«Гъуазэ» газетым тета тхыгъэхэм ящыщхэр

Мы дгъэхьэзыра тхыгъэхэм я нэхъыбэр «Гъуазэм» адыгэбзэкIэ (къэбэрдеибзэкIэ) къытрадзащ. ХьэрыпыбзэкIэ къытехуахэр хэхауэ къыдогъэлъагъуэ. Япэ тхыгъэмрэ («Iуэху мыублэм блэ хэсщ») иужьреймрэ («Адыгэм ди кIуэдыжыкIэр») нэмыщI, адрейхэр иджырей тхыбзэмкIэ къизытхыкIар, хьэрыпыбзэкIэ тхахэр зэзыдзэкIар ЯфIэунэ Абдулщ.
Статьяхэм я щIагъ къыщыхьа зыгъэнахуэ псалъэхэр, («Адыгэм ди кIуэдыжыкIэм» ехьэлIа зы закъуэм нэмыщI), хуэзыщIар дэращ. Езы текстым хэту къакIуэ зыгъэнахуэхэр хэзыгъэувар ЯфIэунэрщ, абыхэм езым и цIэр («Аб.»-жиIэу) нагъыщэ трищIати, зэрыщыту къэдгъэнащ.
«Iуэху мыублэм блэ хэсщ» статьяр ЯфIэунэм къритхыкIауи щыIэщ. ГъукIэмыхъу Iэбубэчыр къызэреджамрэ абырэ мащIэу щызэщхьэщыкI къыхохуэ. Абдул итхыжахэр нобэрей адыгэбзэм, гупсысэкIэм Iэмал имыIэу къытришэну пылъауэ къыпфIощI. Iэбубэчыр и тхыкIэр (жыIэкIэр) оригиналым, транслитерацэм и хабзэхэм нэхъ пэгъунэгъущ. Аращ мыр къыщIыхэтхар, «Гъуазэм» теухуа ди япэ тхыгъэхэм къыщыдгъэсэбэпари мыбы щыщ пычыгъуэхэрщ. Iэбубэчыр къеджэурэ, сэ стхыжауэ щытащ 1971 гъэм.
«Гъуазэм» и адыгэбзэ текстхэу ЯфIэунэм къритхыкIахэм ящыщу IуэрыIуатэм къыхаха усэхэр (пшыналъэхэр) зэкIэ теддзэркъым. Ахэр псори сатыр 700-м нос, къэбэрдеибзэмкIэ ятхыжауэ хэтыр мащIэ дыдэщ, адыгэбзэм и адрей диалектхэмкIэ яусахэщ нэхъыбэр. Машинэрытхым и япэ экземплярыр Гуманитар къэхутэныгъэхэмкIэ институтым и архивым хэлъын хуейщи, зыджыну гукъыдэж зиIэм абы къыщигъуэтынщ, зыгуэркIэ щимыгъуэт хъужыкъуэмэ, дэ диIэ экземплярхэр еттыну дыхьэзырщ.
ЖьэрыIуатэ поэзием и усэ гъэпсыкIэм техьэми, абыхэм зыкъомкIэ къащхьэщокI «Гъуазэм» къеджэхэм езыхэм ятхауэ къагъэхьа усэхэр. Абы и щапхъэу къыхэтхащ Къудейбэрдокъуэ Сэлихь и усэр. ЦIыхум и гурыгъу-гурыщIэхэр поэзием и IэмалхэмкIэ къиIуэтэну иужь щихьэкIэ, ар зыгуэрым егъэгуфIэ е егъэхыщIэ. Мы усакIуэр зыгъэгуфIэр адыгэхэм езыхэм я газет, я бзэкIэ къыдэкIыу, яIэ зэрыхъуарщ, зыгъэхыщIэр адрей хэхэс интеллигентхэми я гукъеуэхэрщ, усэ теплъэ иIэу къэIуэтауэ. Абы къыдэкIуэуи, мыбыкIи нэрылъагъущ хэхэс адыгэхэм «Гъуазэм» къарит гуфIэгъуэмрэ дэрэжэгъуэмрэ.
Тхыгъэм и щIагъым къыщыгъэлъэгъуар ар щатха махуэр арагъэнущ, къыщытрадза махуэмрэ зытета газет номерымрэ наIуэкъым.
«Адыгэм ди кIуэдыжыкIэр» статьяр транслитерацэ зыщIар Тхьэбысым Сэмихьщ. ХьэкIуащэ Андрейрэ Къалмыкъ Аднанрэ къыдагъэкIа «ЦIагъуэ Нурий. Тхыгъэхэр» тхылъым (Налшык, 1993) къитхыжащ.
Тхыгъэхэм укъыщеджэкIэ нэрылъагъущ зыгуэрхэми редактор къалэмкIэ тIэкIу етхъунщIэуэн зэрыхуеяр. Ауэ дэ а авторхэм я тхэкIэр, я псэлъэкIэр, нобэрей ди жыIэкIэм, тхэкIэм къыщыщхьэщыкI къэхъуми, зэрыщыту къэдгъанэмэ, нэхъ тэмэму къэтлъытащ. Зыщыгъэгъупщэн хуейкъым абыхэм адыгэ тхэкIэм и щапхъэ гуэр яIэу зэрыщымытар.

«Гъуазэ», №1, 1911 гъэ, гъатхэпэм и 21

 

КХЪУЭIУФЭ Хьэчим.
Поделиться: