэтынымкIэ лъэпкъ комитетым и Оперативнэ штабу КъБР-м щыIэ.
Поделиться:

Читать также: