Си анэм и нитIыр

СыцIыкIуми, сэ абы щыгъуэ
Сыриджэрт гъуэгум жыжьэ.
Сыныдишауэ гъуэгужь щыгъуэм
Сынишэрт щIыпIэ хъыжьэ.

Си къуэш нэхъыжьыр сщIыгъуу
Школым сынишэрти сыгуфIэрт.
Дэни сыкIуэнт абы щыгъуэ,
СщIыгъуу щытмэ си къуэшыфIыр.

ДыныдэкIщ гум дитIысхьэну.
Абдеж ди анэм и бгъэм сыщIекъузэр.
ЖеIэ: «Сэ солъэIур ди тхьэм,
Къыфхуэхъуну фэ пэж дыдэу гъусэ.

КIуэ, си щIалэ», - цIыкIухэр жейрт.
Пшагъуэр къуэм дэткIухьырт.
Сэ си къуэш курытым зыкIэрызокухь.
Гум сотIысхьэ. Выгухэри мэхъейхэр.

Ди анэр къоплъэр. А дакъикъэхэр
ЩIэтщ си нэгум ноби.
Дыгъэм хуэдэу, къепсырт ди анэм и нэр,
Си псэр игъэхуабэу.

Мис абдежым щыщIэдзауэ
Ирехуабэ, ирещIыIэ.
Дыгъэ плъауэ, зэщIэнауэ
Дянэм стетщ и нэIэ.

Iэджи щIащ мы дунеижьым
Зэрехыжрэ си къуэшыр.
ЩIэслъхьэжащ сэ си анэжьри,
Сэри жьыгъэм сыкъегъэшыр.

Ауэ дэнэкIэ сыкIуами,
Сянэм и нэхэр си гъусэщ.
Игъэхуабэу абы си псэр,
ДэнэкIи дыгъэу къыщысхуопсыр.

ЗэзыдзэкIар КIэщт Мухьэзщ.

Отаров Керим
Поделиться:

Читать также: