Киномрэ театрымрэ я вагъуэхэр щоджэгу

Москва МузыкэмкIэ и лъэпкъ къэрал музейм иджыблагъэ Iуэху гуапэ щекIуэкIащ. Абы щагъэлъэгъуащ адыгэ актрисэ, сценарист, композитор, режиссёр, драматург Жэман Iэминэ и пьесэм къытращIыкIа «Шаляпин/О’Нил» спектаклыр, МТС банкыр и дэIэпыкъуэгъуу.

Жэман Iэминэ куэд щIауэ зи IэдакъэщIэкIхэм дихьэх американ драматург цIэрыIуэ О’Нил Юджин и хъуэпсапIэу псэуащ урыс оперэ уэрэджыIакIуэ Шаляпин Фёдор дэлэжьэну, ауэ ар къемыхъулIэурэ дунейм ехыжащ. Апхуэдэ дыдэу Шаляпинми О’Нил и тхыгъэхэр игу дыхьэу щытащ. Дунейпсо щэнхабзэм зи цIэр къыхэна цIыху цIэрыIуэхэм я гъащIэрщ Iэминэ пьесэр итхыным лъабжьэ хуэхъуари. Ауанрэ оперэу зэхэт спектаклыр Шаляпинхэрэ О’Нилхэрэ я унагъуэхэр зыхуэдам, я псэукIам къытращIыкIа япэ лэжьыгъэщ. Совет Союзми Америкэм и Штат Зэгуэтхэми я щэнхабзэ Iэнатэхэм я лэжьакIуэхэм 1928 гъэм къемыхъулIар Жэман Iэминэ и къарукIэ зэрызэфIихар гуапэщ.
Спектаклым и режиссёрри композиторри Жэман Iэминэщ. Теплъэгъуэм хэтащ куэдым фIыуэ ялъагъу, дунейпсо театрым, оперэм, кино гъуазджэм, телевиденэм я вагъуэхэр: оперэ уэрэджыIакIуэ цIэрыIуэ Байков Владимир - Шаляпин Фёдор, УФ-м щIыхь зиIэ и артисткэ Воронковэ Верэ - Шаляпиным и етIуанэ щхьэгъусэ Петцольд Марие, Ермоловэм и цIэр зезыхьэ театрым и актёр пажэ Кемпо Сергей - О’Нил Юджин, Жэман Iэминэ - О’Нил и ещанэ щхьэгъусэ Монтерей Карлотте я ролхэр ягъэзащIэ.
УФ-м щIыхь зиIэ и художник Лысиков Борис къехъулIащ Шаляпинрэ О’Нилрэ я пэшхэр зы утыкум екIуу къыщызэригъэпэщыныр. ФэилъхьэгъуэхэмкIэ художникыр Поликарповэ Ольгэщ. Ари къалэным фIы дыдэу пэлъэщащ. Пэшым и кIыфIагъ-нэхуагъымкIэ жэуап зыхьар Виноградов Евгенийщ.
Жэманым и «Шаляпин/О’Нил» спектаклым комедиемрэ оперэмрэ екIуу щызэхиухуэнащ. Спектаклым еплъахэм зэрыжаIэмкIэ, абы кърихьэлIахэр хуегъэуш О’Нил и тхыгъэхэм иджыри къытрагъэзэжу еджэну, Шаляпиным и пластинкэхэм щIэрыщIэу едэIуэну.
Спектаклыр сыхьэтрэ ныкъуэкIэ екIуэкIми, театреплъхэм ар напIэзыпIэу къафIощI, цIыху цIэрыIуэхэм я гъащIэр къызэрекIуэкIам апхуэдизкIэ дахьэх, гъэщIэгъуэн ящохъури. Къэбгъэлъагъуэмэ, оперэмрэ театрымрэ дамыхьэххэми ар ягу дохьэ. Бас Байков Владимир «Борис Годунов», «Демон» оперэхэм ариехэр телъыджэ ящыхъуу щегъэзащIэ. Лэжьыгъэм щыджэгу псоми я ролхэр хуабжьу къайхъулIащ.
«Шаляпин/О’Нил» спектаклымкIэ Жэманым къигъэлъэгъуащ лъэужьыфIэ цIыхур дунейм зэрехыжрэ псы куэд ежэхами, абы и хъуэпсапIэхэр нахуапIэ зэрыхъуфынур, и лэжьыгъэхэм дахьэххэм ахэр гъащIэм зэрыхапщэфынур. ГъэщIэгъуэнщ, дауи, американ драматург цIэрыIуэм и хъуэпсапIэр Урысейм нахуапIэ зэрыщыхъуар. Продюсерхэм я мурадщ спектаклыр дызыхуэкIуэ зэман гъунэгъухэм Шаляпинымрэ О’Нилрэ къыщалъхуа, щыпсэуа Къэзан, Нью-Йорк къэлэхэм щагъэлъэгъуэну.

 

 

 

 

 

 

 

 

 

 

 

 

 

 

 

 

 

 

 

 

Сурэтхэр Габитовэ Аннэ трихащ.

БЖЬЫХЬЭЛI Розэ.
Поделиться: