Псы пщтыр къыщIэжыпIэхэм я щIыналъэЩIыпIэ жыжьэхэм Шыпсэм къыхэкIам хуэдэу, Атлантикэ уаем пэмыжыжьэу зы хытIыгу телъыджэ щыIэщ - Исландиер. «Шынагъуэу дахэщ» жаIэ абы щхьэкIэ: вулканхэр, псы пщтыр къыщIэкIыпIэхэр (гейзерхэр), гуэл Iувхэр щыкуэду, щIымылхэр бгым къещэтэхыу апхуэдэщ. Исландием и къалащхьэ Рейкьявик километри 100-кIэ пэжыжьэщ ди псалъэмакъыр зытеухуа псы пщтыр къыщIэжыпIэ телъыджэхэр. Жыжьэу уплъэмэ, бахъэ хужьышхуэхэм зэм лъагэу заIэт, зэми, зыри къэмыхъуам хуэдэу, сабыр мэхъуж. ХытIыгур япэ дыдэ къызэIузыха, хым щызекIуэ норвег Арнорсон Ингольфур 871 гъэм щIыгум щесылIам япэ дыдэу гу зылъитар а бахъэхэрати, «бахъэм хэт кхъухь увыIэпIэ» къригъэкIыу, Рейкьявик фIищIауэ щытащ къалащхьэм. Исландием псы пщтыр къыщIэжыпIэу 30-м нэс щыIэщ. Абыхэм ящыщу нэхъ лъагэ дыдэу дэкIуейр Грила жыхуаIэращ. Ар сыхьэтитI къэс къокI. Строккур гейзерыр дакъикъи 5 - 10 къэскIэ къреху.
Поделиться:
Читать также:
17.04.2024 - 12:53 →
Урысеймрэ ислъам дунеймрэ
17.04.2024 - 12:45 →
Жыджэру зызыужь IэнатIэ
17.04.2024 - 12:41 →
Спортсменхэр ягъэлъапIэ
15.04.2024 - 12:26 →
«Байконур» космодромыр
15.04.2024 - 12:25 →
Космонавтхэм я шхыныр щхьэхуэщ
|