Тыркум щыIэ УФ-м и лIыкIуэ Ерхов Алексей адыгэхэм зэрытепсэлъыхьар

Мазаем и 13-м Абхъаз Республикэм и «Спутник» агентствэм Тырку Республикэм щыIэ УФ-м и лIыкIуэ Ерхов Алексей Урысеймрэ Тыркумрэ зэрызэбгъэдэт щIыкIэм тепсэлъыхь пэтрэ, адыгэхэм ятеухуауэ псалъэ зыбжанэ жиIащ.

«ЩАПХЪЭ къыпхуэсхьынщ нобэ куэд зытепсэлъыхьхэм язу, - зыхуегъазэ Ерхов журналистым. - XIX лIэщыгъуэм екIуэкIа Кавказ зауэ нэужьым Кавказ Ищхъэрэр зыбгына адыгэхэм я ИстамбылакIуэм хуэдэр. Истамбыл консул нэхъыщхьэу сыщыщыIам зэман къытхуихуэрт ди хэщIапIэм и гупэм махуэ къэмынэу Урысейм еныкъуэкъу демонстрацэхэр Кавказ зауэр зэриухрэ иджыри зы илъэс къыхэхъуэху къыщызэхэувэу. КъаIэт къыхуеджэныгъэхэри щIагъуэтэкъым, пэжым ухуеймэ. Псалъэм папщIэ: «Урысейр цIыхуукIщ, Кавказым ирырекI!» - апхуэдэ гуэрхэр. Урысей тетыгъуэр зыгъэпуд псалъэ нахуэхэр щыжаIэпэ къэхъурт, уеблэмэ.
 Куэдрэ депсэлъащ ахэр къызэзыгъэпэщхэми абыхэм къагуэувэхэми. КъыдгурыIуащ псори тхыдэм щызэфIэува гупсысэкIэ пхэнжым къызэрыхэкIыр: щIыналъэщIэхэм хуэпабгъэ Урысей бзаджэр мамыру псэу и гъунэгъу адыгэхэм, шапсыгъхэм, къинэмыщIхэм ятеуэри, лъэпкъ игъэкъэбзыкIыкIэ IэмалкIэ и хэкум ирихуащ. Иджы а шыпсэ дахащэр икъукIэ зыгуэрым и фIэщ ищIыну хуейщ, псом хуэмыдэу ипэжыпIэкIэ гугъуехь зышэча, я нэгу щIэкIа бэлыхьым и хъыбар къыкIэлъыкIуэ щIэблэм лъэзыгъэIэсахэм.
 Зэ IуплъэгъуэкIэ сурэт зэгъэкIуащ, ауэ нэгъуэщIынэкIэ укъеплъмэ, Iуэхур апхуэдэ дыдэу щытауэ плъагъуркъым. НэгъуэщI тхыдэ напэкIуэцIхэри уигу къокIыж а сурэтым хэмызагъэу. АпщIондэху фIыцIэрэ хужьу къыпфIэщIа сурэтыр зэмыфэгъу мэхъу, къызэрыпфIэщым хуэдэу къызэрыгуэкI Iуэхууи щытыжкъым зи гугъу пщIыр.
 Псалъэм папщIэ, зыхэпсэукI псори гъунэгъухэр зэрахъунщIэм, зэраукIым, ахэр пщылIу зэращэм къыхэзыххэм я гъунэгъуу псэуа урыс станицэхэм ар къазэрыщыхъуу щытам зыгуэр егупсысрэ? Мазэ, тхьэмахуэ, махуэ щIагъуэ дэмыкIыу а «бгырыс мамырхэр» къакIуэу цIыхухъухэр яукIынкIэ, цIыхубзхэмрэ сабийхэмрэ гъэру яубыдынкIэ зэрыхъунур ящIэу?
 Арати, а зэманым щыIа урыс тетыгъуэм а псор ишэчым-ишэчурэ и тэмакъкIыхьагъыр щыхуримыкъужым, еуэри армэр иутIыпщащ. ЯпэщIыкIэ мамыру узыдэмыпсэуфынухэм я гупэ гъунапкъэ къригъэуващ. Апхуэдэуи щымыхъум, я псэукIэ щIэпхъаджэр зэпиудащ.
 А цIыхухэм жраIащ: е тафэщIхэм фоIэпхъуэри щIы къыват, фылажьэ-фышхэжу фытесыну, е фи къуэш Тыркум фригъэхьэну арэзыщи,  щIыналъэм фоIэпхъукI.  Iэпхъуэну мурад зыщIахэр  къахэкIащ. Пэжщ, гугъу ехьахэщ: мэжэщIалIагъыр, щIыIэр, узхэр, гъуэгум тетыхукIи  нэса нэужькIи  яшэчащ. Къэнэну мурад зыщIахэри къахэкIащ. Ахэри гугъу ехьащ  адрей  Урысеймрэ Совет Союзымрэ иса  лъэпкъхэм я  гъусэу.  КIуэ, абы  и  щхьэусыгъуэр нэгъуэщIт».

Поделиться:

Читать также: