ТхылъыщIэм и лъэтеувэ

Налшык дэт «Акрополь» щэнхабзэ-нэгу­зыужь IуэхущIапIэм щекIуэкIащ  Урысей­ Федерацэм, Къэбэрдей-Балъкъэр, Адыгэ, Къэрэшей-Шэрджэс, Дагъыстэн рес­публикэхэм я цIыхубэ артист Тут Заур и гъащIэмрэ и гуащIэмрэ теухуа «Мелодии моей судьбы» тхылъым и лъэтеувэ пшыхь гуапэ. Ар иджыблагъэ Москва къыщыдигъэкIащ усакIуэ Гольцевэ Аллэ.

ДИ ХЭКУЭГЪУ артист цIэрыIуэм и пшыхьым кърихьэлIахэр и уэрэдхэм и гуа­пэу иригъэдэIуащ («Адыги», «Си гъатхэ», «Кърухэр», «Музыка - судьба моя», «Улыбнись», нэгъуэщIхэми). Апхуэдэу Тут Заур ­игъэзащIэ уэрэдхэм я тхыдэми къытеувыIащ. Къызэхуэсахэм ахэр ягу дыхьащ, я гукъыдэжым хигъэхъуащ.
- Адыгагъэр уэ пхуэдэу цIыхугъэщ, дуней тетыкIэщ, IуэхущIафэщ зэрыгъэлъэгъуэн хуейр. ДяпэкIи макъамэ гъуазджэм хэлъ­хьэныгъэфIхэр хуэпщIыну, зебгъэужьыну, адыгэм и цIэр жыжьэ щыбгъэIуну Тхьэм жиIэ, - зыхуигъэзащ уэрэджыIакIуэм УФ-м гъуазджэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ, композитор, усакIуэ ХьэIупэ ДжэбрэIил.
Зэщхьэгъусэхэу композитор цIэрыIуэ Жырыкъ Зауррэ КъБР-м щэнхабзэмкIэ и лэжьакIуэхэм я профсоюзым и рескомым   и унафэщI, УФ-м щIыхь зиIэ и артисткэ     Дау Марианнэрэ къызэхуэсахэм ядэгуэшащ Тут Заур теухуа я гукъэкIыжхэмкIэ икIи уэрэджыIакIуэм псалъэ гуапэхэр хужаIащ, и макъ гуакIуэр фIэмыкIуэду, и зэфIэкIыр мыкIуэщIу илъэс куэдкIэ тхуэпсэуну ехъуэхъуащ.
«Гу къабзэхэр» жылагъуэ зэгухьэныгъэм къыбгъэдэкIыу Къарэ Ратмир Тут Заур тыгъэ хуищIащ «Къалмыкъ Юрий къызэралъхурэ илъэс 80 зэрырикъум и щIыхькIэ» медалыр.
Дызэрыгушхуэ уэрэджыIакIуэ цIэрыIуэм фIыщIэ хуищIащ и ныбжьэгъу, «Эльбрус» тхылъ тедзапIэм и унафэщI, КъБР-м и цIыхубэ усакIуэ Ацкъан Руслан, «Мелодии моей судьбы» и тхылъыр и жэрдэмкIэ къызэрыдагъэкIам папщIэ. Макъамэ ­гъуаз­джэм хэлъхьэныгъэфIхэр хуэзыщIа уэрэджыIакIуэр къытеувыIащ экземпляр 500 хъууэ къыдэкIа и тхылъым и ныб­жьэ­гъу­хэмрэ и лэжьэгъухэмрэ абы и уна­гъуэм, и гуащIэм, и лэжьыгъэм теухуауэ ятхахэм­рэ жаIамрэ, езым къыIаха интервьюхэр зэрыщызэкIэлъыхьам. Абыхэм ­къахощ артистым и сабиигъуэмрэ щIалэ­гъуэмрэ зыхуэдар, ар макъамэм зэры­хуеджар, и адэ-анэм хабзэм, нэмысым зэрыщIапIыкIар, и унагъуэ насыпыр зэ­рызэфIэувар, КъБР-м и Правительствэм зэрыщылэ­жьар, хьэл-щэн, дуней тетыкIэ екIу зэ­рыдэплъагъур, пщIэрэ нэмысрэ ­къы­зэрыхуащIыр. Тхылъым хагъэхьащ Заур теухуа сурэт куэди. КъищынэмыщIауэ, Тутым жиIащ и уэрэдхэр зытет дискхэр ­саугъэт ­папщIэу итыну къызэрыдигъэкIар.
Пшыхь гуапэр щIэщыгъуэу, нэгузыужьу, гукъинэжу екIуэкIащ. Абы зыкърезыгъэ­хьэлIа дэтхэнэми тыгъэ хуащIащ Тут Заур и «Мелодии моей судьбы» тхылъымрэ и уэрэдхэр зытет «Къэбэрдей», «Адыгэхэр» дискхэмрэ.
Зэхыхьэм хэтащ Къэбэрдей Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ, «Адыгэ псалъэ» газетым и ­редактор нэхъыщхьэ ХьэфIыцIэ Мухьэ­мэд, сурэтыщI цIэрыIуэ Црым Руслан, лъахэху­тэ, тхылъ тедзапIэм и унафэщI Котляров Виктор сымэ, Тут Заур и Iыхьлыхэр,  и благъэхэр, и лэжьыгъэхэр зигу дыхьэххэр, щэнхабзэм, гъуазджэм я лэжьакIуэхэр.

Сурэтхэр Къарей Элинэ трихащ.

ТЕКIУЖЬ Заретэ.
Поделиться: