Полицей хахуэм и фIыгъэкIэ

ФIыщIэ

Къэбэрдей-Балъкъэрым и Дзэлыкъуэ районым щыщ полицэм и сержантым псэупIэ унэр мафIэм щихъумащ.

ФIыщIэ псалъэхэмкIэ Урысей МВД-м Дзэлыкъуэ районымкIэ и къудамэм зыхуагъэзащ ­КъБР-м и Аруан районым хыхьэ Псыгуэнсу къуажэм дэт унэхэм я зым щыпсэухэм.
Урысей МВД-м Дзэлыкъуэ районымкIэ и къудамэм и Плъыр частым и хэщIапIэр хъумэнымкIэ лэжьакIуэ, полицэм и сержант Мэкъуауэ Мухьэмэд 2020 гъэм мазаем и 2-р и зыгъэпсэхугъуэ махуэт. Псыгуэнсу къуажэм щыIэу и автомашинэм и рулым дэсу здэкIуэм абы гу лъитащ унэм и блыным къыщылыд  мафIэ бзийм. ЗыIэзыбжьэ мыхъуу, полицэм и сержантым и автомашинэм илъ мафIэгъэункIыфIыр къищтэри, псынщIэу ар гъэункIыфIын щIидзащ.
ЩытыкIэр игъэтэмэма иужькIэ, полицейм къэхъуам щыгъуазэ хуищIащ а зэманым Iуэхум зыри хамыщIыкIыу унэм щIэса цIыхубз хэкIуэтамрэ ныбжьыщIэхэмрэ. Унагъуэм шынагъуэ къызэрыпэмыплъэр зэхигъэкIа нэужь ар и гъуэгум техьэжащ.
Я насып къикIщ апхуэдэуи, полицейм и фIыгъэкIэ, пэшхэм ток кIапсэр къыщылыдакъым.
- А щIалэ хахуэр мыхъуатэмэ, дэ псори дыщIисхьэнт, - жиIащ пенсионер цIыхубзым икIи полицэм и сержантым фIыщIэ хуищIащ тегушхуауэ, и чэзууэ Iуэхур зэрызэфIигъэкIам папщIэ.

УАРДЭ Жансурэт.
Поделиться: