Бзэ мини 7-м лъабжьэ яхуэхъужа пасэреибзэхэр

ЩIэныгъэм зэрыжиIэмкIэ, цIыхур адрей псэущхьэхэм къазэрыщхьэщыкIыр зы закъуэщ - ар мэпсалъэ. НобэкIэ дунейм тетщ бзэ мини 7 зезыхьэ цIыху меларди 7,6-рэ. Дызэрыщыгъуазэщи, щыIэщ къэралыгъуэхэр, лъэпкъ щэ бжыгъэхэр щыпсэурэ, дэтхэнэ зыми езым и бзэрэ и хабзэрэ иIэжу. Гува-щIэхами цIыхур зыщIогупсысыкI: хэт и бзэр нэхъыжь, сыт хуэдэ лъэпкъ псори къызытехъукIыжар, сыт хуэдэбзэ япэ цIыхухэм яIурылъар, щхьэ бзэм зигуэша, дауэ къызэрыунэхуар бзэ мини 7-м щIигъур?

ЩIэныгъэлIхэм къызэрахутамкIэ, дунейм цIыхуу тетыр къызытехъукIар зы цIыху лъэпкъы­гъуэщ,­ бзэхэр къызытекIари зы бзэщ. ЗэрыгурыIуэгъуэщи, ар нобэрей бзэ зэхэлъыкIэми ухуэкIэми хуэдэу къулейтэкъым, атIэ къызэрыгуэкI макъ­хэмрэ псалъэ щхьэхуэхэмкIэ зэхэлът. Еджагъэш­хуэхэм зэрыжаIэмкIэ, япэ бзэр Мылылъэ лъэхъэнэм къыщыунэхуащ икIи Европэ Ипщэм щыпсэуа пасэрейхэр абы ирипсалъэу щытащ.
Илъэс мин 13 - 16 ипэкIэ щыIа а бзэм иужькIэ къытепщIыкIыжащ бзи 7 икIи ахэращ пасэрей евроазиат бзэ унагъуэм лъабжьэ хуэхъуахэри.
Сыт бзэм зихъуэжыным, зигуэшыным щхьэусыгъуэ хуэхъуар? Пасэрей цIыхухэр багъуэрт, я къэухьым зиужьырт, къэзыхъуреихь щIыналъэхэм я гъунэр къалъыхъуэурэ зекIуэ ежьэрти, цIыхум и лъэ здынэмыса щIыпIэщIэхэр къызэIуахыурэ абы щепсыхырт. Ауэрэ, нэм илъагъур къызэраIуэтэн псалъэщIэхэр къагъэщIыурэ, бзэми зиужьырт. КъызыхэкIа лъэпкъым пэIэщIэ хуэхъуа, зи бзэм зиужьа цIыхухэр лъэпкъыщIэу тIысыжырт, къызыхэкIами ягурымыIуэжу бзэми зихъуэжащ. Ноби долъагъу апхуэдэ зэхъуэкIыныгъэхэр.
Илъэс мин 16-м къриубыдэу бзэм зиужьын щигъэтакъым. Псалъэм папщIэ, щIэныгъэмрэ техникэмрэ ипэкIэ кIуэтэху, IэмэпсымэщIэ къэунэхуху, бзэми псалъэщIэ къыхохьэ. ИкIи илъэс 16-м ит ныбжьыщIэр зытепсэлъыхьыр зи ныбжьыр илъэс 80-м нэблэгъам къыщыгурымыIуэ щыIэщ.
ЗэрыхуагъэфащэмкIэ, илъэс мини 2 - 4 къэс бзэм зехъуэж, «зегъэкъабзэ», ауэ пасэрейхэмрэ нобэрейхэмрэ зэхуэдэу къагурыIуэ гуэрхэри къыхонэ. Рединг университетым бзэм ирилажьэ и щIэныгъэлIхэмрэ биологхэмрэ зэдрагъэкIуэкIа къэхутэныгъэхэм къызэрагъэлъэгъуамкIэ, зимыхъуэжу бзэм къыхонэ цIэпапщIэр, бжыгъэцIэр, наречиер. Апхуэдэу, илъэс мин бжыгъэ ипэкIэ пасэрей евроазиат бзэхэм зэхуэдэу къахэнат нобэми къэса «сэ», «дэ», «уэ», «лIы», «анэ», «хьэ» «хьэуэ», «мор», «къэхь», «хэт», «мобы», «сыт», «фэ», «жьы», «Iэ», «еIэ», «къарэ», «ежэх», «банэ» (хьэр мэбанэ), «яжьэ», жыхуиIэхэр. Мы псалъэхэм илъэс мин 12-15 я ныбжьщ! Ахэр хэтщ нобэрей адыгэбзэм, тыркубзэм, узбекыбзэм, куржыбзэм, финыбзэм, венгрыбзэм, нэгъуэщIхэми.
ЦIыхум и блэкIар едж зэпымычу икIи, ди лъэхъэнэм ипэжкIэ Iэбэри, илъэс мини 5 - 7 ипэкIэ псэуа лъэпкъыжьхэм я фэеплъхэр къитIэщIыжащ, а зэманым щыIа тхыбзэмкIэ тедза тхыгъэхэр къигъуэтыжащ. Абыхэм уариплъэжми, нэхъ жьы дыдэу бзи 7 къахощхьэхукI:
Дэтхэнэми теухуауэ щхьэхуэу…
Шумерхэм япэIуэкIэ зыгуэрым тхыбзэ иIауэ е бзэм теухуауэ Iэужь гуэр тхыдэм къыханауэ къахуэтIэщIакъым щIэныгъэлIхэм. Нэхъ жьы дыдэу къагъуэта бзэри тхыбзэри зейр шумерхэращ. Ахэр нобэрей Иракым и Iэшэлъашэм щыпсэуащ илъэс мини 6-кIэ узэIэбэкIыжмэ. Шумерхэм я тхыгъэхэр мывэм тебзауэ къыщагъуэтауэ щытащ Джемдет Наср щIыпIэм. Къыхэгъэщыпхъэщи, а пасэрей лъэпкъыжьым и бзэр нобэкIэ щыIэхэм языхэзми техуэркъым, шумерхэм ядэкIуэдыжауи хуагъэфащэ.
Аккадыбзэр илъэс мини 4800-кIэ узэIэбэкIыжмэ къэунэхуауэ хуагъэфащэ. Абы ирипсалъэу щытащ аккадхэмрэ пасэрей Месопотамием щыпсэуа лъэпкъхэмрэ. Апхуэдэ тхыгъэ мин бжыгъэхэр къатIэщIыжащ щIэныгъэлIхэм икIи ди лъэхъэнэм ипэкIэ 800 гъэхэм ирихьэлIэу бзэр кIуэдыжауэ къахутащ.
Мысырыбзэм ирипсалъэу щытащ пасэрей Мысырым щыпсэуа лъэпкъыжьыр. Ар афро-азиат бзэ унагъуэм щыщщ. МысырыбзэкIэ тхауэ нэхъ жьы дыдэу къагъуэтам илъэс мини 5400-рэ и ныбжьщ. Ар Сет-Перибсен фирхьэуным и мащэм къыщIахауэ щытащ. Ди лъэхъэнэм и 7-нэ лIэщIыгъуэ хъуху мысырыбзэм ирипсэлъащ цIыхур. Къэралыгъуэр муслъымэнхэм зыIэрагъэхьэу, фирхьэунхэм я тетыгъуэм кIэ игъуэта нэужь бзэми зихъуэжащ. Нобэрей мысырхэр зэрыпсалъэр хьэрыпыбзэщ, я адэжьхэм яIурылъа пасэрей бзэри ящIэжыркъым.
Пасэрей къалэшхуэ Эблэ (Сирием и КъухьэпIэм) илъэс 4400-рэ ипэкIэ щыпсэуа лъэпкъыжьыр ирипсалъэу щытащ эблаитыбзэм. АбыкIэ тедза тхыгъэ бжыгъэншэхэр къагъуэтыжауэ щыIэщ иджыпсту. ЗэрыжаIэмкIэ, эблаитыбзэр лъэпкъ зыбжанэм къызэдащтауэ (езым я бзэм къищынэмыщIа) ирипсалъэрт, абыкIэ зэгурыIуэрт, политикэ и лъэныкъуэкIи мыхьэнэшхуэ игъэзащIэрт. А бзэм и ныбжь зы бзэ гуэр тридзауи нобэ къахуэгъуэтыркъым.
Хьэтыбзэм илъэс мини 4,5-рэ и ныбжьу къахутащ. Къыхэгъэщыпхъэщ хьэтхэм тхыбзэ зэраIари, Хьэт къэралыгъуэм къыгухьа алыдж лъэпкъхэри, хы ФIыцIэ Iуфэм Iус лъэпкъ зыбжани хьэтыбзэм зэхуэдэу ирипсалъэу зэрыщытар. Нэхъ гъэщIэгъуэныжщ, иужьыIуэкIэ Хьэт къэралыгъуэр зэрыпхъуакIуэхэм яубыдами, хьэтыбзэр нэгъуэщIыбзэхэм хэшыпсыхьыжауэ хуагъэфащэми, нобэрей адыгэбзэр пасэрей хьэтыбзэм зэрытехуэр, хьэт псалъэхэр адыгэбзэкIэ зэрыпхузэпкърыхыр.
Алыджыбзэр нобэм къахьэса пасэрей бзэжьхэм ящыщщ. АлыджыбзэкIэ тхауэ нэхъ жьы дыдэу къагъуэта тхыгъэм илъэс 3400-рэ и ныбжьщ. ЛIэщIыгъуэ 34-рэ хъуауэ къэгъуэгурыкIуэми, нобэ ар я анэдэлъхубзэщ цIыху мелуан 13-м.
Китаибзэм и ныбжьщ илъэс 3100-рэ. Абы нобэкIэ иропсалъэ цIыху меларди 2! Абы иужькIэ къэунэхуа диалект зыбжанэ къыхэпшэхъуами, цIыху зы мелард иропсалъэ пасэрей китаибзэ къабзэм.
 

 

 

Фырэ Анфисэ.
Поделиться: