МЭРЕМ ПШЫХЬ

Псалъэжьхэр
Зэкъуэш псори зы анэ къилъхуркъым

Нэхъыжь кIэлъыджэркъым - кIэлъокIуэ.
Уи анэ къыбжиIэ едэIуи, уи адэ къыбжиIэ гъэзащIэ.
Блэр зытраукIэр и шэрэзщ.
Дзыбэ дзыусщ.
Жьым тесу, псым йопыдж.
И къамэ тIэу къихкъым, и псалъэ тIэу жиIэркъым.
КхъузанэкIэ псы зэрехьэ.
Псыкъуий мастэкIэ къетI.
Яхуэмыущий ущиенкIэ Iэзэщ.
IитIкIэ Iэ зыубыдым щIыбагъ псалъэ и куэдщ.
Iэ зиIэр къанэри, жьэ зиIэр кIуащ.
Гъунэгъурэ гъуэншэджрэ.
Зэкъуэш псори зы анэ къилъхуркъым.
И анэ еплъи, ипхъу къашэ.
Къуэ закъуэрэ нэ закъуэрэ.
Нэхъыжь зэрымыс унагъуэм гъы макъ шыкуэдщ.
Уи адэр фIамэ, уэ уи щытхъукъым, къуэфI упIамэ, къыпщытхъунщ.
ФызыфI илI цIэрыIуэщ.
ХьэщIэр жэщищ исмэ, быным ящыщ мэхъуж.

Iуэтэж
ГугъапIэ

Дерсыр сщIыжу сыздэщысым, Iэуэлъауэ гуэр зэхызох. Сысакъыпэурэ сызэплъэкIмэ, и нэ хъурей цIыкIуитIыр къицIыщхъукIыу, дурэшым дэсщ зы дзыгъуэ цIыкIу, сэхуран еIункIри.
Ар зэрыслъагъуу, си гур, къилъэтыным хуэдэу, къеуэу щIедзэ. Хуэм дыдэурэ зыкъэсIэтщ, бжэр ездзылIэри, блыным сыкIэрыувэжащ.
Дзыгъуэми зищтэри бжэмкIэ къыщIэпхъуащ, ауэ сэ сыкъилъагъури, гъуэлъыпIэ щIагъым щIэлъэдащ. ТIэкIу зиIэжьэри, абыи къыщIэжыжащ, арщхьэкIэ сызэрыщытт - игъазэри аргуэру щIэлъэдэжащ. Абы зыщигъэпщкIу хъуну зы гъуанэ цIыкIу ди пэшым иIэтэкъым. Сэ ар сщIэрти, мамыру сыщытт, адэкIэ сщIэнум сегупсысу…
Сегупсысым-сегупсысурэ, сигу къэкIар апхуэдизкIэ сигу ирихьыжати, сэ сыарэзыуэ сыкъыпыгуфIыкIащ икIи, си щэхур къэзыщIэн гуэр гъунэгъуу щымыту пIэрэ жыхуэсIэу, зысплъыхьащ, ауэ пэшым сэ нэмыщIа зыри щIэстэкъым.
Сигу къэкIар мырат: «Сеуэнщи, дзыгъуэ цIыкIур сыутIыпщыжынщ. Здэжэр зэзгъэлъагъунщи, дыдейхэр къэкIуэжмэ, яжесIэнщ. Дзыгъуэ щыдиIэкIэ, джэдуи диIэн хуейщ. Армырамэ, хэт дзыгъуэр къэзубыдынур? Джэдур Зули сэри ди хъуэпсапIэт. Ауэ дэ сыт хуэдизрэ демылъэIуами, ди анэм ауэ жыжьэу дызэтригъэхьэртэкъым.
Арати, а къомым сегупсысри, дзыгъуэ цIыкIум зыгуэр къыщыщIынкIэ сышынэу, бжэр Iусхащ. Гъуэгур хуит хъуауэ зэрилъагъуу, ар щIэцIэфтри кладовкэм зыдидзэжащ.
Махуэ псом сегупсысащ ди анэр къэкIуэжа нэужь, дзыгъуэ зэрыдиIэр зэрыжесIэну щIыкIэм. Абы щхьэкIэ сызэрыгуфIэм гу къылъатэмэ, Iуэхур зэIыхьат.
Пщыхьэщхьэм, ди адэр къызэрыщIыхьэжу, сыбгъэдэлъадэри, дзыгъуэ зэрыслъэгъуар жесIащ, ауэ джэду Iуэху зесхуакъым…
- Дэнэ дзыгъуэ къыздикIар? - щIэупщIа мыхъумэ, абы сэ жысIа къомыр къыфIэIуэхуакъым.
Сэри, си мурадым зыри къызэримыкIар щхьэжэ сщыхъуауэ, зызущэхужащ.
Ауэрэ заул дэкIащ. Махуэ гуэрым ди адэм, зыгуэр хуейуэ кладовкэбжэр Iуихри, хужьгъэр зэрылъ тепщэч куум ису дзыгъуэ цIыкIу къилъэгъуащ.
- Уэлэхьэ, щIалэ, пэж дыдэу дзыгъуэ диIэмэ, - жиIащ абы. - КIуэи шэнт щхьэгуэр къысхуэхьыт. Деплъынти абы и хэщIапIэм…
Сэ сыжэри шэнтыр къэсхьащ. Дядэм кладовкэр къыдигъэкъэбзыкIри, дзыгъуэр къиубыдащ. Ар иукIауэ щыхыфIидзэм, сэ жысIащ:
- Си гугъапIэ закъуэр… Абы сыт хуэдэу сыщыгугъат.
- Ар сыт гугъапIэ? - КъыгурыIуакъым дядэм сэ зи Iуэху зесхуэр.
Абдежым сэ зызумысыжащ.
Ди адэм зыри жиIакъым, къыпыгуфIыкIа мыхъумэ. Ауэ махуэ зытIущ дэкIри, езым джэду дахэ цIыкIу къытхуихьащ…

КIуантIэ Iэзид.

ГушыIэхэр
ЗэфIэкI зиIэ щIалэ

ШколакIуэ щIалэ цIыкIум макъамэ дерсхэм щIэсыну фIыуэ илъагъуртэкъым, ауэ щIэмыхьэу къыхуадэртэкъым. Зэгуэрым егъэджакIуэм зэран хуэхъуу щыст, зэ-тIэу ешхыдэри хъуакъым. ИтIанэ жреIэ:
- Мурат, дерсым щэхуу ущIэмысмэ, уи адэ-анэм макъамэмкIэ зэфIэкIышхуэ уиIэу яжесIэнущ.
Мурат абы иужькIэ зэраныжакъым.

ТIури зэгъусэу

ХъыджэбзитI мэуэршэрри автобус къэувыIэпIэм тетщ. Зыр - автобус №2-м, адрейр №7-м поплъэ.
Псалъэу здэщытым №27-р къэувыIати:
- НакIуэ, тIри зэгъусэу дызыхуейм дишэнущ, - жиIэри зым адрейр иришэжьащ.

Ар пэжщ
Дуней псом къыщацIыху «емыджэфхэр»

ЗэфIэкI зыбгъэдэлъ, творчествэ куу зиIэ цIыху цIэрыIуэхэм я гъащIэмрэ лэжьыгъэмрэ къэзыхутэхэм жаIэ ахэр школакIуэ, студент «хуэмыхухэм» ящыщу зэрыщытар. Къапщтэмэ:
Ньютон Исаак и классэгъу нэхъ мыхьэнэншэу еджэхэм ящыщт. ИужькIэ и классым щIэс щIалэ цIыкIум езауэри, къиубэрэжьати, щIэныгъэкIэ ипэ ищыну мураду зыхуигъэувыжри, мазэ бжыгъэ нэхъ дэмыкIыу псом нэхърэ нэхъыфIу еджэ хъуащ.
Отто фон Бисмарк - Германие пащтыхьыгъуэм и канцлеращ, щIагъуэу еджэу щытакъым, лэжьыгъэми апхуэдэ дыдэут зэрыхущытыр.
Наполеон фIыуэ еджэу щытакъым, ауэ математикэм фIыуэ хищIыкIырт.
Бетховен Людвиг щыуагъэ хэту фIэкIа тхэфыртэкъым, зыхэлъхьэн-зыхэхынхэри фIыуэ къехъулIэртэкъым. АбыкIэ Дюма Александр-адэм ещхьт.
Нобель саугъэтым и лауреат Эйнштейн Альберт ику иту еджэрт. И адэ-анэм жаIэу щытащ абы щIэныгъэ куу зэрызримыгъэгъуэтыфынур, къызэрыгуэкI IэнатIэ гуэрым пэрыгъэувэн зэрыхуейр.
Маяковский Владимир еджэныр къыфIэIуэхуртэкъым, «Анна Каренина»-м и кIэм нэсу зэремыджамкIэ зыкъиумысыжырт.
Пушкин Александр лицейм щыщIэсым еджэным щIагъуэу хэзагъэу щытакъым, уеблэмэ есэпымкIэ дерсхэм щыщIэсым деж гъырт.
Чехов Антон курыт школым щыщIэсым тIэу кърагъэнэжауэ щытащ.
Королёв Сергей, япэ ракетэхэр, спутникхэр къэзыгупсысар, «Восток», «Восход» космическэ кхъухьхэр къэзыгъэщIар «3»-кIэ еджауэ аращ.

НэщIэпыджэ  Замирэ.

ФщIэн папщIэ
Уасэр къыщежьар

Пасэрей алыдж тхыдэтх Геродот (ди эрэм и пэкIэ 490 - 425 гъгъ.) зэритхыжамкIэ, пасэрей Иллирим (Балканхэм щыIа къэралыгъуэщ) хабзэ гъэщIэгъуэн щекIуэкIырт. Зи дэкIуэгъуэ хъуа хъыджэбзхэр ящэхурт. Абдежым уасэр къыщежьауэ хуагъэфащэ.

*   *   *

Дыгъэм и радиусыр ЩIым ейм нэхърэ хуэди 109-кIэ, и щхьэфэр ЩIым нэхърэ хуэдэ 1.300.000-кIэ, и хьэлъагъыр - хуэдэ мин 330-кIэ нэхъ инщ. Дыгъэм и хьэлъагъыр абы и хъуреягъыр къэзылъэтыхь планети 9-м я хьэлъагъым нэхърэ хуэдэ 750-кIэ нэхъыбэщ. Ар нэхъ тэмэму къыбгурыIуэн щхьэкIэ, мыпхуэдэ щапхъи къэпхь хъунущ. Зы хъарбызышхуэрэ хугу хьэдзэ цIыкIурэ зэбгъэдэплъхьэмэ, сыт хуэдэу зэхуэхъурэ? Апхуэдэщ Дыгъэмрэ ЩIымрэ.
*   *   *
Япэ спутникыр СССР-м 1957 гъэм жэпуэгъуэм и 4-м иутIыпщащ. Спутник IэрыщI нэхъыбэ дыдэ щаутIыпщар «Плесецк» космодромырщ - спутник 1.452-рэ. ЕтIуанэ увыпIэр абыкIэ зыIыгъыр Байконурщ - 1.031-рэ, ещанэр - Канавералщ (США) - 590-рэ.

*   *   *

Тхьэгурымагъуэ Уэллс къигупсыса и романхэм къыщигъэлъэгъуат: 1889 гъэм Iэщэ папщIэу лазер къызэрагупсысынур, 1899 гъэм видеомагнитофон зэрызэпкъралъхьэнур, 1901 гъэм автомобилхэр уэрамхэм дэмыхуэж зэрыхъунур, 1903 гъэм зауэхэм танкхэр куэду къыщагъэсэбэпу зэрыхуежьэнур, 1914 гъэм атомнэ Iэщэ шынагъуэр къызэрагупсысынур.

*   *   *

Сату нэхъыбэ зыщI къэралхэм щыпашэщ США-р. Абы зы илъэсым къриубыдэу нэгъуэщI къэралхэм доллар мелард 688,7-рэ и уасэ сату ядещI. Ар дунейпсо сатум и процент 12,6-рэ мэхъу. ЕтIуанэ увыпIэм щытщ Германиер - доллар мелард 511,7-рэ (9,4%). Абыхэм якIэлъокIуэ Франджыр - млрд 489-рэ, Япониер - млд 421-рэ, Инджылызыр - млрд 282-рэ. Урысей Федерацэм и сатур доллар мелард 66-м зэрыщхьэдэх щыIэкъым. Дунейм сату щыщIэнымкIэ дяпэ къэрал 19 итщ.

*   *   *

Лы нэхъыбэ къыщалэжь къэралхэм япэ итщ Китайр. Абы гъэ къэс ику иту къыщрахьэлIэ лы тонн мелуан 65-м нэс. ЕтIуанэ увыпIэм щытщ США-р - тонн мелуан 35-рэ, ещанэр иIыгъщ Бразилием - тонн мелуан 11-м щIигъу. АдэкIэ мыпхуэдэу зэкIэлъокIуэ: Франджым - тонн мелуани 6, Германием - тонн мелуани 5-рэ мин 800-рэ, Урысейм - тонн мелуани 5. Лы нэхъ мащIэ къыщалэжьхэм икIи щашххэм ящыщщ Индиер. Мэлыл, тхьэкIумэкIыхьыл нэхъыбэ дыдэ щаIэщ Австралием - тонн мелуани 2-м щIигъу.

