ДыщэкIхэ я пхъурылъху Гордюшенкэ Астемыр

Урысей Федерацэм футболымкIэ и премьер-лигэм ехъулIэныгъэшхуэхэр щиIэу щыджэгу Мэзкуу и ЦСКА-м и щIалэгъуалэ гупым къыщыхэжаныкIахэм сащыхэплъэм, илъэсиплI-тху ипэкIэ си нэм къыфIэнащ «Астемыр» адыгэцIэ дыдэр зиIэ гъуащхьэхъумэныкъуэм. Зэрихьэ Гордюшенкэ унэцIэм ар хуэгъэкIуэгъуейт. Нэхъ сыщIэупщIэIуэри, къэсщIащ ДыщэкIхэ зэрапхъурылъхур.

 «Сэ Къэбэрдей-Балъкъэрым и къалащхьэм сыкъыщалъхуащ, - дыкъыщоджэ зэIущIэхэм ящыщ зым и пэ къихуэу ЦСКА-м къыдигъэкIа тхылъ цIыкIур зыгъэхьэзырахэм Астемыр ядригъэкIуэкIа интервьюм. - Си анэ ФатIими абы щыщщ, си адэ Александр Волгоград къалэм дунейм къыщытехьащ. 2007 гъэ пщIондэ псори Налшык дыщыпсэуащ, итIанэ Мэзкуу дыкъэIэпхъуащ, хуабжьу сыдэзыхьэха футболымкIэ гъуэгу нэхъ згъуэтын папщIэ».
«Спартак-Налшыкыр» премьер-лигэм япэу щыхыхьа 2006 гъэм ди республикэм и щIыпIэ куэдым къыщызэIуахыу хуежьащ сабийхэр топджэгум щыхуагъасэ еджапIэхэр. ЩымащIэтэкъым ахэр, дауи, Къэбэрдей-Балъкъэрым и къалащхьэми. Апхуэдэхэм ящыщ зыращ Гордюшенкэ Астемыр футболым япэ лъэбакъуэхэр щыхичар. Ар фIыуэ къызэрехъулIэр зылъэгъуа и адэ-анэр тегушхуэри, илъэсипщI фIэкIа мыхъуа я къуэр къыздащтэри, Мэзкуу Iэпхъуащ. ПсэкIэ зыхащIат ар абы и натIэ зэрыхъунур.
Къэралым и къалащхьэм къызэрысу, футбол школ нэхъыфIхэр къалъыхъуэу хуежьащ. АрщхьэкIэ псэупIэ ящIа щIыпIэм нэхъ пэгъунэгъуу щыIэ, Мэзкуу и Iэгъуэблагъэм ит Реутовэ и «Приалит»-м Астемыр иратащ.
Нэрылъагъут мыбы и зыгъэсэныгъэхэр Налшык щыIахэм куэдкIэ къазэрыщхьэщыкIыр. Зыхэхуа гупым хэзэгъэн папщIэ япэщIыкIэ Астемыр хуабжьу гугъу ехьащ. Апхуэдэу щытми, адыгэлъ зыщIэт щIалэщIэр къикIуэтакъым икIи зэман кIэщIым къриубыдэу пашэхэм ящыщ зы хъуащ.
И ныбжьыр илъэс пщыкIуплIым нэсыхукIэ Гордюшенкэ Астемыр Реутовэ и «Приалит»-м зыщигъэсащ. Ар Iэзагъым и япэ лъэбакъуэт. Футболист нэс хъун папщIэ иджы адэкIэ зиужьын хуейт. Апхуэдэ Iэмал къезытыфынур премьер-лигэм и командэхэм я ныбжьыщIэ гупхэм ящыщ зырат.
- Си насып къикIри, ЦСКА профессионал футбол клубым и сабий-ныбжьыщIэ спорт школым къыщызэплъыну къысхукъуэкIащ, - игу къегъэкIыж Астемыр. - А Iуэхугъуэм апхуэдизкIэ сигъэпIейтеяти, си щхьэр уназэрт, си лъакъуэхэр щIишэрт. Дауи, сыкъикIуэтыж хъунут икIи, Реутовэ къэзгъэзэжу, абы щызиIэ хъуа тепщэныгъэм сриуэркъыу адэкIи езгъэкIуэкIыфынут. АрщхьэкIэ топджэгум хузиIэ лъагъуныгъэр текIуащ. Апхуэдэу 2011 гъэм Мэзкуу и ЦСКА командэ цIэрыIуэм сыхыхьащ.
Астемыр и япэ тренер хъуащ Первушин Денис. ИужькIэ ар и нэIэ щIэхуащ хуабжьу футболист лъэрызехьэу щыта Боков Максим. Абыхэм япсыхьащ Гордюшенкэ и Iэзагъыр икIи къэралпсо утыку кърашащ.
ЦСКА-м и ныбжьыщIэхэмрэ щIалэгъуалэмрэ яхэту Астик (арат къызэреджэр командэм къыщыдэджэгухэр) зэхьэзэхуэ гъэщIэгъуэн куэдым зыкъыщигъэлъэгъуащ икIи текIуэныгъэ Iэджи зыIэригъэхьащ. И ныбжьыр илъэс пщыкIуийм щIигъуа къудейуэ арат Гордюшенкэ балигъхэми ядэхъуну къыщалъытам. Абы ирихьэлIэу щIалэгъуалэ гупым хэту иригъэкIуэкIа зэIущIэ 75-м топ 26-рэ я хьэрхуэрэгъухэм щахудигъэкIат.
2016 гъэм фокIадэм (сентябрым) и 4-м Мэзкуу Iэтауэ къыщызэIуахырт ЦСКА-м и «ВЭБ Арена» стадионыщIэр. Зыкъом щIауэ зыпэплъа гуфIэгъуэ иныр ирагъэбжьыфIэну зэныбжьэгъугъэ зэIущIэ драгъэкIуэкIынут хуабжьу тхыдэ къулей икIи хьэлэмэт зиIэ щIыпIэ «Торпедо»-м. Япэ дыдэу ЦСКА-м и балигъ командэм и щIыхьыр ихъумэну абы дзыхь къыщыхуащIащ Гордюшенкэ Астемыр. Кърагъэза дзыхьыр а щIалэщIэм игъэпэжа къудейкъым, атIэ тхыдэм занщIэу хыхьащ - джэгум и 43-нэ дакъикъэм дигъэкIа топыр япэ дыдэу къыщыщIэкIащ ЦСКА-м и стадионыщIэм! Ар хуабжьу щIыхьышхуэт.
Япэ зэIущIэм къыщыщIэдзауэ зыкIи къакIэрымыхуу икIи джэгур къимыгъэтIасхъэу Астемыр яхэзэгъат къэрал зэмылIэужьыгъуэхэм я командэ къыхэхахэм екIуу зыкъыщызыгъэлъагъуэ Березуцкэ зэкъуэшхэр, Игнашевичыр, Вернблум, Натхъуэр, Головин, Траоре сымэ, нэгъуэщI футболист лъэщ дыдэхэр зыхэт гупым. Уеблэмэ, ахэр къызэринэкIри, езыр япэу джэгум къыщыхэжаныкIат. А махуэм зыпэщIэта Мэзкуу и «Торпедо»-ми ар игу ихуакъым - зэман дэкIри, я щIыхьыр ихъумэну ирагъэблэгъащ.
ТхьэмахуитI блэкIри, Урысей Федерацэм футболымкIэ и кубокыр къэхьынымкIэ зэхьэзэхуэм ЦСКА-м и фащэр щыгъыу япэу утыку къихьащ икIи зэIущIэм и кIыхьагъкIэ жыджэращ. Астемыр тезыгъэгушхуэ нэхъыжьхэм яхэтт гупым и пашэхэм ящыщ Натхъуэ Бибрэсрэ. Я анэдэлъхубзэр зэрызэтехуэм и фIыгъэкIэ а щIалитIыр джэгупIэ губгъуэм, адрейхэм къагурымыIуэу, щызэрыщIэт икIи щызэдэIэпыкъужырт.
Зэныбжьэгъугъэ зэIущIэмрэ кубокым ехьэлIа зэпеуэмрэ хъарзынэу зыкъызэрыщигъэлъэгъуар къилъытэри, ЦСКА-м и тренер нэхъыщхьэ Слуцкий Леонид Гордюшенкэ Астемыр чемпионатми зыкъыщигъэлъэгъуэну Iэмал иритащ. Ар къыщыхъуар жэпуэгъуэм (октябрым) и пэщIэдзэращ. Абы щыгъуэм ЦСКА-м и хьэрхуэрэгъут «Ростов»-р.
2016 гъэр зыхуэугъурла ди щIалэщIэр абдежми къыщызэтеувыIакъым: жэпуэгъуэм и 18-м ар япэу утыку къыщихьащ футболист псори зыщIэхъуэпс Европэм и Чемпионхэм я лигэм хыхьэ зэIущIэм. ЦСКА-р «Монако»-м щыдэджэгум абы ихъуэжащ серб гъуащхьэхъумэныкъуэ цIэрыIуэ Тошич Зоран.
- ДжэгупIэ губгъуэм сыщиткIэ сэ зэи сыкъигъэдзыхэркъым си пащхьэ къиувам нэхъапэм хузэфIэкIахэмрэ нобэ и лъэщагъымрэ: дэ абы псори дыщызэхуэдэщ, - жеIэ Астемыр, балигъхэм зэрахэзэгъа щIыкIэм щытепсэлъыхькIэ. - СынэхъыщIэти, сынэхъ IэмащIэ-лъэмащIэти жыпIэу угупсысэну зэмани Iэмали щыIэкъым: топым дэни щыщIэбэнын, уи хьэрхуэрэгъум уефIэкIын хуейуэ аращ. Апхуэдэу ущымытмэ, псынщIэу лъэныкъуэ урагъэзынущ.
ЦСКА-м лъэ быдэкIэ хыхьа щIалэщIэм, дауи, гу къылъамытэнкIэ Iэмал иIэтэкъым. Ар ирагъэблэгъащ зи ныбжьыр илъэс пщыкIубгъу иримыкъуахэр щыджэгу Урысей Федерацэм и командэ къыхэхам.
Испанием и «Барселона»-м и спорт академиер къиухыу Натхъуэ Амир ЦСКА-м къыщыхыхьам Астемыр дэрэжэгъуэшхуэ игъуэтащ. Ахэр, дауи, псынщIэу зэныбжьэгъу хъуащ икIи сыт и лъэныкъуэкIи зыр адрейм дэIэпыкъурт. Шынэхъыжьым хуэдэу абыхэм къащхьэщытт футбол гъащIэр нэсу зыгъэва Натхъуэ Бибрэс. А щыр зэгъусэу «Уфа»-м щыдэджэгуа зэIущIэр Астемыр IэфIу игу къинащ. Ди жагъуэ зэрыхъущи, апхуэдэу куэдрэ къэхъуакъым.
КъыкIэлъыкIуа илъэситIми дигъэгуфIащ Гордюшенкэ Астемыр. ЦСКА-м дэщIыгъуу абы зыкъыщигъэлъагъуэрт Урысей Федерацэм и чемпионатми, къэралым и кубокыр къэхьынымкIэ зэхьэзэхуэми, Чемпионхэм я лигэми, Европэм и лигэми, нэгъуэщI зэпеуэ инхэми. ЕхъулIэныгъэшхуэхэри, и ныбжьым емылъытауэ, иIащ. Къапщтэмэ, 2016/2017, 2017/2018 гъэхэм я зэхьэзэхуэхэм премьер-лигэм етIуанэ увыпIэр къызэрыщахьам папщIэ дыжьын медалхэр къратащ, 2018 гъэм Урысейм и Суперкубокыр зыIэригъэхьащ. И гукъыдэжыр нэхъри къиIэтырт и гъусэу Натхъуэ Бибрэсрэ Амиррэ зы гупым зэрыхэтым.
Гордюшенкэ Астемыр и зыужьыныгъэр къызэтригъэувыIащ хуабжьу къыщыгугъыу утыку изыша ЦСКА-м и тренер нэхъыщхьэ Слуцкий Леонид и лэжьапIэр зэрихъуэжам. Абы и пIэ ирагъэувам и Iуэху бгъэдыхьэкIэр нэгъуэщIу къыщIэкIащ икIи ди лъахэгъур хуэм-хуэмурэ иригъэкIуэтэкIащ. Апхуэдэу щыхъум, нэгъабэ и пэщIэдзэм, ар бэджэнду иратащ япэ дивизионым къыщыкIэрыхухэм ящыщ «Тюмень»-м.
Абыи хъарзынэу щригъэжьауэ икIи къыхэжаныкIыну хунэсауэ, псори къызэтекъутащ: «Тамбов»-м щыдэджэгум и блыпкъыр ирагъэпкIащ. Операцэ ямыщIу хъуакъым икIи и футбол Iуэхухэр къызэтеувыIащ.  
- Иджыпсту сыхъужыпащ, Налшык зыщызогъэпсэху, - къыджиIащ Астемыр ИлъэсыщIэм и пэ къихуэу. - Бэджэнд зэгурыIуэныгъэр иухати, бжьыхьэм ЦСКА-м згъэзэжауэ, нобэр къыздэсым и щIалэгъуалэ гупым дэщIыгъуу зызгъэсащ, зэныбжьэгъугъэ зэIущIэхэм сыхэтащ.
ИлъэсыщIэр Гордюшенкэ къыщыщIидзащ ЦСКА-м и «ВЭБ Арена»-р къыщызэIуахым топ зыхудигъэкIауэ щыта Мэзкуу и «Торпедо»-м. ДызыхуэкIуэ илъэситIрэ ныкъуэм хэтыну абыхэм зэгурыIуэныгъэ зэращIылIащ.
«ЦСКА-м фIыщIэ хузощI. ФIыщIэ яхузощI тренерхэм, клубым и лэжьакIуэхэм, къыздэджэгуахэм - телевизоркIэ фIэкIа Чемпионхэм я лигэр зымылъэгъуа Налшык щыщ щIалэ цIыкIум абы и бжэр къысхузэIузыха дэтхэнэ зыми, - щитхащ Гордюшенкэ Астемыр Инстаграмым щиIэ напэкIуэцIым. - А псор сэ зэи сщыгъупщэнукъым икIи си гум IэфIу илъынущ. ЦСКА-м футболышхуэм и бжэр къысхузэIуихащ, ауэ и чэзу хъуащ сэри си лъагъуэ срикIуэжыну. Насып Тхьэм къывит, премьер-лигэм икIэщIыпIэкIэ дыщызэхуэзэну сыхуейщ!»
Астемыр зи гугъу ищIа и хъуэпсапIэр жыжьэжкъым. Ар зыхыхьа Мэзкуу и «Торпедо»-р япэ дивизионым щыпашэхэм ящыщ зыщ икIи премьер-лигэм кIуэну ерыщу хущIокъу. АбыкIэ дэIэпыкъуэгъу нэс хъуну щогугъ ди лъахэгъу щIалэм икIи къызэримыгъэщIэхъунум и щыхьэтщ гупыщIэм хэту мызэ-мытIэу къыхэжаныкIыну зэрыхузэфIэкIар.
Топджэгум зэрыхэтым къыдэкIуэу Астемыр щIэныгъи зрегъэгъуэт. Ар и студентщ Мэзкуу дэт егъэджакIуэхэр щагъэхьэзыр университетым.
ДыщэкIхэ я пхъурылъху Гордюшенкэ Астемыр мазэ дэкIмэ, гъатхэпэм и 30-м, и ныбжьыр илъэс 23-рэ ирикъуну аращ. ЩIалэ дыдэми ар Урысей Федерацэм тIэунейрэ и вице-чемпионщ, къэралым и Суперкубокыр зыIэщIэлъщ, Европэм и стадион инхэм зыкъыщызыгъэлъэгъуащ, спортым и мастерщ. Абы щыгъуэми, дяпэкIэщ и зэфIэкI нэсыр ипэжыпIэкIэ къыщыунэхунур, утыку къыщрихьэнур. Тхьэм къыхузэпищэ!


Джэгум хыхьэным и пэ къихуэу тренер нэхъыщхьэ Слуцкий Леонид егъэIущ.


Къыщхьэщыжыну хьэзыру Натхъуэ Бибрэс и щIыбагъым къыдэтт.


Я хьэрхуэрэгъу нэхъыщхьэ «Спартак»-м топитI яхудигъэкIащ.

Астемыр къыхожаныкI.


Иджы «Торпедо»-м и футболистщ.

ЖЫЛАСЭ Заурбэч.
Поделиться: