Адыгэ щIыпIэцIэхэр

Ныджэкъуэ - Наджиго

Мы цIэр зезыхьэ къуажэ цIыкIур хы ФIыцIэ Iуфэм Iус ПсыфIыпэ (Лазаревск) посёлкэм къухьэпIэ-ищхъэрэ лъэныкъуэмкIэ километр 25-кIэ пэжыжьэщ. Абы хъуэпсэгъуэу зыдигъэзэгъащ ар зэгъэщIылIа Мэкъупс (Макопсе) и тIуащIэм.

БзэщIэныгъэлIхэм я нэхъыбэм къызэралъытэмкIэ, къуажэм зэреджэ фIэщыгъэр псалъитIу зэхэухуэнащ: «ныджэ»-рэ «къуэ»-уэ.
Мы щIыпIэм икIыу псыхъуащхьэхэмкIэ дэзыгъэзей гъуэгуитIым я зым Мэкъупс и къуэладжэ зэвым удешэ, адрейм шытх мылъагэм адэкIэ къыщыс Псыущхъуэ жылэм ухуешэ.
Тхыдэм къызэрыхэщыжымкIэ, тIуащIэм ижькIэрэ щыпсэуа шапсыгъхэм я нэхъыбапIэм Урыс-Кавказ зауэжьым иужькIэ Хэкур ябгынэн хуей хъуащ. Къэнахэр бгым щхьэдагъэхри Хуарз псым и Iуфэм а лъэхъэнэм иджыри Iуса Хьэджымыкъуэ абэзэхэ къуажэм дагъэтIысхьат, арщхьэкIэ а жылэри зэхэзехуэн щащIым, Ныджэкъуэ иIэпхъукIахэр къыдэкIыжри къыщыхъуа я хапIэжьымкIэ къагъэзэжащ икIи зи гугъу тщIы къуажэр къагъэуэнэхужащ. Абыхэм къатехъукIыжащ ноби мы щIыпIэм щыпсэухэм я нэхъыбэр.

 

Мэкъупс - Макопсе

Километр 12 зи кIыхьагъ псым и къыщIэдзапIэр Псыущхъуэ бгым ипщэ-къуэкIыпIэ лъэныкъуэмкIэ щыIэ и джабэ нэкIухэрщ.
Гу зылъытапхъэр аращи, псыр хы ФIыцIэм щыхэлъэдэжым пэмыжыжьэу щыс къуажэми а цIэр зэрехьэ.
Зэрынэрылъагъущи, щIыпIэцIэр IыхьитIу зэхэтщ: «мэкъурэ» «псыуэ». КъикIри гурыIуэгъуэщ.

 

КЪУМАХУЭ Аслъэн.
Поделиться: