Нэрымылъагъу абрагъуэхэр

Астрофизикэ

ЩIэныгъэм къыщыунэху къэхутэныгъэ телыджэхэм тетхыхь Science Alert сайтым (Австралие) хъыбар зэрызэбгригъэхамкIэ, Шыхулъагъуэ (Млечный путь) галактикэм и кум хуэзэу япон астрономхэм къыщагъуэтащ алъандэрэ зыщымыгъуазэу щыта пкъыгъуэ абрагъуэ.

Астрофизикхэм гу лъатащ хьэршым гъуэз зэмылIэужьыгъуэу щызэхэувэ пшэ гуэрэнхэм ящыщу, Шыхулъагъуэ галактикэм и кум хуэзэу къыщылъагъуэхэм къызэрекIуэкIыпхъэу зэрызыщамыгъазэм. Еджагъэшхуэхэм зэрыхуагъэфащэмкIэ, ар и нэщэнэщ, блэкI псори, здэкIуар къахуэмыщIэу, «думпу» зэщIэзылъафэ, хьэлъагъ ин дыдэ зиIэ нэрымылъагъу «мащэ кIыфIхэм» («чёрная дыра») ящыщ зым, астрофизикхэр алъандэрэ зыщымыгъуазэу щытам, абдеж зэрызыщигъэпщкIуам.
Абы ипэкIэ, щIэныгъэлIхэр зыбжанэрэ кIэлъыплъащ Шыхулъагъуэ галактикэм и кум псынщIащэу щызэрызехьэ гъуэзыпшэхэм я зыгъэзэкIэм. Апхуэдэхэм ящыщ зыр, HCN-0.085-0.094 нагъыщэ зратар, Iыхьищу зэхэтщи, языхэзым адрейхэм нэхърэ нэхъ псынщIэжу зегъэкIэрахъуэ. Ар къызыхэкIыу къалъытэр, а Iыхьэр Iэмалыншэу «мащэ кIыфIым» зэрызыщIилъафэрщ.
Хьэршым зыщызыгъэпщкIу мыбы хуэдэ нэрымылъагъу пкъыгъуэ абрагъуэхэр, къашэч и лъэныкъуэкIэ, лIэужьыгъуэ зыбжанэу зэщхьэщедз. Абыхэм яхэтщ ди Дыгъэм нэхърэ 62-кIэ нэхъ хьэлъэ «цIыкIужьейхэри», ямылейуэ зэхэубарэ Дыгъэм хуэдэу минищэ бжыгъэ къэзышэчыфын «машэ кIыфIыжьхэри». Шыхулъагъуэм и кум «къыщалъэгъуар» курыт хьэлъагъ зиIэщ.

КЪУМАХУЭ Аслъэн.
Поделиться:

Читать также: