Дунейм щыхъыбархэр

ЗэхъуэкIыныгъэфIхэр къыдэкIуэну мэгугъэ

Ди къэралым и мызакъуэу, дунейм и щIыпIэ куэдми мы махуэхэм нэхъыбэу зыщытепсэлъыхьхэм ящыщщ Урысей Федерацэм и Президент Путин Владимир Федеральнэ Зэхуэсым Зэрызыхуигъэзар, абы къыщигъэува къалэнхэр. КъыкIэлъыкIуэ махуэм УФ-м и Правительствэр зэрыщыту зэрытекIами цIыхухэр гупсысэм хидзащ: сыт адэкIэ къэхъунур, сыт къытпэплъэр?

Щхьэж къызэрыгурыIуэу, зэрыхуигъэфащэу топсэлъыхь мы Iуэхухэм - Правительствэм и УнафэщIу ягъэува Мишустин Михаил и зэфIэкIхэр, и унагъуэм щыщхэмрэ езымрэ мылъкуу ябгъэдэлъыр зрагъэщIащ, иджы къэрал къулыкъухэр «ягуэш», ахэр яхуэфащэ-яхуэмыфащэкIэ политикхэм «яхэщыпыхьу». Гулъытэншэу къагъэнакъым Медведев Дмитрий зи УнафэщIу щыта Правительствэри - хэти абыхэм ятохъущIыхь, хэти къащхьэщож. Уеджэфыну къудеймэ, интернетым щыгъунэжщ ди къэралым иджыпсту къыщекIуэкIхэм ятеухуа хъыбархэр.
Путин Владимир депутатхэм Зэрызахуигъэзам къыщыхигъэщахэм ящыщу политологхэм гулъытэ нэхъыбэ зыхуащIыр къэралым и Конституцэм зэгъэзэхуэжыныгъэхэр хэлъхьэным теухуа Iуэхурщ. ЗэхъуэкIыныгъэхэмкIэ зэфIэмыкIыу, ар щIэрыщIэу зэхэлъхьэн хуейуэ куэдым жаIэ иужь илъэс зыбжанэм. Арауэ къыщIэкIынущ УФ-м и Президентри а Iуэхум хэхауэ къытеувыIэн хуей щIэхъуар.
Мис иджы, абы тепсэлъыхьам и мызакъуэу, Iуэхур ипэкIэ кIуэтащ - Путин Владимир Къэрал Думэм дыгъуасэ къыщыхилъхьащ Конституцэм зэгъэзэхуэжыныгъэхэр хэлъхьэным теухуа законым и проектыр. Абы щыгъэбелджылащ къэралым и президентым и кандидатым хуагъэувхэр. «Урысей Федерацэм и Президентыр илъэсихкIэ лэжьэну Урысей Федерацэм и цIыхухэм щэхуу Iэ яIэткIэрэ хах… Зы цIыхур Урысей Федерацэм и Президенту щыт хъунукъым пIалъитI нэхърэ нэхъыбэкIэ», - итщ законопроектым. КъимыдэкIэ, проектым къыщыгъэлъэгъуащ а IэнатIэм щылэжьэну хуейм ехьэлIа мардэхэри - Президенту хах хъунущ УФ-м и цIыхуу илъэс 35-рэ ирикъуар, Урысей Федерацэм илъэс 25-рэ нэхърэ мынэхъ мащIэ хъуауэ зэпымыууэ щыпсэур, хамэ къэралым и цIыхуу щымытыр икIи зэи щымытар.
ЦIыхухэр пенсэкIэ къызэгъэпэщыным теухуауэ къэралым къалэн зыщищIыжхэри Конституцэм щыщIэгъэбыдэн хуейуэ къилъытащ Путиным. Псалъэм папщIэ, 75-нэ статьям и 6-нэ IыхьэщIэу хагъэхьэну я мурадщ лэжьапщIэ нэхъ мащIэр цIыхур псэун папщIэ нэхъ мащIэ дыдэу зыхуейм хуэдизу гъэувыныр, апхуэдэуи хухах социальнэ ахъшэхэри индексацэ щIыныр. Апхуэдэуи Путиным Конституцэм халъхьэ зэгъэзэхуэжыныгъэхэр урысейпсо IэIэткIэ къащтэн хуейуи къыхилъхьащ.
НэгъуэщI зэхъуэкIыныгъэхэри халъхьэ Конституцэм, ауэ нэхъыщхьэхэр мыхэрщ. ЦIыхухэр абыхэм хэплъэу я Iуэху еплъыкIэхэри къагъэлъэгъуну Iэмал яIэнущ. Мыбдежым жыпIэ хъунущ иужьрей илъэсипщIми, нэхъыбэкIэ узэIэбэкIыжми мыпхуэдэ ди къэралым къыщымыхъуауэ. Абы цIыхубэр нэхъ жыджэр, я лъэр нэхъ жан ищIащ, шэч хэмылъу. Ахэр мэгугъэ кърахьэжьа Iуэхухэм зэхъуэкIыныгъэфIхэр къыдэкIуэну, я псэукIэр ирагъэфIэкIуэну.

Мазэм кIуэну зегъэхьэзыр

«Къулейхэм зыми емыщхь телъыджагъэхэр къызыкъуах» жыхуаIэ псэлъафэм пэж зэрыхэлъым иджыри зэ щыхьэт техъуэу жыпIэ хъунущ Японием щыщ мелардырыбжэ Маэзавэ Юсаку иджыблагъэ зэбгригъэха хъыбарегъащIэр. Абы къелъыхъуэ… и гъусэу Мазэм лъэтэну хъыджэбз.

ХьэрычэтыщIэм щIым щигъэхъахэр иужэгъуауэ къыщIэкIынущ - иджы мурад ищIащ и къэшэныр и гъусэу Мазэм лъатэу абы хьэгъуэлIыгъуэ щищIыну. Юсаку зэрыжиIэмкIэ, куэд щIауэ щIохъуэпс хьэршым лъэтэну, ауэ ар нэхъри щIэщыгъуэ зэрищIын Iэмалу къигупсысащ и нысашэ дауэдапщэхэри абы щызэфIигъэкIыну.
Иджыпсту щауэр яходэ псэгъу къыхуэхъуну хуей пщащэхэм - абыхэм яхуигъэлъэгъуа сайтым я сурэтыр, я дуней тетыкIэм, я Iуэху еплъыкIэхэм теухуа тхыгъэхэр къыхуагъэхь. Щхьэгъусэ ищIынур цIыху нэфIэгуфIэу, дуней псом мамырыгъэр щытепщэу щытыным щIэхъуэпсрэ абы папщIи и къару емыблэжу щытын хуейуэ къелъытэ Маэзавэ.
«Сэ си ахъшэ Iыхьэр къыщызлэжьащ мы дунейм, си пщIэри щысIэтащ, щIыхьи згъуэтащ. Иджы си гъащIэм щIэрыщIэу къыщIэздзэжыну сыхуейщ. Сэ илъэс 44-рэ сохъу икIи закъуэныгъэр, дунейр нэщIу къызэрысщыхъур къыстогуплIэ икIи сызыщIэхъуэпсыр зыщ: зы цIыхубз закъуэм лъагъуныгъэ хуэсщIу абы си гъащIэр десхьэкIынырщ», - яжриIащ журналистхэм Юсаку.
Мелардырыбжэм нэхъапэм щхьэгъусэ иIащ - ар япон актрисэ Горики Аямэ зэрыбгъэдэкIыжрэ куэд щIакъым, иджы псэгъусэ къелъыхъуэ. Проектым хэтынухэр щIышылэм и 23 - 25-хэм къыхахынущ, мазаем и кум къыщыщIэдзауэ ар чэзууэрэ яIущIэнущ хъыджэбзхэм, ахэр нэхъ гъунэгъуу зригъэцIыхун, игу ирихьыр къахихын папщIэ.
Ар Мазэм щагъэлъэтэнур 2023 гъэрауэ жаIэ. Маэзавэ и зекIуэр нэхъри гуимыхуж ищIын папщIэ абы здишэну и мурадщ гъуазджэм и лэжьакIуэ зыбжани - абыхэм я «гъуэгупщIэри» щIалэм яхуитыну къигъэгугъащ. «Starship» кхъухьыр Мазэм нэсыным километр мин 200 иIэжу къэувыIэнурэ абы еплъынущ, иужькIэ ЩIым къагъэзэжынущ.
Иджыпсту Юсаку доллар мелардитIым щIигъу мылъку иIэу къалъытэ икIи, дауи, къехьэлъэкIынукъым Мазэм кIуэным текIуэдэну къабжа доллар мелуан 70-р.

Нобэ

Уэсым и дунейпсо махуэщ. Къэрал куэдым ар щагъэлъапIэ ЩIымахуэ спорт лIэужьыгъуэхэм я махуэ фIэщыгъэр иIэу.
УФ-м и ПВО-м и кхъухьлъатэдзэхэм я махуэщ
Нартыху гъэпIэнкIам и махуэщ. МафIэ гуащIэм тет шыуаным нартыху хьэдзэ зыбжанэ ибдзэмэ, уэс Iэтэм хуэдэу къызэрыбырыбым япэу гу лъатащ 1630 гъэм.
Польшэм щагъэлъапIэ адэшхуэм и махуэр
1517 гъэм Мысыр шэрджэс мамлюкхэмрэ тыркудзэмрэ Каир пэмыжыжьэу зэзэуэн щыщIадзащ.
1969 гъэм КПСС-м и ЦК-м и Секретарь нэхъыщхьэ Брежнев Леонид яукIыну хэтащ. Космосым щыIа «Союз-4», «Союз-5» кхъухьхэм исахэр Москва и Утыку Плъыжьым Iэтауэ къыщрагъэблэгъэжыным зыхуагъэхьэзырырт. А Iуэхум теухуа дауэдапщэм хэтынут къэралым и унафэщIри. Совет армэм и сержант нэхъыщIэ Ильин Виктор кIэрахъуэкIэ еуащ Утыку Плъыжьым къихьэ, Брежневыр зэрысу игугъа автомашинэм. КъызэрыщIэкIамкIэ, абы исар космонавтхэрт - Терешковэр, Николаевыр, Береговойр, Леоновыр. Ауэ, насып яIэти, кIэрахъуэшэхэр абыхэми ялъэIэсакъым.
2005 гъэм Корее Ипщэм хамэ къэрал IуэхухэмкIэ и министр Ким Ке Гван хэIущIыIу ищIащ КНДР-м ядернэ Iэщэ зэриIэр.
1788 гъэм къалъхуащ инджылыз усакIуэ цIэрыIуэ Байрон Джордж.
1904 гъэм къалъхуащ совет сабий тхакIуэ Гайдар Аркадий (и унэцIэ дыдэр Голиковщ).
1908 гъэм къалъхуащ совет физик, Социалист Лэжьыгъэм и ЛIыхъужь, СССР-м ЩIэныгъэхэмкIэ и академием и академик, Нобель и саугъэтым и лауреат Ландау Лев.
1928 гъэм къалъхуащ совет тхакIуэ, Социалист Лэжьыгъэм и ЛIыхъужь, СССР-м и Къэрал саугъэтыр зрата Проскурин Пётр.
1935 гъэм къалъхуащ урысей актрисэ цIэрыIуэ, РСФСР-м и цIыхубэ артисткэ Талызинэ Валентинэ.
1937 гъэм къалъхуащ КъБКъУ-м и библиотекэм и унафэщI, КъБР-м щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ УнащIэ Розэ.
1954 гъэм къалъхуащ урысей актёр, продюсер, нэтынхэр езыгъэкIуэкI, УФ-м и Къэрал саугъэтыр зрата Ярмольник Леонид.
Дунейм и щытыкIэнур
«pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, Налшык пшэр техьэ-текIыу щыщытынущ. Махуэм хуабэр градуси 4 - 6, жэщым щIыIэр 1 градус щыхъунущ

Лъэпкъ Iущыгъэ:
Ирауд бэнэнкIэ зигъэнщIыркъым.

 

Зыгъэхьэзырар ЖЬЭКIЭМЫХЪУ Маринэщ.
Поделиться:

Читать также:

19.04.2024 - 16:23 НОБЭ
18.04.2024 - 16:13 НОБЭ
17.04.2024 - 11:43 НОБЭ