Нэмыцэ сырыхужьыр«Пирот!» - жаIэщ аби, зы махуэ гуэрым дыкърахужьэри, дыкъахум-дыкъахуурэ, Дон дыкъэсри, пхъэ закъуэ лъэмыж телъти, сыкъытехьащ. Псыкум сыкъэса къудейуэ, зы нэмыцэ сэмэлотыжь, дзэлыкъуэбгъэ хуэдиз хъууэ, къытщхьэщыхьэри, сэмэгурабгъумкIэ зы бомбэ фIыцIэжь къридзыхщ аби, псы щIагъым къыщыуэри, аргъей щитхурэ зы пащIэкIапсэрэ къыдридзеящ, я ныбэгу хужьыжьхэр къыдэгъэзеяуэ; ижьырабгъумкIи зы бомбэ щхъуантIэжь къридзыхщ аби, ар псы лъащIэм къыщыуэри, аргъей щиблрэ хьэлабгъуэ зыхыблрэ къыдридзеящ, я ныбэгухэр лъы защIэу; ещанэр сэ къыстригъапсэ пэтрэ, си фоч зэгуэтымкIэ сыдэуейри, сэмэлотыр зэпкърызудри, щыкъуей-щыкъуейуэ псым къыхэлъэлъэжащ. Абыхэм ящыщ зы мы си жьэпкъыпэм къытехуэри, мыпхуэдэу дыкъуакъуэ зыщIар аращ.
Поделиться:
Читать также:
18.04.2024 - 10:01 →
Тхылъ тыкуэным
17.04.2024 - 11:45 →
ЕщIэнокъуэхэрэ КIэфыщхэрэ я таурыхъ
15.04.2024 - 14:41 →
Адэм деж письмо
12.04.2024 - 17:57 →
Сыфхуоупсэ
12.04.2024 - 16:51 →
Уи жэмыр мэкъумылэншэмэ, шэмэдж зэщIэлъыкIа уиIэкIэ сыт и мыхьэнэр?!
|