Урышыр щытепщэ Ярыгиным и фэеплъ зэхьэзэхуэ

Европэм тIэунейрэ и чемпион Урыш Анзор.

Илъэс 31-нэ хъуауэ гъэ къэс, щIышылэ мазэм и кIэухым, ди къэралым и бэнакIуэ хуитхэм я зэпеуэм зэрыщIадзэр тIэунейрэ Олимп чемпион, СССР-м спортымкIэ щIыхь зиIэ и мастер Ярыгин Иван и дунейпсо фэеплъ зэхьэзэхуэращ. Ди лъахэгъу Урыш Анзор нэхърэ нэхъыбэрэ абы ирихьэлIарэ дамыгъэ лъапIэ нэхъыбэ къыщызыхьарэ щыIэу фIэщщIыгъуейщ. Мы гъэми Красноярск щызэхэта апхуэдэ зэпеуэм илъэс 33-рэ зи ныбжьыр щрикъуа (щIышылэм и 23-м) адыгэ щIалэм домбеякъ медалыр къыщихьащ, зыхэт хьэлъагъым бжьыпэр щызыубыдам фIэкIа зыми къыпимыкIуэту.

Ярыгин Иван и фэеплъ зэпеуэм хэтыну хуит ящIыр блэкIа илъэсым щыIа къэралпсо, европэпсо, дунейпсо зэхьэзэхуэхэм увыпIэфI дыдэ къыщызыхьахэращ. КъищынэмыщIауэ, къытрагъэзэжыну Iэмал яIэщ мыбы и саугъэт лъапIэхэр гъэ кIуам щызыIэрызыгъэхьахэм. Апхуэдэ «кхъузанэ щабэм» бэнакIуэхэр щIагъэкIри аращ, зэпеуэм и пщIэр лъагэу щIыщытри.
Ярыгин Иван и XXXI дунейпсо зэхьэзэхуэм, щIышылэм и 23 - 26-хэм Красноярск щекIуэкIам,  адыгэ щIалэ зыбжанэ хэтащ. АрщхьэкIэ медалхэм нэсыфар Урыш Анзор и закъуэщ. А Iуэхугъуэр щыхьэт тохъуэ, спортым и дежкIэ мыщIалэжми, ар щапхъэ нэсу зэрыщытыр икIи и иужьрей псалъэр бэнэкIэ хуитым зэрыщыжимыIам.
Ярыгиным и фэеплъ зэхьэзэхуэу 2009 гъэ лъан­дэрэ екIуэкIа псоми Урыш Анзор хэтащ, ехъулIэныгъэфIхэр сыт щыгъуи зэриIэм и фIыгъэкIэ. КъищынэмыщIауэ, абы лъандэрэ зы илъэси къэхъуакъым медаль лIэужьыгъуэ гуэрхэр Урысей Федерацэм и чемпионатым къыщимыхьу е щытемыкIуауэ. НэгъуэщI апхуэдэ бэнакIуэ ди къэралым къыщыгъуэтыгъуейщ, щыIэуи си фIэщ хъуркъым.
Красноярск щызэхашэ зэпеуэхэми сыт щыгъуи щынэхъыфIхэм ящыщщ Анзор. Япэу абы щыхэта 2009 гъэм ещанэ увыпIэр щиубыдащ. КъыкIэлъыкIуэ илъэсым дыжьыныр щызыIэригъэхьащ. Ещанэм дыщэ медалыр къыщыхуагъэфэщащ, саугъэт нэхъыщхьэр дэщIыгъуу. КъыкIэлъыкIуэ илъэсхэм а ехъулIэныгъэхэм къытрагъэзэжащ. Абыхэм къащхьэщыкIакъым мы гъэм и пэщIэдзэри.
Иджыри къэс щыбэна килограмм 84-м нэс зи хьэлъагъхэм иIэпхъукIыу 92-м нэса Урышыр абдежми щынэхъ лъэщхэм хабжэ. Щыхьэту урикъунщ махуищ ипэкIэ Красноярск щызэхуащIыжа Ярыгиным и дунейпсо фэеплъ зэхьэзэхуэр. Анзор, зэрихабзэу, абы лъэ быдэкIэ хыхьащ. Япэу пхъэидзэм къыпэщIигъэува Дагъыстэным щыщ Нажмудинов Гаджимагомед гугъу демыхьыщэу 3:0-у хигъэщIащ. АдэкIэ къыпэщIэхуа Черткоев Гурами гу зэрылъитэща щыIэкъым – зэман кIэщIым къабзэу тридзащ.
Урышыр къыщызэтрагъэувыIар финалым и Iыхьэ ныкъуэращ. Къэралым и командэ къыхэхам къыдыхэт дагъыстэн щIалэ Жабраилов Алихъан къыпикIуэтащ, зэрырагъажьэу япэ ища пэтми. АдэкIэ къыхуэнэжыр ещанэ увыпIэм щIэбэнынырт.
«Финал цIыкIум» къыщыхуэзащ Къэзахъстаным къикIа Байгенжеев Абдиманап. Нэрылъагъут Анзор абы куэдкIэ зэрефIэкIыр. ЗэIущIэм зэрыщIидзэу 4:0-у япэу ища адыгэ щIалэм, къызэрыфIэIуэху щымыIэу, Iуэхур и текIуэныгъэм хуигъэкIуащ икIи домбеякъ медалыр зыIэригъэхьащ. Мыгъэрей зэхьэзэхуэ лъэхъэнэм ар и щIэдзапIэфIщ.
Урыш Анзор и ехъулIэныгъэм Красноярск щыпэгъунэгъуащ Дунейпсо кубокыр зыIэщIэлъ, Европэм нэгъабэ къыщыхэжаныкIа БищIо Тимур. Килограмм 74-м нэс зи хьэлъагъхэм я зэпеуэм финалым и 1/8-нэ Iыхьэм ар къыщыхигъэщIащ иужькIэ япэ увыпIэр зыубыда, зи ныбжьыр илъэс 23-м нэмысахэм я дунейпсо чемпионатым 2019 гъэм щытекIуа Жамалов Разамбэч.
Домбеякъ медалыр зыIэригъэхьэн папщIэ Тимур иужькIэ зэкIэлъхьэужьу ефIэкIащ Хизриев Магомедрэ Кайпанов Нуркожарэ. АрщхьэкIэ кIэух зэIущIэм Курбаналиев Магомед фIэкIыфакъым.
Ди жагъуэ зэрыхъунщи, щIышылэм и 23 - 26-хэм Красноярск щызэхэта  зэхьэзэхуэм саугъэтыншэу къыщынащ абы зыкъыщызыгъэлъэгъуа ЗакIуий зэкъуэшхэу Анзоррэ Азэмэтрэ, Хъурзокъуэ Астемыр, Хьэщпакъ Хьэбий, Щоджэн Азрэт сыми.
Мыпхуэдэ зэхьэзэхуэ инхэм Махуэ Билал щыхыхьэжыну зэманыр къызыхуэмыгъэсхэр иджыри абы зымащIэкIэ пэплъэн хуей хъуащ. Ди лъахэгъу цIэрыIуэр куэд щIакъым Италием зэрыщыбанэрэ. Билал иджыпсту и къалэн нэхъыщхьэр Олимп Джэгухэм дыкIуэну хуит дыкъэзыщI лицензэр Венгрием и къалащхьэ Будапешт гъатхэпэм (мартым) и 19 - 22-хэм щызэхэтыну зэхьэзэхуэм килограмми 125-м нэс зи хьэлъагъхэм я деж щызыIэригъэхьэнырщ. Аращ ерыщу зызыхуигъэхьэзырыр.
Медаль закъуэр Сыбырым иджыблагъэ къытхуизыша Урыш Анзор къывэдгъэцIыхужынщ. 1987 гъэм щIышылэм и 23-м Къэбэрдей-Балъкъэрым хыхьэ Псыхъурей адыгэ къуажэжьым ар къыщалъхуащ. Бэнэным хэзышари и япэ тренеру щытари и адэ, спортымкIэ мастер Урыш СуIэдинщ. Абы и нэIэ щIэтущ ехъулIэныгъэ инхэм я гъуэгу бгъуфIэм икIи кIыхьым зэрытехьар, текIуэныгъэхэм я IэфIагъ нэсри япэу къызэрищIар.
Анзор псынщIэу спортым хэзэгъащ икIи цIэрыIуэ щыхъуащ. АбыкIэ сэбэп хъуащ щIыналъэ, къэралпсо утыкухэм щIалэ дыдэу и лъэр зэрыщигъэбыдамрэ гу къылъатэу Урысей Федерацэм и командэ къыхэхам пасэу зэрыраджамрэ. ЖыпIэну ирикъунщ 2004 гъэм ар ныбжьыщIэхэм я деж Европэм и чемпион зэрыхъуар, илъэсищ дэкIа иужькIэ дунейпсо щIалэгъуалэ зэпеуэм дыжьын медаль къызэрыщихьар.
АдэкIэ Урышыр хагъэхьащ «Гладиатор» гупым икIи Тембот Анзоррэ Миндиашвили Дмитрийрэ япэщIэхуащ. Ар абы и дежкIэ лъагапIэщIэт икIи и Iэзагъым щыхигъэхъуа лъэхъэнэ телъыджэщ.
Балигъхэм яхыхьа иужькIи Анзор и ехъулIэныгъэхэм куэдрэ пигъэплъакъым. Ираным и къалащхьэ Тегеран 2009 гъэм абы фIы дыдэу зыкъыщигъэлъэгъуащ икIи Урысей Федерацэм и командэ къыхэхам хэту Дунейпсо кубокым ехьэлIа зэпеуэм домбеякъ медалыр къыщихьащ. АрщхьэкIэ Урышым и япэ текIуэныгъэ нэхъ ин дыдэхэр къыкIэлъыкIуэ илъэсращ зыхуэзар.
2010 гъэм мэлыжьыхьым (апрелым) и 13 - 18 махуэхэм Азербайджаным и къалащхьэ Баку щекIуэкIа Европэм и чемпионатыр адыгэхэм хуабжьу тхуэугъурлащ - бэнэкIуэ гъуэзэджэхэу Махуэ Билал, Урыш Анзор (тIури бэнэкIэ хуитымкIэ), Хъущт Аслъэнбэч (алыдж-урым бэнэкIэмкIэ) сымэ зыхэта хьэлъагъхэм япэ увыпIэхэр щаубыдащ. Хьэлэмэтращи, Баку щекIуэкIа Европэм и чемпионатым гуп пашэныгъэр щызыIэрызыгъэхьа Урысей Федерацэм и командэ къыхэхам дыщэ медалу 4 абы къыщихьати, 3-р зылъысар ди лъэпкъэгъухэрщ.
И ныкъуэкъуэгъухэр «имыгъэбауэу» дыщэ медалыр Баку къыщихьат Урыш Анзор. Япэ дыдэу апхуэдэ зэпеуэхэм хэхуа щIалэм килограмм 84-рэ зи хьэлъагъхэм я гупым телъыджэу зыкъыщигъэлъэгъуащ. Финалым и 1/8-нэ Iыхьэм ар Италием и лIыкIуэ Фасугбай Антони 6:0-у щытекIуащ. КъыкIэлъыкIуэу абы хигъэщIащ алыдж Криаридис Григориосрэ (9:0) болгар Ганев Михаилрэ (2:0) икIи лъэ быдэкIэ финалым нэсащ. Анзор абы къыщыпэщIэтащ Азербайджан бэнакIуэ лъэщ Шарифов Шариф.
Хэгъэрейхэм уатекIуэну зэрымытыншыр гурыIуэгъуэщ, ауэ ди щIалэм апхуэдэ лIыгъэ къыкъуэкIащ. ЩIэупщIэжын лъэпкъ къыхэмыкIыу Шафировыр хигъащIэри, ар чемпион хъуащ.
Мыгувэу, мэкъуауэгъуэм (июным) и 27-м Волгоград щекIуэкIащ бэнэкIэ хуитымкIэ Урысей Федерацэм и чемпионат. Абыи ехъулIэныгъэ щызэригъэгъуэтащ Урыш Анзор.
МазитI и пэкIэ Европэм и чемпион хъуа ди щIалэм, дауи, гугъут къэралым щекIуэкI зэхьэзэхуэм тэмэму икIи елIалIэу зыхуигъэхьэзырыну. АрщхьэкIэ абы ар къехъулIащ, ауэ зымащIэ дыдэкIэ и кIэн къикIакъым. КIэух зэIущIэм Урышыр щыхуэзащ 2009 гъэм Европэм и чемпион хъуа осетин щIалэ Кцоев Сослъэн. Абыхэм я зэпэщIэтыныгъэр сыт и лъэныкъуэкIи зэхуэдэ хъуащ икIи финалым и япэ, етIуанэ Iыхьэми текIуар судьяхэм яхузэхэгъэкIакъым. Апхуэдэу къыщыхъум, пхъэидзэкIэ нэхъыфIыр къалъытащ. Зи насып къикIар Осетие Ищхъэрэ-Аланием и лIыкIуэращ.
ПхъэидзэкIэ къэралым и чемпионыгъэр зэрыфIахьам Урыш Анзор и лъэр щIигъэхуакъым. КъыкIэлъыкIуэ илъэсми ар Европэм щытекIуащ.
Аргуэру килограмм 84-м нэс зи хьэлъагъхэм я деж щыбэна адыгэ щIалэм Европэм и чемпион цIэр нэмыцэ щIыналъэм ехъулIэныгъэкIэ щихъумащ. Финалым нэсыхукIэ абы и хьэрхуэрэгъухэм зы балли яритакъым. ПэщIэдзэ зэIущIэм Урышым 2:0, 6:0-у щыхигъэщIащ Ирландием къикIа Долли Алекс. АдэкIэ финалым и Iыхьэ плIанэм абы зы Iэмали иритакъым поляк Балавендер Мацей - 3:0, 4:0.
Финал ныкъуэр илъэс ипэкIэ екIуэкIам ещхь хъуащ. Абы Анзор хьэрхуэрэгъу аргуэру къыщыхуэхъуащ Азербайджаным щыщ Шарифов Шариф. 2010 гъэми хуэдэу, иджыри текIуар ди щIалэращ. Ауэ абы щыгъуэм Урышым Шарифовыр Баку щыIэжу псынщIэ дыдэу хигъэщIамэ, иджы лъэхъэнитIкIэ еныкъуэкъун хуей хъуащ. Ахэр 3:0, 1:0-у зэриухам Анзор и тепщэныгъэм зыми шэч къытригъэхьакъым.
Хуабжьу гуащIэу щытащ финалыр. Абы къыщыпэщIэта куржы щIалэщIэ Марсагишвили Дато Межконтинентальнэ кубокыр къэхьыным ехьэлIауэ 2010 гъэм и жэпуэгъуэ (октябрь) мазэм Дагъыстэным и Хасавюрт къалэм щекIуэкIа зэхьэзэхуэм Урыш Анзор гугъу демыхьыщэу щыхигъэщIат. Абы ди бэнакIуэр игъэбэлэрыгъауэ къыщIэкIынущ икIи зэпеуэм и япэ лъэхъэнэр 1:4-уэ иригъэхьащ. Загъэпсэхуу къихьэжа иужькIэ, Анзор зызэтриубыдэжащ икIи 1:0-у текIуащ. Иджы псори щызэхэкIынур ещанэ лъэхъэнэрт. Ари Урышым щIагъуэу къыщIидзакъым икIи 1:3-уэ иригъэхь хъуащ. ХэкIыпIэ щыIэжтэкъыми, къэнэжа зэман мащIэм Анзор ерыщу икIи лъэщу ебгъэрыкIуащ икIи баллитIыр куржы щIалэм къыфIихьыжащ - 3:3! Апхуэдэу зэпэщIэтыныгъэр иухати, иужьу зэIущIэм ехъулIэныгъэ щызиIа Урыш Анзор, хабзэм ипкъ иткIэ, текIуауэ къалъытащ икIи Европэм и чемпион зэрыхъуам щыхьэт техъуэ дыщэ медалыр къратащ.
2012 гъэм Лондон щекIуэкIа Олимп джэгухэм хэтыну и насып къикIащ Европэм тIэунейрэ и чемпион адыгэ щIалэм. А лъэхъэнэм и хьэлъагъхэм я деж ар нэхъ лъэщ дыдэхэм ящыщт икIи куэдым хуагъэфащэт Инджылызым и къалащхьэм олимп медалым щыщIэбэныну.
Псори текIуэныгъэкIэ къыпщыгугъыныр ар хуабжьу жэуаплыныгъэшхуэщ икIи зэпеуэм хэтхэм я дежкIэ Iуэхур тIуащIэу зыгъэхьэлъэщ. Апхуэдэуи къэхъуащ. Килограмм 84-м нэс зи хьэлъагъхэм я деж Урыш Анзор япэу къыщыпэщIэхуащ Украинэм икIа Алдатов Ибрэхьим. Ди щIалэм зэхьэзэхуэм фIы дыдэу къыщIидзащ икIи япэ Iыхьэм 3:0-у щытекIуащ. ЕтIуанэм и хьэрхуэрэгъур 3:4-уэ къефIэкIами, ещанэм 4:1-уэ хигъэщIэжри, финалым и Iыхьэ плIанэм кIуащ.
АдэкIэ Урышым ныкъуэкъуэгъу къыхуэхъуар бэнэныр лъэпкъ Iуэхуу щагъэува Ираным къикIа Лашгари Эшар Насерт. Ди жагъуэ зэрыхъущи, Анзор абы пэлъэщакъым икIи 0:3, 1:3-уэ къыхигъащIэри, Олимпиадэм медалыншэу къыщигъэнащ.
А Iуэхугъуэм и лъэр щIигъэхуакъым спортым щIыхь зиIэ и мастер Урыш Анзор. Лондон къикIыжа иужькIи ехъулIэныгъэ инхэр щиIащ абы Урысей Федерацэми, Европэми, дунейпсо зэпеуэхэми. Нобэми ар ящыщщ ди республикэми къэралми я щIыхьыр лъагэу зыIэт бэнакIуэ лъэщхэм икIи дяпэкIи куэдкIэ дыщогугъ. Абы и щыхьэтщ иджыблагъэ Красноярск щызэхэта Ярыгин Иван и XXXI дунейпсо фэеплъ зэхьэзэхуэм щиIа ехъулIэныгъэшхуэр.
 

Урышым къэзахъ бэнакIуэр хегъэзыхь.

Дунейпсо кубокыр зыIэщIэлъ БищIо Тимур Красноярск щобанэ.

ЖЫЛАСЭ Заурбэч.
Поделиться: