Мэрем пшыхь

ГушыIэ

Мыхъуми сыгъэух

Тегушхуэныгъэ зэрахэмылъым къыхэкIыу, щIэмыхьэфу зэхэт и ныбжьэгъу гупыр зэлъыIуигъэкIуэтри, Iэсхьэд экзамен щат пэшым щIыхьащ, и унэжь щIэбэкъуэж бысымым ещхьу гушхуауэ.
- Добрэ утрэ, Мыхьмуд Назирович! - хэIэтыкIауэ Iэсхьэд жеIэ, джэшыдз фызыжьым къигъэхьэзыра куэзырым ещхьу, икъухьауэ стIолым телъ билетхэм теIэбэурэ. - ДымытIысу жэуап етт хъуну къытлъыса билетым ит упщIэхэм?
- ПщIэмэ, хъунщи, тIыгъуэжынмэ, уэлэхьи.
- Цырыцу зэпкърызмыудмэ, си гитарэжьыр згъэпцIащ!.. Iыхьы-Iыхьы!..
И портфель укъуеяр имыхъуэжауэ (тхылъ къэщэхуным къыдэхуэу, ахъшэ тIэкIу худэдзыхыртэкъым) институтым зэрыщылажьэ илъэс щэщIым къриубыдэу Мыхьмуд студент Iэджэ илъэгъуат, абыхэм я жэуапхэм едэIуат, езыхэри къедэIуэжат, щригъаджэ е экзамен къащыIих зэманхэм къриубыдэу. Я фэкIи я щIэныгъэкIи зэмыщхь а студентхэм яхэтт хуэмыху, щхьэхынэ, хьилым щIагъуэ зыбгъэдэмылъ зыкъом. Ауэ, езы Мыхьмуд зэрыжиIэмкIэ, Iэсхьэд хуэдэ былым дыдэ зэи хуэзатэкъым. Зыхуэза гуэр щыIэми, щыгъупщэжат.
- Сыт мыбы есщIэнур? - егъэджакIуэр хэкъузауэ зоупщIыж, Iэсхьэд къригъэкIуэкI мышыу къомым (билетым ит упщIэхэм жыжьэу екIуалIэртэкъым) адэкIэ емыдэIуэжыфу здэщысым. - «Неуд» Iушэ цIыкIу хуэгъэув жыпIа?.. Дауи, мы ахьмакъым абы нэхъыбэ къилэжьыфыркъым, ауэ… ауэ и адэ къулеижьым и ерыскъы IэфI куэд тшхащ, и сом зыкъоми…
- У меня всё! - уардэу Iэсхьэд жиIащ, Мыхьмуд зыхэт гупсысэ хьэлъэхэр зэпиуду.
- Хъунщ, Iэсхьэд, ауэ тIэкIу, услабэщ.
- Ы-ы? УпщIэ лей зытIущ къызэтыт-тIэ иджыри.
- Жэуап къыпхуемытыжмэ-щэ?
- За кого Вы меня принимаете, Мыхьмуд Назирович? Любой вопросыр цырыцу пхузэIызмыхмэ, ди «Мерседесыр» згъэпцIащ!
«Принципиальнэ» жыхуиIэ псалъэр фIы дыдэу илъагъу пэтми, куэдыр зэрыщыгъуазэщи, Мыхьмуд цIыху течыгъуейхэм ящыщтэкъым, шыдым хуэдэу ерыщ екIуэу. Зыбжанэрэ уелъэIуа е тIэкIу епкъузылIа нэужь, ар къыпхуэгъэIурыщIэрт. Студентым и лъэIу тегъэчыныхьыным Мыхьмуд Назирович пэщIэтыфакъым.
- Зы упщIэ уэстынщ-тIэ, апхуэдизу уигурэ уи щхьэрэ щызэтелъкIэ, - жеIэ абы, нэгъуджэ зыIуихар бэлътоку зэхэупIышкIуэжакIэ илъэщIу здэщысым. - Сыт банкыр зищIысыр икIи экономикэм сыт хуэдэ къалэн абы щигъэзащIэр?.. ПщIэрэ?
- Хьи! КIэнишнэ сщIэрэ! Сабий садым щыIэ дэтхэнэ зы цIыкIуми абы и жэуапыр къуитыфынущ, Мыхьмуд Назирович (и бгъэм ину теуIуэурэ), сэ дэнэ къыщына!
- ЖыIэт-тIэ.
- СлIожь, жысIэмэ: банкыр - хьэкъущыкъу лIэужьыгъуэщ. Сыт ущIэдыхьэшхыр, Мыхьмуд Назирович? Уэлэхьи, зыри гъэщIэгъуэну абы хэмыт. Умыдыхьэшх, кхъыIэ, апхуэдизу. Мыхъуми, сыгъэух!..
ЛIыгъур Чэрим.

 

Гукъинэжхэр
 Шыгъу IэмыщIэ

КъэпIуэтэжын бэлыхьи хэлъкъым мыбы, ауэ дышхэу дунейм дытетыхукIэ шыгъур ди гъусэщи, слъагъухукIэ мыр сигу къокIыж.
Арати, зауэр щIидзэри, зеикъуэдэсхэр япэу зыхуэныкъуэхэм шыгъур ящыщ хъуащ. КъуажэкIэм деж Бахъсэн Iуфэ «Гъуамэжь» жари псы шыугъэ тIэкIу къыщыщIэжырти, абы къыхэпхыфыр уи Iыхьэт. Ар къагъавэрт, ягъэжэбзэжырти, хьэнтхъупс, шей сытхэм хакIэрт.
Нэхъ къуажэкум Бахъсэн Iуфэ дежи иIэт апхуэдэ псы шыугъэ къызыщIэж. Ауэ къуажэ былымымрэ чэзууэ абы кърахулIэ колхоз жэмхэмрэ къыплъагъэсыртэкъым. Си адэ къуэш Мацэ гъэш фермэм и унафэщIт а зэманым, и фермэр кърахухырт а псы шыугъэм ирагъэфэну. Сэри садэIэпыкъуну сыкIуати, гуимыкIыжт слъэгъуар. Мо былым гужьеяхэр бжьакъуэпэкIэ зэрыукIырт, зи мэ къащIихьэ псы шыугъэм я Iупэр нэсын папщIэ.
Апхуэдэт зэманыр, езы зауэми хуэдэу, абы кърикIуахэри гужьеигъуэт.
Тыкуэным, къэралым шыгъукIэ щымыгугъыж цIыхухэм зэралъэкIкIэ хьэрычэт гуэрхэр ящIэрт. Апхуэдэу, дэ дызыхэт, гъуэмылэзехьэуи сыщылажьэ ди бригадэм щыщу нэхъ зэфIэкI зиIэ щIалэ гуп шыгу зэщIэщIакIэ ирагъажьэри шыгъуу къахуэшэр къашат. Ар бригадэ унэм дэт ерыскъы гъэтIылъыпIэм щIэт чей абрагъуэм IункIыбзэ тIуащIэ етыжауэ щахъумэрт. А чейр зыщIэт гуэщышхуэм щIыхьэну хуитыр бригадэм и завхоз Бгъэжьнокъуэ Iэминт, абы IункIыбзэIухыр дзыхь зыхуищIри си закъуэт. Арыншауи хъунутэкъым. Iэмин зауэм ямышауэ лIыжьт икIи шыгъу чейм хэIэбэн хуей хъуху абы хунэсыртэкъыми, сэ сриIуэхутхьэбзащIэт.
Iэмин лIы тIасхъэ дыдэтэкъым, ауэ нэхъапэм ар бригадиру, си адэ къуэшыр учётчикыу зэдэлэжьати, сэ фIыуэ къысхущытт. Пэжыр жыпIэнумэ, шыгъум сэри тIэкIу сыхэуэрт, ауэ зы IэмыщIэм зэи фIэзгъэкIыртэкъым. Iэмини ищIэ си гугъэт ар, ауэ зыри жиIэртэкъым. ЩIалэ цIыкIу IэмыщIэм сытыт ихуэнури, си жып лъабжьэр щIигъанэ къудейти къыскIэрыщыртэкъым. Ауэ а си IэмыщIэ цIыкIум из шыгъур ди хьэблэ цIыкIум я псэхэлъхьэжт.
Зэрыхьэблэуи зэрыкъуажэуи ящIэу си анэшхуэр егъэлеяуэ цIыху хьэлэлт, жумартти, ди гъунэгъу мэжалIэу тIысу шхэнутэкъым. Арати, сэ махуэ къэс къэсхь шыгъу IэмыщIэр хэдзэгъуэ зырыз-тIурытIу хьэблэ фызым ятригуашэрт. КъызэрыщIэкIымкIэ, а шыгъу IэмыщIэр гуэшынри ауэ сытми Iуэху къызэрыгуэкIтэкъым. Шыгъур зыхуигуэшхэр щынэхъ мащIэ япэ зэманхэм шей бжэмышх цIыкIу зырыз ялъысырт. Ауэрэ лъэIуакIуэр нэхъыбэ щыхъум, шей бжэмышхыр щIэгъэлъауэ мыхъуу, телъэщIауэ щхьэIууд ищIащ. Ари щахуримыкъужым, тIум зы шей бжэмышх яриту хуежьащ. Къандисэрэ ДисIэфIрэ фызыжьитIым ялъыса шей бжэмышхыр яхуэмыгуэшу гукъанэ къыхэкIыжати, Iэпхъуалъэ зырызу яхуигуэшу щIидзащ. Нанэ сыт щыгъуи «Ялыхь, я гуэныхь къызумыгъэхь», - жиIэрт. Зэхуэдэ хуэмыщIынкIэ шынэу арат ар щIыжиIэр. IэпхъуалъэкIэ гуэшынми гукъанэ къикI хъуащ. Фызхэм щхьэж и Iэпхъуалъэ къахьрэ абы ирырагъэкIутэу арат. Дуней факъырэм цIыхур апхуэдизкIэ нэплъыснэIус ищIати, Iэпхъуалъэхэр зэрызэхуэмыдизым къыхэкIыу псори зы IэпхъуалъэкIэ ягуэшу хуежьащ.
Шыгъу IэмыщIэр яхуримыкъуж щыхъум, нанэ ар зылъымысхэм джэдыкIэ зырыз, нартыху хьэжыгъэ тIэкIу е и пхъуантэжьым и лъащIэм къыщигъуэтыжурэ фошыгъу кIанэ цIыкIу зырыз яхуигуэшырт. «Ялыхь, ди къэтхэр узыншэу къытхуэхьыж, я шапэIудз щIы…» - жиIэурэ Тхьэм елъэIурт.
Шыгъу IэмыщIэри духащ, зауэри иухащ, Нанэ и тхьэлъэIур Алыхьым къабыл ищIри, и къуитIри къэкIуэжащ. Шыгъу ямыгъуэтыжу щыщытар ящыгъупщэжа нэужь, Нанэ и жьэм жьэдэкIакъым: «Си Нэху къысхуихьурэ згуэша шыгъу IэмыщIэращ си щIалитIым къэрэгъул бжыхь яхуэхъуу псэууэ зауэм къыхэзыхыжар…». Сэри си фIэщ хъужауэ, балигъ сыхъуху зризгъэщIэгъуащ абы. Иджы мис, лIыжь сыхъуа пэтрэ, сщымыгъупщэжауэ сотхыж.

Къэрмокъуэ  Мухьэмэд.

 

Хабзэ

Адыгэ пщащэр зэрагъасэу щытар

Адыгэхэм пасэу щIадзэрти хъыджэбз цIыкIухэр хуагъасэрт, захуэу, дахэу я лъакъуэ цIыкIухэр зэбгъурыту щытыным. ЩысыкIэми хабзэ пыухыкIа иIэт: я лъакъуэхэр зыр зым традзэну къезэгъыртэкъым. Ахэр щагъасэрт унагъуэ кIуэцIым, хамэхэм я пащхьэ гъэса хьэзыру къихутэн хуэдэу. Аращ, уи унэ зыщыгъаси хасэм кIуэ, щIыжаIэр. Псори щыту зыгуэрым езым и быным дагъуэ хуищIыжамэ, ар езыр хабзэмыщIэу ялъытэрт.
Хъыджэбзхэр илъэситху-хы зэрыхъуу, нэхъ дахэу яхуэпэн щIадзэу щытащ. ЩIалэ цIыкIухэр а ныбжьым щитым деж пцIанэу къакIухьми, емыкIу хуащIыртэкъым, ауэ хъыджэбз цIыкIухэм щыгъын дахэ щатIагъэрт, я щIыфэ пцIанэ къыщIагъэщыртэкъым, щатIэгъахэр езы цIыкIум зэрекIур, цIугъэнэ дахэ зэрыхэлъыр къыфIэIуэхуу, и щыгъын цIыкIухэмкIэ зригъэщIагъуэу щытын хуейт. КIэщIу жыпIэмэ, хъыджэбз цIыкIухэр нэхъ ягъафIэрт, уеблэмэ тIэкIуи щагъэкIырт. Абыхэм зэи текIиеу щытакъым. МыхъумыщIагъэ гуэр ящIами, тIэкIу зэранами: «Ухъыджэбз цIыкIукъэ уэ?», - жаIэрти абыкIэ ягъэукIытэрт, еущиерт, армыхъумэ щIэкIиертэкъым, я гур ираудыртэкъым.
Хабзэм тету сабийр щIупIыкIынуи, хьэл-щэн дахэ къебгъэщтэнуи, дауи, тынштэкъым. Апхуэдэу щыт пэтми, пщащэ цIыкIухэр щысабий дыдэм щегъэжьауэ хуагъасэрт гукъэкI яIэу, Iэ щабэ-Iу щабэу, цIыху зрагъэхъуэпсэфу щытыным, хьэл-щэн дахэ хэлъу загъэлъэгъуэным. Ахэр акъыл жану, зэхэщIыкIри гушыIэри яхэлъу, ерэ фIырэ зэхагъэкIыфу, бзаджагъэ тIэкIуми хуэмыхамэу, шынэ-укIытэри яхэлъу къагъэтэджырт. Апхуэдэу хьэл-щэн дахэ зыхэлъ хъыджэбз цIыкIухэм «ЦIыху къэгъэпцIэкIэ ещIэ», - хужаIэу щытащ. Ар щIыжаIэр пцIы иупсу аратэкъым, и дуней тетыкIэм, и псэлъэкIэм хэти зэрыдихьэхыфрат.
Псом нэхърэ нэхъ хьэлыфIу, ауэ зыхэбгъэлъынуи нэхъ гугъуу адыгэм ялъытэу щытар бэшэчагъырщ. Хъыджэбзхэр абыи хуаущийрт. Адыгэ лъэпкъ гъэсэкIэм къызэрыхэщыжымкIэ, ахэр нэхъ щабэуи, нэхъ Iущуи щытын хуейт, я губзыгъагъэм къыхэкIыу тIэкIуи нэхъ бзаджэу пIэрэ жыпIэми, цIыхум Iей къыхужамыIэфын хуэдэу. Мис а псор зэхэплъхьэмэ, арауэ къыщIэкIынщ адыгэ пщащэм и дахагъымрэ и щэныфIагъымрэ хъыбарыфI куэд щIытеIукIам и щхьэусыгъуэр.
КъыхэдгъэбелджылыкIыну дыхуейт, пщы-уэркъ унагъуэм къыхэкIа хъыджэбз цIыкIухэр нэгъуэщI унагъуэхэм щапIу, щагъасэу зэрыщытар. Сабийр зыпI быф адэ-анэхэми ялъэкI къамыгъанэу цIыкIухэр япIырт, яущийрт. НэгъуэщI унагъуэм щапI хъыджэбз цIыкIур илъэс иримыкъуауэ, и дзыгъуэ щхьэцыр трамыхауэ ягъэлъагъуэу щытакъым. Щхьэцыр тезыхыу щытар цIыхухъу нэхъ зэпIэзэрыт угъурлырат. Дзыгъуэ щхьэц техынми хабзэ щхьэхуэ иIэщ: щхьэр зыупсымрэ зыIыгъымрэ аркъэнкIэ къаухъуреихьырт, бзаджэнаджэм щахъумэн, ар къемыкIуэлIэфын хьисэпкIэ. Абы иужькIэ щхьэр зыупсыр хъуахъуэрти, япэ щIыкIэ сабийм и щхьэ джабэ ижьыр кърихьэхырт, итIанэ щхьэ гупэр, итIанэ щхьэ щIыбыр, псом яужьу - сэмэгурабгъу лъэныкъуэр.
Щхьэр упсын щиухым деж, зыупсыр цIыкIум ехъуэхъурт. Щхьэц трахар зы къэмынэу зэщIакъуэжт, яшыхьыжырти быф анэм иратыжырт (мэкъумэшыщIэ унагъуэм къыхэкIарэ сабийр и унагъуэ дыдэ къыщыхъуу щытмэ - и анэ дыдэм). Щхьэр зыупсами а махуэм тыгъэу фэилъхьэгъуэ хуащIырт (зыхузэфIэкIхэм). Адрейхэми абы и цIэр зыгуэркIэ ирамыIуэу къагъанэ хабзэтэкъым. Щхьэцыр пIурытыжым деж хъыджэбз цIыкIум и анэ дыдэм Iэрагъэхьэжу щытащ, иужькIэ пщащэр унагъуэ ихьэмэ, езым иратыжырти, и щхьэгъусэмрэ езымрэ я щхьэцыр бзылъхугъэм зэрихьэрт.
ЦIыхур дунейм ехыжа нэужь, дзыгъуэ щхьэцыр дыщIалъхьэжу щытащ. ЗэрыжытIащи, пIурым и щхьэр яупсу быф анэм иратыжа нэужь, хьэщIэхэм ирагъэлъагъурт. Быф адэм сабийр и Iэблэм тесу хьэщIэхэм чэзууэрэ ябгъэдихьэрт, езыхэми Iэ къыдалъэрт. Хабзэм тету хъыджэбз цIыкIухэм бзылъхугъэр зыхуэныкъуэн гуэрхэр тыгъэ хуащIырт. ПIургъэлъагъуэми гуфIэгъуэ Iэнэ яухуэу щытащ, къафэ-джэгу иращIэкIыу щытащ.
НэгъуэщI унагъуэ щапIами, езыхэм я унэгъуэ дыдэм щапIами, хъыджэбз цIыкIухэр ягъасэрт, адыгэ хабзэр ялъытэу, абы тетыфу. Псалъэм папщIэ, нэхъыжьхэм пщIэ хуащIын хуейт, кIэщIущ цIыкIухэу, жамыIэпхъэ жамыIэу, мыпсэлъэрейуэ, ауэ щыпсалъэкIэ я псалъэр купщIафIэу, езыхэми укIытэ яхэлъу щытын хуейт. Хъыджэбзыр нэхъыжьым жьэгъуашхэу бгъэдэтынуи ауэ шхэуэ, псы ефэу зыкъригъэлъагъунуи емыкIушхуэт, уеблэмэ, цIыхухъум ар унагъуэм щыщуи, е нэгъуэщI зыгуэруи щрети, - дэшхэну хуиттэкъым, шхэуэ зыкъригъэлъагъунуи хабзэмыщIагъэт. Ауэ псы къудей ефэн хуей хъумэ, къыщамылъагъун гуэр щымыIэмэ - зрагъэзэкIырти я щIыбагъ къэгъэзауэт псым зэрефэр. Аращ адыгэхэм Iуэху яIэмэ щхьэхуэу цIыхубз Iэнэрэ цIыхухъу Iэнэрэ яухуэу щIыщытар. Бзылъхугъэр, псом хуэмыдэжу пщащэр, дуней цIыху къызэрыгуэкIрэ жэнэтым ис хур пщащэрэ пхузэхэмыщIыкIыу щытын хуейт.
ХьэщIэ къахуэкIуамэ, унэм ис хъыджэбзхэм абы хабзэрэ цIыхугъэрэ кIэлъызэрахьэну я пщэрылът. ХьэщIэм е нэхъыжьым зыщитхьэщIынум деж, унагъуэм ис пщащэ цIыкIум и Iэ ижьымкIэ къубгъаныр иIыгъыу, и Iэ сэмэгумкIэ сабынылъэм сабыныр илъу иIыгъыу, и дамэ сэмэгум напэIэлъэщI фIэлъу къэувын хуейт. ХьэщIэм щызригъэлъэщIкIэ напэIэлъэщIым и зы кIапэр и Iэ ижьымкIэ иубыдырт.
Пщащэм фызкъэмышэу дэлъху иIэмэ, абы и хьэпшыпым кIэлъыплъынри, унэ зэщIэкъуэнри, пщIантIэ зехьэн-гъэщIэрэщIэнри зи пщэ къыдэхуэри арат. А псом къыщынэмыщIауэ, ар и анэм и дэIэпыкъуэгъут. Ахэр дэрбзэрынми, тхыпхъэ хэдыкIынми хуэIэзэу, къэфэкIэ екIу, псэлъэкIэ Iущ, цIыху хэтыкIэ дахэ яIэу къэтэджын хуейт.
 ЗэрыжытIащи, пщащэхэм хьэл-щэн дахэ яхэлъу, хабзэ ящIэу, нэмыс цIыхухэм xyaщly ягъасэрт. Апхуэдэу нэхъыфIу гъэсахэр джэгур ягъэдэхэну яшэу щытащ, дэтхэнэ зы щIалэми, дауи, апхуэдэ хъыджэбзыр щхьэгъусэ ищIыну ехъуапсэрти, нэхъ цIэрыIуэ хъуа пщащэхэм я хъыбарыр хэку псом щаIуатэрт, зэIэпахыу. Уеблэмэ апхуэдэхэм джэгуакIуэхэм усэ, уэрэд щыхузэхалъхьэ куэдрэ къэхъурт.
Адыгэ пщащэм и гъэсэныгъэр, и губзыгъагъэр, и кIэщIущыгъэр щынэрылъагъуу зы хъыбар къэтхьынщ, IуэрыIуатэм къыхэтхыжауэ.
Еуэри, зэшыпхъуитI псэут, Кулэрэ Мылэрэ жаIэу. Кулэр икIи теплъэкIэ дахэт, икIи хъыджэбз къабзэлъабзэт, дэрбзэрынми, тхыпхъэ хэдыкIынми хуэIэзэт, хъэл-щэн дахэ хэлът, акъыл хэлъу псалъэрт, кIэщIу жыпIэмэ, щIэупщIэшхуэ иIэт, къемыхъуапсэ щыIэтэкъым. Мылэм апхуэдэ лъэпкъ хэлътэкъым, нэхъ къызэрыгуэкIт, цIыхухэми нэхъ мащIэу и цIэ ираIуэрт. Дауи, а псор Мылэм и гум техуэртэкъым. Арати, зэгуэпым къыхихри, Мылэ и шыпхъур пщы щIалэ гуэрым и щIасэу жиIэри цIей-напейкIэ цIыхум яхигъэIуащ. Щыхухэми хэти ар и фIэщ хъурт, хэти хъуртэкъым. Ауэ адыгэ псалъэжьым зэрыжиIащи, зыгуэр здыжаIэм зыгуэр щыщыIэщ, жаIэри, Кулэр цIыху цIыкIум IейкIэ яхэIуа хъуащ.
А хъыбарыр пщы щIалэм дежи нэсыжынтэкъэ, абыи зэхихыжащ а куэдым ягурылъыр. Абы Кулэр игу ирихьт, къишэнкIэ ехъуапсэхэми ящыщти, апхуэдэу щыхъум, къыздэкIуэ, жери лъыхъу хуигъэкIуащ. АрщхьэкIэ пщащэр губзыгъэт, Iущти, мыр жэуапу иритыжащ: «Сэ уэ сыбдэкIуэмэ, цIыхухэм делагъэ зэдэтщIар зэдэщIэтхъумэжу аращ къытхужаIэнур. СыныбдэкIуэнукъым, уэр фIэкIа хэкум лIы къимынэжами!».
Бзылъхугъэ Iущым нэгъуэщI хэкIыпIэ дахэ къигъуэтащ: хъыбару зэраIуатэмкIэ, абы къыщыщIа Iуэхугъуэхэм ехьэлIауэ уэрэд иусащ икIи абыкIэ къиIуэтащ езым лажьэ зэримыIэр, фыгъуэмрэ ижэмрэ хъыбар нэпцIыр къызэрыхэкIыр. Уэрэдым щынэрылъагъут Кулэ къуаншагъэ зэрыбгъэдэмылъри, цIыхухэми ар зэхахащ, сыту жыпIэмэ, уэрэдым пцIы хэлъынкIэ зыми и фIэщ хъуртэкъым. Хъыджэбзым зэхэщIыкIышхуэрэ гущIэгъурэ зэрыхэлъар мы уэрэдым наIуэу къыщолъагъуэ Мылэм теухуауэ зы псалъэ жагъуэ зэрыхэмытымкIэ. Мис апхуэдэут адыгэ пщащэр зэрагъасэу щытар.
Гъут Ланэ.

НапэкIуэцIыр зыгъэхьэзырар ЩхьэщэмыщI Изэщ.
Поделиться:

Читать также:

19.04.2024 - 16:23 НОБЭ
18.04.2024 - 16:13 НОБЭ
17.04.2024 - 11:43 НОБЭ