Мэрем пшыхь

Хабзэм щыщ Адыгэшымрэ адыгэлIымрэ

Шыр ижь лъандэрэ адыгэм къыдогъуэгурыкIуэ. Адыгэм шым пщIэрэ гулъытэу хуищIар нэрылъагъу тщещI абы ехьэлIа лъэпкъ щIэныгъэу ди деж къэсам. Шы хуэIухуэщIэ зэхуэмыдэ куэд ущрохьэлIэ адыгэ IуэрыIуатэм. Абы и дэтхэнэ зы лъэпкъыгъуэри къапщтэмэ, я нэхъ мащIэу шым и фIагъым, и Iущагъым теухуауэ зыгуэр жызымыIэ къыхэкIынкъым. Гущэм хэлъ къуэрылъху щIалэ цIыкIур щыщIиупскIэкIэ, нанэм зэчыр макъамэкIэ игъэдахэурэ къиIущэщ гущэкъу уэрэдым хилъхьэр ар шууей зэкIэлъыкIуэ зэрыхъунурат:
Жей, си псэ, жей, си щIалэ,
Жей, си щIалэ нэху,
Нэхущыр уи щыпэежьэщ,
Гъуэгу жыжьэхэр зыпэплъэ,
Си шу хъыжьэ ябгэ,
Уи псэ закъуэр мастэпэбдзи,
Пхъуантэдэлъу пхузохъумэри,
Тхьэм уэ цIыкIур укъихъумэ.
«Адыгэшрэ адыгэлIрэ», - жеIэ псалъэжьым. Ахэр зэхуэмыщхьэпэмэ, лIыгъэр дэнэ къикIын, лIыгъэщIапIэри дэнэ къипхын? Илъэсищэм нэблагъэкIэ псэуа Унэж Хьэбибэ щIэупщIэгъат: «ЛIыр и нэпс щымыукIытэу щигъэлъагъуэр пщIэрэ?» - жери. И жэуапри хьэзырт: «Щэ къудейт зэрыплъагъунур ар: и анэр лIауэ къаIэту дахын и пэ къихуэу, и щауэгъу щIалэ къепцIыжамэ, шыр фIэкIуэдауэ игъуэтыжынкIэ и гугъэр кIуэдамэ». Абы адэкIэ къыпищат: «ЛIым гуфIэгъуэ нэпси иIэщ, ар щигъэлъагъуэр пщIэрэ? Зы фочышэ иригъэкIынт къуэ къызэрыхуалъхуам щхьэкIэ, адрейуэ, иш и пщэ зришэкIынт, шыщIэ зэригъуэтам папщIэ». ГъэщIэгъуэнращи, адыгэм цIыхухъу нэпсрэ шы нэпсрэ зэхуегъадэ, нэхъ гуащIэр хузэхэгъэкIакъым. Адыгэ дадэт «АдыгэлIыр дэнэ щыIэ?» - жаIэу щеупщIым, - «Адыгэшыр здэщыIэм щыIэщ», - жиIэу жэуап зытыжар. «Адыгэшыр дэнэ щыIэ?» - щыжаIэм, «АдыгэлIыр здэщыIэм щыIэщ», - жиIэгъат.
Апхуэдэ гъэсэтхыдэ гъэщIэгъуэн куэд ущрохьэлIэ лъэпкъ IуэрыIуатэм. Ахэр псори щIэныгъэ ирокъу, лъэхъэнэ кIыхьхэм кърикIуа ди лъэпкъ и лIэужь дэтхэнэри ипэ къэкIуэнухэм, щIэблэм зэрыдэгуэша акъылрэ гупсысэщ.
ИжькIэ шыр зыхуаIыгъри зыхуагъасэри зекIуэщ. Шым фэрэ фIагъыу бгъэдэлъыр къэзылъытэу щытар жылагъуэрщ. Жылэм и напэр къыдэзых-къуэзылъхьэж хъугъэщIагъэ куэдым щыщт шым къызыкъуихыну зэфIэкIри. Арагъэнт сабий къалъхуам иращIэкI дауэдапщэхэм хуэдэхэр, е еплъыт хъунухэр, шыми щIращIэкIри. Шыми зы дуней къытехьэгъуэ иIэщ, апхуэдэ дыдэу зы дуней текIыжыкIи иIэщ. Сабий хуэIухуэщIэхэм шым ейр къызэрыщхьэщыкIыр аращи, мыбы зэрагъэунэху хабзэ куэди хэлъщ. Ар зыхуэунэтIар зекIуэш къэгъэхъунрат. Шым и щыпэдэш-щыпэшэс хуэIухуэщIэхэм щегъэжьауэ зекIуэ гъуэгу теувэхункIэ дауэдапщэу ещIэкIам хъуэхъуу теIуаращ зекIуэ хъуэхъукIэ дызэджэр.
Адыгэ пщы-уэркъхэр хуабжьу ерыщу пылъащ зекIуэш къэгъэхъуным. Абыхэм ящыщ дэтхэнэми шым къыхагъэща хьэл-щэныр я шы лъэпкъ нэщэнэу ягъэувыжурэ нобэ дызыщыгъуазэ шы лъэпкъыгъуэ гъэщIэгъуэнхэр дунейм къытехьэгъауэ щытащ: щолэхъу, бэлэтокъуэ, чэрэчанэ, трамэ, къундет, жырыщты, есэней, абыкъу, бэчкъан, хьэгъундокъуэ, н.къ. Шым халъхьэфа, къызыкъурагъэха фIагъ псори хэIущIыIу щыхъум, зи цIэ къитIуа шы лъэпкъыгъуэхэр дунейм къызэрыщацIыхуар, зэрыхэIуар адыгэшущ. Адыгэшым и пщIэр адыгэм зэриIыгъа щIэныгъэр къуэпсыбэщ, лъэныкъуэ куэд къызэщIеубыдэ. Абыхэм ящыщу зы Iуэхугъуэщ дэ зи щхьэ диIэбэнури.
ШыщIэр дунейм къыщытехьа махуэм и япэ жэщым ягъэпскIырт, зэрагъэпскIри нэху зытемыщхьа псыкIэт. И фIалъиплIым деж щрагъажьэрти, шыпщэ щIагъымкIэ къакIуэу, шы нэпкъым къыдекIуэкIрэ шы сокум къехыжу, абы адэкIэ шы тхыцIэмрэ ныбэмрэ къыхыхьэу псыкIэ зэщIагъэхьэрт. Псыр къебгъэжэхыныр ягъэдахэртэкъым; хъыдан щабэр псыф ящIырти, абыкIэ телъэщIыхьурэ ягъэпскIырт. ШыкIэр ятхьэщIыртэкъым. ШыщIэр зейр хъуахъуэрт:
Ялыхь, зи гуащIэр ин!
Мы къытхэхъуа псэущхьэр
Унагъуэми лъэпкъми угъурлы тхуэщI,
И лъэр жанрэ быдэу,
И гъуэгур кIыхьрэ бгъуэуэ,
ЛIыуэ шэсынумкIэ махуэу,
Гъуэгуу икIунумкIэ нахуэу,
И шыпэр здэгъэзам хъерыр щыбэу,
Батэр игъэшу,
«Зышрэ зы шууейкIэ къэмылэнджэжхэщ!» къыхужаIэу,
Зэхуэщхьэпэу,
ЗэрымыгъэкIуэду
Я дуней Iыхьэр егъэхь!
Табыщ Мурат.

ЦIыкIухэм папщIэ
Мыщэ-бжьахъуэ
Зи щхьэр къызыхуэмыIэту къыдыхьэж къуэр зылъэгъуа анэр жыг лъэдакъэжьым хуэмурэ тетIысхьащ. «Аргуэру…», - къиIущэщащ абы. И къуэри къыщIыхьэжри, зэрыкъуаншэр ищIэжырти, анэм къемыплъыфу къызэбэкъуа бжэщхьэIум къыфIэкIакъым.
Анэр, ауи зыкъримыгъащIэу, жьы щIэту, щылъэтри:
- Шэджагъуашхэр хьэзырщ, тIэкIу уедзэкъэну, Лъэбыцэжьей? - щIэупщIащ.
- Хьэуэ, ма, иужькIэ, - жиIэри и пэшымкIэ щIыхьэжащ.
- Хъунщ, нэху, - кIэлъыпсэлъащ анэр къуэм.
ЩIалэр блыным щIыбкIэ кIэрыгъэщIауэ, къудамэ цIынэр зэрылъ унэ лъэгум щетIысэхащ. И фIалъэ лъакъуитIымкIэ и щхьэр фIиубыдыкIыжри иутхыпщIащ:
- Аргуэру лэжьапIэм сыкъыIукIыжащ. Щхьэ мыр гуэрым сыщымызэгъарэ? ЛэжьапIэ дапщэ схъуэжар икIи схъуэжынур? Дотэ сыт жысIэу сыIуплъэну? Ди анэми сыкъыгурыIуакIэщ. Ари сфIэгуэныхьщ. Ауэ сэри сакъыгурыIуэн хуейщ. ЛэжьапIэхэм сыкъыщIыIукIыжыр сыщхьэхынэу, сымылэжьэфу аракъым. АтIэ си псэм къищтэркъыми аращ. Сэ сыхуейщ лэжьыгъэм дэрэжэгъуэ къызитыну. СыздыIутахэм зыри апхуэдэ яхэтакъым. Дотэ дауэ ар къызэрыгурызгъэIуэнур? Узыхуейр сыт хуэдэ лэжьапIэ жиIэми, сыт жесIэнур? Сэр дыдэм сщIэжыркъым. Ауэ къызгурыIуар зыщ: мэз дохутыри, жыггъэкIи, мэзхъуми сыхъунукъым…
- Уи адэр къоджэ, - къыщIэплъащ пэшым анэр.
Лъэбыцэжьей къыщIэкIри, адэм и пащхьэм щыму иуващ. Адэри хоплъэ - абы къызэрыщIидзэн псалъэ игъуэтыркъым.
- Узыхуейри къыбгурыIуэж си гугъэкъым, щIалэ… - жиIащ абы, тэлайкIэ хэплъэу щыса иужькIэ. - Сылэжьарэт, жыпIэрэ, пIалъэкIэ нэхъ мыхъуми бжьахъуэу яхуэлажьэ. Бжьэпщым сыхуэзати…
- Мыщэр бжьахъуэуи? - къыжьэдэхури щIалэр щIегъуэжащ.
- Бжьахъуэу, уэлэхьи, бжьахъуэу. Лъапэ-лъэдакъэ пщIыуэ укIуэнщ ари… Уи гугъи уэ! - губжьат мыщэжьыр. - Сэ сымэз пащтыхь къуэдзэ щхьэкIэ, уэ умылажьэу пщыIэм ущIэсыну ара? Нэху здэщым бжьэхэм ялъэIэс.
ЕтIуанэ махуэм щIалэр дзыхьмыщIурэ бжьэхэм яхыхьащ. Езы бжьэхэри зэщIэвэри, абы и хъуреягъыр мыарэзыуэ къалъэтыхьу хуежьащ. АрщхьэкIэ бжьэпщыр къащыхэлъэтыкIым, псори зэщIэсабырэжащ.
- Уэра пащтыхь къуэдзэм къытхуигъэкIуар? - щIэупщIащ ар.
- НтIэ, сэращ, - щтэIэщтаблэщ щIалэр.
- Дызэдэлэжьэнщ-тIэ, - къыфIигъэкIакъым бжьэпщми.
Гъатхэ зэманти, бжьэгъажэм и гуащIэгъуэт. Бжьэ къэпщIхэм матэщIэ яхуэщIын, жьы хъуахэр зэгъэпэщыжын хуейт. ПщIэнтIэпсыр ирикъуэкIыу мыщэ щIалэ бланэр махуэ псом лэжьащ. Бжьэ Iэщынхэми яхэплъэри, игу яхуэзэгъауэ къахэкIыжащ. Абыхэм бжьыхьэм бжьэтелъхьэкIэ яхуэсакъати, уащIыхуэгузэвэн щыIэтэкъым.
- Мыщэр бжьахъуэ ящIрэ-тIэ? - къыбгъэдэлъэтащ абы зы бжьэ цIыкIу.
- Зэрыплъагъущ, - къыпыгуфIыкIащ нэжэгужэу Лъэбыцэжьей. Абы къыгурыIуакIэт нэху здэщым гуфIэу, и лъэр щIым нэмысу бжьэхэм къазэрыхыхьэнур.  
Мэлей ФатIимэ.

Фэ фщIэрэ?
Кхъуейм сыт хуэдиз и ныбжь?
Мы шхыныгъуэ хьэлэмэтыр куэд дыдэ щIауэ цIыхухэм фIыуэ ялъагъу. Ауэ зыми ищIэркъым абы сыт хуэдиз ныбжь иIэми. Ди эрэм и пэкIэ IV лIэщIыгъуэм алыдж еджагъэшхуэ, философ цIэрыIуэ Аристотель иубзыхуауэ щытащ кхъуей зэрыхах щIыкIэр. Ауэ Урысейм ар къыщысар ХIХ лIэщIыгъуэм и пэщIэдзэрщ. Апхуэдэу щытми, къэгъэлъэгъуэн хуейщ абы и щэхухэр илъэсищэ зыбжанэ хъуауэ адыгэхэм зэращIэр.
МелыIычхэм кърагъэлат
Америкэм щыщ еджагъэшхуэ - физик Вуд Роберт лажьэурэ ешати, мурад ищIат мэзым кIуэуэ тIэкIу зигъэпсэхуну. Мэзым щIэту здэкIуэм, и пхъум и макъ зэхихащ: «Папэ, адэкIэ умыкIуэ, къэувыIэ!» Роберт къэувыIащ, зиплъыхьащ, ауэ къеджар къыхуэгъуэтакъым. Ежьэжри, зы лъэбакъуэ фIэкIа ичатэкъым, метр зыщыплIкIэ нэхъ пэмыжыжьэу щыблэ къыщыуам икIи жыг абрагъуэр щызэгуихам. МелыIычхэм кърагъэлауэ аращ жаIар.
И насыпти…
Инджылызым и правительствэм и Iэтащхьэу щыта Черчилль Уинстон куэди къыщыщIырт, куэдми къелащ. Мис абыхэм ящыщ зы. 1941 гъэм и бжьыхьэм зенит батареем и Iуэху зытетыр зригъэлъагъуну  кIуат. Псори зэфIэкIауэ машинэм къыщитIысхьэжым, и хъумакIуэм машинэм и пэ бжэр премьерым хуIуихащ. «УимытIысхьэ» къыжриIэу зы макъ гуэр зэхихащ абы икIи и щIыбагъ бжэмкIэ итIысхьащ. Машинэр ежьэну хунэсатэкъым ипэмкIэ бомбэ къыщыщыуам. Шоферри премьерым и хъумакIуэри иукIащ, езы Черчилль къелащ.
Дунейм и къалэ нэхъ дахэ дыдэхэр
Рио-де-Жанейрэ (Бразилие) 1502 гъэм португалхэм ухуэн щIадзащ. Иджыпсту абы цIыху мелуани I0 хуэдиз дэсщ, тенджыз порт, аэропорт инхэр, щIэныгъэмрэ щэнхабзэмрэ я центрхэр, дуней псом щынэхъ ин дыдэ стадион щыIэщ. «Маракана» стадионым цIыху мин 22-рэ йохуэ. Къалэм щыкуэдщ музейхэр, театрхэр, еджапIэхэр, тхыдэм, архитектурэм я фэеплъхэр, тенджыз Iуфэ зыгъэпскIыпIэхэр. Дунейм и щIыпIэ зэмылIэужьыгъуэхэми езы Бразилиеми къикIыу махуэ къэс мы къалэм цIыху мелуанищым нэс къокIуэ.
Уасэр къыщежьар
Пасэрей алыдж тхыдэтх Геродот (ди эрэм и пэкIэ 490 - 425 гъэхэм псэуащ) зэритхыжамкIэ, пасэрей Иллирим (Балканхэм щыIа къэралыгъуэщ) хабзэ гъэщIэгъуэн къыщекIуэкIырт. Зи дэкIуэгъуэ хъуа хъыджэбзхэр ящэхурт. Абдежым уасэр къыщежьауэ хуагъэфащэ.
Дыгъэмрэ ЩIымрэ
Фэ фщIэрэ Дыгъэм и радиусыр ЩIым ейм нэхърэ хуэди 109-кIэ, и щхьэфэр ЩIым нэхърэ хуэдэ 1.300.000-кIэ, и хьэлъагъыр - хуэдэ мин 330-кIэ зэрынэхъ иныр? Дыгъэм и хьэлъагъыр абы и хъуреягъыр къэзылъэтыхь планети 9-м я хьэлъагъым нэхърэ хуэдэ 750-кIэ зэрынэхъыбэр? Ар нэхъ тэмэму къыбгурыIуэн щхьэкIэ, мыпхуэдэ щапхъи къэпхь хъунущ. Зы хъарбызышхуэрэ хугу хьэдзэ цIыкIурэ зэбгъэдэплъхьэмэ, сыт хуэдэу зэхуэхъурэ? Апхуэдэщ Дыгъэмрэ ЩIымрэ.

КъафщIэ
Къуажэхьхэр
Ар къоушыр псом нэхъапэ,
ИмытхьэщI абы и напэр,
Къытоувэри лъагапIэм,
Пщэдджыжь къэскIэ ину маIуэ!
* * *
Бжьакъуэ папцIэщ, жьакIэ кIыхьщ,
Iэщу дэтым я пащтыхьщ.
Шы мыгъасэу къелъэтыхь,
Хадэутэщ, сыт бэлыхь.
* * *
Бжьыхьи гъатхи щIыр елъэс,
Жьым къыдожэ, мыш-мылъэс.
* * *
И инагъкIэ хъуркъым бжьиз,
Елъэф хьэлъэ къэб хуэдиз.
* * *
И хэщIапIэр шэд псыIуфэщ,
И щыгъынри удзыфэщ.
МапкIэ, малъэ - дэни нос,
И нэр пIащэщ, Iэзэу йос.

Жэуапхэр: Адакъэ. Ажэжь. Уэшх. ХъумпIэцIэдж. Хьэндыркъуакъуэ.

ГушыIэхэр
Аращ Хьэжмурид хуэфащэр
Хьэжмурид и фыз илъэс 60-м щхьэдэхар пщэдджыжь къэскIэ гъуджэм бгъэдоувэ, лэдэх зэфэзэщ хъуа и нэкIур фIыуэ къызэпеплъыхьри, гур зэрытепщахэр пщIэуэ жеIэ:
- Мис мыращ уэ пхуэфащэр, Хьэжмуридыжь!
* * *
Анзор цIыкIу хуабжьу зызыгъэщIалафэ и анэшхуэм жреIэ:
- Мэрожнэ къысхуумыщэхунумэ, псоми зэхахыу «нанэкIэ» сыноджэнущ!
* * *
ЛIыр телефонкIэ и фызым йопсалъэ:
- Сэ ныжэбэ си щIасэ фызым и деж сыкъэнэнущ.
- Аргуэру пцIы боупс, хьэбыршыбыр! Мухьэжидыжьымрэ уэрэ фефэну фи мурадуращ, - аракъэ?!
* * *
Къуэр зилIэжу къыщIолъэдэж:
- Папэ, папэ! Ди маршынэр ирахужьащ!
- Плъэгъуа езыхужьа хьэбыршыбырыр?
- Слъэгъуащ.
- КъыпхуэцIыхужыну?
- Хьэуэ… Ауэ мис, - Iуахуа маршынэм и номерыр стхащ.
* * *
Гаишникхэр зэхэтщ.
- Феплъыт мо шэм хуэдэу къакIуэ «Жигули» цIыкIум!
- Сыт хуэдэ скоросту пIэрэ абы иIыгъыр?
- Ауэ хыфIэдзи, тумэн I5 и уасэ скорость.
* * *
Зачет къеIызых егъэджакIуэр студентым йоупщI:
- «ЭкзаменкIэ» зэджэр сыт?
- Экзаменыр - ар цIыху губзыгъитI щызэпсалъэращ.
- А тIум я зыр делэмэ-щэ?
- ИтIанэ адрейр стипендие зратынухэм яхэхуэнукъым.
* * *
ХеящIэм:
- Мы маршынэр епхужьэнкIэ щхьэ хъуа, щIалэ?
- Уэлэхьи, зэрыхъуарам: кхъэм деж щытти, мыр зейр лIауэ къыщIэкIынщ, жысIэри…
* * *
ЩIалэжьыр кафем щIохьэри, аркъэ щапIэм дэтым йоупщI:
- Уа, дыгъуэпшыхь мы кафем сыщыIауэ пIэрэ сэ?
- УщыIащ.
- Си лэжьапщIэр щисфыжащ, пэжкъэ?
- Пэжщ.
- Зы кIэпIейкIэ къэмынэу, пэжкъэ?
- Пэжщ.
- Уэху-ху-ху, алыхьым и шыкурщ! Сэ згъэкIуэда си гугъэу зысшхыхьыжт.
Агъ Зэрэгъыж.

Интернетым дыкъыщоджэ
Ар дауэ?
ЛIитI пхъэ къахьыну мэзым кIуати, пшапэр зэхэуэху хэт жыг нэхъыбэ пиупщIыфми зэпеуэну зэгурыIуэри, лъэныкъуэ зырызкIэ зэбгрыкIащ. ЯпэщIыкIэ тIури зэхуэдэ хуабжьагъ яIэу лэжьэн щIадзащ. Сыхьэт дэкIри, зым и джыдэ тIыркъэ макъыр зэпыуащ. ЗэпхыдэIукIыу абы гу лъызыта етIуанэ лIым, езыр текIуэну Iэмал иIэ зэрыхъуам нэхъри тригъэгушхуауэ, лэжьэным пищащ. ДакъикъипщI докIри, япэрейм и тIыркъэ макъыр аргуэру къэIуу хуожьэж. Аргуэру зэхуэдэу лажьэурэ, япэрейм и макъыр аргуэру зэпыуащ. Мыдрейр гуфIащ, езыр зэрытекIуэнум шэчи къытрихьэжыртэкъым иджы. ЛIитIым языр сыхьэт къэс дакъикъипщIкIэ къэувыIэрт. Апхуэдэурэ, пшапэхуегъэзэкI хъуащ. Езым текIуэныгъэ къихьауэ фIэкIа зимыгугъэ лIыр мыдрейм бгъэдыхьэмэ - щыуауэ къыщIэкIат.
- Мыр дауэ? - игъэщIэгъуащ абы. - Сэ сыкъызэпхыдэIукIыурэ зэхэсхащ сыхьэт къэсыху уи лэжьыгъэр дакъикъэ бжыгъэкIэ зэрызэпыбгъэуар. Уэ дауэ жыг нэхъыбэ къибупщIыкIа?
- Дауи щхьэуи хэлъкъым, - жиIащ адрейм. - Сыхьэт къэсыху сыкъэувыIэурэ си джыдэр слъащ.
Гъуэт Синэ.

НапэкIуэцIыр зыгъэхьэзырар НэщIэпыджэ Замирэщ.
Поделиться:

Читать также:

29.03.2024 - 12:46 НОБЭ
27.03.2024 - 15:00 НОБЭ
26.03.2024 - 08:01 НОБЭ
25.03.2024 - 12:07 НОБЭ