Iэщэхэр къытрах

КъБР-м щыIэ МВД-м къет

Хабзэм къемызэгъыу Iэщэ, абы и шэхэмрэ къагъауэ пкъыгъуэхэмрэ зэрагъэкIуэныр къэмыгъэхъун мурадкIэ мазаем и 10-м щIидзауэ Къэбэрдей-Балъкъэрым щокIуэкI «Iэщэ» фIэщыгъэр зиIэ Iуэхугъуэ.

Урысей МВД-м Тэрч щIыналъэм щиIэ къудамэм и лэжьакIуэхэм Росгвардием и щIыналъэ управленэм и «Эльбрус» СОБР-р я щIэгъэкъуэну, хуитыныгъэ яIэу Дей къуажэм щыпсэу, илъэс 40 зи ныбжь цIыхухъум и лъапсэр щыщIащыкIым къагъуэтащ фоч, щакIуэ фочым и пкъыгъуэ, кIэрахъуэ, гранатэ, пIатIрон зэмылIэужьыгъуэу 40-м щIигъу.
ИрагъэкIуэкIа экспертизэм къызэригъэлъэгъуамкIэ, къытрахахэр тэмэмщ икIи гъэуэным хуокIуэ.
 Бысымым зэрыжиIамкIэ, Iэщэмрэ пIатIронхэмрэ мыпсэуж и адэм ейщ, гарнатэр езым къигъуэтащ, ауэ ар къыщигъуэта зэманымрэ щIыпIэмрэ къигъэлъэгъуакъым.
Нэхъапэм, зэреупщIамкIэ пцIы зэриупсам къыхэкIыу уголовнэ жэуапым ирашэлIа цIыхухъум жиIар пэжмэ, зэхагъэкI.
Абы теуха уголовнэ Iуэху къаIэтащ УФ-м и Уголовнэ кодексым и 222-нэ статьям и I-нэ Iыхьэм (Iэщэр, абы и пкъыгъуэхэр, шэхэр хабзэм къемызэгъыу зыIэрыгъэхьэн, нэгъуэщIым етын, хъумэн, гъэIэпхъуэн е зехьэн) ипкъ иткIэ.
*   *   *
Урысей МВД-м Дзэлыкъуэ щIыналъэм щиIэ къудамэм и лэжьакIуэхэм щIащыкIащ ЕтIэкъуэ къуажэм щыпсэу, нэхъапэм суд зытращIыхьауэ щыта цIыхухъум и лъап­сэр.
Iуэхур щрагъэкIукIым ящIыгъу хьэ гъэсам полицейхэр хуишащ пкIэунэм икIи абы къыщагъуэтащ калибр цIыкIу зиIэ фоч.
Экспертизэм къызэригъэлъэгъуамкIэ, къытраха Iэщэр щакIуэ фоч IэрыщIщ, гъэуэным хуокIуэ.
Унэр зейм зэрыжиIамкIэ, пкIэунэм къыщагъуэтар ейщ 2010 гъэм дунейм ехыжа и щыкъу адэм.
 Уголовнэ Iуэху къаIэтащ УФ-м и Уголовнэ кодексым и 222-нэ статьям и 1-нэ Iыхьэм (Iэщэр, абы и пкъыгъуэхэр, шэхэр хабзэм къемызэгъыу зыIэрыгъэхьэн, нэгъуэщIым етын, хъумэн, гъэIэпхъуэн е зехьэн), статья 223-м и 1-нэ Iыхьэм (хабзэншагъэу Iэщэ щIын) ипкъ иткIэ.
 

 

Дыгулыбгъу Жантинэ.
Поделиться:

Читать также:

19.04.2024 - 16:42 ГъэпцIакIуэр яубыдащ
19.04.2024 - 16:40 Налог щIыхуэшхуэ
19.04.2024 - 16:36 Зыкъамыту хэкIуэдащ
19.04.2024 - 16:26 Щыуагъэм щахъумэу