Iуэхугъуэ 23-м арэзы тохъуэ

КъБР-м и Правительствэм и УнафэщI Мусуков Алий иригъэкIуэкIа зи чэзу зэIущIэм щыхэплъащ Iуэхугъуэ 23-м.

Абы къыщащтащ «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм щыпсэухэр 2020 гъэм псэупIэрэ коммунальнэ IуэхутхьэбзэхэмкIэ къызэгъэпэщын» КъБР-м и къэрал программэм «Унэ къызэращэхуну Iэмалхэр нэхъ тынш щIыным и IуэхукIэ» и программэ гуэдзэм хыхьэу, унагъуэщIэхэм унэ къахуэщэхун щхьэкIэ ахъшэкIэ зыщIагъэкъуэным ехьэлIауэ республикэ бюджетым къыхэкI субсидиехэр муниципальнэ щIыналъэхэм зэрытрагуашэм теухуауэ» КъБР-м и Правительствэм и унафэм и проектыр.
КъБР-м ухуэныгъэмрэ гъуэгу IуэхухэмкIэ и министрым и къалэнхэр зыгъэзащIэ Къуныжь Вячеслав зэрыжиIамкIэ, абы хиубыдэнущ унагъуэщIэ 109-рэ. Субсидиехэр зратыну муниципальнэ щIыналъэхэр 37-рэ мэхъу. Абыхэм ящыщу 3-р къалэ округщ, 6-р къалэщ, 28-р къуажэщ. Къэпсэлъам къызэрыхигъэщамкIэ, а Iуэхум текIуэдэнущ сом мелуан 79,9-рэ: федеральнэ ахъшэу - сом мелуан 45,4-рэ, республикэм ейуэ - сом мелуани 3,4-рэ, муниципальнэ бюджетым щыщу - сом мелуан 22,1-рэ.
Къуныжьыр тепсэлъыхьащ «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм фэтэр куэду зэхэт и унэхэр 2014-2043 гъэхэм къриубыдэу зэгъэпэщыжыным и IуэхукIэ» щIыналъэ программэм хиубыдэу, 2020 - 2022 гъэхэм зэлэжьынухэр убзыхуным теухуауэ» КъБР-м и Правительствэм и унафэм и проектми. Абы зэрыжиIамкIэ, иджы ещанэу апхуэдэ дэфтэр къащтэ. «2020 - 2022 гъэхэм я проектым къыщыгъэлъэгъуа лэжьыгъэхэр гъэзэщIэным текIуэдэнущ сом мелуан 857-рэ икIи къызэщIиубыдэнущ зэгъэпэщыжын хуей унэ 247-рэ», - къыхигъэщащ къэпсэлъам.
Апхуэдэуи республикэ унафэщIхэм къащтащ «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм цIыхур ирипсэун папщIэ нэхъ мащIэ дыдэу зыхуей ахъшэр 2019 гъэм и ещанэ мазищым зыхуэдизым теухуауэ» КъБР-м и Правительствэм и унафэм и проектыр. КъБР-м лэжьыгъэмрэ социальнэ дэIэпыкъуныгъэмкIэ и министр Асанов Алим жиIащ зи гугъу ящI пIалъэм республикэм щыпсэу зы цIыхум хуэзэу ар сом мин 11-рэ 199-рэ зэрыхъуар, лэжьэф ныбжьым итхэм - сом мин 11-рэ 640-рэ, пенсэм щысхэм - сом мини 8-рэ 751-рэ, сабийхэм - сом мин 11-рэ 945-рэ.
Республикэ унафэщIхэр арэзы техъуащ 2018 гъэм и етIуанэ илъэс ныкъуэм Олимп спорт лIэужьыгъуэхэм, дунейм, Европэм, Урысей Федерацэм щекIуэкIа зэхьэзэхуэхэм, апхуэдэ дыдэу паралимп, сурдлимп зэпеуэхэм ехъулIэныгъэхэр къыщызыхьа спортсменхэмрэ абыхэм я гъэсакIуэхэмрэ зэрагъэгушхуэ ахъшэ иратын папщIэ ягъэбелджыла цIэ-унэцIэхэм.
ЗэIущIэм щытепсэлъыхьащ республикэм щызэхуащIыжа промышленнэ IуэхущIапIэхэм ехьэлIауэ ирагъэкIуэкI лэжьыгъэм.

БАГЪЭТЫР Луизэ.
Поделиться: