КъБР-м и Росгвардием иригъэкIуэкIащ ведомствэхэм зэдай зыгъэсэныгъэхэр

 

Зы IуэхущIапIэм ирашу адрейм щагъэIэпхъуэкIэ, хъумакIуэхэм яIэщIэкIыу щIэпхъуэжа бзаджащIэхэм  я лъагъуэм зэрытеувэ, ахэр къызэраубыдыж лэжьыгъэхэр къыщапщытэжащ Къэбэрдей-Балъкъэрым.

Ведомствэхэм зэдай зыгъэсэныгъэхэм хэтащ Росгвардием, ФСИН-м, МВД-м, КъБР-м Узыншагъэр хъумэнымкIэ министерствэм я лэжьакIуэхэр.
Зэрытраухуам хуэдэу, Прохладнэ гъущI гъуэгум и къэрэгъулым деж къыщелъэри, ягъэIэпхъуэ бзаджащIэхэм ящыщу цIыхухъуитI «щIэпхъуэжат». Арыххэуи, хабзэхъумэ IуэхущIапIэхэм я лэжьакIуэхэр теуващ абыхэм я лъагъуэм. Мыгувэу тIури яубыдри, тунакъэщым ирашэлIэжащ.
«Тутнакъым исхэр щыщIэпхъуэжам деж къызэгъэпэщын хуей лэжьыгъэр нэсу, хабзэм тету ягъэзэщIащ», - жиIащ ведомствэхэм зэдай зыгъэсэныгъэхэм и оперативнэ штабым и унафэщI Лыхь Аслъэн.

 

Фырэ Анфисэ.
Поделиться: