Ди щIыбкIэ щыIэ къэщIыгъэ

Астрономхэм иджыблагъэ хьэршым къыщагъуэтащ дыщыпсэу ЩIы Хъурейм ирагъэщхь планетэ. Ар ящыщкъым Дыгъэм и хъуреягъыр къэзылъэтыхьхэм. Апхуэдэхэм щIэныгъэлIхэр зэреджэр экзопланетэщ («экзо» псалъэр, «и щIыбкIэ щыIэ» мыхьэнэр къикIыу, пасэрей алыджыбзэм къыхэкIащ).

Тхыдэ мыжыжьэм дриплъэжмэ, экзопланетэ зэрыщыIэм астрофизикхэр япэу щыхьэт щытехъуар 1992 гъэращ.
2018 гъэм и щIышылэ мазэм ирихьэлIэу, телескопхэмкIэ зрагъэлъагъужу, щIэныгъэлIхэм зи гугъу тщIы къэщIыгъэхэм хуэдэу къагъуэтам я бжыгъэр 3726-м нэсащ. Абыхэм я нэхъыбапIэр, Дыгъэм и гуэдзэн Юпитер, Нептун, Сатурн планетэхэм ещхьу, гъащIэ щыIэнкIэ Iэмал зимыIэ планетэ абрагъуэщ, япэу узыIущIэ я пкъыгъуэ нэхъыщхьэри гъуэз къэплъащ.  
Мы къэщIыгъэр дыщыпсэу ЩIы Хъурейм нэхърэ тIукIэ нэхъ хьэлъэщ, и зэпрыупIэ-и бгъуагъымкIэ 1,2-кIэ нэхъ инщ, зэрытпэжыжьэр нэхум илъэс 66,5-м и кIуэцIкIэ зэрызидз гъуэгуанэм хуэдизщ, вагъуэ жьэражьэу зэкIэрэхъуэкI, «плъыжь цIыкIужьей» («красный карлик») зыхужаIэм хуэдэщи, Дыгъэм нэхърэ процент 60-кIэ нэхъ цIыкIущ.
Алъандэрэ щыIами-щымыIами зыхэдмыщIыкIа GJ 1252 b планетэр и теплъэкIи, и зэхэлъыкIэкIи дыщыпсэу ЩIы Хъурейм ещхьу жызыIэ щIэныгъэлIхэм къызэралъытэмкIэ, абы и щхьэфэм и нэхъыбапIэр къырылъэми, и щIыгум гъащIэ гуэр щыIэнкIэ зэрыхъунур узэгупсысынщ.
ЗэрыхуагъэфащэмкIэ, мы экзопланетэр зэкIэрэхъуэкI «плъыжь цIыкIужьейм» гъунэгъубзэу бгъэдохьэ, зэпымыууэ зэрыхуэгъэзари и зы джабэрщ, астрономхэм гу зэрылъатауэ щытари TESS хьэрш телескопымкIэщ. ЩIэныгъэлIхэм абы дяпэкIи кIэлъыплъыну я мурадщ.

КЪУМАХУЭ Аслъэн.
Поделиться: