ФIыщIэ тхыгъэ

 

Урысейм и Суд приставхэм я федеральнэ къулыкъум и управленэу КъБР-м щыIэм къыIэрыхьащ «Футбол цIыкIум и ассоциацэ» Къэбэрдей-Балъкъэр щIыналъэ жылагъуэ IуэхущIапIэм и унафэщI Едэкъуэ СулътIан къыбгъэдэкI фIыщIэ письмо.

Ар теухуат Арбитраж судхэм я лэжьыгъэм ехьэлIа хабзэр къызэгъэпэщынымкIэ суд приставхэм я къудамэ хэхам и суд пристав Соттаев Магомед цIыху гъащIэ къызэрыригъэлам.
Футбол джэгуныр фIыуэ зылъагъу Магомед тхьэмахуэ махуэм зыхэта зэIущIэр щиухам, футболистхэм я зыр къызэIыхьэри къэмэхащ. Суд приставым абы иритащ япэ медицинэ дэIэпыкъуныгъэ икIи хузэфIэкIащ «ДэIэпкъуэгъу псынщIэ»-р къэсыху абы и бауэкIэмрэ и гум и лэжьэкIэмрэ зэтригъэувэжын. КъэкIуа медицинэ лэжьакIуэхэм жаIащ ар мыхъуатэмэ, къэмэхар бэлыхьышхуэ IууэнкIэ хъуну зэрыщытар, цIыху гъащIэр меданхэм къызэрыригъэлар.
Магомед зыри жиIакъым а Iуэхум теухуауэ, дэтхэнэри а щытыкIэм апхуэдэу бгъэдыхьэну къилъытэри. Суд приставыр спортым дехьэх, зыгъэхьэзырыныгъэхэм фIыуэ зыкъыщегъэлъагъуэ. Ар цIыхугъэшхуэ, хабзэ зыхэлъ щIалэщ.

Зыгъэхьэзырар Дыгулыбгъу Жантинэщ.
Поделиться: