ЕджакIуэ ныбжьыщIэхэр я хьэщIащ

КъБР-м щыIэ УФСИН-м и «Вулкан» къудамэ хэхам (ОСН) лIыгъэм и дерс щрагъэкIуэкIащ Налшык къалэ и гимназие №14-м щеджэхэм папщIэ.

Iуэхум кърихьэлIащ «Вулкан» ОСН-м и лэжьакIуэхэр, КъБР-м и уголовнэ-гъэзэщIакIуэ IэнатIэм и ветеранхэр, гимназие № 14-м и 7-нэ «Е» классым щеджэхэр. ЛIыгъэм и дерсыр хуэгъэпсат Хэку зауэшхуэм ТекIуэныгъэ Иныр къызэрыщытхьрэ илъэс 75-рэ зэрырикъум, къытщIэхъуэ щIэблэр Хэкур фIыуэ ялъагъуу, хабзэ яхэлъу гъэсэным.
 Гимназием и еджакIуэхэм ягъэлъэгъуащ 115-нэ Къэбэрдей-Балъкъэр шу дивизэр къызэрызэрагъэпэщамрэ щIыхь зыпылъ и зауэ гъуэгуанэмрэ ятеухуа театр теплъэгъуэ. Сабийхэр тепсэлъыхьащ 1942 гъэм и гъэмахуэм Дон псым и ижьырабгъу Iуфэм деж щекIуэкIа зэхэуэ гуащIэхэм: «115-нэ шу дивизэм къалэну къыхуагъэуват сыхьэтиплIкIэ нэхъ мыхъуми бийр зэтраIыгъэну. Къэбэрдей-Балъкъэрым и къуэ хахуэхэм псэемыблэжу щIыпIэр яхъумащ а зэманым». Абдежым ди лъахэгъу куэдым я псэр щатащ». Сабийхэм ягъэлъэгъуащ жаIэхэм щыхьэт техъуэ архив тхылъхэмрэ сурэтхэмрэ.
ЕджакIуэхэм къызэхуэсахэм я нэгу къыщIагъэувэжащ а зэхэуэ гуащIэхэм хэлъа гущIэгъуншагъэр. Абыхэм къыхагъэщхьэхукIащ ди лъахэгъухэм зихуэдэ щымыIэ хахуагъэ къызэрагъэлъэгъуар, езыхэр къимыкIуэту зэрыхэкIуэдар. А зэма­ным щыIа щытыкIэ гугъур зыхуэдар къаIуэтэн папщIэ къеджащ усэхэм, къызэхуэсахэм зауэ зэпэщIэтыныгъэхэр ще­кIуэкIа щIыпIэхэр я нэгу къыщIагъэхьэу. ЕджакIуэхэм зэщIыгъуу жаIащ совет сэлэтым теухуа уэрэдыр. ИужькIэ ягъэзэщIащ КIыщокъуэ Алим и «Нал къута» романым щыщ теплъэгъуэ цIыкIу.
УФСИН-м и гуп хэхам и лэжьакIуэхэр тепсэлъыхьащ я къудамэм и тхыдэм, ягъэзащIэ къалэнхэм, апхуэдэуи ОСН-м и лэжьакIуэхэм пщIэрэ щIыхьрэ пылъу я къалэнхэр «щIыпIэ пщтырхэм» зэрыщагъэзэщIам. Ветеранхэр ныбжьыщIэхэм ядэгуэшащ я къулыкъум теухуа я гукъэкIыжхэмкIэ, тепсэлъыхьащ УИС-м и лэжьакIуэхэм ябгъэдэлъын хуей фIагъхэм. «Вулкан» гуп хэхам и зауэлIхэм хьэщIэхэм ирагъэлъэгъуащ IэщэкIэ зэщIэузэда щIэпхъаджащIэхэм я удынхэм зэрызыщахъумэну Iэмал къызэрыгуэкIхэр.
ЗэIущIэр щиухым ныбжьыщIэхэм ящIыгъуа егъэджакIуэхэм гимназие №14-м и еджакIуэхэмрэ егъэджакIуэхэмрэ къабгъэдэкIыу фIыщIэ хуащIащ УИС-м и ветеранхэмрэ УФСИН-м и гуп хэхам и зауэлIхэмрэ къыдрагъэкIуэкIа псалъэмакъ гъэщIэгъуэным папщIэ. ЖаIащ адэкIи я зэхуэзэм къыпащэну зэрыщыгугъыр, апхуэдэ зэхыхьэхэм къытщIэхъуэ щIэблэм лIыгъэ, хабзэ, зауэм и ветеранхэм пщIэ хуэщIыныр халъхьэри.
Iуэхум и кIэухыу еджакIуэхэм ОСН-м и зауэлIхэмрэ УИС-м и ветеранхэмрэ ящIыгъуу сурэтхэр зэтрагъэхащ.     
 

КъБР-м щыIэ УФСИН-м и пресс-IуэхущIапIэ.
Поделиться: