Къэбэрдей- Балъкъэрыр етIуанэщ

МэкъумэшыщIэ-фермер хозяйствэм Iэщ гъэхъунымрэ къэкIыгъэхэм елэжьынымрэ къыщIиха ахъшэмкIэ Къэбэрдей-Балъкъэрым КИФЩI-м етIуанэ увыпIэр къыщихьащ.

«Россельхозбанк»-м иригъэкIуэкIа къэпщытэныгъэм къызэрыщыхьамкIэ, Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ округым и щIыналъэхэм Iэщ гъэхъунымкIэ зыIэрагъэхьа ахъшэмкIэ щыпэрытхэм ящыщщ Дагъыстэныр (сом мелард 12,1-рэ), Къэбэрдей-Балъкъэрыр (сом меларди 4,9-рэ), Ставрополь крайр (сом меларди 3,7-рэ).
КъэкIыгъэхэм ехьэлIа лэжьыгъэмкIэ урысейпсо хэхъуэм нэхъ хэлъхьэныгъэшхуэ хуащIащ КИФЩI-м и щIыналъэхэм ящыщу Ставрополь крайм ( сом мелард 23,8-рэ), Къэбэрдей-Балъкъэрым (сом меларди 9,97-рэ), Къэрэшей-Шэрджэсым (сом меларди 3,1-рэ).
Псори зэхэту Урысей Федерацэм и фермер хозяйствэхэм ящам къыпэкIуащ сом мелард 635,6-рэ.
Урысей Федерацэм и щIыналъэхэм бжьыпэр щиIыгъщ Краснодар крайм. Абы и фермерхэм я хэхъуэр сом мелард 66-м щIегъу, е урысейпсо хэхъуэм и проценти 10,4-рэ. Ар тIэкIу нэхъ мащIэщ КъуэкIыпIэ Жыжьэ, Урал, КъухьэпIэ Ищхъэрэ щIыналъэхэм яйр зэхэплъхьэмэ. КИФЩI-м и мэкъумэш-фермер хозяйствэхэм ахъшэу зыIэрагъэхьар: Ставрополь крайм - сом мелард 27, 5-рэ, Къэбэрдей-Балъкъэрым - сом мелард 14, 89-рэ, Дагъыстэным - сом мелард 13,7-рэ.

 

УЭРДОКЪУЭ Женя.
Поделиться:

Читать также:

19.04.2024 - 16:42 ГъэпцIакIуэр яубыдащ
19.04.2024 - 16:40 Налог щIыхуэшхуэ
19.04.2024 - 16:36 Зыкъамыту хэкIуэдащ
19.04.2024 - 16:26 Щыуагъэм щахъумэу