Шэрджэсейр къызэрацIыхуар

Хъуэткъуэ Самир и «Открытие Черкесии» тхылъыр къыдэкIащ

МЕЙКЪУАПЭ дэт «Полиграф-юг» тхылъ тедзапIэм иджыблагъэ къы­щыдэкIащ тхыдэдж щIэныгъэлI Хъуэткъуэ Самир и IэдакъэщIэкIыу «Шэрджэсейр къызэрацIыхуар» тхылъыш­хуэр. XIV-XIX лIэщIыгъуэхэм я зэхуакум къриубыдэ тхыдэ пасэри XX сэтей къэхъуа къэхутэныгъэщIэхэри и тегъэщIапIэу, щIэныгъэлIым зи дыгъуасэр лIэщIыгъуи­блым нэблагъэ Шэрджэсейм и гъунапкъэхэм зэрызахъуэжамрэ абы щхьэусыгъуэ хуэхъуа къэхъукъащIэхэмрэ дакIэлъегъэплъ.
Тхылъым пэублэ хуэзытха, «ЩIэин» фондым и унафэщI Жэмыфэ Гъазий къыхегъэщ ар, и фIэщыгъэм щегъэжьауэ, иджыри къэс утыку имы­лъа бгъэдыхьэкIэщIэм зэ­ры­тещIыхьар. «Тхылъым «Шэр­джэсейр къызэрацIы­хуар» цIэ игъуэтащ, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, пэж дыдэу Шэрджэсейр нобэми ямы­цIыху къэралщ, 1864 гъэм дунейм тебзэхыкIауэ, - етх Гъазий. - Совет зэманым адыгэ лъэпкъым ифI зыхэлъ Iуэху щхьэпэ куэд къызэри­Iэтари зыщыдмыгъэгъуп­щэу, гу лъыттапхъэщ а лъэхъэнэм и тхыдэтххэр адыгэ Iуэхум хэчыхьауэ фIэкIа зэ­рытемыпсэлъыхьам. Лъэ­ны­къуэ куэдкIэ узэхуеплъмэ, Шэрджэсейр етIощIанэ лIэ­щIыгъуэм и тхыдэ щIэныгъэлIхэм яIэщIэхуа къэралу пхужыIэнущ. Шэрджэсхэм къатепщIыкIыжа лъэпкъхэм фIэщыгъиплI зэрахьэ: адыгейхэр, къэбэрдейхэр, шэрджэсхэр, шапсыгъхэр. Ахэр щыпсэу щIыпIэхэр щIына­лъихым игуэшащ. Абы къы­хэкIыу, тхыдэ лэжьыгъэхэри Адыгейм, Къэрэшей-Шэрджэсым, Къэбэрдей-Балъкъэрым щхьэхуэ-щхьэхуэу ятеухуат. Кавказым и тхыдэр къэзыгъэлъагъуэ лэжьыгъэфI куэд къыдэкIа пэтми, абыхэм языхэзми идгъуа­тэркъым шэрджэсхэм я къэрал ШэрджэсейкIэ зэ­джэм теухуа напэкIуэцIхэр, ар лъэпкъ псом и щIыналъэу зэрыщытам хуэдэу. Шэрджэсхэм я блэкIар ­икъукIэ тхыдэ нэмытхыса, удэзымыхьэх тхыдэ тхьэ­мыщкIэущ къызэрыхэщыр апхуэдэ лэжьыгъэхэм, псом хуэмыдэу езы шэрджэс тхыдэтххэм къабгъэдэкI­хэм».
Тхылъыр зи IэдакъэщIэкI Хъуэткъуэ Самир и пэублэм къыщыхегъэщ Шэрджэсей къэралыр адыгэ лъэпкъым и тхыдэ лъэхъэнэ щхьэхуэу зэрылъытапхъэр. «Адыгэ лъэпкъым пасэ дыдэу къы­зэфIэувэн щIидзащ. ЕтIо­щIанэ лIэщIыгъуэм антрополог щIэныгъэлIхэм утыку ­кърахьа я къэхутэныгъэхэм къызэрагъэлъагъуэмкIэ, адыгэхэр хы Курытым и Iэ­гъуэблагъэм зыщызыужьа балъкъан расэм и тенджыз ФIыцIэ къудамэм («понтийский тип средиземноморс­кой балканской расы») ­хохьэ. Уеблэмэ щIэныгъэлI лэ­жьыгъэхэм къыхоувэ «адыгэ антропологическэ тип» фIэщыгъэр. Куэдрэ къэхъуркъым дызэрыт зэманым щыпсэу лъэпкъым и цIэр пасэрей зэманым къэунэхуа цIыху лIэужьы­гъуэм зэрихьэу».
Шэрджэсейм зыплъыхьа­кIуэ щыIа лъахэхутэхэм я тхыгъэхэмрэ картэхэмрэ и тегъэщIапIэу, Хъуэткъуэм гупсэхуу къызэфIегъэувэж адыгэхэм монгол-тэтэрхэр къащыхыхьа лъэхъэнэри. Нэхъ пасэуи Мысырым тепщэу щыщыта адыгэ сулъ­тIанхэм ятетхыхьа щIэныгъэлIым мы тхылъым абыхэм хэкум щызэрахьэу щыта лъэпкъ унэцIэхэм я цIэ къыщреIуэ.
Нэхъ гъэщIэгъуэну тхы­лъым итхэм язщ «КъухьэпIэ Шэрджэсейм щыIэ къэбэрдей къуажэхэр» Iыхьэр. Иужьрей къэхутэныгъэ лэ­жьыгъэхэм ириплъэурэ, ­Хъуэткъуэм гу лъетэ Шэрджэсеймрэ Къэбэрдеймрэ щIыкIэ зэпэIэщIэ зыщIа щхьэусыгъуэми: «КъухьэпIэ Къэбэрдейм ищIхэр пача нэужь, тIукIэ зи инагъыр хэщIа Къэбэрдейр КъухьэпIэ Шэрджэсейм пэIэщIэ хъури, зыуэ щыта шэрджэс хэкур зэпыуда хъуащ». Самир ­къехь ар зи IуэхущIафэ Ермолов Алексей а Iуэхугъуэм зэрытепсэлъыхь щIыкIэр: «Ермоловым зы псалъэкIи и унафэщIхэм ялъигъэIэсакъым иубыда щIыналъэ Iыхьэр адыгэпщхэм яйуэ зэрыщытари, а щIыпIэм къэ­бэрдейхэмрэ абазэхэм­рэ зэрыщыпсэуари: хабзэншагъэ ищIам куэд мыхъуж къэбэрдей жылагъуэр гугъу ирамыгъэхьыщэу мащIэу зэ­хагъэкIуэта хуэдэущ зэ­рытепсэлъыхьыр».
Хъыбар фэдгъащIэ щIы­кIэу къэтхь пычыгъуэ кIэщI­хэмкIэ фи фIэщ тщIыну дыхуейт картэжьхэмрэ щIы­пIэм и пасэрей сурэтхэмрэ куэду зэрыт, тщыгъупщэжа щIыпIэцIэхэр дэзыгъэцIы­хуж, тхыдэми еплъыкIэ куп­щIафIэкIэ бгъэдыхьэ Хъуэткъуэм и IэдакъэщIэкIыр зи блэкIар къызыфIэIуэху дэтхэнэ тхылъеджэри дэзы­хьэхын щIэныгъэ лэжьыгъэ щхьэпэу зэрыщытыр.

ЧЭРИМ Марианнэ.

Зеич лантIэ

Зеич лантIэу гъэшыгъуафIэ,
Си адыгэ хэку.
Хэку гъэфIэну сиIэ закъуэ,
Си адыгэ хэку.
Зи щIасэгъухэр зи жагъуэгъум,
Си адыгэ хэку,
Хигъэгъуащэу зи мыхабзэ,
Си адыгэ хэку.
Узижагъуэр псым хрепкIэ,
Си адыгэ хэку,
КIэлъыхэпкIэри епкIыхыу,
Си адыгэ хэку.
Уи жьэгу мафIэ щыужьыхым,
Си адыгэ хэку,
Дэп жьэражьэ сыпхуэхъункъэ,
Си адыгэ хэку.
Къурш псы уэру сыкъехуэхми,
Си адыгэ хэку,
Пшахъуэ налъи пщыщ исхакъым,
Си адыгэ хэку.
Зы уIэгъэ уэ къыптехуэм,
Си адыгэ хэку,
УIэгъищэу зыхызощIэ,
Си адыгэ хэку.
Дыщэ шууэ уищI сихьэжым,
Си адыгэ хэку,
Сэламыхьу сыныпхуокIуэ,
Си адыгэ хэку.

КIыщокъуэ Алим.

***

Ридадэ

И Iэпщэм бащэкIэ щыгугъырт.
И бийр къиIэтти иуплIэнщIт.
Ныхуигъэщхъщхът и пщэ гурыгъри,
Ридадэ и псэм «зиузэщIт».

Къарур лъэщэху плъэкъуащ Ридадэ:
ГъущIымэр и Iум къыщиуам,
Щэхурыпхъуэу къеуэри бий уэдыр -
Ридадэ и пщэм лъыр къиуат.

Ридадэ щэхущ. Ридадэ малIэ.
Хузэгуоудри игу плъэкъуам -
Къритхъыжынут емылIалIэу,
И IитIым языр хуэIэтам.

Нып кIапэу къеIэтыж и напIэр,
Елъагъу: и бий къызэщIэплъам
Косог нэщхъейхэм я насыпыр
ЩегъэпщкIу Iэгъуапэ лъым хэлъам.

Бещтокъуэ Хьэбас.

***

Адыгэ мамлюкхэр

Адыгэ мамлюкхэ,
Адыгэ мамлюкхэ,
Хэт фрилIыкIуэ,
Хэт фрилIыфIхэ?

Зэман кIэгъуасэм ищта кIыфIыгъэм
Фи нэхэр лыду солъагъу къыхэщу.
Фи нэхужьыбэм къурш хызолъагъуэ,
Фэ фи нэджыджхэр къуршыбгъэ  сфIощIыр.

Адыгэ мамлюкхэ,
Адыгэ мамлюкхэ,
Хэт фрилIыкIуэт,
Хэт фрилIыфIхэт,
КуцI хужьу къуршхэр ди бийм щалъагъум,
КъыщебгъэрыкIуэм ди адэжь лъахэм,
ЛIы щхьэмыгъазэхэр дэнэ фыщыIэт?
КъагъаскIэу къырхэр,  бийхэр лъэщыIуэт.

Мысыр хэку жыжьэм и сулътIаныдзэм
Ди щIалэ хахуэхэр щхьэ фрипашэт?
Фи пащтыхьыгъуэри сытым и щIысыт,
Фи адэжь хэкур фыщимыIэжым.

Адыгэ мамлюкхэ,
Адыгэ мамлюкхэ,
Хэт фрилIыкIуэ,
Хэт фрилIыфIхэ?

КъызэпхоIукIыр фи макъхэр щэхуу
ЛIэщIыгъуэ кIыфIхэм, лIэщIыгъуэ  кIыхь­хэм:
«Бэгъдад бэзэрхэм дэ дыщащэну
Драш хы ФIыцIэм, къыдэмыупщIыххэу.
Ди гум щыщIари дэнэ щыфщIэну
Хьэпшып пэлъытэу дэ сабий  цIыкIухэм.
ЛIыгъэ зыхэлъхэм дэ дыкъалъхуати,
Ди гур гугъуехьым икъутэфакъым.
СулътIан щхьэхуещэми тхуэдэ   игъуэту
Я пашэу и дзэхэм дигъэувакъым.
Ди лIыгъэм къихьри,  дыкъэралыгъуэу
Дэ илъэс куэдкIэ дафIэпсэуакъэ.
ЦIэрыIуэщ ноби щыщ куэд къытщIэхъуэм,
Зэрыадыгэр ягъэгъуэщакъым…»

Адыгэ мамлюкхэ,
Адыгэ мамлюкхэ,
Мы си жэщ ныкъуэм
Фэ фрилIыкIуэщ.

Фи нэ нэщхъейхэр кIыфIым  къыхощыр,
Си нэгу щIэмыкIыу, си гум зэпхыкIыу.
Фи нэхужьыбэм къуршхэр  къытощыр,
КъысфIощI къуршыбгъэу сэ фи  нэджыджхэр…

Ацкъан Руслан.
Поделиться:

Читать также: