Дунейм щыхъыбархэр

Стипендиехэм хэпщIыкIыу хагъэхъуэну къыхалъхьэ

УФ-м и Федеральнэ Зэхуэсым ФедерацэмкIэ и Советым иджыблагъэ къыщыхалъхьа жэрдэмым и хъыбар зэхэзыхахэр абы, дауи, щыгуфIыкIащ. Къэралым и студентхэм я стипендием хэгъэхъуэнырщ ар зытеухуар. Сом бжыгъэ хущIагъу къудей мыхъуу, ар хэпщIыкIыу нэхъыбэ ящIыну я мурадщ - цIыхур псэун папщIэ нэхъ мащIэ дыдэу зыхуейм хуэдизым нагъэсыну я гугъэщ.

«Жэрдэмыр икъукIэ ди гуапэ хъуащ, ауэ абы гупсэхуу хэплъэн хуейщ. Мыбдежым щынэхъыщхьэр къэрал бюджетым ар хузэфIэкIынрэ апхуэдиз мылъку щымыIэрэ зэхэгъэкIынырщ», - жиIащ ФедерацэмкIэ Советым ЩIэныгъэмкIэ, цIыхухэр егъэджэнымрэ щэнхабзэмкIэ и комитетым и унафэщI Гумеровэ Лилие.
ЦIыхур псэун папщIэ нэхъ мащIэ дыдэу зыхуейуэ къэралым 2019 гъэм и еплIанэ мазищым щагъэувар сом 10.609-рэщи, апхуэдиз студентхэми яIэрыхьэныр захуагъэу къилъытащ Урысейм и Жылагъуэ палатэм Социальнэ политикэмкIэ и комиссэм и унафэщI Починок Натальи. Абы къыхигъэщащ къэралым и Президент Путин Владимир Федеральнэ Зэхуэсым Зэрызыхуигъэзами къызэрыщигъэлъэгъуар цIыхухэм социальнэ и лъэныкъуэкIэ защIэгъэкъуэным теухуа зэхъуэкIыныгъэхэр Конституцэми щыубзыхун, абы щыщIэгъэбыдэн зэрыхуейр. Комиссэм и унафэщIым къыхигъэбелджылыкIащ Урысейм и студентхэм я нэхъыбапIэм я хэхъуэ нэхъыщхьэ дыдэр стипендиерауэ зэрыщытыр.
«ИкъукIэ зи чэзу Iуэхущ стипендиехэри нэхъыбэ щIыныр. Жэрдэмым IэщIагъэлIхэр хэплъэн хуейщ, итIанэ ар Къэрал Думэм къыщыхалъхьэнущ», - жиIащ Починок Наталье.
УФ-м Егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ и министерствэми къитащ студентхэм я стипендиер иджыпсту зэрыхъум теухуа бжыгъэхэр. Мазэм зы студентым сом 1484-рэ нэхърэ мынэхъ мащIэ ират, нэхъ хуэмыщIауэ псэухэм сом 2227-рэ, фIы дыдэу еджэхэм нэхъыбэ къахь. Ику иту къапщтэмэ, зы студентым мазэм сом минищ хуэдиз Iэрыхьэу аращ. Ди зэманым абы къыщIэкIыр зыхуэдизыр хэт и дежкIи щэхукъым. А ахъшэр еджапIэм зэрыкIуэн гъуэгупщIэу зыхуримыкъур нэхъыбэщ, абы цIыхур зыхуейхэр къыщIэкIыным и гугъу умыщIыххэми. Аращи, щIалэгъуалэр адэ-анэм я бохъшэм щогугъ. Иджы, къыхалъхьа IуэхуфIыр пхыкIмэ, унагъуэ куэдым ар щIэгъэкъуэныфI зэрахуэхъунум шэч хэлъкъым.

ЩIыдагъэ баррель мелуан 20,9-рэ ирищащ

США-м щIыдагъэ нэхъыбэ езыщэхэм ящыщщ Урысей Федерацэр. Илъэс кIуам и бжьыхьэм Урысейм хэпщIыкIыу хигъэхъуащ Америкэм «дыщэ фIыцIэу» ирищэм и бжыгъэм. Апхуэдэу щыжаIащ США-м энергетикэмкIэ и министерствэм.

Псалъэм папщIэ, 2019 гъэм и жэпуэгъуэм США-м Урысейм деж щищэхуащ щIыдагъэ баррель мелуан 20,9-рэ. АбыкIэ Урысейр етIуанэ увыпIэм щытщ. ЩIыдагъэрэ щIыдагъэхэкIыу нэхъыбэ дыдэ Америкэм хуезыгъашэр Канадэрщ - зэпалъытыжа пIалъэм къриубыдэу абы баррель мелуани 136,5-рэ ирищащ. Америкэм Мексикэм къыщищэхуащ баррель мелуан 17,089-рэ, Сауд Хьэрыпым баррель мелуан 13,766-рэ.
Аналитикхэм зэрыжаIэмкIэ, иужьрей илъэсийм, 2011 гъэм и щэкIуэгъуэ лъандэрэ, къэхъуакъым ди къэралым Америкэм апхуэдиз щIыдагъэ щрища. ЗэрыжаIэщи, зэныкъуэкъухэр лъэныкъуэ йоз, къэралым и фейдэ зыхэлъым, цIыхухэр зыхуейхэмкIэ къызэгъэпэщыным щрихулIэм деж.

Нобэ
 
♦Хьэрычэт Iуэхум теухуа щIэныгъэ зэгъэгъуэтыным и махуэщ. Ар япэу 2017 гъэм ягъэлъэпIауэ аращ, УправленэмкIэ урысей школым къыхилъхьэри.
Тэтэрстан Республикэм и Гербым и махуэщ
Таиландым удз гъэгъахэм я фестиваль щокIуэкI
Гренадэм и лъэпкъ махуэшхуэщ - щхьэхуит зэрыхъуар (1974 гъэм) егъэлъапIэ
1238 гъэм монгол-тэтэрыдзэхэм урысейм и Владимир къалэр яубыдащ. Абдежщ къыщыщIидзар тэтэр-монголхэм Урысейр тегушхуэгъуафIэ ящIыныр. Абы кърикIуащ 1243 гъэм щегъэжьауэ илъэс 237-кIэ къэралыр абыхэм я бжьым зэ­рыщIэтар.
1780 гъэм Сыктывкар къалэм и лъабжьэр ягъэтIылъащ. Иджы ар Коми Республикэм и къалащхьэщ.
1795 гъэм Хаджибей кхъухь тедзапIэм и цIэр Одессэу зэрахъуэкIащ.
1855 гъэм Курилхэмрэ Сахалинрэ зэхуэгуэшыным теухуа урыс-япон зэгурыIуэныгъэм Iэ традзащ.
1863 гъэм США-м и Вирджиние штатым щыщ Крей Алан иратащ абы мафIэсгъэункIыфI Iэмэпсымэ къызэригупсысам щыхьэт техъуэ тхылъыр.
1857 гъэм пащтыхь Александр ЕтIуанэм Iэ щIидзащ урысей гъущI гъуэгухэм я зэгухьэныгъэ нэхъыщхьэр къызэгъэпэщыным теухуа унафэм.
1893 гъэм США-м щыщ инженер Крей Алан мафIэсыр зэрагъэункIыфI Iэмэпсымэ къызэригупсысам щыхьэт техъуэ дэфтэр иратащ.
1926 гъэм къызэрагъэпэщащ Ашхабад кинофабрикэр (1958 гъэм «Туркменфильм» зыфIащар).
1981 гъэм Ленинград къалэм деж къыщехуэхащ Ту-104 кхъухьлъатэр. Абы исащ СССР-м и хы Хуэм флотым и унафэщI псори. ХэкIуэда цIыху 52-м щыщу 16-р адмиралрэ генералрэт, япэ рангым и капитанхэр тIощIым нэблагъэрт. Къэралым и дежкIэ ар икъукIэ хэщIыныгъэшхуэт - тенджызым къулыкъу щызыщIэ апхуэдиз дзэ унафэщI ЕтIуанэ дунейпсо зауэм хэкIуэдатэкъым.
1992 гъэм Урысей Федерацэм и Совет Нэхъыщхьэм къищтащ «ЩэхуакIуэхэм я хуитыныгъэхэр хъумэным и IуэхукIэ» законыр.
1998 гъэм Наганэ къалэм (Японие) къыщызэIуахащ ХVIII ЩIымахуэ Олимп Джэгухэр. Абы щыгъуэщ Олимп Джэгухэм сноубордымкIэ зэпеуэхэри щыхагъэхьар. Олимпиадэр мазаем и 22 пщIондэ екIуэкIащ.
1999 гъэм Иорданием и пащтыхь хъуащ Хъумейс и къуэ Абдалла ЕтIуанэр.
2010 гъэм Украинэм и президент хэхыныгъэхэм я етIуанэ Iыхьэм щытекIуащ Янукович Виктор.
2014 гъэм Сочэ къалэм (Урысей Федерацэ) къыщызэIуахащ ХХII ЩIымахуэ Олимп Джэгухэр. Ди къэралым нэхъапэм ЩIымахуэ Олимпиадэр зэи щекIуэкIатэкъым. Джэгухэр мазаем и 23-м зэхуащIыжащ.
1812 гъэм къалъхуащ инджылыз тхакIуэ цIэрыIуэ, роман тIощIым щIигъу зи Iэдакъэм къыщIэкIа Диккенс Чарльз.
1890 гъэм къалъхуащ КъБР-м и цIыхубэ, РСФСР-м щIыхь зиIэ я артист, Кавказым Ищхъэрэм щыпсэу лъэпкъхэм я макъамэ гъуазджэм зегъэужьыным хэлъхьэныгъэшхуэ хуэзыщIа Ашуров Танахум.
1906 гъэм къалъхуащ совет авиаконстуктор, техникэ щIэныгъэхэм я доктор, академик, Социалист Лэжьыгъэм и ЛIыхъужь Антонов Олег.
1968 гъэм къалъхуащ усакIуэ, филологие щIэныгъэхэм я доктор, ЩIДАА-м и член-корреспондент Бэлагъы Любовь.
1971 гъэм къалъхуащ урысей уэрэджыIакIуэ, УФ-м щIыхь зиIэ и артисткэ Цой Анитэ.
Дунейм и щытыкIэнур
«pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, Налшык уфауэ щыщытынущ, пIалъэ-пIалъэкIэрэ уэс къыщесынущ. Махуэм хуабэр градус 1 - 2, жэщым щIыIэр 1 градус щыхъунущ.

Лъэпкъ Iущыгъэ:

Къэзыдыгъур зы гуэныхьщи, зыфIадыгъур гуэныхьищэщ.

 

Зыгъэхьэзырар ЖЬЭКIЭМЫХЪУ Маринэщ.
Поделиться:

Читать также:

27.03.2024 - 15:00 НОБЭ
26.03.2024 - 08:01 НОБЭ
25.03.2024 - 12:07 НОБЭ
22.03.2024 - 15:54 Псым и махуэ