Дохъушокъуэ Синэ.

Чэнджэщхэр
Фор бегъымбар шхыну ябж

Тхьэрыкъуэм и гур адыгэм къызэригъэсэбэпу щытар. Тхьэрыкъуэр зэрыпсэууэ тIууэ сэкIэ зэгуаупщIыкIри, и гур хуабэу кърах. Ар гу къилъэт зиIэм ирырагъэгъэлъэтэх, имыгъэныщкIуу, зэрыпсоууэ. АбыкIэ гу къилъэт зиIэр хъужу щытащ.
 Фэлъыркъэбым и щхьэр трагъэжри ягъэгъу. ИужькIэ абы сыт ипкIэми щIыIэу щытщ.
 Фор бегъымбар шхыну ябж икIи сыт хуэдэ узыфэми и сэбэпу къалъытэ.
Тэрчдэсхэм хьэлыуэ щащIынум и деж шыуан кIуэцIыр джэдыкIафэкIэ къралъэщIыкI, хьэлыуэр щащIкIэ кIэримысхьэн щхьэкIэ.
 Iэщышхуэ, Iэщ цIыкIухэм ял гъэвар щашхкIэ адыгэхэм бжьыныху шыпсым пIастэ ирагъэпщIыркъым, ирагъэпщIыр лыращ.
ЩIалэ къыхуалъхуамэ, фокIэ пщауэ хугу хьэжыгъэ яшхырт, щIалэр гъур мэхъу жаIэрти.
Къэлэрыр сыр дыдэмэ, зы дакъикъэ-дакъикъитI хуэдизкIэ ягъэвэпхъ.
 Лъыр зи мащIэ цIыхум щынэ цIыкIу хуаукIырти и тхьэмщIыгъур хуабэу кърахт, тыкъыр цIыкIуу яупщIатэрти, имыгъэныщкIуу, ирырагъэгъэлъэтэхырт. Хуэмышхыу Iумпэм ищIмэ, ягъэвэпхъырт.

Интернетым дыкъыщоджэ
Абыхэм я уэгур вагъуэхэм ягъэнэху

Унагъуэ къулей гуэрым я лIым и къуэ цIыкIур къыздищтэри, къуажэ пхыдзам кIуат, къулейсызхэр зэрыпсэур иригъэлъагъун мурадкIэ. Унагъуэ хуэмыщIа гуэрым я фермэ цIыкIум зы жэщ-махуэ щагъэкIуащ зэадэзэкъуэм. Унэм къэкIуэжа нэужь, адэр къуэм йоупщI:
- Дауэ къыпщыхъуа ди «зекIуэр»?
- Хуабжьу сигу ирихьащ, си адэ.
- КъыбгурыIуа иджы къулейсызхэм я псэукIэр зыхуэдэр?
- АтIэ.
- Сыт хуэдэ дерс атIэ къыхэпхар?
Къуэм жэуапу итащ:
- Сэ слъэгъуащ дэ зы хьэ фIэкIа дызэримыIэр, абыхэм я фермэм хьэшхуиплI тетщ. Ди жыг хадэм псыгуэн итщ, абыхэм гъунэ зимыIэ псыхъумапIэ ин яIэщ. Ди хадэм уэздыгъэ къыщоблэ, абыхэм я уэгур вагъуэ мелуанхэм ягъэнэху. Дэ пщIантIэ дэгъуэ диIэщ, абыхэм я щIым и нэзым унэплъысыфыркъым.
Адэм и къуэм и жэуапыр зэхиха нэужь, и бзэр иубыдат.
Къуэм къыпищащ:
- Упсэу, си адэ, къулейхэмрэ тхьэмыщкIэхэмрэ я псэукIэр зэхуэзгъэдэну Iэмал къызэрызэптам щхьэкIэ.
Адэр егупсысащ: «Пэжщ, «къулеягъым» къызэщIиубыдэр зэщхьэщокI, ар къызгурызыгъэIуар си къуэращ».

ЗэзыдзэкIар  Къэбарт  Мирэщ.

Сабий джэгукIэхэр
Дамэкъуэшэс

ДжэгукIэ гъэщIэгъуэнщ икIи гугъущ. Илъэс 14 - 18-хэм ит щIалэхэр иризэдэджэгуу щытащ, ауэ зи къарум къигъэгугъэ нэхъыжьхэри иризэпеуэ хъурт. Джэгум дамэкъуитI и Iэ зырызымкIэ къещтэ, ахэр и зэхуэдитIым деж щиIыгъыу щIым трегъэувэ. ИтIанэ и лъакъуэхэр зэбгъурыту я пIэм зэритым хуэдэу дамэкъуэхэр гъуэрыгъуэу игъэIэпхъуэурэ щIым зыдеукъуэдий, дамэкъуитIымрэ и лъапэхэмкIэрэ фIэкIа щIым темыту.
Ар зыщIыфахэм джэгукIэр нэхъ гугъу, нэхъ гъэзэщIэгъуей ящI. Абы щхьэкIэ, игъэIэпхъуэну щIым къытрича дамэкъуэмкIэ ар щIым игъэувыжыным и пэкIэ, адрей щIым тетым йотIыркъ, итIанэ егъэбакъуэри, егъэув. Апхуэдэххэурэ аргуэру щIым зыдеукъуэдий. Ари зэфIагъэкIыфа иужькIэ, нэхъри нэхъ гугъу ящI: щыкIуэкIи къыщагъэзэжкIи дамэкъуэхэр зэрагъэтIыркъ.
Апхуэдэу зыщаукъуэдийми къыщызэфIэувэжми зэрагъэтIыркъыурэ щIалитI-щым дамэкъуэшэсыр яхузэфIэкIа нэужь, нэхъ лъэщ дыдэр къращIэну дамэкъуэхэр зэригъэтIыркъыурэ щIым зыдэзукъуэдиям и гупэм пыIэ ягъэтIылъырти, ар дзапэкIэ кърагъащтэрт (зэи, тIэуи, нэхъыбэкIи, зэрыхуейм хуэдизрэ), ауэ пыIэр къищтэу игъэтIылъыжа нэужь, дамэкъуэхэр зэригъэтIыркъыурэ къызэфIэувэжын хуейт. КъызэфIэмыувэжмэ, нэхъ мащIэрэ пыIэр дзапэкIэ къищтами, къызэфIэувэжыфа щIалэр текIуэрт.

МафIэдз Сэрэбий.

Зывгъэдахэ
Нэхэр езэшамэ…

Пщыхьэщхьэм нэхэр йозэш. Абыхэм зевгъэгъэпсэхун папщIэ, мыпхуэдэ зэхэлъхэр къэвгъэсэбэп хъунущ:
Халъхьэр: шэщIэмыхум къыхэщIыкIа кхъуейлъалъэ бжэмышхышхуэ, шэ бжэмышхышхуитI, зы апельсин мыиным и фэ тхъунщIа.
Зэрагъэхьэзырыр: ахэр зэхыболъхьэри, зэщыщ хъуху зэIыбощIэ. ИтIанэ хъурей цIыкIуурэ богъэджэрэз.
Къызэрагъэсэбэпыр: хъурей цIыкIухэр екIуэкIыу нэм и хъуреягъым тыболъхьэри, дакъикъэ 15-кIэ тыбогъэлъ. Псы хуабэкIэ ботхьэщIыж.

*   *   *

Халъхьэр: шэфталымрэ мандаринымрэ я купщIэу бжэмышхышхуэ зырыз, шатэ бжэмышх цIыкIу, сэхуран дагъэу апхуэдиз.
Зэрагъэхьэзырыр: псори зэхалъхьэри, зэщыщ хъуху зэIащIэ.
Къызэрагъэсэбэпыр: нэм и хъуреягъкIэ щахуэри, дакъикъи 10 хуэдизкIэ кIэрагъэлъ. ЯпэщIыкIэ псы хуабэкIэ, итIанэ псы щIыIэкIэ ятхьэщIыж.

*   *   *

Халъхьэр: къуэн грамм 30, оливкэ дагъэ бжэмышхышхуитI.
Зэрагъэхьэзырыр: зэIыбощIэри, нэхъ пасэу бгъэхьэзыра, щэкIым къыхэщIыкIа къэп цIыкIум иболъхьэ.
Къызэрагъэсэбэпыр: нэхэм тыболъхьэри, дакъикъэ 15 дэкIа нэужь, салфеткэ гъущэкIэ болъэщIыж.

НапэкIуэцIыр зыгъэхьэзырар НЭЩIЭПЫДЖЭ Замирэщ.
Поделиться:

Читать также:

23.04.2024 - 09:45 НОБЭ
22.04.2024 - 15:50 НОБЭ
19.04.2024 - 16:23 НОБЭ
18.04.2024 - 16:13 НОБЭ