ТекIуэныгъэм дыхуэзыша лъэбакъуэ 1418-рэ

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и дзэ комиссариатым къызэритамкIэ, Уры­сей Федерацэм Зыхъумэжыныгъэм­кIэ и министерствэм зэхилъхьащ «Фэ­еплъым и гъуэгуанэ» проектыр. Ар зыхуэунэтIар зауэм и лъэхъэнэм фронтым Iута псоми ятеухуа хъыбархэмрэ сурэтхэмрэ зэхуэхьэсынырщ.

ДЭТХЭНЭ зыми щыгъуазэ зызыхуи­щIыфыну хъыбархэр зэхуэхьэсыныр ­Зы­хъумэжыныгъэмкIэ министерствэм еунэтI. Лэжьыгъэхэр къэрал псом щокIуэкI, архивхэм хэт тхыгъэхэмрэ документхэмрэ электрон Iэмэпсымэхэм иралъ­хьэн папщIэ бжыгъэ зэхэлъыкIэхэм ­хуагъакIуэ, псори Москва дэт лабораторэ щхьэхуэм зэхуехьэсыж.
Мы Iуэхур тхыдэ мыхьэнэ зиIэ къэху­тэныгъэ лэжьыгъэу увынущ. Абы и фIы­щIэкIэ япэм дызыщыгъуазэу щымыта Iуэхухэри къыкъуэкIынкIэ хъунущ. Проектым ипкъ иткIэ зы щIыпIэм щы­зэ­хуэхьэса хъунущ фронтым Iутахэм, зыхъумэ­жы­ныгъэмкIэ предприятэхэм щылэжьахэм, партизанхэм, бийм къиу­хъуреихьа Ле­нинград къалэм дэсахэм, щэнхабзэм и лэжьакIуэхэм, фронтхэм щыIа корреспондентхэм я сурэту мел­уанипщIхэр.
ТекIуэныгъэр илъэс 75-рэ зэрырикъум и щIыхькIэ Москва къалэм и щIыбкIэ ­щаухуэ Урысейм IэщэкIэ зэщIэузэда и ­къарухэм я члисэ нэхъыщхьэр. Абы хиубыдэ галереем щызэхуахьэсынущ ­Iэщэ­кIэ зэщIэузэда къарухэм я Музей нэхъыщ­хьэм и хъумапIэхэм щIэлъ экспонату иджыри къэс ямыгъэлъэгъуахэр, сурэтхэр.
Мы лэжьыгъэшхуэм хэтыну хуей дэтхэнэми езым и Iыхьлыхэм, благъэхэм ящы­щу зауэм щыIахэм я сурэтхэмрэ ­абыхэм ятеухуа хъыбархэмрэ ягъэхь ­хъунущ проектым и foto.pamyat-naroda и http://DOROGA.MIL.RU. сайтхэм. Дэтхэнэ информацэми и тэмэмагъыр къап­щы­тэжынущ.
Хъыбарыр евгъэхьын папщIэ интернетыр къыфхуэмыгъэсэбэпмэ, Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и дзэ комисса­риатым и пунктхэм, апхуэдэу фыщыпсэу районхэм щыIэ дзэ комиссариатхэм фекIуалIэ хъунущ. Абыхэм сурэтхэмрэ документхэмрэ зыхуей хуагъэзэнурэ къы­ватыжынущ.
Накъыгъэм и 9-м ипэ къихуэу яIэрыхьэну сурэтхэр хагъэхьэнущ «IэщэкIэ зэ­щIэу­зэда къарухэм я члисэ нэхъыщхьэр ­щаухуэ «Патриот» партым и щIыналъэм къы­щызэIуахыну мемориал комплексым. Ауэ зауэм хэтахэм ятеухуа хъыбархэмрэ сурэтхэмрэ зэхуэхьэсыныр абдеж щы­зэфIэкIынукъым. А проектыр зэман кIы­хьым тещIыхьащ, сыту жыпIэмэ Хэку ­зауэшхуэм хэта псоми я лъэужьхэр къэ­хутэжын хуейщ.

Поделиться: