Къэбэрдей-Балъкъэрым щыхахащ «Динамо» зэгухьэныгъэм и щIыналъэ къудамэм и унафэщIыр

КъБР-м щыIэ МВД-м щекIуэкIащ «Динамо» урысейпсо физкультурэ-спорт жылагъуэ-къэрал зэгухьэныгъэм и щIыналэ IуэхущIапIэм и зэIущIэ.

Лэжьыгъэм хэтащ къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ министру КъБР-м щыIэ Павлов Василий, КъБР-м и прокурор Хабаров Николай, Урысей ФСБ-м и Управленэу КъБР-м щыIэм и унафэщI Воронин Сергей, КъБР-м щыIэ УФСБ-м и погрануправленэм и Iэтащхьэ Павлов Андрей, Урысей МЧС-м и Управленэ нэхъыщхьэу КъБР-м щыIэм и унафэщI Надежин Михаил, Урысей МВД-м и Краснодар университетым и Кавказ Ищхъэрэ институтым и унафэщI Щхьэгъэпсо Заурбий, Урысей ФСИН-м и Управленэу КъБР-м щыIэм и унафэщI Лыхь Аслъэн, КъБР-м щыIэ Къэрал федеральэ къулыкъум и къудамэм и унафэщI Балъкъэр Валерэ, УФ-м и Федеральнэ налог къулыкъум и управленэу КъБР-м щыIэм и унафэщI ГуэбэщIыкI Аслъэн, «Динамо»-м и щIыналъэ IуэхущIапIэм и унафэщIым и къалэнхэр пIалъэкIэ зыгъэзащIэ Джэданэ Залым сымэ.
Къызэхуэсахэм защыхуигъазэм, къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ министру КъБР-м щыIэ, полицэм и генерал-майор Павлов Василий къыхигъэщащ «Динамо» зэгухьэныгъэм иригъэкIуэкI, хабзэхъумэ органхэм я лэжьакIуэхэр къапэщыт къалэнхэр ягъэзэщIэн папщIэ физическэ хьэзырыныгъэ лъагэ яхэлъыныр дэIыгъынымкIэ лэжьыгъэм мыхьэнэшхуэ зэриIэр.
Зэгухьэныгъэм и унафэщIым и къалэнхэр пIалъэкIэ зыгъэзащIэ, полицейхэм, мафIэсгъэункIыфIхэм, IэнатIэ щхьэхуэхэм я европей, дунейпсо зэхьэзэхуэм щытекIуа Джэданэ Залым тепсэлъыхьащ  2019 гъэм зэфIаха лэжьыгъэм, къапэщыт къалэныщIэхэм. Абы къыхилъхьэри къызэхуэсахэм зэдэарэзыуэ даIыгъащ «Динамо» урысейпсо физкультурэ-спорт жылагъуэ-къэрал зэгухьэныгъэм и щIыналэ IуэхущIапIэм и унафэщI къулыкъур къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ министру КъБР-м щыIэ, полицэм и генерал-майор Павлов Василий дзыхь хуэщIыныр.
Коллегием и кIэухыу КъБР-м и хабзэхъумэ органхэм спортым зыщегъэужьыным хэлъхьэныгъэшхуэ зэрыхуищIам папщIэ Джэданэ Залым иратащ КъБР-м щыIэ МВД-м и ЩIыхь тхылъыр.

 

УЭРДОКЪУЭ Женя.
Поделиться: