СОКЪУР Мусэрбий и усэхэр

(ПэщIэдзэр щIышылэм и 15-м итщ).

ГЪУТIЭ  БЕРД  И  УЭРЭДХЭР

1

ГъуэгунапщIэр илыгъуэу
ПщIэгъуалэр мэлъей,
Хуопабгъэ ар фIыгъуэм,
Хуодалъэ бзаджейм.
Нэлъэхъут ПщIэгъуалэр,
Си джатэ мыудзэгущ,
Къуршыжьым и къалэр,
Мыкъутэу си мэIущ.
Уи пщыгъуэщ Къетыкъуэм,
Тетыгъуэр ууейщ,
Ди хэкур хутыкъуэм
ЛъхукъуэлIырщ шууейр.
Фыз бгъафэм щIэлъыфым
ПащIитIыр хуэмей,
Псэр хэкум щIитыфым,
Ар лIыфIхэм я лейщ.
ГъуэгунапщIэр илыгъуэу
ПщIэгъуалэр мэлъей,
Хуопабгъэ ар фIыгъуэм,
Хуодалъэ бзаджейм.

2

Хэтхэ я къуэ уафэгъуагъуэм
Къигъэщтар?
УафэхъуэпскIыр зэрилъагъуу
Зигу хэщтар?
Зэрыфлъагъуу а къэрабгъэр
Ефхужьэж!
Хуейм щуIэгъэм и кIэ къуащIэм
Къурепщхьэж!
Дэ, зауэлIхэм, тхремыт ар -
Дилъэхъэнщ.
Бийхэм хуэзэм, заримытми,
КъыщIэпхъуэнщ!
Лъэпкъым и лъыр пщIэншэу хъункъым
Дэ дгъэкIуэд.
Дэ къэрабгъэм дрибынкъым -
ДимыкIуэт!
Ирегъуагъуэ уафэр! Щыблэр
Зэгуреч!
ХэтмикI, зи псэм зэикI емыблэм
ХуэтщIкъым шэч.
Айдэ, зи псэм зэикI емыблэр
Фынэшэс!
КIуэнщ ди гъуэгу зыфIэкъабылыр
Дыгъэм нэс!

3

Добгэ языныкъуэхэм,
Къыджьэдэлъэлъу гын.
Дэ дылIэн хъужыкъуэмэ,
КъытщIэнынущ бын.
Бзаджэр зэныкъуэкъуурэ
Мэхъу я гущхьэр бэгу.
Дэ дылIэн хъужыкъуэмэ,
ТхуащIыжынкъым джэгу.
Ддэнкъым псалъэ дыркъуэхэр
КъыдаупцIэу дяку.
Дэ дылIэн хъужыкъуэмэ,
КъытщIэнынущ хэку.
Ажалым дэбакъуэхэм
Къытщыхуащ я ней.
Дэ дылIэн хъужыкъуэмэ,
КъытщIэнынщ дунейр.

ТАУРЫХЪЫЖЬ

ЯIуатэ Жануэсыр дыгъэпсым и пэбжу,
Къурш гъуанэм щыпсэуми, и уасэр ищIэжу,
ЯIуатэ мыщафэр зыхуахьхэм ефIэкIыу,
Къуршыпсхэм яIущIэм щэху защIрэ благъэкIыу.

Хъыбархэр зэхехыр щауапцIэу IэщакIуэм,
Нэхущым къыщIешыр шагъдийуэ и хакIуэр.
Вагъуэбэр блэнейрэ къыщIокIри къуохьэжыр,
ИтIанэ жэщIауэ къоувыIэ шы гъуабжэр.

- Уэракъэ Жануэсу щауэфIхэм я гъуазэр?
Си джатэр къисхамэ, лэныстэу согъабзэр.
Мы бгыжьхэм уи нитIым уэрэду хуагъэIур
Щыхьэту - изолъхьэ уи пащхьэ си мэIур.

- ЩауафIэ, зэгуэрым фыз Iэзэ згъэплъауэ
ЖиIакIэщ: «Анэгур къэзыхьырщ уи щауэр».
Саугъэтыр пфIэлъапIэм гъэзэжыт! Си куэбжэ
Щызгъэткъым хэт къэсми зыхуейхэр къезгъэбжу!

Абдежым щауапцIэр гъэпцIагъэм ныхуокIуэ:
Бланэбзым игу пцIанэр кIуэцIелъхьэ бэлътокум.
Шы гъуабжэр хьэзырщи,
гъуэгу жыжьэм тохьэжыр,
ЩоувыIэ аргуэру хъыджэбзым и куэбжэм.

АрщхьэкIэ Жануэсыр бжэщхьэIум къемыхыу
Мэгие, ауаныр и нитIым къыщIихыу:
- Анэгур бланэгукIэ зыхъуэжхэм сапежьэм,
Уэгу щхъуантIэр зэгуачу къэчэнти мы бгыжьхэр.

Тхьэрыкъуэфу къолIыхыр щауэщIэм и пащIэр.
Ябгащэщ щхьэлъащIэр, къыхуэщIкъым гумащIэ -
Щымыхъум, мэкIуэжри кърехыр и джатэр,
Анэбгъэу зыпIари гущIыхьэу еупщIатэр.

Хьэзырщи, ещанэу йолъэтыр шы гъуабжэр,
Гъуэгу кIыхьыр лъакъуиплIым нэр щипхъуэу
зэдабжыр...
Куэбжэпэм щынэсым шы хъыжьэр щхьэпредзри,
Гу пцIанэр Iэпыхуу, щауэщIэр хыфIедзэр.

Абдежым анэгур гуIэжу къожажьэ:
«ИукIырт си щIалэр! Сыт мыгъуэр и лажьэ?!»

ДУНЕЙ  IУЭХУХЭР

1

КъотIэпIыр нобэ си кхъужьейри.
И нэпс къекIуахэр дыгъэ плъам
Хуэмыгъэгъущу, гъын къудейщи,
ПоткIукIыр си гур, сыIуплъам.

АтIэ ирегъ ар. Зэ мыгъамэ,
И гуфIэр сытым IэфI ищIын.
Зыгуэр хуэпабгъэу жыг къудамэм
ЗешэщIри, нэпсри гъущыжынщ.

Ар зыгъагъ дыгъэм и IэмыркIэ,
Кхъужь шырхэм я нэри къэпщIынщ -
Дэлъэн и жагъуэщ дыгъэм жыркIэ -
Бзий жанкIэ бынжи пиупщIынщ.

Анэ бгъэ щабэм зэрихабзэу,
Шэ гъуэжькIэ кхъужьхэр игъэнщIынщ -
Иригъэфэнщи фоупс къабзэ,
Насып хъурейхэу фхуигуэшынщ.

2

«Нэсрэн пщIэгъуалэр кIэбдзэкIрэ матхъуэ,
Щхьэцыгъуэу тIатIэм тхъугъэр хидзащ...»
Сэ мы уэрэдым куэдрэ селъахъэ,
СщIэркъым ар къихьу къызэзыдзар.

Хэт къызидзами, аркъэну щыIэм
Ар я нэхъ щабэщ - симытхьэлэн.
Ауэ мы си гур уэрэд хуэщIыIэм,
Сэ хэт хуабагъкIэ къызэукъулэн?

Лъэгуажьэ мафIэу пщIэгъуалэ сокум
ЗыкIэрысщIэнут - сыреауан.
Уэрэд нэхъ жанхэр сэ къызэзыкум
Си макъ гъэхуауэ сфIэфIт сыпеуэн.

Вагъуэпс шэщIахэр си шыкIэпшынэу,
СлъэкIам, мы щIышхуэр джэгукIэ згъэчэнт.
Дунейм и гущIэм къилъэта бынхэр,
Iэщэр я куэдми, уэрэд хуэчэмщ...

Хэт и пщIэгъуалэ уэгум илъатэр?
Хэт и щхьэцыгъуэ тхъугъэр хидза?
Сэ мы уэрэдыр нэзгъэсыфатэм,
СфIэщIынт ажалым аркъэн ездза!

3

Псы нэхум уафэр хэжэбзащи,
Уэгу нэз щIытахэм зауплIэнщI,
ИгъащIэм зэ ямыхэбзауэ
Ба къысхуащIыну зыкъашэщI.

Мэбзэх псы лъащIэр. ЩIым и гущIэр
Дыгъэ нэ закъуэм ныщIещыкI,
Пщыхьэщхьэм, вагъуэхэр къэпщIыпщIым,
ЩIым джэгу хуащIынщ - утыкур япкI.

Солъагъу: нысащIэщ, сыт Iэмырми,
ЩIыр. Дыщэ пыIэр мыулъийщ.
ЩIы гущIэм лъыхэр щигъэпщтыру
ЗыщIешэ лъынтхуэу дыгъэ бзийр.

ЩIы дахэм дыгъэм зыхуегъафIэ,
Тхьэ лъэпкъи ищIкъым тегъэщIэн...
КъэкI псом я лъабжьэр щIыгулъ IэфIым
ПхыкIын щIафIэфIри арагъэнщ.

4

Ухэплъэрт псынэм хъыджэбз цIыкIууи,
Уафэ тIатIэшхуэр къохъуэпсат.
Зыгуэр пхуимыщIэм фIэемыкIути,
Уи лъакъуэм бзэгукIэ къеIусат...

Ухэтт си гъащIэм пщIыхь мыухыу.
Уигу сэ къысхуилъыр къэзыщIам
Естынт щIым фIыгъуэу къысхущIэхыр,
ХуэсщIынт сэ щхьэщэу сымыщIар.

Къэгубжьрэ бгыжьхэр къачэ хъуми,
Пэзгъэувыфынт зы Iэмал гуэр -
«Ажал» жыхуаIэм ущысхъумэу,
Мывэжь абрэджхэр зэщызгуэнт.

Уи деж нэзгъэзэжын мурадкIэ,
Фэрхьэд и къырхэр зэпысхынт.
Дэ тIум ди дыгъэр къуршым адкIэ
ЕмытIысэхыуи къэнэжынт.

5
Сонет

Щыхьэт иIакъым мы дунейр къыщалъхум.
Псэущхьэ гуэри пшагъуэ борэн фийм
Къыпхыплъу хуэпэбгъакъым дуней нэхум,
Зытридзыфакъым мылыгъу зыгъэдийр.

Ауэ мы щIышхуэм къилъхуащ щыпэ кIэхуи,
Къилъхуащ гу къабзи, псэухэр иущийу.
КъигъэщIа фIыгъуэр яхуигуэшми цIыхухэм,
Зэ хущыщIакъым ар игъащIэм шхий.

Сыт щхьэкIэ жыпIэм, щIым и куэщIым къихуэм
Ящыщ зыгуэри имыбжа пхъэнкIийу,
Сыт щхьэкIэ жыпIэм, пхъэнкIийм ехьэехуэм
Хузэреуд, дапщэщми, и лъэдийр.

Дунейм и дамэр цIыхугъэшхуэу щытмэ,
ЦIыхугъэншагъэм цIыхущ ажал езытыр.

6

Сыжейркъым тыншу зы жэщ закъуэ,
Си шхыIэн кIапэ щIэупщIау.
Жэщ Iэуэлъауэм сагъэсакъри,
Сыхощт, зи хадэ яфыщIау.

КъысфIощI щиху лантIэр яуплIанщIэу
И сокур ятIэм хаута,
НэщIыбзэ хъуауэ уафэ лъащIэм
Ажал къуалапцIэр щыета.

КъысфIощI дунейм и набдзэ нэхум
КIэгъуасэ фIыцIэ трищIа.
Хьэ щэхурыпхъуэу, зиущэхуу
Топышэм зыкъысхуишэщIа.

Ауэ нэху мэщри, мэкIуэдыжыр
ПщIыхь мыфэмыцхэр. Къэнэжар
Гу сакъщ. Иджыри джэрпэджэжыр
КъоIу, гыныпс дыджыр щIэгъэжау.

7

Нэхущыр къос. ДэкIащ зы жэщ иджыри.
Дунейр дыгъуасэ емыщхьу къоуш.
Бзум я нэрыгъщи жьыуэ къэтэджыныр -
КъызэщIащIауэ йоуэ я тхьэгъуш.

ХоIукI абы адакъэр, гъуагъуэ папщIэу,
ЩIым и натIэхур къуэкIыпIэм къелъэщI,
Жэщ ежьэжами зэщIекъуэж и къуащIэр -
Уэсэпсым щыщтэу мэзым хыхьэж сфIощI.

СОКЪУР Мусэрбий
Поделиться: