ЛIыхъужьхэм я блын

Хэку зауэшхуэр ди текIуэныгъэкIэ зэриухрэ илъэс 75-рэ зэрырикъум и щIыхькIэ къыхалъхьа «ЛIыхъужьхэм я блын» щIыналъэзэхуаку хэкупсэ проектыр дыгъуасэ Налшык къалэ щрагъэжьащ. Ар япэу къыщызэIуахащ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал мэкъумэш университетым.
ЗэIущIэм хэтащ КъБР-м цIыхухэр егъэджэнымкIэ, щIэныгъэмрэ щIалэгъуалэм я IуэхухэмкIэ и министрым и къалэнхэр зыгъэзащIэ Къумыкъу Iэуес, Граждан жылагъуэ институтхэм ядэлэжьэнымрэ лъэпкъ IуэхухэмкIэ и министр КIурашын Анзор, КъБКъМУ-м и ректор Апажэ Аслъэн сымэ, жылагъуэ зэгухьэныгъэхэм я лIыкIуэхэр, егъэджакIуэхэр, студентхэр. Апхуэдэу Iуэхум кърагъэблэгъат Урысейм и ЛIыхъужьхэу Алимов Владимир, Тулин Сергей, Корольков Аркадий сымэ.
Стендыр къыщызэIуахым къэпсэлъахэм къыхагъэщащ илъэс 75-рэ дэкIами зауэм къытхуихьа гузэвэгъуэмрэ, лъэпкъым къытрилъхьа удынымрэ иджыри зэрымыгъущар, нобэ дызыхэпсэукI дуней дахэр къытхуэзызэуа ди лIыхъужьхэм я цIэхэр тщыгъупщэ зэрымыхъунур, зауэ-банэ къэмыхъун папщIэ къыдэкIуэтей щIэблэр абыхэм я щапхъэм щIэпIыкIын зэрыхуейр.
Блыным щыболъагъу студентхэм зэхуахьэса хэкум папщIэ зи псэр зыта я нэхъыжьыфIхэм, благъэ-Iыхьлыхэм я сурэту щэм нэс. Къызэхуэсахэр зауэм хэкIуэдахэм папщIэ дакъикъэкIэ щыгъуэри, удз гъэгъахэр стендым деж тралъхьащ. Акцэм хэтхэр адэкIэ ирагъэблэгъащ а Iуэхум папщIэ ягъэхьэзыра концертым еплъыну.
КъыжыIапхъэщ мы проектыр Президентым и фондым и дэIэпыкъуныгъэкIэ зэрырагъэкIуэкIыр, гъунэгъу щIыналъэхэри акцэм къызэрыхыхьэнур. Мамыр гъащIэм папщIэ зи псэр зыта ди хэкуэгъухэм я цIэхэр къыдэкIуэтей щIэблэм ящымыгъэгъупщэн хуэдэу иджыри зэIущIэ зэмылIэужьыгъуэхэр щрагъэкIуэкIыну загъэхьэзыр КъБКъМУ-м.
 

 

ХЬЭРЭДУРЭ Аллэ.
Поделиться: