ГъэзэжыгъуэкIэ зэджэ хъуэпсапIэ мыкIуэщI, е Дэнэ псэ джэ макъыр къыздиIукIыр?

Джэтауэ Инал 1950 гъэм Тыркум къыщалъхуащ, адыгэ мухьэжырхэм я къуэпсщ. Инал и ныбжьыр илъэс 40 хъуауэ и Хэкум къигъэзэжри, Мейкъуапэ къалэ дэтIысхьэжащ. Аращ иджы щыпсэури щылажьэри.
Джэтауэм  романитI къыдигъэкIащ: «Шухэр», «Джемрэ Эленрэ». «Шухэр» дунейм къытехьащ тыркубзэкIэ, адыгеибзэкIэ; «Джемрэ Эленрэ» - тыркубзэрэ урысыбзэкIэ.
Иджыпсту фи пащхьэ илъыр урысыбзэкIэ къыдэкIа «Джемрэ Эленрэ» романым щыщ пы­чыгъуэщ.
Джэмал стIолым бгъэдэтIысхьа щхьэкIэ, тхыгъэм гукъыдэж хуиIэтэкъым. Къыпкърыхьэрт гупсысэр - езыми зытриухуэну хэтти, и псалъэхэр хэщыпыхьурэ къыхихырт, къыхихар псалъэухауэ ишэщIырти… Псалъэухар игу ирихьыжыртэкъым - е кIыхьыщэт, е зэхэвынэт. Ар Iэбэри, игу дыхьа ма­къамэр аргуэру дришеящ: «ФIыуэ флъа­гъухэм я деж вгъэзэж. Ахэр ­къыфпоплъэ».
Аддэ, жыжьаплъэу Iуащхьэхэм зыщаIэтырти, нэкъыфIэщI пэлъытэурэ тенджыз щIэплъыпIэм и гъуэзу кIуэ­дыжырт. Макъамэм щIэлъ псалъэхэм лIым и гупсысэр зэи здэщымыIа лъахэ жыжьэ гуэрым нахьэсырт. Зэма­ны­жьым а лъахэм щыпсэуат куэд щIауэ зи псэхэр зэгъэжа Iыхьлы-лыджанэр. А лъахэм и аузхэм шыщхьэмыгъазэу щхьэщылъэтырт шу минхэр. Джэмал хуэдэхэм зэгуэр яфIэкIуэда лъахэрт а шухэм я псэ джэ макъ къыздиIукIыр. Кхъэлъахэхэм ящхьэщыт псэхэм я джэ макъ щIэжьыуэт ар.
Псоми яIэщ гъэзэжыгъуэкIэ зэ­джэ хъуэпсапIэ мыкIуэщIыр. Иджыпсту Джэ­мал зыщIэгупсысыж Беслъэн хуэ­дэ Iэджэ а гурыгъу кIэу­хыншэм ишхыу псэуащ. Беслъэн и гъащIэр зыхуигъэпсар а мурад дыдэрт: лъахэмрэ лъэпкъымрэ за­хуишийуэрэ захунихьэсыфакъым. Гуузт Беслъэн и къе­кIуэкIыкIар, ­гуауэт. Абы и хъыбарыр итхыжыну мурад ещI Джэмал.

Беслъэн

1915 гъэр екIуэкIырт. Лъапсэрых зауэр Дарданеллхэм ­щы­зэпыуртэкъым, мин бжыгъэхэр лъэныкъуитIыхэмкIи щыхэ­кIуадэрт. Джэнкъубар шытхым цIыхухэр лъэры­щIыкIыу щызэрылIыжырт. МетритI зи куууагъ щIытIым ­Беслъэн дэлъти, зэрыщхьэукъуэн иужь итт. Абы къыб­гъурылът и ныбжьэгъу зауэлIхэр, сулътIаным и зауэлIхэр. Зэуэ цырхъ гуэр и тхьэкIумэ къиIуэри, щIалэм и нэхэр къызэтрихащ. Зиплъыхьа щхьэкIэ, игъэщIэгъуэн гуэри илъэгъуакъым. Нэху щырти, Беслъэн IупщIу илъагъурт ­пабжьалъэхэр, куутIхэр, гъущI кIапсэ хъархэр, адэжкIэ бийм и щIытIхэр: хэт щхьэукъуэу, хэти жейр къытекIуэри ­Iуичыпауэ абыхэм дэлъ зауэлIхэр. Хьэуар щым щхьэкIэ, псэм тегъуалъхьэрт. Зыр зым иукIыжыным хуэпабгъэу мыбдеж мин бжыгъэкIэрэ цIыхухэр зэрыщызэхуэсар шына­гъуэт икIи фIэщщIыгъуейт. Гъутхьэпсымрэ пщIэнтIэпсымрэ я бамэр щIытIым щыIувт, псори фIейт, псори сабалъэт.
Лъэбакъуэ тIощI хуэдэкIэ пэIэщIэу илъагъурт къэуша сэлэтхэм я зым хьэмбы­Iуу фоч зэригъэкъабзэр. Беслъэн и нэхэр зэтрипIащ. Фочыр игъэкъэбзэн и гугъати, иджы щIегъуэжащ, и ныбжьэгъу­хэр къимыгъэушын щхьэкIэ. ЗауэлIхэр жей хуэлIэурэ ­ешыпати, жеин нэхъ хъуэпсапIэ зы­ми иIэтэкъым. КIэ иIэтэкъым  зауэм,  кIэ   иIэтэкъым   джаур­хэр  къазэребгъэры­кIуэм. Дакъикъэ бжыгъэ дэмыкIыу, Дар­данеллхэм я Iуфэр къа­гъаджэу накъырэкIэ псори къы­зэ­щIаIэтэнурэ, текIуи зытекIуи здэщымыIэ зауэм аргуэру пащэнут. Джаурхэр къобгъэрыкIуэ, арщхьэкIэ IуагъэкIуэт; уэсмэнхэр йобгъэрыкIуэ - ахэри къокIуэтыж. Псэууэ къэна зауэлIхэр темыпыIэжу поплъэ жеипэ тIэкIу къахуэзыхьыну пшапэ зэхэуэгъуэм. Мыбдеж щызекIуэркъым акъыли, гупсысэ узынши, мэсхьэб убзыхуаи.
Беслъэн и щхьэм къыхуигъэтIасэркъым апхуэдэ цIы­хугъэншагъэ залымым цIыхухэр зэресэр, зэрашэчыр. ЛъэныкъуитIымкIи щэ бжыгъэкIэрэ кIэрыху щыIэт. КIыфI хъууэ, зэхэуэр увыIа нэужь, укIыгъэхэр зауэ щIыбым яхьырти, щIалъхьэрт. ХэкIуэдахэм яхэтт негрхэр, азие лъэпкъ­хэм ящыщхэр. И фэр фIыцIэу зауэлI укIыгъэ щилъагъукIэ, Бес­лъэн игъэщIагъуэрт. Езыми и ныбжьэгъухэми я пщIыхь къыхэхуатэкъым а зауэлIхэр къыздикIа щIыналъэхэр зы­хуэдэри ахэр здэщыIэ лъэныкъуэри. Абыхэм «анзак» ­фIащат, ящIэрт дыгъэр къыздыкъуэкI щIы гъунэм инджылызхэм ахэр бэджэнду къызэрырашар. А псори къажезыIар я пашэ  Аслъэнт. Абы къикIращи, абыхэм ахъшэм и хьэтыркIэ зыкърагъэукI…
Апхуэдэ къэхъурэ? Езыр щIэзауэр и Хэкущ, ар гурыIуэ­гъуэщ, ауэ сом щхьэкIэ щIым и гъунэ укIуэу зыкъебгъэукIынри уи акъыл уикIынри зыщ. Дапхуэдизу уделэу, ущхьэкуцIыншэу ущытын хуей, инджылызым цIыхуукIыу бэджэнду укъищтэн папщIэ! Беслъэн игу къихьащ и лъахэр. Кавказым щыIэ и Шэрджэс жыжьэр, здыщалъхуа жылэжьыр…
… А зэманым Беслъэн иджыри сабий дыдэт. ИлъэсиплI ныбжьым  иту  арат. Иджыпсту къыхуэщIэжыркъым и адэжь лъапсэр… Урысхэр къатеуэри къуажэр ягъэсат; цIы­хухъухэр зэтраукIат, мыдрей къэнахэр щызэхуахусат псы­хъуэм. ЛIыжь-фызыжь, бзылъхугъэ куэдым сабийхэр ящIыгъуу мэзым зыщагъэпщкIуат. КIыфIым хэгъуащэри, Беслъэн и шыпхъу цIыкIуитIым языр кIуэдауэ ягъуэтыжыртэкъым. Урысхэм лъэпкъым къыпагъэтIылъат: «Адыгэхэр мы щIы­пIэм къинэ хъунукъым, уэсмэн къэрал щIыналъэм ире­Iэпхъуэ. Хуеймэ, Псыжь и Iуфэ сэмэгур псэупIэ иры­рещI». Уэсмэн щIыналъэхэр Тыркум и закъуэтэкъым, абы хыхьэрт Балканхэри хьэрып къэралхэри. Беслъэн и адэр урыс­хэм къращIэкIа зауэм Iутти, и хъыбар унагъуэм ящIэртэкъым. Анэм сабиитIыр къищтэри, и къуажэгъухэм ящIыгъуу унэр ибгынащ. Унафэ къыхуащIам тету, абыхэм тенджызымкIэ яунэтIащ. Лъэпкъ псо лъэсу тенджызым Iухьэрт. Беслъэн и анэр гъуэгум щыщIэупщIэрт быным я адэмрэ хъыджэбз цIыкIумрэ, арщхьэкIэ хъыбар кIапи ­игъуэтыртэкъым.
Зэман куэдкIэ гъуэгу тетащ ахэр. ЗдэкIуэм абыхэм ялъа­гъурт гъуэгущхьэIум телIыхьахэм я хьэдэхэр, яIущIэрт узым Iисраф ищIа жьыкIэфэкIэмрэ сабийхэмрэ. Беслъэн анэмрэ шыпхъу нэхъыжьымрэ я Iэхэр быдэу икъузу кIуэрт. ИкIэм-икIэжым, ахэр нэсащ шэрджэс лIакъуэ зыбжанэр зды­щызэхуахуса тенджыз Iуфэм. ЦIыхухэм зэдэвынейуэ хэт  пщыIэхэм, хэт тедзэщхэм, хэти щIы пцIанэ ущIам я ­щхьэ щызэрахьэрт. Зыми кърамыгъэгъазэу зэхуахусурэ, ­Iуфэ нэз бгъузэм псэ зыIутыр иракъузылIат.
Нэхъыжьхэм IуэрыIуэтэжу зи гугъу ящI тенджызыр ­Беслъэн и щыпэлъагъут. Толъкъунхэр фIэшынагъуэ щхьэ­кIэ, IуфэщIыр нэхъ Iеижт: бадзэхэр къопщIырт, махуэкIэрэ хуабэвэхым уихьырт; жэщкIэрэ аргъуейр етат. Куэдыщэ ­хъурт сымаджэхэм я бжыгъэр. Псыр зэпэубыдат, уз зэрыцIалэ къэхъеям хьэпIацIэм ещхьу цIыхухэр Iуихырт. Нэхъыбэм мы Iуфэр увыIэпIэ яхуэхъуат - кхъэлъахэ абра­гъуэт иджы Iуфэ нэзыр. Кхъухьхэм, кхъуафэжьейхэм псори пэплъэ щхьэкIэ, псори ихуэртэкъым. КъесылIэ кхъухьхэм ярыхуэным нэхърэ щэнейкIэ нэхъыбэ ящтэрт. Ахъшэрэ ды­щэрэ зыIыгъхэм тыншу кхъухь къащтэрти, тырку IуфэмкIэ яунэтIырт. ЦIыхухэр кхъуафэжьейхэмкIэ кхъухьышхуэм ирашалIэрт.
… Кхъуафэжьей къесылIэм цIыхур уэру ебгъэрыкIуэрти, зэрызекъуэрт, зыр адрейм еIунщIу. Беслъэн и анэм, зи­шийри, кхъуафэм итIысхьахэм ящыщ зым щIалэ цIыкIур хуишиящ. ЛIым сабийр щIэлъэту къипхъуэтащ. Зэрызе­къуэ-зэIунщIыжым анэр хэгъуащэри, бзылъхугъэ кIий ­макъхэмрэ сабий гъы макъхэмрэ зэхэзэрыхьыжащ. Кхъуа­фэжьейм  дэсыр гужьеяуэ кIийрт: «ФызэтеувыIэ! Фы­Iу­кIуэт! ВгъэуфэрэнкIынущ!». Зэрыхьзэрийм пэIэщIэ зищIу, кхъуа­фэжьейр икIуэтыжу хуежьэри, Беслъэн и анэр цIыху Iувым яхэкIуэдэжащ, и джэ макъри зэхихыжакъым. ЩIалэ цIыкIур гъыуэ и анэм еджэрт. ЛIым ар и куэщI иригъэ­тIысхьауэ ­едэхащIэрт: «Умышынэ, цIыкIу, уи анэри адрейхэм ящIы­гъуу кхъухьышхуэм ныткIэлъыкIуэнущ. ДыIу­кIы­нукъым ахэр димыгъусэу»…
Беслъэн игу зэи ихунукъым а махуэ шынагъуэр. Кхъу­хьым нашэса нэужь, лIым жиIэрт: «Мис си бынхэр, умы­гъэгъуащэу абыхэм задэIыгъ. Зы егъэзыпIэ къэдгъуэ­тынщ». ЛIым и къуитIым я зыр Беслъэн нэхърэ нэхъыжьт, етIуанэр нэхъыщIэти, и анэм и Iэпэр иутIыпщыртэкъым.
ПлIанэпэ гуэр лIым къигъуэту, лъэныкъуэегъэз защIа нэужь, Беслъэн къилъэгъуащ тенджыз Iуфэм щекIуэкI гу­Iэгъуэр - цIыху мин бжыгъэхэр хьэпIацIэ фIыцIэу Iуфэм щызэблэжырт. Арыххэу кхъухьым исхэм хьэргъэшыргъэ къаIэтащи, зэщIогуауэ. ЗэщхьэгъуситIымрэ зэшитIымрэ гужьеяуэ Беслъэн къыIуоплъэри, лIыр мэкIий: «Уоу! Тхьэм и нэлат! Кхъухьыр IукIмэ, сабийм и анэр къэнэнущ!».
Кхъухьри хуэмурэ пщырти, Iуфэ нэзри тIэкIу-тIэкIуурэ икIуэтырт. ЗэкIэрыхуахэр зыщыгугъа кхъуафэжьейри тригъазэу Iуфэм кIуатэкъым. Хэтыт зэкъуача зэанэзэкъуэр къы­зыфIэIуэхур?! Зэщхьэгъусэхэм яхуэмыгъэудэIуу Бес­лъэн гъуэгырт. Хъуреягъыр тенджызт, щIы плъагъуртэкъым. Хьэзабыр ягъэврэ хэт къэжьу, хэти плъыржьэру, кхъу­хьым иубауэ цIыхур изт.
ЛIым (Хьэмид) жиIэрт: «Дэ дыздашэм унэкIуэнщ, уди­гъу­сэу­рэ уи шыпхъу цIыкIури уи анэри ныткIэлъысыжынщ. Тхьэм жиIэмэ, псори зэтес хъужынщ. Умынэщхъей, цIы­кIу!».
ЕплIанэ махуэм къаруи псэруи ямыIэжу ахэр тырку ­кхъухь тедзапIэм щитIысыкIащ. КъыздикIам нэхърэ къыздэкIуар нэхъ Iеижт: уз зэрыцIалэр, къулейсызыгъэр, фIейр. Тхьэма­хуэ зыбжанэ дэкIащ. А зэманым къриубыдэу Шэрджэсым кхъухь Iэджэ къикIыжат, ауэ Беслъэн и анэмрэ и шыпхъумрэ хъыбарыншэт. Хьэмид махуэ къэс кхъухь тедзапIэм кIуэрт, щIэупщIэрт, арщхьэкIэ лъэужь щыIэтэкъым. Хьэж­рэтхэм хуагуэш щIакхъуэр къыздихьырти Хьэмид къэ­кIуэжырт. Ар щигуэшкIэ езым и къуэхэм зэхуэдэу яритти, Беслъэн нэхъ Iыхьэшхуэр лъигъэсырт. Иджы Беслъэн ищIэрт здэщыIэм зэреджэр. Ар Самсунт. Уэрамхэм мэ­жэщIалIэу щызеджадэрт Шэрджэсым къраша щIалэ цIыкIухэр. Абыхэм къызыхыхьам я бзэр ящIэртэкъым. Псори гъаблэгут, нэхъыбэм уз япкърытт. Языныкъуэхэм егъэ­зыпIэ къыхуагъуэтрэ Iуашмэ - гуфIэхэрт. Зэпымыууэ уэшх къешхырти, уэтIпсытIыр псэм и жагъуэт. Сабийхэр лъэу­жьыншэу бзэхырти, балигъхэм жаIэрт: «Тхьэм зришэлIэжащ…».
Гъаблэмрэ узымрэ Iуахырт цIыхур. ДэIэпыкъуэгъур зэ­лъэмыIэсу мащIэт - Шэрджэсым кърахуауэ къэIэпхъуэр куэ­дыщэ хъурт. Ягъуэттэкъым псэупIэ, ерыскъы, дохутыр, хущхъуэ. Хьэмиди адрейхэм ещхьу хэкIыпIэ къилъыхъуэрти, дэнэкIи зидзырт. ЖаIэрт кхъухьхэм цIыхур здащтэурэ, Истамбыл къалэ здашэу. АдэкIэ Эгей тенджыз Iуфэ е ­Мрамор тенджызым и Iэшэлъашэ уихьэмэ, хьэрып щIы­налъэм е Мысырым укIуэ хъунут.
Махуэ гуэрым Хьэмид Беслъэн игъэтIысри, «ПщIэрэ, мыбы куэд щытхуэхьынукъым, адэкIэ дыкIуэн хуейщ. Уэ анэмэткIэ дзыхь ухуэсщIу укъызыхуэзгъэнэн мыбдеж щы­Iэкъым. Ди гъусэу накIуэ Истамбыли, пщIэнукъым ар зэ­рыхъунур, ууейхэри абыкIэ яшахэм яхэту къэдгъуэтыжынри хэлъщ. Мы къалэ угъурсызым псэхэлIэ дыщыхъу нэхърэ нэхъыфIщ ар. Мастэкъым цIыхур, мэкъу хьэвэм хэкIуэдэн хуэдэу. ДащIэупщIэнщ, дылъыхъуэнщ. Тхьэм укъы­щы­с­Iэ­щIилъхьакIэ, си бынитIым уахуэдэщ». Беслъэн псалъэ жимыIэфу гъырт. Ипэ щIыкIэ и адэр, итIанэ и шыпхъу нэхъыщIэр кIуэдащ. Иджы кIуэдыпащ и анэри адрей и шыпхъури. Аддэ зы щIыпIэ гуэрым, зы къалэ гуэрым абыхэм къыщалъыхъуэ хъунщ езыри.
Беслъэн фIыуэ ещIэж Хьэмид гъуэгуанэм зыщы­хуигъэхьэзыра махуэхэр. Хьэмидрэ Хъадыжэрэ щIалэ цIыкIур я быну къалъытэрт, езы Беслъэни ахэм зэрахущы­тыр адэ-анэм хуэдэут. Унагъуэр гъуэгу зэрытехьэн ахъшэ къыщIихын щхьэкIэ, Хьэмид Iэмалыншэу зыхуеину хьэп­шыпхэри ищэжырт. Беслъэн зэи зыкIэримыхыу зэрихьа адэ фэеплъ къамэр иджы ищэну тегушхуат. УасэмкIэ зэгурымыIуэурэ, щэхуакIуэм Беслъэн и пыIэри къамэм дигъэкIуэну щыхуежьэм, щIалэ цIыкIум къамэ Iэпщэр ­икъузурэ къэлыбат: «Напэ зимыIэ, пыIэ зехьэным щIыхь пылъщ! Ар щхьэ къызжепIэхха?!». Сытми зэгурыIуэри, ахъшэри иIыгърэ, пыIэри щхьэрыгъыу къежьэжат. Ера­гъкIэ ахэр Самсун къыдэкIри гъуэгу техьат, арщхьэкIэ хэкужь тенджыз Iуфэм адыгэхэр Iисраф щызыщIа уз зэры­цIалэр мы щIыпIэми къащыкIэлъысати, Хьэмид и къуэ нэхъыжь Лъостэн сымаджэ хъуащ. ТхьэмахуитIкIэ хьэлъэу плъыржьэрри, шэрджэс куэд зыгъэлIа узыфэм ари ихьащ. Беслъэнрэ Аслъэнрэ гъырт, Хъадыжэ игу хэщIу гъуэгырт. Лъостэн щIалъхьа нэужь Хьэмид жиIащ: «Лъостэн сIызы­хыжа Тхьэм Беслъэн къызитауэ аращ иджы. АдэкIэ ­къытпэщылъыр гъуэгущ…».
 … ЩIытIым здыдэлъым Беслъэн шэч къытрихьэурэ игъэ­щIэгъуэжырт а псори и нэгу щIэкIауэ иджы мы зауэ гущIэгъуншэм къызэрыщыхутар. А зэманым унагъуэм Истамбыл и гъуэмбырэщ пхыдзахэм егъэзыпIэ щагъуэтри, жьы­Iурыхьэгъуэ яIухуат. Хьэмид лажьэрт, щIалэ цIыкIуитIыр еджапIэ щIэтIысхьат. ЩIэмычэу ахэр щIэупщIэрт Бес­лъэн и анэмрэ и шыпхъухэмрэ, ауэ кIуэдахэр хъыбарыншэт.

ЕджапIэр къауха нэужь, Беслъэнрэ Аслъэнрэ зауэлIхэр щагъэхьэзыр еджапIэ-интернатым щIэтIысхьащ. Ар къэ­зыуххэр занщIэу дзэм ягъакIуэрт. ИтIани, еджэху я ныбэ изу зэрагъашхэм и хьэтыркIэ, шэрджэс щIалэ цIыкIухэр куэду  а еджапIэм щIэтIысхьэрт. Беслъэнрэ Аслъэнрэ я япэ ­улахуэр адэ-анэм хурагъэхьат. Хьэмид Самсун кIуа щхьэ­кIэ, Лъостэн и кхъащхьэр игъуэтыжатэкъым; Беслъэн и уна­гъуэм и хъыбар къищIэфатэкъым. Хъыбарыншэу кIуэдахэм я бжыгъэр куэдыщэ хъурт. Ахэр къэлъыхъуэнымкIэ убзыхуауэ лэжьыгъэ тэмэм екIуэкIыртэкъым. Балкан къуршхэм щегъэжьауэ хьэрып пша­хъуэщIхэм нэс Уэсмэн къэралыгъуэм шэрджэсхэр щри­къухьат. Дауэ узэрылъыхъуэнур? Дэнэ къыщыплъыхъуэнур? ИтIани Беслъэн гугъэрт.
Мазищи дэмыкIыу Беслъэнрэ Аслъэнрэ ираджащ Ливиемрэ Италиемрэ зэращIылIа зауэм.
Аслъэн фIэфIтэкъым ар, ауэ мытхьэусыхэу унафэр игъэ­зэщIащ. Беслъэни а щIыналъэхэм щетIысэха шэрджэсхэм и унагъуэр къахилъыхъукIын мурадкIэ тегушхуащ.
Махуэ зыбжанэкIэ тенджызым тета нэужь, зауэлIхэр Ливием щрагъэтIысыкIащ. Мыр зыми емыщхь хэщIапIэт, ихъу­реягъыр пшахъуэщIт. Адыгэхэр щыпсэу жылэхэр къызэхикIухьа щхьэкIэ, Беслъэн зылъыхъуэхэр аргуэру къи­гъуэтакъым. Ливие зауэм куэд хэкIуадэрт. Беслъэн игу къэкIырт мы зэрыукIыжхэр къигъанэу и Iыхьлыхэм я лъыхъуакIуэ ежьэжыну, арщхьэкIэ Аслъэн тригъэгушхуэртэкъым: «ЩIэпхъуэжахэм хуэдэу укъаубыдыжынурэ, уаукIынущ».
Зауэ нэужьым Беслъэн дзэм къыхэкIыжри, дэнэ лъэныкъуэкIэ щыхузэфIэкIми къыщилъыхъуащ и анэмрэ и шыпхъухэмрэ. Ауэ… Ахэр кхъухьым къимытIысхьэххэу Шэрджэ­сым къинагъэнут. Адэри хъыбарыншэт. Зыри къимыгъуэ­тауэ Беслъэн щекIуэлIэжым, Хьэмид, адыгэлIым зэрыхуэфащэу, къэгубжьыпцI хуэдэу жиIащ: «КъыщыпкIухьар дэ­­нэ апхуэдизрэ?!». Беслъэн жиIащ адыгэ хьэжрэтхэр щып­сэу щIыпIэхэр къызэрызэхикIухьар.
- Тхьэшхуэу гущIэгъу зиIэ, дэнэ-тIэ щыкIуэдахэр? Илъэс дапщэ хъуа ахэр къызэрытлъыхъуэрэ! Уи лъахэ, уи жылэ къыдэкIауэ дапщэм дарихьэлIа! Зы цIыхум ищIэркъым я хэщIапIэр. Шэрджэсым къинауэ къыщIэкIынщ… Абы щы­гъуэми, уэркIэ - ар гъазэ зимыIэж лъагъуэщ. ШыIэныгъэ тхэ­лъын хуейщ, си къуэ. Тхьэм къытхуигъэфащэр Iумпэм тщIы хъунукъым. Мес, плъагъуркъэ, Аслъэни, зэзэмызэ къэкIуэжу  аращ.  Мыхъуми,  уэ къыддэпсэу, уэри удибынщ…
Беслъэн иджыри гугъэрт. Аслъэн дзэ къулыкъукIэ дэкIуэтейурэ полковник цIэр къыфIащати, дунейпсо зауэр къыщыхъейм, Беслъэн къуэшым и хьэтыркIэ тегушхуэри, зауэм Iухьащ. Иджы Дарданеллхэм къыщыхутащ. Кавказым щыIа зауэм Беслъэн IэщIихат лъахэр, адэ-анэр, къыдалъ­хуахэр. Аргуэру зауэ. КIэрыху. Зэхэкъутэныгъэ. Хьэдагъэ.
Дунейм дзэуэ тетыр Дарданеллхэм я Iуфэ бгъузэм щызэхуа­хусам ещхьт. Мы дунейпсо мафIэсым укIэлъыплъу пщIантIэм ущыдэсын зэмантэкъым иджыпсту.
Аслъэн полк иIыгъыу мыбы щыIэт. Беслъэн лейтенант ­къудейуэ арти, Аслъэн ар интендант къалэн зыхьхэм яхигъэхьэну хуейт, арщхьэкIэ мыдрейр IэубыдыпIэншэу мафIэ курыкупсэм еIэрт. Зэхэуэхэри кIащхъэ хъуртэкъым, гъунэ иIэ­тэкъым цIыхум и акъылыншагъэм.
… Къыбгъэдэлъ сэлэтыр къеIунщIри, Беслъэн и гуп­сы­сэхэр зэпиудащ:
- Полковник Мэрал Аслъэн щIытIым къыщыппоплъэ!
И къуэшыр щыщIыхьэм, Аслъэн гуфIэу къыпежьащ. Адъю­тантым Беслъэн шэнтыр къыхуигъэкIуэтащ. Аслъэн шей          къарэрэ щIакхъуэ гъэгъуарэ щIалэм къыщыхуигъэлъа­гъуэм:
- Уи пщэдджыжьышхэр мыращ… Полковникым дежкIэ ма­щIэкъэ, Аслъэн?
- Зауэр ямыгъэувыIэмэ, ардыдэри тлъагъужынукъым.
- Пэжу къыщIэкIынщ. Мы жыхьэнмэм псори дызыIурилъэфэн хуэдэу къысфIощI. ЩIытI зауэм нэхъ Iей цIыхум къы­хуэгупсысынкъым. ЗыщIралъэфыхьыр сыту пIэрэ дзэпщ­хэм? Сыт иджыри зыпэплъэр, емыбгъэрыкIуэу?
- ЖыпIэр сыт, Беслъэн? ЕрагъкIэ тхузэтеIыгъэу аращ ­мохэр. Уэ иджыри ебгъэрыкIуэн гугъу уощI. УебгъэрыкIуэн ­папщIэ, артиллерие, цIыху щхьэ бжыгъэ уиIэн хуейщ. А дызыхуэныкъуэр бийм нэхъапэ къыIэрыхьэмэ, дэри кIэ диIэщ. Тхьэм къаримыт зыри!
- ТIэулIэ щыIэкъым. Зэщ ар… Сэ, псэууэ сыкъанэмэ, Шэрджэсым сыкIуэжынущ. Иджы хьэкъыу сощIэ си унагъуэр абы къызэрыщынар.
- Беслъэн… Уи щхьэр зэкIуэкIа?
- НтIэ. Мурад сщIащ сыкIуэжыну. Мыпхуэдэу упсэу хъурэ? Илъэс плIыщI нэблэгъащи си анэр слъэгъуакъым. Дэнэ си шыпхъухэр здэщыIэр? Си адэр-щэ? Iэджэ щIа хъунщ си адэри си анэри дунейм зэрехыжрэ. ИтIани, си шыпхъуитIым языхэз къэзгъуэтынкъэ? Мыхъужыххэмэ, Шэрджэсым сыщылIэжынщ! НэгъуэщI сыт сызыпэплъэнур?
- Сэ жызоIэри, уи щхьэм лажьэ иIэщ, Беслъэн. МафIэсым ды­хэтщ псори. Езыращи, къэтIысауэ зыплъыхь-зекIуэм зыхуегъэхьэзыр.
- Хъунщ уэри, си губампIэр згъэтIысауэ аращ. Хуабжьу къыстохьэлъэ… Тхьэм псоми шыIэныгъэрэ къарурэ къыт­хилъхьэ.
Аслъэн сэлам ирихыжри, Беслъэн и IэнатIэмкIэ игъэзэжащ. ЩIытI зэвым дэтурэ здэкIуэм абы аргуэру и нэгу къыщIыхьащ имыIэж лъапсэр, мафIэр, абы илыпщI мэкъу кIэпIинэхэр, абыхэм ящхьэщыт Iугъуэр… И нэгу къыщIэуващ Шэрджэс тенджыз Iуфэр - анэм и нэгур, ар иужь дыдэ къызэрыIуплъэжар, адэрти… Ар ицIыхуххэртэкъым. ЩIалэм и гур хуэмыхьыж узу къиузыкIащ. Ар къэтэджщ, зэуэ зишэщIри щIытIым къыдэувыкIащ.
- УздэкIуэр дэнэ, былым!
- УкъаукIынущ, щхьэзэ!
- Къэгъазэ щIытIым!
ЗауэлIхэр гужьеяуэ абы кIэлъыджэрт. Беслъэн зигъэзауэ абыхэм я нэгур зэпиплъыхьырти, псоми ящIилъагъуэр зыт - ажал фIэкIыпIэншэм и хьэкъ гужьеигъуэрт.
- Къэгъазэ щIытIым, умыхьэлыншэ…
Ауэ Беслъэн зыри зэхихыртэкъым. Дарданеллхэм я джабэ нэ­кIухэр зэпиплъыхьурэ абы хьэуар куууэ зыIуришэрт - ежьэрт шэр къыщилъэтынум. Къалъэгъуат ар, дауи! Кхъузанэм хуэдэу фочышэм ипхъэха щIалэр щIытIым хуэмурэ дэщатэрт…

Къэбэрдей тхэкIэм изыгъэзэгъар Къармэ Iэсиятщ.
Поделиться: