Токио хуэзышэ лъагъуэм тоувэ

 Махуэ Билал Темботхэ  Ахьмэдхъанрэ Анзоррэ я гъусэу.

2020 гъэр зи чэзу Гъэмахуэ Олимп Джэгухэр щыщыIэ илъэсщ. Японием и къалащхьэ Токио бадзэуэгъуэм (июлым) и 24-м щыщIэдзауэ шыщхьэуIум (августым) и 9 пщIондэ щекIуэкIыну зэхьэзэхуэ иным хэхуэну я хъуэпсапIэщ дэтхэнэ спортсменми. Иджы щегъэжьауэ ахэр абы иризоныкъуэкъу. Япэу а гъуэгуанэ гугъум теувахэм ящыщщ бэнакIуэхэр. ДяпэкIэ ахэр зыхэтыну зэхьэзэхуэ нэхъыщхьэхэр Токио хуэзышэ лъагъуэщ.

Махуэмрэ Темботымрэ  я дыжьыныфэ Италие

Италием пщIэшхуэ щиIэщ зэхьэзэхуэ куэдым я къэралым и пщIэр щызыIэтауэ иужькIэ бэнэкIэмкIэ я федерацэм и тхьэмадэу щыта Пелликоне Маттео. Абы и фэеплъ зэхьэзэхуэ илъэс тIощIрэ тхурэ хъуауэ гъэ къэс ирагъэкIуэкI. А зэпеуэм и мыхьэнэр зэрыиныр къегъэлъагъуэ ар дунейпсо рейтингым зэрыхагъэхьам икIи къыщыхэжаныкIахэм я пщIэр зэрагъэлъагэм.
БэнэкIэ хуитымкIэ Пелликоне Маттео и фэеплъ зэхьэзэхуэм мы гъэми спортсмен цIэрыIуэ куэд къызэхуишэсат. Абыхэм ящыщт ЩIы хъурейм щэнейрэ и чемпион Махуэ Билал, иужьрей Олимп Джэгухэм щытекIуа США-м щыщ Снайдер Кайл, нэгъуэщIхэри.
Зэман кIыхькIэ зигъэхъужарэ, утыку къызэрихьэжрэ куэд мыщIа Махуэ Билал зрагъэлъагъуну, абы и IэзагъымкIэ дэрэжэгъуэ зрагъэгъуэтыну зэхьэзэхуэр щекIуэкI Рим и бэнакIуэ пэш нэхъ ин дыдэхэм ящыщ зым цIыху минхэр къыщызэхуэсат. Ди лъахэгъум ахэр игъэщIэхъуакъым.
Нэхъ хьэлъэ дыдэхэм, килограмми 125-м нэсхэм, я зэпеуэм Махуэр гугъуу хыхьащ. Нэрылъагъут ар куэд щIауэ зэхьэзэхуэ инхэм зэрыхэмытар икIи я гуащIагъым мащIэу зэрыщыужар. Аращ къызыхэкIар Венгрием щыщ Лигетти Даниэл хуабжьу гугъу зэрыдехьар. Билал абы зэрефIэкIыфар зы балл закъуэщ - 4:3.
КъызэщIэплъа адыгэ щIалэр адэкIэ вы губжьам хуэдэт. Канадэм къикIа Дхеси Амарвир ар 8:0-у текIуащ. Финал ныкъуэм къыщыпэщIэува Венесуэлэм щыщ Урбанейя Луиси зыщыгугъын щыIэтэкъым. Билал ари 10:0-у хигъэщIащ.
Упэплъэ хъунут текIуэныгъэм и IэфIагъыр зыхэзыщIэу щIэзыдзэжа Махуэм адэкIи къыпэлъэщын щымыIэу. АрщхьэкIэ ди пелуаныр иджыри мыхьэзырыщэу къыщIэкIащ икIи Ираным къикIа Заре Амир и ебгъэрыкIуэныгъэ лъэщхэм къапикIуэтащ - 3:5.
Махуэ Билал Италием дыжьын медалыр щызыIэригъэхьащ. Ар зыхэта зэхьэзэхуэм и гуащIагъым и щыхьэтщ Олимп чемпион Снайдер Кайл ещанэ фIэкIа зэрымыхъуар. Килограмм 97-м нэс зи хьэлъагъхэм я зэпеуэм американ бэнакIуэ цIэрыIуэр финалым и Iыхьэ плIанэм щытридзащ Ираным икIа Мохаммадиан Мохаммад. Аргуэрым къегъэлъагъуэ иран спортсменхэм спорт бэнэкIэм бжьыпэр зэрыщаIыгъым.
Италием хуабжьу дыщигъэгуфIащ илъэс пщыкIубл фIэкIа зимыныбжь Тембот Ахьмэдхъан. 2018 гъэм ныбжьыщIэхэм я Гъэмахуэ Олимп Джэгухэм я чемпион хъуа бэнакIуэ щIалэ дыдэм килограмм 79-м нэс зи хьэлъагъ балигъхэм я деж дыжьыныр щызыIэригъэхьащ. Финалым хуэзышэ зэIущIэм ар 9:0-у щытекIуащ хэгъэрейхэм ящыщ Лумию Кармел. Ди жагъуэ зэрыхъунщи, иужькIэ къыхигъэщIащ Украинэм къикIа Михайлов Василий икIи етIуанэ увыпIэмкIэ зэкIэ арэзы хъуащ.
Тембот Ахьмэдхъан къэкIуэну дахэ зэриIэм шэч хэлъкъым. Махуэ Билал дэщIыгъуу бэнэкIэ хуитымкIэ Пелликоне Маттео и фэеплъ зэхьэзэхуэм Италием зэрыщыхэтамрэ абы дыжьын медалыр къызэрыщихьамрэ куэд дыдэ я уасэщ. А щIалэхэм ягъусэу Рим щыIащ икIи зэпеуэхэм хуигъэхьэзыращ Урысей Федерацэм и ныбжьыщIэ командэ къыхэхам и тренер нэхъыжь Тембот Анзор.
Мы гъэм иджыри зэхьэзэхуэ зыбжанэм хэтынущ Махуэ Билалрэ Тембот Ахьмэдхъанрэ. Италием щыIар щIэдзапIэ къудейуэ аращ.
Урысейм Спорт бэнэкIэмкIэ и федерацэм и тхьэмадэ Мамиашвили Михаил гулъытэншэу къигъэнакъым Махуэр утыку къызэрихьэжа щIыкIэр. «Сэ срогушхуэ Билал, - жиIащ абы. - Апхуэдиз гугъуехьхэр къызэринэкIри, ар зэпеуэхэм лъэ быдэкIэ къыхыхьэжащ икIи ехъулIэныгъэхэр иIэну ди гуапэщ. Псом ящхьэр узыншэнырщ икIи Олимп Джэгухэм дыкIуэну хуит дыкъэзыщI лицензэр Венгрием и къалащхьэ Будапешт гъатхэпэм и 19 - 22-хэм щызэхэтыну зэхьэзэхуэм щыбанэ килограмми 125-м нэс зи хьэлъагъхэм я деж щызыIэригъэхьэнырщ. Токио дыщэ медалхэр къыщытхуэзыхьыну хуабжьу дызыщыгугъхэм Билал ящыщ зыщ».

Урысей Федерацэм и чемпионатым

Спорт бэнэкIэмкIэ ди къэралым и чемпионатым ущытекIуэну куэдкIэ нэхъ гугъуу къалъытэ европэпсо, дунейпсо зэпеуэхэм нэхърэ. Абы ехъулIэныгъэ щызыIэрызыгъэхьам и гъуэгур адэкIэ къызэIухащ.
ЩIышылэм и 16-м щыщIэдзауэ махуиплIкIэ Новосибирск къалэм щекIуэкIащ алыдж-урым бэнэкIэмкIэ Урысей Федерацэм и чемпионат. Къэбэрдей-Балъкъэрым икIауэ абы спортсмени 9 хэтащ.
Зэхьэзэхуэм и япэ махуэм хуабжьу дагъэгуфIащ Кабалоев Виталийрэ Локьяев Жамболэтрэ. Нэхъ псынщIэ дыдэхэм я деж абыхэм дыщэ медалыр щызыIэрагъэхьащ.
Япэу ар къызэхъулIар нэгъабэ Европэм и чемпион хъуа, къэралым тIэунейрэ и чемпион Кабалоев Виталийщ. Килограмм 55-м нэс зи хьэлъагъхэм я зэпеуэм и кIэух зэIущIэм ар щефIэкIащ Кърымым и щIыхьыр зыхъумэ Сефершаев Эмин.
Ди жагъуэ зэрыхъунщи, и къуэшым и ехъулIэныгъэм къыпищэфакъым дунейпсо классымкIэ спортым и мастер, Урысей Федерацэм куэдрэ и чемпион, Дунейм и кубокыр къэзыхьа, Европей джэгухэм нэгъабэ щытекIуа Кабалоев Заур. Килограмм 67-м нэс зи хьэлъагъхэм я зэпеуэм и финал ныкъуэм ар къыщыхигъэщIащ Краснодар крайм икIа Абдуллаев Назир икIи къыхуэхьар етхуанэ увыпIэращ.
Фигу къэдгъэкIыжынщи, Кабалоевхэ Виталийрэ Зауррэ Лэскэн щIыналъэм хыхьэ Уэзрэдж къуажэм къыщалъхуащ. Я адэр осетинщ, я анэр Анзорей къуажэм щыпсэу Шэрыбхэ япхъущ. Бэнэным зыщыхуагъэсар я жылэм къыщызэIуаха алыдж-урым бэнэкIэмкIэ секцэращ. НыбжьыщIэхэм я къэралпсо зэхьэзэхуэхэм къыщыхэжаныкI хъуа иужькIэ, Мэзкуу ирагъэблагъэри, я Iэзагъым абы илъэсищкIэ щыхагъэхъуащ.
Унэм къагъэзэжри, зэхьэзэхуэ зыбжанэм зэкъуэшхэр щытекIуащ икIи спортым и мастер хъуахэщ. 2011 гъэм щыщIэдзауэ Къэбэрдей-Балъкъэрми Мордовиеми я цIэкIэ зыкъагъэлъагъуэ. Абыхэм Саранск къыщыхузэрагъэпэщащ ехъулIэныгъэхэр къахьу зэпеуэ инхэм хэтын папщIэ Iэмал псори. Къапщтэмэ, 2012 гъэм Тайландым щызэхэта илъэс тIощI зи ныбжьхэм я дунейпсо чемпионатым Заур дыщэ медалыр къыщихьащ, 2019 гъэм Европей джэгухэм балигъхэм я деж щытекIуащ, Виталий Европэм и чемпион цIэр зэрехьэ. Абыхэм я тренерщ Щхьэгуэш Мухьэмэд.
Килограмм 60-м нэс зи хьэлъагъхэм я зэпеуэм Урысей Федерацэм и чемпион Красноярск щыхъуащ дунейпсо класс зиIэ спортым и мастер Локьяев Жамболэт. Финалым ар щефIэкIащ Мэзкуу икIа Петросян Артур. Балъкъэр щIалэм и дежкIэ ар етIуанэ чемпионыгъэщ.
Къэралпсо зэхьэзэхуэм куэдкIэ дыщыщыгугъат Къуэдзокъуэ Сосрыкъуэ. Килограмм 87-м нэс зи хьэлъагъхэм я деж абы хьэрхуэрэгъу лъэщхэр щиIэт, Олимп чемпион Чакветадзе Давит я пашэу. Горобец Дмитрийрэ Абубакиров Тимуррэ ефIэкIыу финалым и Iыхьэ плIанэм щынэсам, а гугъэфIхэр нэхъ быдэж хъуат. АрщхьэкIэ Маргарян Вааг IэщIэкIакъым икIи саугъэтыншэу къэнащ. А хьэлъагъым дыкъыщыдихыжащ Краснодар крайм и цIэкIэ банэ Сокъур Артур. Зэхьэзэхуэм и домбеякъ медалыр абы къихьащ, «финал цIыкIум» Ингушым икIа Евлоев Магомед щыхигъащIэри.
Нэхъ хьэлъэ дыдэхэм, килограмми 130-м нэсхэм, я зэпеуэм адыгэ щIалиплI хэтащ. Къэбэрдей-Балъкъэрым и щIыхьыр зыхъумахэу ЩхьэщэмыщI Рэмэзан, КIэмпIарэ Мурат, Шыбзыхъуэ Къантемыр сымэ пасэу къыхагъащIэри, зэхьэзэхуэм къыхагъэкIащ.
Мэзкуу областым и цIэкIэ бэна дунейпсо класс зиIэ спортым и мастер Аюб Алихъан етхуанэ увыпIэр иубыдащ. Финалым и Iыхьэ плIанэм абы къыщефIэкIащ зэхьэзэхуэм и дыжьын медалыр иужькIэ къэзыхьа Гедехаури Зураби. АдэкIэ ещанэ увыпIэм щIэбэныну Iэмал иIами, бэнакIуэ цIэрыIуэ Щур Виталий фIэкIыфакъым.
Мы гъэм Токио щекIуэкIыну Олимпиадэм япэ лъабакъуэр щыхуач бэнакIуэ хуитхэми. Пщэдей Красноярск къыщызэIуахынущ Ярыгин Иван и фэеплъ дунейпсо зэхьэзэхуэ ин, ЩIы хъурейм и спортсмен нэхъыфIхэр кърихьэлIэу. Абыи хэтщ адыгэ щIалэ зыбжанэ икIи я Iуэху зэрыхъум нэхъ иужьыIуэкIэ фыщыдгъэгъуэзэнщ.


Кабалоев зэкъуэшхэу Зауррэ Виталийрэ.

Къэралым и чемпион Локьяев Жамболэт.

Жыласэ Заурбэч.
Поделиться: