Мэрем пшыхь

Гупсысэр - псалъэкIэ

Гу щIыIэ

Зэгуэр сэ хуабэу сыщытат. Гуныкъуэгъуэ ущиIи, зэшыр къыщыптеуи, цIыхухэм уакъыщыгурымыIуи укъакIуэрти, къыспкърыкI хуабэм зебгъэурт. Утезгъэужырт, уи гур пхуэзгъэIэфIыжырт. Си бжэр пхузэIусхати, ухуеиху укъыслъихьэрт. Сыкъэплъыхъуэн хуеи хъуртэкъым - сыт щыгъуи пщIэрт сыздэщыIэр. ПщIэнтэкъэ, абы фIэкIа Iуэху симыIэу, сыппэплъэу уи гъуэгум сыщытеткIэ? Уэ гуауэ къыплъысамэ, сэ сынэщхъейт, лъэпощхьэпо уIууамэ, уи япэ сиувэрти, уи Iуэху пхузэфIэзгъэкIырт. Си гупсысэр птезухуэщати, сэ езым гъащIэ сызэриIэр сIэщIэгъупщыкIыжауэ, ууеймкIэ сыпсэурт. НэгъуэщIу жыпIэмэ, уэ сыпхуэпсэурт…
Арати, уэ ущыкIащ. УщылъэIуэн хуейм дежи унафэ пщIы хъуащ. Уи псалъэхэм я Iэужь си уIэгъэхэр къибдзэртэкъым. Зызэхуэсшэурэ, умылъагъужыххэн хуэдиз сыхъуат. Хуабагъэ гуэри къыспкърыкIыжыртэкъым. СиIэжтэкъым гукъыдэж. Уэ кIэбгъу зыпщIыжри, уи хъуреягъыр къебгъэбыдэкIыжащ. Упсэуащ апхуэдэу зыкъомрэ. Хуабагъэу сэ ныпхэслъхьар бухыху. ИтIанэ-щэ?! Узэса гуапагъэр нэгъуэщIыпIэ щыщумыгъуэтым, уигу къэкIыжащ сызэрыщыIэр. Си деж укъэзышэу щыта, банэмрэ къуацэ-чыцэмрэ зэщIабла гъуэгур къэбгъуэтыжри, укъытеувэжащ. Нэхъапэм хуэдэжтэкъым гъуэгур. КIыхьт, быркъуэшыркъуэт. Лъагъуэ бгынэжа гуэрт. Гъуэгу зэщIэкIар бгъэкъэбзэжурэ, бжэIупэм нэс укъэкIуащ. УзэрыщIегъуэжар къызыхэщ псалъэ гуэрхэр схуэбгъэхьэзырауэ уи бзэгупэм телът. Ухьэзырт, укъызэрысIуплъэу, а псор къыстебгъэлъэлъэну. ИтIанэ успхъуэтэжын пфIэщIу къыщIэкIынут.
Ауэ сэ иджы сыгущIыIэт. ПщIэжрэт, зызэхуишэурэ ужьыхыжа гу цIыкIур?! АтIэ мис ар уэлбанэм хиубыдэри, зыгъэхуэбапIэ имыгъуэтурэ диящ, щтащ. Уэ хуабапIэу уиIам игъуэтыжакъым езыр зыгъэхуэбэн.
Си бжэIупэм IуищIа мылым ущытеувэм, ущIэцIэнтхъури утехуащ. УкъызэфIэувэжыну къару щумыгъуэтым, укъэпщу ухуежьащ. Ари пхуэздакъым. Жьапщэмрэ уаемрэ уэсщIэкIри укъыIузгъэхьакъым. Сылеймыгъэгъут. СыгущIыIэт. УэркIэ сыгущIыIэт.

Гугъуэт  Заремэ.

ГушыIэ

Хъуэжэ и чысэ

Хъуэжэ къулейсызт, и гъунэгъур зи щэр къавэ беижь гуэрт. Хъуэжэ жэщ, махуэ имыIэу лажьэрт, и бжэIупэм Iут жыгышхуэм чысэ фIидзауэ ахъшэу къилэжьыр абы ирилъхьэурэ зэхуихьэсырт, витI къищэхуу ирилэжьэн и мураду. Хъуэжэ къилэжь ахъшэр а жыгыщхьэм фIэдза чысэм ирилъхьэурэ зэрызэхуихьэсыр и гъунэгъу беижьым къищIэри, идыгъуну къещакIуэу щIидзащ.
Апхуэдэурэ витI къызыщIэкIын ахъшэ зэхуихьэсауэ, зы жэщ гуэрым чысэм ахъшэр ирахауэ нэху къекIащ. Пщэдджыжьым Хъуэжэ жыгым дэжеяуэ ар щилъагъум, и гъунэгъу беижьым зэридыгъуар занщIэу къищIащ. Ар жыгым къехыжауэ унэм щыщIыхьэжым, нэбгъузкIэ еплъэкIри, и гъунэгъу беижьыр щэхуу къыкIэщIэдэIухьыну къызэрыкIэлъыплъым гу лъитащ. Хъуэжэ яжьэр пхъэдзакIэкIэ зэIищIэу нэщхъейуэ жьэгум дэтIысхьэжащ, беижьри абы и тхьэусыхафэм кIэщIэдэIухьыну унэ шындэбзийм къыкIэрыуващ. И гъунэгъу беижьыр къызэрыкIэщIэдэIухьыр Хъуэжэ ищIэрти, жиIащ:
- Зы сом щыщIэу Алыхьым сом мин къысхуридзыхми къэсщтэнкъым, сэ апхуэдэу сыкъыщиужэгъужакIэ!
Беижьым ар щызэхихым, егупсысащ: «Пэжу пIэрэ мы Хъуэжэ жиIэр? Ар и псалъэм емыпцIыжмэ, лIыгъэншэкъым, ауэ сэ сыт щыгъуи а сом миныр абы къытесхыжыфынущ», - жиIэщ игукIи, сом щибгъурэ тумэнибгъурэ сомибгъурэ и чысэм кърилъхьэри, уэнжакъымкIэ къридзыхащ.
Ахъшэр къехуэхыу жьэгум дэс Хъуэжэ и пащхьэм къыщихуэм, епхъуэри къищтащ. Къибжри, сом мин ирикъуным зы сом фIэкIа чэмтэкъым.
- КъыпхуэгъэпцIэнти уэ Алыхьыр! Сом чэму къызэрызмыщтэнур щызэхихым, чысэр зы сомым пилъытри къысхуридзыхащ, - жиIэри ахъшэр и гуфIакIэм дилъхьащ. - ИкIэщIыпIэкIэ сыкIуэнщ бэзэрми, витI къэсщэхунщ.
Хъуэжэ и цеижьыр щитIэгъауэ къы­щы­щIэкIым, и гъунэгъу беижьыр бжэщхьэIум тетт:
- Къыумыщтэну жыпIатэкъэ, сыт си ахъшэр уи гуфIакIэм щIыдэплъхьар? - жиIащ беижьым.
- Сыкъэплъэгъуакъым, услъагъужакъым, си гъащIэм зыри къыпIысхакъым, зыри уэстыжакъым. Сыт напэншагъэ нэгъуэщIым и унэм укIуэрэ сом мин къытепхыну ухуежьэу, апхуэдэ хьэдэгъуэдахэ щыIэ! - жиIэри, Хъуэжэ беижьыр ауэ жыжьэуи зытригъэхьакъым.
Iуэхур судым зэрынэхьэсащ. Къадыр нэгъуэщI къуажэ дэст. Я Iуэхум къадыр щыхэплъэн хуей махуэр къыщысым, беижьым щыгъыныфIкIэ зыкъихуапэщ, и шы дэгъуэм къэшэсри, Хъуэжэ деж къыдыхьащ.
- НакIуэ, Хъуэжэ, ди Iуэхум нобэ къадыр хэплъэнущ, - жиIащ беижьым.
- Уэлэхьэ, сэ уэ суригъусэу сынэмыкIуэн, Къазий и къуищым хуэдэу, уэ узэщыхуэпыкIауэ, джэдыгу хуабэм укIуэцIысу, сэ мыпхуэдэу сыбэлэбанэу. Хэт сэ щIыIэм зыщIезгъэсынур? - Хъуэжэ зригъэнащ.
Хъуэжэ къадым деж мыкIуэнкIэ беижьыр шынэрти, абы зыхуигъэзащ:
- УхущIемыгъуэж закъуэ, мэ си джэдыгур щытIагъэ, - жиIэри. Беижьым и джэдыгур Хъуэжэ щригъэтIагъэри, езыр шууэ, мыдрейр лъэсу ежьахэщ. Куэдрэ кIуа, мащIэрэ кIуа, Хъуэжэ зэщIэувыIыкIащ.
- Уэ пщым хуэдэу зыбгъэзыжу уанэгум уису унакIуэу, сэ сылъэпэрапэу лъэсу сыпкIэлъыущу, къыстрилъхьар сыт бэлыхь? Уэлэхьэ, сэ апхуэдэу сынэмыкIуэну! - жиIэри Хъуэжэ къигъэкIэрэхъуэжащ.
- Хъун мыгъуэщ, умыгъэзэж закъуэ, мэ си шым тетIысхьэ, - жиIэщ беижьми, къепсыхри Хъуэжэ игъэшэсащ, езыр абы бгъурыту лъэсу ежьащ.
Апхуэдэу зэрызехьэурэ ахэр къадым деж нэсащ. Хъуэжэ къадым илъагъуу шым къепсыхри, беижьым и гъусэу унэм щIыхьащ.
ЯпэщIыкIэ беижьым псалъэ къритри, и тхьэусыхафэр жригъэIащ. Хъуэжэ псалъэ къыщылъысым, мыпхуэдэу жиIащ:
- Мы си дауэгъум жиIэр уи фIэщ пщIы зэрымыхъунум, къады, езы дыдэр щыхьэту иджыпсту къытезгъэувэжынщ. Мыр апхуэдизкIэ нэпсейщи, мы сэ сщыгъ джэдыгури езым ейуэ жиIэфынущ мыукIытэу.
Ар беижьым зэрызэхихыу къэкIиящ:
- АтIэ сысейкъэ? - жиIэри.
- Уи тхьэкIумитIымкIэ зэхэпхыркъэ, къады, абы жиIэр? Мыр зэтес дыдэу къэплъытэ хъунукъым. Уэ плъагъуу мо сыкъызэпсыха шы-уанэ зэтелъри ейуэ жиIэфынущ мы напэншэм, - жиIащ Хъуэжэ.
- АтIэ а шы-уанэ зэтелъыр сысейкъэ? - жиIэри аргуэру беижьыр къэкIиящ.
- ЩIэкI, хьэм хуэдэ, тIэкIу дэкIмэ, си унэм щыплъагъухэри ууейуэ жыпIэнкIэ хъунущ уэ слъагъум, - жиIэри, къадым башыр къищтэри беижьыр, и Iуэху къимыкIауэ, гъуэгыу унэм къыщIихужащ.
Хъуэжэ шы дэгъуэм къэшэсри, гуфIэжу къыщIэпхъуэри къэкIуэжащ, беижьыр тхьэусыхэу лъэсу къежьэжащ.
Пщыхьэщхьэм Хъуэжэ и гъунэгъур къриджэри жриIащ:
- Гъунэгъурэ гъуэншэджрэ щIыжаIэр нобэ хуэдэ зы махуэщ. Си гъащIэ псом къэзлэжьа си витI уасэр умыдыгъуамэ, апхуэдиз бэлыхьым дызэрыхэгъэттэкъым. Мыр уи джэдыгущ, мор уишщ, си витI уасэр къыхызохыжри, къанэр уи ахъшэщи къэщтэж.
Зытхыжар
Махуэ Iэлисэхьщ.

Си хъуреягъкIэ

Хьэр зыгъашхэм ейщ

НэгъуэщI лэжьапIэ сыщыIутам си кIуэгъужэгъуу щыта гуэрщ зи гугъу сщIыр. Зи сэ абы сринэт, срипсэт. ХузэфIэкIыххэнумэ, сэр щхьэкIэ имыщIэн щыIэтэкъым.
Иужьым, нэгъуэщI лэжьапIэ сыщыкIуэм, и щIыб къысхуигъэзэжащ - дунейм сытети сытемыти.
Иджы абы и нэщ, и псэщ, хузэфIэкIри хуищIэнущ икIи хуещIэ си пIэ иувауэ лажьэ, а сэ зэрысщIу щытам хуэдэу ахъшэ тIэкIу къезыгъэхьым!
Хьэр зыгъашхэм ейщ.

ПщIэнумэ, щIэ...

ЦIыхухэм ягу дыхьэн, дзыхь зыхурагъэщIу Iэ ирагъэIэтыным щхьэкIэ депутатхэр мэву, мор фхуэтщIэнщ, мыдрейр фхуэтщIэнщ, жаIэри. УкIытэхэркъым. Абыхэм яхэткъым цIыхур ягъэунэнумэ, Iэмал зимыIа, ауэ ягъэунакъым. Сэ соукIытэ абыхэм я пIэкIэ: пщIэнумэ, щIэ, умыкIий-умыгуоуэ...
Джэдрэ пэт щыкъакъэр кIэцIа иужьщ!

Апхуэди къохъу

Ар уэрэджыIакIуэ Iэзэт. Абы къытекIуэ щымыIэу фIыуэ игъэзащIэрт адыгэ уэрэдыжьхэр. Псом хуэмыдэу абы и пщIэр зыIэтыр зэрыIэдэбырт, хьэлыфIэ-щэныфIэт, бегъымбар хужаIэу.
Ауэрэ, къуажэм къыдокI абы текIуэу уэрэд жызыIэ. Мыдрейр абы йохъуапсэ, хузэгуэп мэхъу, екIэ иужь йохьэ мо къытекIуэм...
А цIыху гъэсар, Iэсэр, сабырыр апхуэдэу къыщIэкIащ, адрейхэр дауэ къэнэжын?
Хэт мы-Моцартми - Сальерищ!
Хьэх  Сэфарбий.

Сыт апхуэдэу щIыжаIэр?
Лъэпщ и ХьэпцIей кIуэкIэ

Лъэпщ и цIэу Алъхъохэ пщылI гуэр яIэт.
- Пщэдей ХьэпцIей узгъэкIуэнущ, Лъэпщ! - жиIащ пщым.
«Пщэдджыжь сыщыкIуэнукIэ, ныжэбэ сыкIуэрэ сыкъэкIуэжмэ, щхьэ мыхъурэ!» - жиIэри Лъэпщ жэщым ХьэпцIей кIуэри къэкIуэжащ.
Пщэдджыжьым Лъэпщыр пщым къриджэу ХьэпцIей щIэкIуэнумкIэ унафэ щыхуищIым:
- Уэлэхьэ, зиусхьэн, а жыхуэпIэм ныжэбэ сыкIуэри сыкъэкIуэжамэ, - жиIащ Лъэпщ.

ПтIашэ и джэду ирисхьащ

ПтIашэ и щхьэгъусэм джэдлыбжьэ ищIу я гъунэгъур къыщIыхьащ. Джэдым щыщ къыщIыхьам иригъэшхыну ПтIашэ хуейтэкъыми, ар къыпимыхыжыну и щхьэгъусэм нащхьэ хуищIащ. Фызри и лIым фIэлIыкIри, къыщIыхьар щысыху шыуаным и гугъу ищIакъым. Гъунэгъури Iуэхуншэти, уэршэрурэ жэщыр хэкIуэтэху щысащ. Ар щыщIэкIыжым:
- Иджы дышхэнщ! - жаIэу шыуаныр къыщытрахыжым, джэдлыбжьэр фIамыщI ихъухьат.

Упсэумэ, сэ схуэдэ ухъунщ, улIэмэ мыбы хуэдэ ухъунщ!

ЛIыжь набгъэр здэкIуэм шы щхьэ къупщхьэм игъэлъэпэрапэри джэлащ. ЛIыжьым зыгъэлъэпэрэпа къупщхьэжьыр къищтауэ къиIэбэрэбыхьырт.
ЛIыжьыр зэрылъэпэрэпар щIалэжь гуэрым илъагъури:
- КъэпщтамкIэ сыздэгъэгуашэ, тхьэмадэ! - жиIащ щIэнакIэу.
- УкъысщIэмынакIэ, щIалэ! Упсэумэ, сэ схуэдэ ухъунщ, улIэмэ, мыбы хуэдэу ухъунщ! - жиIэри шы щхьэ къупщхьэр лъэныкъуэкIэ Iуидзащ.

ГъащIэ теплъэгъуэ

Зеиншэ хъуни сиIащэрэт

Си ныбжьэгъу щIалэ сымаджэщым щIэлъти, сы­щIэупщIэну сыкIуащ. Ар сэ нэхърэ зыкъомкIэ нэхъыщIэт, илъэс плIыщIым щхьэдэха къудейт. ЗэрыгурыIуэгъуэщи, ар мащIэкъым, лIыныбжьщ, итIани абы фыз къиша щIыкIэтэкъым, пщэдеи махуэщ жиIэурэ гъэхэр игъэ­кIуат, хъыджэбз дахэ илъагъумэ, щауэ зыхуищIу. Езыр Iэпкълъэпкъ зэкIужт, щхьэпэлъагэт, нэгу зэIухат, и нащхъуитIыр набдзэ Iувхэм къыщIэплъу. Музэринт абы и цIэр.
Сымаджэщым сыздэкIуам хъэлат хужь си щIыб кърадзэри, си ныбжьэгъур зыщIэлъ пэшым сыщIагъэхьэ. Музэрин бжэмкIэ къаплъэу щылъти, сызэрыщIыхьэу, «Уо, Болэт, укъэкIуа!» - жиIэри, гуфIэу къызэплъащ, и IитIри зэуэ къишийри, гуапэу сэлам зэтхащ. Шэнт щытти, хуиту сыIуплъэу сытIысащ.
ЗанщIэу гу лъыстащ Музэрин и фэр узым зэрырихам, лъы зыщIэту щыта и нэкIу хъурей хужьыр зэримыIэжым, абы и пIэкIэ иджы плъагъур кIыхь хъуа и пэ гъурыр щытепщэ и нэкIу уэдырт. А псори занщIэу си гум ешыкъылIащ икIи слъэмыкIыу сегупсысащ: «И нурыр кIуащ жыхуаIэр мыракъэ… ЦIыхум и нурыр кIуэмэ…» АдэкIэ си гупсысэм къыпысщэну сышынащ… «Тхьэм гущIэгъу къыхуищI», - жысIа къудейщ сигукIэ.
А псори къезгъэщIэнт Музэрин?! Зыри къэмыхъуа хуэдэ, Iэмал зэрызгъуэткIэ нэхъ зызгъэнэщхъыфIэурэ, сыщIэупщIащ дохутырхэм къыжраIэм. «Абыхэм пэж къыбжаIэн? Ухъужынущ, жаIэ. Деплъынкъэ…» Дыуэршэру дыздэщысым, гу лъызмытэу къэнакъым си ныбжьэгъур гъащIэм нэхъ куууэ хэплъэ зэрыхъуам, а япэрей щIалагъэ-псынщIагъэр зэрыхэмылъыжым. Ар нэхъри си фIэщ ящIащ сыкъыщIэкIыжын гъунэгъу хъуауэ Музэрин къызжиIахэм.
- Уэлэхьи, Болэт, си гугъам зэи сымаджи жьыи сымыхъуну, - жиIащ абы. - Пэжщ, сэ жьыгъэм и япэ жьыбгъэр къысщIихуа къудейщ, ауэ, уэлэхьи, узым, зэрыхъуар сымыщIэу, сиубыдам. Си Iуэхур адэкIэ зэрыхъунур сщIэркъым. Сыту Iейуэ сыщыуа! Сыту куэд щIат сэ фыз къызэрысшэн хуеярэ! Уэлэхьи, нобэ сылIэми здэнтэмэ, адэншэу къэхъуну щытми, зы бын гуэр си ужь къинамэ. Иджы сылIэмэ, уеблэмэ зеиншэ хъуни сиIэкъым…
Сэ абы и гур фIы хуэсщIыну сыхэтащ, ауэ ар щыму къызэплъри, нэпсышхуитI къызыщIэува и нэхэр лъэныкъуэкIэ ирихьэкIащ…
ТхьэмахуитI дэкIри, Музэрин дунейм ехыжащ.

Къагъырмэс Борис.

 

НапэкIуэцIыр зыгъэхьэзырар ЩхьэщэмыщI Изэщ.
Поделиться:

Читать также:

27.03.2024 - 15:00 НОБЭ
26.03.2024 - 08:01 НОБЭ
25.03.2024 - 12:07 НОБЭ
22.03.2024 - 15:54 Псым и махуэ