Абхъаз IуэрыIуатэ

Адыгэхэмрэ абхъазхэмрэ тхыдэм и гъуэгуанэ кIыхь къызэдакIуащ, я бзэхэр зэщхьэщыкIами, я хабзэхэр зэгъунэгъу дыдэщ. Ардыдэр яхужыпIэ хъунущ я щэнхабзэми, псалъэм папщIэ, я IуэрыIуатэм. Ди лъэпкъхэм я зэхуэдэ хъугъуэфIыгъуэщ нарт эпосыр, нэгъуэщI IуэрыIуатэ лIэужьыгъуэхэр - таурыхъхэр, хъыбархэр, псысэхэр, псалъэжьхэр. ЗэрытщIэщи, адыгэхэми абхъазхэми къадогъуэгурыкIуэ купщIэкIэ, гъэпсыкIэкIэ, ухуэкIэкIэ зэтемыхуэ IуэрыIуатэхэри - абы щыхьэт тохъуэ фи пащхьэ итлъхьэ абхъаз хъыбархэмрэ таурыхъхэмрэ. Ахэр адыгэбзэкIэ зэзыдзэкIар тхакIуэ цIэрыIуэ Къэрмокъуэ Хьэмидщ.

Мэл уасэ

ЩIАЛЭ тхьэмыщкIитI, лIыщIакIуэ ежьэри, мэл уасэ зэрагъэпэщащ.
- Мэл къэтщэхумэ, хьэм тфIишхынщи, дыхэкIыжащ, - жиIащ зым.
- НтIэ лIо тщIэнур? - жиIащ адрейм.
- ТщIэнуращ: ди гъунэгъу жылэм дэс сатуущIэр соцIыху, мэл уасэр абы едгъэти, тхуихъумэнщ.
Мэл уасэр сатуущIэм иратащ щIалитIым:
- ДыкъыщIэупщIэмэ, къыдэптыжынщ, - жраIэри.
- Фэстыжынщ, дэнэ кIуэн? Сом дэнэ къэна, сом фIыцIэ зыфIэсшха къэхъуакъым. Уи мыпщIэнтIэпсыр хьэрэмщ, - къажриIащ сатуущIэм.
Зы гъэ дагъэкIри, ахъшэм кIэлъыкIуащ щIалитIыр.
- Ахъшэ тIэкIур къыдэптыжмэ, - жаIащ щIалитIым. ТIури и щыпэлъагъу фэр зытригъэуащ сату-      ущIэм:
- Сыт ахъшэ?
- Нэгъабэ уэттати, - жаIащ щIалитIым.
- Зэфтам и нэфI къыфщыхуэ, фи ахъшэ слъэгъуакъым сэ. Зыгуэрым сыхывогъэгъуащэ, шынэхъыщIэфIхэ. Дэнэ фэ ахъшэ къыздифхар?
- ДылIыщIэри, къытхэхъуащ, - жаIащ щIалитIым.
- Хьэлэл фхухъу, къыфхэхъуамэ…
- Мэл уасэкIэ дыщыгугъырт…
- Сэ дэнэ къыфхуисхын мэл уасэ? - щIалитIыр зыхигъэзэгъакъым сатуущIэм, къащIэнакIэри къиутIыпщыжащ.
СатуущIэм къарищIар я гъунэгъу лIыжь гуэрым жраIащ щIалитIым.
- Ара къывищIар?
- Аращ.
- Си ужь фыкъиувэ-тIэ, - къажриIащ лIыжьым.
ЩIалитIыр зыщIигъури, лIыжьыр сатуущIэм деж кIуащ.
- Тхьэм и нэфI зыщыхуэн, мы щIалитIым я мэл уасэр яхуэпхъумащ. Жэм уасэ зэзгъэпэщащи, зы гъэкIэ схуэпхъумамэ, сыбгъэунат, - жиIащ лIыжьым.
СатуущIэр егупсысащ: «ЩIалитIым я мэл уасэр естыжрэ лIыжьым и жэм уасэр фIэсшхмэ, нэхъыфIкъэ?»
- Мы щIалитIым я мэл уасэр естыжынущи, къылъыгъуазэркъым, ягу къыщIызэбгъар сщIэркъым. Иджы къысхуэпшащи, уэри ущыхьэту, изотыж, - жери щIалитIым я мэл уасэр къаритыжащ сатуущIэм. - ЗэрестыжамкIэ ущыхьэткъэ, тхьэмадэ?
- Сыщыхьэтщ, - жиIащ лIыжьым, сатуущIэм и пщIантIэм щIалитIыр къыщыдишыжым.
- Жэм уасэр-щэ? Дзыхь къысхуэпщIыркъэ? - лIыжьым къыкIэлъыджащ сатуущIэр.
- Жэм уасэм зымащIэ хущощIэри, иризгъэкъумэ, къыпхуэсхьынщ, - жиIащ лIыжьым.

Къэрабгъэ

ЗЫ ЛIЫЖЬ зы къуэ закъуэ иIэт, ар апхуэдизкIэ къэрабгъэти, пшапэр зэхэуамэ, унэм икIыфыртэкъым. «Уэ пхуэфI сыхъунщ сэ!» - игу ирилъхьащ лIыжьым, и къуэм хузэгуэпырти. «Си щIалэ закъуэм нэхъ хахуэ уигъэлъыхъуэнщ. Дзэ фIыцIэм пэувыфынущ», - жери лIыжьым хъыбар нэпцI иутIыпщащ. Хъыбарыр здынэса къуажэ гъунэгъум я пщым лIыжьым деж лIыкIуэ къигъэкIуащ: «ЗекIуэ сежьэнущи, уи къуэр гъусэ къысхуэщI», - жери.
ЛIыжьым и къуэр гъунэгъу къуажэм игъэкIуащ. ЩIалэр гъусэ яхуэхъури, пщым и шухэр зекIуэ ежьащ. ХъунщIакIуэ ежьауэ арати, пшапэ кIыфI хъуауэ, пщым и шухэр зы къуажэ нэсри, епсыхащ: «Жэщыр дгъэкIуэнщи, нэхущым датеуэнщ», - жари.
Жэщыбг хъуауэ, мэзым бажэ къыхэкIри, щIалэ къэрабгъэм и лъахъстэн вакъэр лъитхъащ.
Нэхущым щIалэр къызэфIэтIысхьащ.
- Си лъахъстэн вакъэр хэт слъызыхар? - яхэупщIыхьащ гупым щIалэр. - Сышэсынути, сылъапцIэщ.
- Дэ дожей, мы ди гъусэ щIалэм и закъуэ къуажэм теуэну мурад ищIащ, - жиIащ пщым. - Зывужь, нэху мэщ.
- ЛIыгъэ иIэщ! - жари зекIуэлIхэр зэщIэшэсащ, къуажэм дэуэри, яхъунщIащ.
ЩIалэм и фIыцIэ Iуащ абдеж щыщIэдзауэ.
НэгъуэщI зы къуажи къикIри, зи цIэ фIыкIэ Iуа щIалэм деж пщым и мэлыхъуэхэр къэкIуащ.
- Пщым и мэл хъушэм дыгъужь къеуэсауэ жэщ къэс зы мэл тфIехь, дыгъужьыр тхуэбгъэщтатэмэ, пщым уигъэфIэжынт, - жаIащ мэлыхъуэхэм.
Сыт ищIэнт щIалэм - мэлыхъуэхэр хуэгъэщIэхъуакъым: мэлыр щыхъуакIуэ хъупIэм кIуащ. Зэрыкъэрабгъэр ищIэжыртэкъэ езым: жэщ щыхъум жыгыщхьэм итIысхьащ. «Сыбэлэрыгъауэ къызихьэлIэмэ, дыгъужьым кIэ къызитынущ», - жиIащ игукIэ. Дыгъужьыр жэщыбгым къэсащ, абы щыIуплъэм щIалэр къащтэри, жыгым къехуэхащ. Дыгъужьыр жыг щIагъым къыщIыхьати, абы и щIыб ихуащ щIалэр. ЩIалэр щыкIийм, мэлыхъуэхэр къэсри, дыгъужьыр яукIащ.
- ФыукIын хуеякъым: дыгъужьыр зэрыпсэууэ пщым хуэсшэну мурад сщIат, - жиIащ щIалэм...
ПщитI зэщыхьэри, зэзэуэн хуей хъуащ.
«Ди пщыр зэуакIуэ ежьэмэ, шу пашэ ищIынур сэращ, шу пашэращ япэ яукIыр», - егупсысащ щIалэр. КIуэри, и чэнджэщ пщым ирихьэлIащ:
- ДзитIыр дызэпэуврэ дызэзауэмэ, куэд хэкIуэдэнущ. Абы нэхърэ нэхъыфIыр бжесIэнщ: дзитIым я лIы зырыз зэпреуви, зрезауэ - абыкIэ зэхэвгъэкI зи дзэ текIуэнур.
Пщыр акъылэгъу хъуащ абыкIэ.
- Си дзэм хэткъым уэ нэхъ сызыщыгугърэ нэхъ лIыгъэ зыдэслъэгъуарэ. Уэращ пэзгъэувынур, - жиIащ пщым.
ДзитIыр зэпэуври, щIалэ зырыз яутIыпщащ.
ЩIалэ къэрабгъэм, хузэфIэкIынур ищIэжырти, и нэр иуфIыцIащ: «Мы къызаутIыпщам си щхьэр зэрыфIихыр сымылъагъумэ, нэхъыфIщ», - жери. Адрейми и нэр иуфIыцIащ, ари къэшынати. «Мыр щхьэ къызэмыуэрэ?» - жери щIалэ къэрабгъэм и нэр зэтрихащ: къыпагъэувар къыбгъэдокIуатэ, и нэр зэриуфIыцIауэ. «Сигъэбэлэрыгъынурэ си щхьэр фIихынущ, аращ зэщэр», - жери щIалэ къэрабгъэм япэ зригъэщащ, и нэр иуфIыцIауэ къыбгъэдэкIуатэм и щхьэр къыфIихащ.
ЛIыжьым и къуэ къэрабгъэм и фIыгъэкIэ дзитIыр зэрымыукIауэ зэпикIуэтыжащ.

ХеящIэ

ЛIЫЖЬ ГУЭРЫМ вы закъуэ иIэт. Вэнумэ е мэз кIуэнумэ, вы хьэху къищтэрти, и вым пэщIищIэурэ и Iуэхур зэфIигъэкIырт.
ВакIуэ дэкIынути, я гъунэгъум вы хьэху къыIрихащ лIыжьым, гъавэ къэкIуэнумкIэ, жери. ЛIыжьым и гъунэгъур къулей гуэрт, выи жэми и куэдт, мэл хъуши иIэт.
Вэн-сэныр зэфIигъэкIри, лIыжьым выр зейм хуихужащ:
- Тхьэразэ къыпхухъу, си Iуэху дэбгъэкIащ, - жери.
Мазэ нэхъ ихьыжакъым: къулеижьым и выр псэхэлIэ хъуауэ нэху къекIащ.
- Си вышхуэр гугъу ебгъэхьри бгъэлIащ, къэпшыныж, - жери къулеижьыр лIыжь тхьэмыщкIэм къыщыхьащ.
- Iус щызгъэщIакъым, мэкъу дыгъэлкIэ згъэшхащ, уи вым си зэран екIакъым, - жиIащ лIыжьым.
- ЕкIащ, уэращ си выр зыгъэлIар. Къыумыпшыныжынумэ, хеящIэм деж усшэнущ.
ЛIыжьыр зыщIигъури, хеящIэм деж кIуащ къулеижьыр, хуэтхьэусыхащ.
- Мы лIыжьым си выр игъэлIащ, къипшыныжын идэркъым, - жиIащ къулеижьым.
- Сыт щIумыдэр? - хеящIэр лIыжьым къеупщIащ.
- Выр сэ згъэлIакъым, и ажал къэсати лIащ, - жиIащ лIыжьым. - Вы закъуэ сиIэщи, и ажал къэсмэ, ари лIэнущ.
ХеящIэм къыгурыIуащ лIыжьым лажьэ зэримы-Iэр.
- Гъуэгу сытехьэнущи, зы тхьэмахуэкIэ къэзгъэзэжынущ, - къажриIащ хеящIэм. - Фи Iуэхум сыхэплъэнщ, си упщIэм жэуап къефтмэ: сытыр нэхъ жэр, сытыр нэхъ пшэр, сытыр нэхъ IэфI? Фегупсыси, тхьэмахуэ дэкIмэ, фыкъакIуэ.
Къулеижьыр егупсысащ: «Шы уанэ зэтелъ, гъэлъэхъу пшэр, бжьэматэ - аращ хеящIэр зыхуейр, хуэсхьмэ, си кIэн къригъэкIынущ».
Тхьэмахуэ дагъэкIри, лIыжьымрэ къулеижьымрэ хеящIэм деж кIуащ.
- КъызжефIэт-тIэ: сытыр нэхъ жэр, сытыр нэхъ пшэр, сытыр нэхъ IэфI? - къеупщIащ хеящIэр. - Жэуап тэмэм къызэзытыращ зи Iуэху дэзгъэкIынур.
Япэ зригъэщри, къулеижьым жиIащ:
- Шыуэ сиIэм нэхъ жэрыр къыпхуэсшащ, гъэлъэхъу пшэри бжьэмати къыпхуэсхьащ.
- Сэ Iулъхьэ къеIысхыркъым, - къулеижьыр зыхигъэзэгъакъым хеящIэм.
ЛIыжьым жиIащ:
- Гупсысэм нэхъ жэр щыIэкъым, псом нэхърэ нэхъ пшэрыр щIыращ, жейращ нэхъ IэфIыр.
АбыкIэ арэзы хъури, лIыжьым и Iуэхур къригъэкIащ хеящIэм, - выр къригъэпшыныжакъым.

ЩIалэ делэ

ЗЫ ЩIАЛЭ псэурт, тIэкIу хущыщIэу. ЩIалэр мэз кIуащ, пхъэгу пиупщIауэ къыздэкIуэжым, гъуэгум мастэ къыщигъуэтащ. Мастэр гум иридзащ щIалэ делэм.
Къэсыжри, и анэр игъэгуфIащ:
- Мастэ къыпхуэсшащ, - жери.
- Дэнэ щыIэ мастэр? - къеупщIащ щIалэм и анэр.
- Гум илъщ.
- А щIалэ делэ, мастэр гум иралъхьэрэ? Уи бгъэгущталъэ жыпым иплъхьэнти, къыздэпхьынт.
- ДяпэкIэ аращ зэрысщIынур, - жиIащ щIалэм.
Зэ ежьауэ, хьэпшыр ирихьэлIащ щIалэр. Ар и гуфIакIэм дигъэтIысхьэри, дигъэбэмпIыхьащ.
- Хьэпшыр срихьэлIати, си гуфIакIэм щыдэзгъэтIысхьэм, дэбэмпIыхьри, зэгуэудащ, - жриIащ и анэм.
- Хьэпшыр гуфIакIэм дагъэтIысхьэрэ? - къегиящ и анэр. - Уи ужь ибгъэувэнти, уеджэурэ къэпшэнт.
- Хъунщ, сигу изгъэлъынщ, - жиIащ щIалэм.
Губгъуэм ихьауэ, щIалэр тхьэкIумэкIыхь ирихьэлIащ, еджа щхьэкIэ, тхьэкIумэкIыхьыр къедэIуакъым, мэзым щIэлъэдэжащ.
- ТхьэкIумэкIыхьыр къызэдэIуакъым. Седжат, мэзым сфIыщIэлъэдэжащ армыхъу, - жиIащ щIалэм.
- ТхьэкIумэкIыхьым еджэрэ? Джыдэ ираутIыпщри, къаукI, - къыжриIащ и анэм.
- Ари сщыгъупщэнкъым, - жиIащ щIалэм, и кIэпкъым джыдэ диIури ежьащ. ВапIэм зылI вэуэ итти, джыдэр ириутIыпщри, вым и бжьэр триудащ.
- Уанэ мыгъуэр тезылъхьэн! - жери лIым щIалэ делэр къиубэрэжьащ.
- Выбжьэр тезудати, саубэрэжьащ, - жери и анэм хуэгъынэнащ щIалэр.
- «Бохъу апщий» жыпIэн хуеящ, делэ.
- Сигу изгъэлъынщ, - жери щIалэр ежьащ, я гъунэгъу къуажэм дыхьауэ хьэдагъэ ирихьэлIащ.
- Бохъу апщий! - яхыхьащ щIалэр хьэдагъэм.
- Укъызыхыхьар хьэдагъэщ, жыпIэр сыт? - жари щIалэр емыкIу къащIащ.
- Дыуэщ ебгъэщIын хуеяр, - къыжриIащ и анэм.
ХьэгъуэлIыгъуэ зыдэт пщIантIэм дыхьащ щIалэр, дыхьэри:
- Дыуэ дывгъэщI, - яжриIащ.
- Ди хьэгъуэлIыгъуэщ, дыуэ сыт щIэтщIынур? - абыи емыкIу къыщихьащ щIалэм.
ЕмыкIу къихь зэпытти, щIалэр унэм имыкIыж хъуауэ, къуажэкIэм щопсэу.

Гъунэгъу нэпсей

ЗЫ ФЫЗАБЭ псэурти, бынунагъуэшхуэт, хуэщIатэкъыми, сабий быныр армыгъуейуэт зэрипIыр. Зэгуэрым, бжэщхьэIум здытесым, абгъуэм къихури, фызабэм и пащхьэм пцIащхъуэ шыр къихуащ. ПцIащхъуэ шырым и лъакъуэр икъутэжати, фызабэм хуипхащ, хъужыху елIэлIащ. Бжьыхьэм пцIащхъуэхэр лъэтэжащ, гъатхэм къагъэзэжащ. Зы пцIащхъуэ къетIысэхри, фызабэм и пащхьэм къэб жылэ кърилъхьащ. Зи лъакъуэр игъэхъужа пцIащхъуэрат ар - фызабэм шэч къытрихьакъым.
Жылэр хисащ фызабэм. Къэбыр щыхъум, фызабэм зэгуигъэжащ, абы дыщэрэ дыжьынрэ къыдэлъэлъащ. Апхуэдэ фIыгъуэ къызэрехъулIар фызабэм и гъунэгъу фызым жриIащ. Гъунэгъу фызыр нэпсейти, фызабэм къефыгъуащ, абгъуэм пцIащхъуэ шыр кърихри, и лъакъуэр зэпищIыкIащ, ар ипхэжри иутIыпщыжащ. Бжьыхьэри щIымахуэри икIри, пцIащхъуэхэр къэлъэтэжащ. Зи лъакъуэр зэфIищIыкIа пцIащхъуэм къэб жылэ къыхуридзыхащ фыз нэпсейм. Фызым жылэр хисащ. Къэбыр щыхъум, фызым ар зэгуиупщIыкIащ, дыщэрэ дыжьынрэ къыдэлъэлъын и гугъэти. Дыщи дыжьыни къыдэлъэлъакъым къэбым, блэ къыдэкIри, фыз нэпсейм къеуащ.

 

 

 

 

 

 

 

 

 

 

 

 

 

 

 

 

Сурэтхэр Цквинтарие Пётр ищIащ.
Поделиться: