Къабзагъэм и махуэ

Бахъсэн район администрацэм и Iэтащхьэ Балъкъыз Артур и унафэр ягъэзащIэу, щIыналъэм хиубыдэ къуажэ псоми зэуэ къабзагъэм и махуэ щрагъэкIуэкIащ.

IуэхущIапIэхэм я лэжьакIуэхэм, къуажэдэсхэм уэрамхэр, жылагъуэ зэхуэсыпIэхэр, федеральнэ, щIыналъэ гъуэгубгъухэм екIуэкI мэзкусэхэр ягъэкъэбзащ, уэрам уэздыгъэхэр зэрахъуэкIащ. Псом хуэмыдэу гулъытэ хуащIащ фэеплъ сынхэм, мемориалхэм.

Улымбащ Лерэ.
Поделиться: