Лъэпкъ щхьэхуитыныгъэм и джакIуэ

Шевченкэ Тарас

УКРАИНЭМ щынэхъ цIэрыIуэ дыдэхэм ящыщщ абы и литературэм и классикыу ялъытэ Шевченкэ Тарас   Ар Черкасск областым хыхьэ Звенигород куейм и Моринцы къуажэм 1814 гъэм и мазае мазэм къыщалъхуащ. МэкъумэшыщIэ лIыщIэ унагъуэм къыщалъхуа ныбжьыщIэм гугъуехьыр щIалэ дыдэу къищIащ. Пасэу ибэу къанэри, и щхьэр игъэпсэужын папщIэ, ар Iэхъуэу, члисэм щIэт щоджэным и Iэпыдзлъэпыдзу лэжьащ, илъэс 14 щыхъуам къыщыщIэдзауэ ныбжьыщIэр пщы Энгельдарт и IуэхутхьэбзэщIащ. ТхэкIэрэ къеджэкIэрэ щызригъэщIар къуажэ щоджэным и дэIэпыкъуэгъум дежщ. ЩIалэ цIыкIур и пщым и гъусэу 1829 гъэ пщIондэ Вильнюс къалэм щыпсэуащ. Пщыр Бытырбыху щыIэпхъуэм, щIалэ цIыкIур IэщIагъэлI Ширяевым иритащ, IэщIагъэ зэмылIэужьыгъуэхэм хуригъэджэну. 1833 гъэм Шевченкэ пщылIыпIэм къращэхукIыжащ. Тарас тхэн пасэу щIидзат. Абы нэхъ щыщIалэм и Iэдакъэ къыщIэкIауэ ди зэманым къэсахэм ящыщщ «Порченая» балладэр, «Думка», «Котляревскэм и фэеплъ мыкIуэдыжын» усэхэр, «Катерина» поэмэр. Ахэр 1837-1838 гъэхэм итхащ.
1840 гъэм къыдэкIащ Шевченкэ и усэхэр щызэхуэхьэса япэ тхылъыр - «Кобзарь» зыфIищар. Абы ихуат нобэр къыздэсми усэ цIэрыIуэ куэд. Ахэр романтизмым и хъэтIым иту тхат.
Шевченкэ и балладэхэмрэ поэмэхэмрэ а лъэхъэнэм щыIа щытыкIэм хъыбарыжьхэр быдэу щахэухуэнат. Ауэ, пасэу итхахэм къыщыщIэдзауэ, реализмым и хабзэхэм усакIуэр ткIийуэ зэрытетар уолъагъу. Псалъэм папщIэ, апхуэдэщ «Катерина» поэмэр, офицерым гъэпцIагъэкIэ лей зриха икIи сабий цIыкIур щIыгъуу хыфIидзэжа къызэрыгуэкI мэкъумэшыщIэ хъыджэбзым и напэр зэрытрихамрэ гъащIэ гугъумрэ хуэмыхьу зэрызиукIыжам теухуар.
Пасэу итхахэм къыщыщIэдзауэ усакIуэм мащIэ-мащIэурэ зрет лъэпкъ-щхьэхуитщIыжакIуэ бэнэныгъэм теухуа Iуэхугъуэхэм. Абы и лъэныкъуэкIэ нэхъ тхыгъэшхуэхэм икIи лъэщхэм ящыщщ 1868 гъэм поляк зэрыпхъуакIуэхэм я бийуэ ирагъэкIуэкIа зыкъэIэтыныгъэр къыщыгъэлъэгъуэжа «Гайдамаки» тхыдэ поэмэр. Тхыдэм теухуами, поэмэр зыхуэгъэзар усакIуэм и лъэхъэнэгъухэрщ. Шевченкэ украин цIыхубэр къыхуреджэ я адэжьхэм я щапхъэм тету щхьэхуитщIыжакIуэ бэнэныгъэ ирагъэкIуэкIыну.
1843 гъэм и пэм Шевченкэ Украинэм кIуэжри, Бытырбыху къыщигъэзэжар 1844 гъэм и мазаерщ. АрщхьэкIэ 1845 гъэм аргуэру Украинэм кIуащ, Киев псэупIэ щищIын мурадкIэ. УсакIуэм зэпымыууэ Украинэр къызэхикIухьырт. Киев и археографие комиссэм и художникыу Киев, Полтавэ, Чернигов, Волынь губернэхэм щыщыIам пщылIыпIэм ит мэкъумэшыщIэхэм хьэзабу ягъэвыр и нэгу зэрыщIэкIам щIигъэхуэбжьащ усакIуэм гъэпщылIакIуэхэм яхуиIэ лъагъумыхъуныгъэр икIи и усэхэм цIыхухэр революцэм нэхъри къыщыхуриджэу щIидзащ. А лъэхъэнэм итха апхуэдэ усэхэр «Илъэсищ» зыфIища альбомым иритхауэ, усакIуэр и цIыхугъэхэм къахуеджэрт, яритурэ тригъэтхыкIыжырт. Шевченкэ 1846 гъэм хыхьащ езым и Iуэху еплъыкIэхэм хуэдэ зиIэхэр зыхэт «Кирило-Мефодиевскэ» обществэ щэхум. Ауэ 1847 гъэм бзэгузехьэ гуэрым яригъэубыдащ, ягъэтIысри, Орскэ быдапIэм (Оренбург губернэм) сэлэту ягъэкIуащ. АбыкIи зэфIэкIакъым усакIуэм кIэлъызэрахьа лейр - 1850 гъэм яр яху Мынгышлак хытIыгу ныкъуэм щыIэ Новопетровск быдапIэм (ди зэманым Форт-ШевченкэкIэ зэджэ къалэм). УсакIуэр абы щIагъэкIуам и щхьэусыгъуэу абы щыгъуэ ятха приговорым итт «узэгуэзыгъэуд Iуэхугъуэхэм тепсэлъыхьу малороссийскэ бзэкIэ усэхэр зэритхыр». А приговорым Iэ щыщIидзым, Николай Езанэм езым мыпхуэдэу щIигъужат: «ТемыплъэкъукIыу кIэлъыплъын, сурэти уси итхыну хуит мыщIын».
Пащтыхьым усакIуэр зэхэзехуэн щIищIхэм ящыщт 1844 гъэм итха «ПщIыхьэпIэ», 1845 гъэм дунейм къытехьа «Кавказ» поэмэхэр. А тхыгъитIми лъэщу и пэкIэ ягъэкIуэтат украин литературэм и политикэ лирикэр. Абыхэм пащтыхь къэралыгъуэм и щытыкIэ дыдэр къагъэнаIуэрти, Урысейм щыпсэу лъэпкъхэр къыхураджэрт я зэкъуэшыныгъэр ягъэбыдэу, лейзехьэхэм я бийуэ зыкъаIэтыну.

1847 гъэм и мэкъуауэгъуэ мазэм ссылкэ ягъэкIуа усакIуэр хуит къыщыхъужар 1857 гъэм и шыщхьэIу мазэрщ, Николай Езанэр лIа нэужь.
Абдежми щиухакъым усакIуэр бэлыхь хагъэтыныр.
УсакIуэр ссылкэм къызэрикIыжа гъуэгури кIыхьыщэт. Гъуэгу здытетым, ар аргуэру Новгород деж щаубыдыжащ икIи къыжраIащ Урысейм и къалащхьитIым языхэзми дыхьэну зэрыхуимытыр. Ауэ и ныбжьэгъухэм я фIыгъэкIэ, хуит ящIащ Бытырбыху щыпсэуну икIи абы кIуащ 1858 гъэм. А зэманым усакIуэр ныбжьэгъу яхуэхъуащ «Современник» журналым и лэжьакIуэхэм - Чернышевскэм, Добролюбовым, Некрасовым, Михайловым, Курочкин зэкъуэшхэм, нэгъуэщIхэми. А журналым дэлажьэурэ, Шевченкэ итха сатирэ усэхэм нэхъри лъэщу щыIуащ усакIуэм цIыхубэр революцэм зэрыхуриджэ макъыр.
Полицэм аргуэру щIидзэжащ усакIуэм щэхуу кIэлъыплъын икIи 1859 гъэм, Украинэм кIуэуэ гъуэгу здытетым, Прохоровкэ къуажэм деж щаубыдащ, икIи ткIийуэ къыжраIащ Украинэм мыкIуэу, занщIэу Бытырбыху игъэзэжыну.
Апхуэдэу, махуэ тыншыгъуэ ирамыгъахуэ жыхуаIэм ещхьу, къекIуэкIащ украин усакIуэшхуэм и гъащIэр. Ауэ илъэс хьэлъэхэми, здэщыIа пшахъуэщI щIыналъэ ткIийми Шевченкэ и талантыр ягъэкIуэщIыну, щхьэхуитыныгъэм зэрыхущIэкъур ягъэжэщIыну ялъэкIакъым. ЗэрыпхъуакIуэ зауэхэм я бийуэ, лейзехьэхэм я напэншагъэр и тхыгъэхэм хэIущIыIу щищIу, ахэр зищIыс дыдэм и пэжыпIэр цIыхухэм я деж нихьэсу къэгъуэгурыкIуащ. Аращ езыри тыншыгъуэ ирамыту,  гугъуехь хэмыкIыу щIагъэпсэуар. Ауэ псалъэм и пэжыр сыт хуэдэ залымми пэщIэтыфынущ. Ар щынэрылъагъут мы усакIуэшхуэм деж. Лейзехьэхэм диныр къагъэсэбэпурэ цIыхухэр ягъэжакъуэу, езыхэм зэхащIыхьхэр абыкIэ щIауфэныр я нету, ялэжьхэр нэхъ наIуэу къыщигъэлъэгъуахэм ящыщщ нобэ фи пащхьэ итлъхьэ «Кавказ» поэмэр. ГъэщIэгъуэнращи, Шевченкэ мыр щитхар 1854 гъэрщ, Урыс-Кавказ зауэр и гуащIэгъуэу щекIуэкIырщ. А зэманым апхуэдэу утегушхуэным хэлъа шынагъуэр зыхуэдизыр, утемыпсэлъыхьми, гурыIуэгъуэщ. Поэмэм наIуэу къыхощ усакIуэр щхьэхуитыныгъэм щIэбэнхэр тригъэгушхуэу, лъэпкъхэр зэкъуэту залымыгъэм пэщIэтыным къыхуриджэу зэрыщытар.
Шевченкэ Тарас 1861 гъэм Бытырбыху дунейм щехыжащ. УсакIуэшхуэр зэрылIар литературэмрэ щхьэхуитщIыжакIуэ зэщIэхъееныгъэмрэ я хэщIыныгъэ ин дыдэт. Ар щыщIалъхьэм литературэ, жылагъуэ лэжьакIуэ цIэрыIуэхэр щыIащ. Пса-лъэм папщIэ, Салтыков-Щедрин, Тургенев, Достоевский, Лесков, нэгъуэщIхэри. Некрасовым итха «Шевченкэ и лIэныгъэм теухуауэ» усэр, некролог щIыгъуу, Герценым «Колокол» журналым тридзагъащ.
Езы усакIуэм къищIыжа уэсятым ипкъ иткIэ, Шевченкэ и хьэдэр 1861 гъэм и накъыгъэм Украинэм яшэжри, Днепр псым и Iуфэм, Канев пэмыжыжьэу, Чернечье бгым щыщIалъхьэжащ.

Кавказ
поэмэ

Си ныбжьэгъу пэж Яков де Бальмен хузотх

Хэт псы тIэкIу къытрикIэну си щхьэм,
Си нэм хэт трихыжыну пшагъуэр?
Махуи жэщи гу узыр сфIопыхьэ,
Лажьэншэу яукIахэм яхуэщыгъуэу…
Бгыхэм адэкIи бгыхэщ къыщытыр,
ГуIэ нэпс лъыкъуалэм ягъэщIытэу.
ЛIэщIыгъуэ дапщэ хъуауэ Насрэн ЖьакIэ
Ирапхауэ кIэрыт къырыжь дзакIэм,
Бгъэжьыр еуIухукIэ и тхьэмщIыгъум,
Къурш щхьэ тхъуахэр гызкIэ зэщIэгъуагъуэу?
Бгъэжьыр йоуIу, зэхиуIухьу дзажэр,
Икъутэу и гур, ирихыфми и фэр,
ГъащIэр зыIыгъ лъыр иримыфыфу.
Ерыщ екIуауэ бгъэжь жагъуэм пэщIэту,
Гур мэдыхьэшх, къеуэн хущимыгъэту:
ХэкIынкъым си псэр, си щхьэхуитыныгъэрщ
Къару уахътыншэу сызэтезыIыгъэр.
Нэпсейм хы лъащIэм щищIэфынкъым хьэсэ,
Къизэуфынкъым уахътыншэпсэ,
Абы нэхъуейуэ, тщIифыкIыфми ди лъыр,
Тхьэ, текIуэфынкъым Уи уахътыншэ псалъэм.
Ди фарзкъым Уэ дынодэуэну!
Къыттемыхуэ Уи хьэкумыр тщIыну!
ГугъапIэ мащIэр щIэтIыгъэну
Къытхуэнэж закъуэри дыгъынырщ.
Къытщодыхьэшхыр ауаныщIу пцIыIуэпцIышэр,
Нэпсрэ лъыкIэ щызэхэтщIэкIэ ди тхьэвыр,
Пэжыр чэф хьэлъэу зэкIэ хэтщ жей Iувым,
Ар сытым щыгъуэ къэушыну?
Уэри, ди Тхьэшхуэ, ужеину
Сытым щыгъуэ ущыгъуэлъыжынур?
Ди Тхьэшхуэм Уи зэфIэкIыр
Ди фIэщ мэхъур -
Къэушыжынущ пэжыр,
Лъэпкъхэм я Iэхъулъэхъур
Ирахыжынурэ, щхьэхуиту
Бэуэжынущ. Хъуэхъухэр къыпхуаIэту,
УагъэфIэнущ Уэ игъащIэ псокIэ!
Ауэ зэкIэ йожэхыр псыхэр...
Яхэлъадэ лъыр зыдрахьэхыу!

Бгыхэм адэкIи бгыщ къыпызыщэжыр,
Пшэ фIыцIэр ятепхъуауэ, лъыр къапыжу.
А къуршхэм ис бгырыс тхьэмыщкIэм
Лъыуэ ящIэтыр къыщIафыкIыр,
Къахуэнэжа щхьэхуитыныгъэр
Къатрихыну ищIа гугъэм
Хъийм зэрыпхъуакIуэр ирегъэкIыр,
И ужьым къринэж лъыкIпсыкIым
Едгъэфэжам арат пащтыхьыр,
И пщышхуэхэр хэдгъэпскIыхьам
Арат фызабэ гуIэ нэпсхэм,
Хъыджэбз зи шэгъуэм жэщкIэ уэру,
ГъэпщкIуауэ къыфIежэх нэпс пщтырым.
Анэ гузасэм и нэпс сыру
Зэхэлъэдэжхэурэ зы псыдзэу,
КIэншэу къежэхым джабэ задэм.
Зыхуэубыдыжкъым, уеблэм адэм,
ЩIегъэж и нэпсыр гузэрыдзэу.
Нэпсхэр зыхэлъэдэж тенджызым
ТолъкъункIэ гуIэу ахэр езыр,
КъызэщIигъаплъэу гущIэгъуншагъэм
Щхьэщытщ тенджызым мафIэ лыгъэр.
ХуаIэтыр хъуэхъу хьэзешэм, хьэм:
Дзэзешэхэм щIыхь! ЩIыхь ди пащтыхьым!
Фи Iэужьхэр къыфщхьэщытыжщ пшэкIухьу!
ЯугъащIэ мыл джанэм
ЗэщIиIулIа къырыжь щхьэ тхъуахэм!
Шууей лIыхъужьхэм яугъащIэ!
Къихъумэ Тхьэм абы я гъащIэр!
Бийм фыпэщIэтщи, захуэвмыту
Тхьэшхуэм и Псалъэр фэрщ зыкъуэтыр!
Щхьэхуитыныгъэ лъапIэныгъэм
Къригъэблынущ нэхъри лIыгъэр!
Уи чы-бжэгъу унэр, хьэлу тIэкIур
КъэплъэIухуакъым укъулакIуэу.
А унэжь фэншэр, хьэлу Iыхьэр
Аракъым лъэхъухэр уэ ныпщIитлъхьэр.
Къыдэплъыт дэ... дэ дыгубзыгъэщ,
ЩIэныгъэ диIэу, тхылъ деджэфу,
ТхьэлъэIукIэ зыхуэдгъазэу уафэм!..
КъыщыщIэдзауэ тутнакъэщым
Щиухыжу и тахътэм пащтыхьым
ДыщэпскIэ Iуэхухэр щызэIутщэу,
Къыдолэжьыфыр куэду щIыхьыр.
Дычристэнхэщ, ди куэдщ еджапIэ, члисэ,
Тхьэри, къытщхьэщыжу, дэрщ зи гъусэр,
Евгъэджэнхэу къытхуэвгъакIуэм фи псэр,
Ныфхэтлъхьэнщ чристэнхэм ди хабзэр,
Фыхуедгъэджэнущ гъавэр зэрыхасэм,
ИкIи къэдгъэIэсэнущ фи псэр!
Фи чы-бжэгъу унэр
Бжэгъуу ди нэм щIоуэ:
ЩIым тетхэщи ди Iизыныншэу,
Сыт щIыфхуэблэнур дыгъэр пщIэншэу,
Хуит дымыщIауэ!
Хьэм хуэдэу
Ныфхуэддзыжынкъым
Къыфтетха хьэлу Iыхьэр,

Дытыркукъым дэ,
Тырку хабзэри зедмыхьэ!
Дычристэнщ дэ. Бытырбыху
Дыдэсщ, зы мащIэмкIи зыдгъэнщIу!..
Аращи, гъусэ зыкъытхуэфщIым,
Федгъэджэфынущ, куэд фэдгъащIэу!
Ди тафэхэр игъуэлъыкIахэщ хуиту,
Сыбыр и закъуэ ярикъунущ куэдым,
Бжыгъэншэщ ди лъэхъуэщхэр, ди сэлэтхэр!
Молдавани, фини, лъэпкъыу хъуам ди деж
Я анэдэлъхубзэр щамыдэж.
НэгъуэщIым и анэдэлъхубзэм
Ди деж щыIуаудыфыр псынщIэу и псэр:
Мэтхъэжыр псори!
Уеблэм унэIутыр
Инджыл IэщIэтлъхьэри къидгъэхьащ  ди Iумэтым,

Щыгъуазэщ ар мы хъыбарым - пащтыхьыр,
Кхъуэ игъэхъуу губгъуэм здитым,
И ныбжьэгъуфIым и щхьэгъусэм щыхьэу,
Лей ирихыу зэриукIыжам.
Пащтыхьым и псэр щихьэжам хьэрш кIэншэм,
ЗанщIэу зэрыкIуам жэнэтым тыншу.
Мис апхуэдэпсэхэрщ ди деж
ЗыхузэIуахыр жэнэтыбжэр!
Фэ фыщIэныгъэншэщ,
 КъыфтрамыщIауэ жор,
Ауэ, щIэныгъэм фыкъыхэтшэу,
Федгъэджэфынущ, къытIэщIэфлъхьи псэр!..
Къэдыгъу, къытех, нэгъуэщIым и пщIэнтIэпсым
Ущымысхьу хьэлэлу ирипсэу, умыгупсысэу!
ИтIанэ, укъихьащи ди Iумэтым,
ТлъэкIынущ уэри удгъэкIуэн жэнэтым
Уи Iыхьлыхэр зы къэмынэу пщIыгъуу -
Уи мыгугъэ ар ди дежкIэ гугъуу!
Теткъым дымыщIэф дэ мы дунейм -
Добжыфыр вагъуэр, хыдосэфыр жылэ,
Французхэр доубыф, едгъэхьу хьэм,
Куэзыр джэгукIэ пщылIхэр идогъэхьыр,
Жор зэрапщIыхэлъми демыплъу,
Дэтхэнэми щIыдоудыфыр и лъэр.
Дэ дыхабзэншэкъым - дытетыжщ ди хабзэм!
Длэжь псор щIыдогъэкIыфыр абы шыбзэу!
Фи Щихъхэм я щIэин я псалъэрщ
ЗэрыхувиIэр лъагъуныгъэ къуэшым,
ПцIыр щысхьыншэу къыщIэвгъалъэу,
Батэкъутэр вгъэшу.
Зыщыхуахэр Тхьэм и ней!
Фэ цIыхугъи фыхуэмей.
ЦIыхум и фэр фхутех закъуэм -
Фи цIыхугъэкIэ фрокъур.
Фэр тывох. Фытету хабзэм,
Ар фызэрыхуейуэ фобзыр:
Фипхъухэм щхьэкIэ щыгъын дахэ,
Бостеипхъэ щIэвгъэлъхуахэм,
Нэхъуеиншэурэ фыщыкIыу,
ЦIыхум и фэм куэд къыхывощIыкIыр.

Сытым щхьа ураIулIат Уэ жорым,
Тхьэшхуэ ЛъапIэм и къуэ закъуэ,
Ди гуэныхьхэр дыбгъэпшыныну
Ухуеят, зыкъытщIэбгъакъуэу?..
Псори къэнэжакIэщ зэрыщыту,
Гуэныхьлыр къихьакъым уи Iумэтым!

Члисэхэр, бжыгъэншэу тхьэнапэхэр,
Шэху уэздыгъэхэм Iугъуэр къапехыр,
Лъэгуажьэмыщхьэу, Iущащэу Iупэр,
Щхьэщэ къыпхуащIу я щхьэр ирахьэхыр
Зауэм и щIыхькIэ, и щIыхькIэ дыгъум,
Зэхэлъэдэжрэ лъы псыхьэлыгъуэу,
Толъкъуну зэрехьэх къуэшылъхэм щхьэкIэ, -
Мис аращ зауэ лъыкIпсыкIым
КъыхидыгъукIыр лIыукIым!..

Драгъэджащ! ДащIащ губзыгъэ,
Дыхуейщ фэри, къэдгъэплъэжу фи нэр,
Фэдгъэлъагъуну пэжым и дыгъэр
ЗэрыщIэдгъэпсэжым кIыфIым хэт фи унэм!
Фэдгъэлъагъунущ псори, зыкъэфт закъуэ,
Фызыщысхьыжи, зыкъытхуэфщIхэ гъэр -
КъэфщIэнщ зыхуэдэр ди лъэхъуэщхэр,
Вгъэунэхунщ я ткIиягъыр ди щIопщхэм!
Зыщыфплъыхьынщ Сыбыр и губгъуэ кIэншэм,
Iэхъулъэхъум и кIыргъ макъым фыдэушу.
А псори къыфпэщылъщ, фыщалъхуа   къуршхэр,
Фымыныкъуакъуэу,
Ди IэмыщIэ къифлъхьэ закъуи.
Адрейхэр къыфтетхакIэщ, къэдмыгъанэу зыри -
КъыдэдгъакIуэу, уеблэмэ тенджызри!

Уэри уащIащ зэхэзехуэн, Яков, си къуэш пажэ,
Апхуэдизылъыр щысхьыншэу щIагъажэр
Украинэм хуаIэ лъагъуныгъэм
КъыхэкIауэ зэи уи мыгугъэ -
Залым лейзехьэр тепщэным папщIэщ
Хей къагъэпцIахэм щIатар я гъащIэр.
Сыт хуэдизылъ щагъажэрэ мы щIылъэм,
Лъыр щхъухьу иракIэжу пащтыхь фалъэм!

Щыгъэхуарзэ уи псэр Украинэм и уафэм!
Къэзакъхэм уащIыгъуу ежэкI псыхъуэ бжьэпэм,
Къызэхыуплъыхьу Iуащхьэжьхэр, тафэр,
Къэзакъ ныбжьэгъугъэр лъыкIэ бгъэнэхъапэу.
Нисхыжынщ гъэрыпIэм сэри си лъэр,
Къыщыспэплъэ си тафэ щIыналъэм.
Ауэ зэкIэ мы си гупсысэм -
ПхрокI уэлбанэр лъапэрисэу.
Ссэнущ сэри си хьэсэр, уэлбанэр
ЗытезмыгъакIуэурэ, себэну.
Си Украинэм и акъужь хуэмым
Ныпхуихьынущ, хэлъу уэсэпсым,
Си ныбжьэгъу, нэпскIэ псыхьа си гупсысэр.
А гупсысэм зэрыщIэбдзэу къеджэн,
КъэIупщIынущ Iуащхьэжьхэр, тафэхэр, къуршыр,
СыкъэкIыжынущ сэри уигу, уи къуэшыр.

Переяслав.
1845 гъэ, щэкIуэгъуэм и 18.
 

ЗэзыдзэкIар УЭРЭЗЕЙ Афликщ.
Поделиться: