Щхьэусыгъуэхэр щыIэжкъым

Сирием щекIуэкI хьэлэбэлыкъым дуней псом и дэнэ щIыпIи ис адыгэхэр кIэлъоплъ, абы щыпсэу ди лъэпкъэгъухэм лей къатехьэнкIэ шынагъуэ зэрыщыIэм къыхэкIыу.  «Адыгэ псалъэм» и «ХьэщIэщым» щыдипсэлъэгъущ Щам къыщалъхуа, Хэкум къэкIуэжауэ илъэс тIощI хъуауэ щыпсэу Къумыкъу Мамдухь. Ар Урысей Федерацэмрэ Сириемрэ я ТхакIуэхэм я зэгуэхьэныгъэхэм хэтщ, прозаикщ, зэдзэкIакIуэщ, КъБКъУ-м хьэрыпыбзэр щрегъэдж.

- Хьэрып къэралхэм щекIуэкI Iуэху зэIумыбзхэм илъэс етIуанэ хъуауэ дыкIэлъоплъ, абыхэм щыпсэу адыгэхэм я Iуэхум щыгъуазэ зытщIыну дыхуейуэ. Иджы Сирием къиIукI хъыбархэм дегъэгузавэ. Абы Iуэхур зэрыщекIуэкIым сыт и пэжыпIэр?
- КъухьэпIэмрэ абыхэм къадэщI хьэрып къэралхэмрэ куэд щIауэ Сирием щыIэ щытыкIэр ягу ирихьыркъым. Абы ис цIыхубэр щэнхабзэ и лъэныкъуэкIэ фIыуэ зызыужьа лъэпкъхэщ, еджагъэшхуэхэр яхэтщ, политикэми хъарзынэу хащIыкI. Аращи, ахэр ахъшэкIэ къэгъэпцIэгъуафIэхэм ящыщкъым. КъищынэмыщIауэ, геополитикэ и лъэныкъуэкIэ Сириер гъуэгу къуэпсхэр щызэхуэзэ-щызэхэкIыу щытщи, ари и щхьэусыгъуэщ КъухьэпIэр абы къыщIехъуапсэм.
- Зэрыхуейуэ къигъэсэбэпыфын хуэдэу, и дамэ щIигъэувэну хуей къыщIэкIынщ?
- Хьэлэбэлыкъыр къэрал Iуэху хуэдэу къагъэлъэгъуэну хэтщ, ауэ мыр къэрал зыбжанэ зыхэпщIа дунейпсо Iуэхущ. Пэжщ, къэралым демократие щымыIэмэ, унафэри егъэлеиныгъэм хуокIуэ, коррупцэм зеужь. Апхуэдэ гуэрхэм я Iэ зэрынэмысамкIэ езы президент Асад Башари зыкъиумысыжащ, цIыхубэр фIыкIэ къегъэгугъэ.
Къаугъэ къэзыIэтхэр лъэныкъуитI мэхъу. Зы гупым я лъабжьэр Тыркум щыIэщ, абыхэм тетыр традзу, езыхэм ягу ирихь зэхэтыкIэ яухуэну хуейщ. Ахэр нэхъ пхъашэщ, ауэ нэхъ мащIэщ. ЕтIуанэ гупыр къэрал кIуэцIым оппозицэкIэ ущызэджэ хъунухэрщ. Ахэр нэхъ щабэщ, реформэ гуэрхэр ящIу, къэралым и Iуэхур демократие лъэныкъуэкIэ яунэтIыну хуейщ.
- Адыгэхэр хэт зи телъхьэр?
- Адыгэхэр Хэкум зэрикIрэ, зи дамэ щIэт дэтхэнэ къэралми и телъхьэу къокIуэкI. Иджыпстуи ахэр унафэр зыIэщIэлъым еныкъуэкъухэм ящыщкъым, абы пэщIэтхэми яхэмыту «нейтральнэ» лъэныкъуэр яIыгъщ. Аращ я бэлыхьыр къызыхэкIри. Джулан лъагапIэхэм Израилыр къыщытеуам къамыубыдауэ къуажитI къудей къэнэжащ - Барекъэрэ Бир-Аджамрэ. Абы пэгъунэгъу куеищхьэм мотоциклхэм тесу къикIа щIалэгъуалэр къахолъадэри, адыгэхэр къыхагъэзыхь: «Ди гъусэу зыкъэфIэту мы тетыр тевмыдзынумэ, зевгъэхь. Мор фи Хэкущи - фыкIуэж!» - къыжраIэ. А Iуэхур апхуэдизкIэ къатехьэлъэрти, утыку Iуэху ящIу къэралыгъуэм и нэIэ щIигъэувэн хуей хъуащ а къуажитIыр, ауэ нэхъыкIэ Тхьэм имыщIкIэ жыхуаIэм хуэдэщ.
- Сыт хуэдэ дэIэпыкъуэгъу ди лъэпкъэгъухэр иджыпсту зыхуэныкъуэр?
- Япэрауэ, мы дызытепсэлъыхьыр УФ-ми адыгэ республикэхэми я унафэ зыхалъхьэн хуей Iуэхущ. Iуэхур Iуэху щIын хуейщ. Сириер зы лъэпкъ, зы дин закъуэм тещIыхьа къэралу щыткъым. Абы ис дэтхэнэ зы лъэпкъ цIыкIуми къыщхьэщыжакIуэу зы къэралышхуэ КъухьэпIэм щиIэщ: друзхэр Инджылызым къехъумэ, чристэн-католикхэр - Франджым. Урысейр, хабзэжьхэм тету, абы щыпсэу чристэнхэмрэ илъэс куэд япэкIэ а щIыналъэр псэупIэ зыхуэхъуа адыгэхэмрэ къащхьэщыжыпхъэщ. Зыр и динэгъущ, адрейр езым и цIыхубэм и Iыхьэм и лъэпкъэгъущ. Дэтхэнэ зы къэралми апхуэдэ Iуэхухэр къегъэсэбэп, и жыIэ пхигъэкIын, и политикэм гущIэгъу зэрыхэлъыр къигъэлъэгъуэн щхьэкIэ. Псалъэм папщIэ, Куржыр абхъазхэм езэуами, тыркухэм адыгэхэм щэнхабзэ и лъэныкъуэкIэ лъэпкъгъэкIуэд политикэ къыдрагъэкIуэкIами, абыхэм щхьэкIи къэмынэу, иджы а къэралхэр «ЩтапIэ ихьэжыну адыгэхэр ди деж фыкъакIуэмэ ди гуапэщ», -  жаIэри утыку къихьахэщ.
- Сочэ щекIуэкIыну Олимпиадэм и пэ къихуэу, Урысейм зигъэхеижынымкIи сэбэпышхуэ къыхуэхъунут, апхуэдэ гупыж ищIрэ, нэгъуэщI мыхъуми, псалъэкIэ ди лъэпкъэгъухэм къащхьэщыжамэ.
- Аращ къытедгъэзэжурэ дызытепсэлъыхь зэпытри. Иджыпсту защтэу унагъуэкIэ къэкIуэжыфынур куэд мыхъуми, къэзыгъэзэжыну нэхъ дызыщыгугъыр щIалэгъуалэращ. Университетым щIэсыху я гугъу ящIынукъым, ауэ дзэм ираджэн хуей хъумэ, ахэр зэныкъуэкъу лъэныкъуищым я зым хэпщIа хъунурэ, иужькIэ гугъу ехьыжынухэщ. Мы къэралым абыхэм унэ щхьэхуэ щрамытыфынуми, нэгъуэщI мыхъуми, санаторэ гуэрым цIыхуищэ зыщIэхуэн псэупIэ хуит къыхуащIамэ щхьэпэт. Къэралми цIыху щхьэхуэхэми къабгъэдэкIыу къэкIуэжынухэм я цIэкIэ Фонд къызэрагъэпэщауэ зэхэтхащи, ди гуапэщ. Шэшэнхэр илъэс бжыгъэкIэ зауэ-фыщIэу, зэрызэтшэлIари фIыщIэ ямыщIу къыддэпсэуащ. Адыгэхэм зэ я пIэ зэритIысхьэн тIэкIу къаIэрыхьэмэ, лэжьэнущ, псэунущ, илъэс зыплIытхум и кIуэцIкIэ я щхьэ ягъэпсэужу къызэфIэувэнущ. Совет зэманым и зэхэтыкIэм тепщIыхьамэ, идеологиекIэ дызэтехуэркъыми, къытхуэшэжынукъым пхужыIэнт. Ауэ иджыпсту апхуэдэ щхьэусыгъуэхэр щыIэжкъым. Уеблэмэ, ямыгъуэтми къагупсысым хуэдэ щхьэусыгъуэщ Урысейм и дежкIэ нобэ Сириемрэ КъуэкIыпIэ Гъунэгъумрэ ис адыгэхэм уакъыщхьэщыжыныр.

 

Епсэлъар ЖЭМЫХЪУЭ Марьянэщ. 2012 гъэ
Поделиться: