Мэрем пшыхь

Фэ фыщымыIамэ…
Бзылъхугъэхэм яхуэгъэза гурылъ IэфIыпсхэр

Iуэхур щекIуэкIыр Бзылъхугъэхэм я махуэ дахэу мартым и 8-м шэджагъуэ нэужьхэм дежщ. Пэж дыдэу, къызыщывгъэхъут а махуэрауэ. Къызыщывгъэхъуа? НтIэ, аращи, Iуэхур щекIуэкIыр пщэфIапIэ инышхуэ гуэрщ… Гуэгушыр мавэ. Джэдхэр мажьэ. Лыбжьэри дагъэр нэрынэ-нэрынэу щхьэщыту мэлыбжьэри хьэкум тетщ…
Хъурымэбжьэрымейр къызыщIих пщэфIапIэшхуэм кIэпхын зырыз яIулъу цIыхухъу куэдыкIей щызэрызохьэ: зым тхьэв епщ, адрейм еху, ещанэм зэпеупщI, еплIанэм хьэлэмэтыщэу зэхеIуантIэ, дагъэм хедзэри, а дакъикъэм тхъурыжьышхуэхэр къэуцэрэфыжауэ къыхедзыж. МодэкIэ, и пащIэкIитI пщIэнтIэпс къыпыткIуу, зы лIы тхъуэплъышхуэ бэлагъкIэ мэлъащэри плIанэпэм дэтщ. АдэкIэ псоми зэдэтцIыху, игъащIэкIэ апхуэдэ зыхуумыгъэфэщэн зызыгъэбжьыныху гуэр бжьыныху еубри къыдэсщ. АдкIэжкIэ мэрэмэжьейм вагъэсеплъ трихыу а зэдэтщIэжьыр шкаф къуагъым къуэсщ…
Сытми, жыпIэнуракъэ, зэрызехьэшхуэщ, гуфIэгъуэшхуэщ, махуэшхуэщ…
Ей, мы цIыхухъухэри мы цIыхухъухэр! Хэт къигъэщIами гумащIащэу къигъэщIат ахэр. Фи фIэщ хъуркъэ? Мыхъумэ, бжьэ зырыз яIэщIэту цIыхубзхэм япежьа мо цIыхухъу къомым жаIэм федаIуэ:
ФIыуэ тлъагъу ди цIыхубзхэ! Ди анэхэ. Ди шыпхъухэ. Ди псэгъухэ. Ди къэшэнхэ. Дэ дыхуейт цIыхухъуу дунейм тетым къабгъэдэкI псалъэ гуапэкIэ зыфхуэдгъэзэну. Фи махуэшхуэм теухуа мы ди хъуэхъур гуапагъэ хэлъу фэ къыфхужаIэ, иджыри къыфхужаIэну псом я зы налъэщ. Фэ фыщагъэлъапIэ хъунур мартым хиубыдэ махуэ закъуэракъым. Дэ ди гум IэфIу фхуилъыр псалъэ тщIыуэ дынывэхъуэхъуну дыхуежьамэ, а мартри, а мартыр зыхиубыдэж илъэсым и махуэ псори къыдэмэщIэкIынкIэ хъунут. Аращи, фи фэ зэтплъ мы гъатхэ махуэм дэ хъуэхъукIэ чэзууэрэ зыфхудогъазэ.
Ди анэхэ! Сыт тхуэщIэнут фэ фыдимыIамэ, фи жьауэм дыщIэту гъащIэ гъуэгум дытевмышамэ? Фэ фи Iэ щабэмрэ фи гу щабэмрэ я зэхуакум дэ ди гъащIэм и пкъыр щызэрыубыдащ, ди мурадхэм зыщаужьащ, ди гугъэ нэхъыфIхэм дащылъэIэсащ. Фэращ дэ ди ехъулIэныгъэ псом я гъуазэр: жьыщхьэ махуэ фыхъу, ди анэхэ!
Ди шыпхъухэ! Зэгуэр дыкъызэрылъэтыкIа абгъуэу ди адэжь и унэм дыщыхуэзэшым деж, фэ занщIэу ди нэгум фыкъыщIоувэ. ЦIыхухэри бзум хуэдэщ: зы абгъуэм къихъукIахэм, я дамэхэр зэрыжэпхъыу, заIэт зэбгролъэтыкIри, абгъуэ щхьэхуэхэр яухуэ. Аращ гъащIэм и хабзэри, а хабзэм цIыхухэр ебэкъуэфынукъым. Ауэ ди шыпхъу гумащIэхэр дапщэщи фыкъытлъоIэс, фи дамэхэр къытщIывогъакъуэ, фигухэмкIэ дывогъэхуабэ: фыпсэу, ди шыпхъухэ!
Ди псэгъухэ! Феплъыт зэрыдахащэ а дызэрывэджэ псалъэр: ди псэгъухэ! Ар ауэ сытми дэ къэдгупсыса псалъэкъым. Псэ къызэрыгуэкIитI зэхэплъхьэу зы псэ инышхуэ пщIы хъууэ къыщагупсыса зэман лъандэрэ къекIуэкI псалъэщ ар. Дунейм теткъым дэ фэр папщIэ дызыщысхь, ди гум къыщыщIэдзарэ… ди улахуэм щыщIэтIыкIыжауэ! АрщхьэкIэ фэ апхуэдизкIэ фыжумартщ, фыгущIэгъулыщи, дыффIэгуэныхь хъууэрэ, ди гум фи гур дэщIыгъуу къыдывотыж, ди улахуэм фи улахуэм щыщ гуэрхэр хэзэрыхьауэ къыщыфIэщIэдгъэкIыжыфи къохъу… Фэр мыхъуамэ, дэ дышыдыгу шэрхъыншэти, дыаркъэншэ ефакIуэт, дыбохъшэ ахъшэншэти, дысондэджэрыншэ бэзэрт… Зы уэрэд дахэ цIыкIу гуэри щыIэщ мыдэ, фэ дигу фыкъызэрыридзэу къыхэддзэрэ жытIэу: «ФыщымыIамэ, фыщымыIамэ-э-э»… Узижэгъуэн и махуэт фэ фыщымыIамэ, дэ къытщыщIынур: тхьэщIэнри, жьыщIэнри, лъэсэнри, пхъэнкIэнри, пщэфIэнри… А-а-у-уей, фыщыIэ, ди псэгъухэ! ФыщыIэ! ФыщымыIэн лъэпкъи къыхэвмыгъэкI! Фемыжьэж! ФыщIэмыпхуъэж! Унэ зэхэтхъуам ди закъуэу дыкъыщIэвмынэ! Дэ фэрыншэу дыпсэуфынукъым, дызекIуэфынукъым, дыбэуэфынукъым, кIэрытIоф жьэрыкуей къудей тхуэщIынукъым. ГущIэгъу къытхуэфщIи, фыщыIэ ди деж! Абы къыпэкIуэу дэ фхуэтщIэну псом фыщIэмыупщIэ, ауэ нобэкIэ IыхьэхэмыIуу, иджырей адыгэбзэкIэ жыпIэмэ, - авансу, дынывохъуэхъу: насып натIэ фыхъу, ди псэгъухэ!
Ди къэшэнхэ! Гува-щIэхами дэ фэ фыкъэтшэнущ, ауэ усакIуэ гуэрым зэрыжиIащи, «апхуэдизу фIыщэу фыдолъагъури, даже фыкъэтшэну дыныфщосхь».
Дыщосхь фи дахагъэм. Дыщосхь фи къабзагъэм. Дыщосхь фи щIалагъэм. Фэ дунейр фогъэбжьыфIэ, фогъэдахэ, щхъуэкIэплъыкIэ фощI. НтIэ, дэ фызэбгрытхыу дытIысыжмэ, дауэ хъуну мы дунейр? Гуэныхькъэ хущхьэрэ щатэу, нэкIи гукIи фэ фыкъалъыхъуэу уэрам нэщIыжьхэм къыдэднэну къомыр. Хьэуэ, мы гъатхэ махуэшхуэм апхуэдэу дайгуауэ хъунукъым дэ гуащIэрыпсэухэм. Дахагъэр – ар езыр псоми ди зэхуэдэ хъугъуэфIыгъуэщ. КъызыбгъэдэкIыр къатепхыфми, а хъугъуэфIыгъуэр псоми къахуэнэнущ… Фытет дунейм, а фи дахагъэмкIэ псори къэвгъэнэхуу, фи теплъэ къудеймкIэ цIыхухэм я псэр вгъэгуфIэу, мы дунейм и бжэIум къыIуува гъатхэм фыдэщIэращIэу! Дэ фыкъыдогъэгугъэ бжьыхьэр къызэрысу дигухэмрэ ди лэгъунэхэмрэ я IункIыбзэIух къомыр къэгъази-нэзати щымыIэу фэтту, апхуэдизу фызыщIэхъуэпсрэ къыфщIэхъуэпсыжу езыхьэкI фи гуащэхэм факъедгъэцIыхуну… Дэ фытIэщIамыхмэ, а ди псалъэр зэрызэщIэнум шэч къытедмыхьэжуи вжыдоIэ: лIыфI натIэ фыхъу, ди къэшэнхэ!
ЦIыхубзхэ! Къэхъунур фщIэрэт фэ фыщымыIамэ? Фэ фыщымыIамэ, дэ, цIыхухъухэр, дыщыIэнутэкъым. Фыубынрэ фызытепсэлъыхьынрэ фимыIамэ, дыкъэфщIэнт итIанэ, цIыхубзхэ! Аращи, дыкъэфхъумэ, зыдвгъэхъумэ, дызэрывгъэхъумэ!
IутIыж Борис.

Ущие зыхэлъ тхыгъэхэр
ЦIыхубз псоми я щэхур

Еуэри, зы уэркъыжь гуэрым къуищ иIэт. Щыри фызкъэмышэт. «ЦIыхубзхэр зыхуеймрэ зыщIэхъуэпсымрэ къэзыхутэм си мылъкур зэрыщыту къыхуэзгъэнэнущ», - жиIащ адэм.
ЩIалэхэр ежьащ цIыхубзыр зыхуейм и жэуап къагъуэтыну. Мазэ бжыгъэкIэ къакIухьауэ, щIалэ нэхъыщIэр мэзым щIэту уд фызыжь ирихьэлIащ. ЩIалэр игъэхьэщIащ, игъэшхащ, иужьым къеупщIащ:
- Сыт уэркъ щауэм уи закъуэ мэзым щыпщIэр? - жиIэри.
ЩIалэр къыщIежьар хуиIуэтащ удым.
- Уэ пщIэрэ, ди анэ, цIыхубзхэр зыхуейр?
- СощIэ! - и нэр къилыдыкIащ.
- КхъыIэ, къызжеIэ! - лъэIуащ щIалэ къуданыр.
- БжесIэнщ, ауэ абы щхьэкIэ щхьэгъусэу сыкъэпшэнущ.
Щауэр гупсысэри, арэзы хъуащ.
- ЦIыхубзхэр щIохъуэпс езыхэр зэрыхуейм хуэдэу псори сыт щыгъуи щытыну.
- ГурыIуэгъуэщ. АтIэ, сэ сежьэжынщ, мыпхуэдэ махуэм фызышэр къыпкIэлъыкIуэнущи, хьэзыру щыс, - жиIэри, щIалэр шэсыжащ.
ЩIалэм ихьа жэуапым уэркъыжьыр арэзы ищIати, и пщыгъуэри и мылъкури и къуэ нэхъыщIэм къритащ, фызышэри удым кIэлъигъэкIуащ. НысащIэр къыщашам щIалэр къэуIэбжьат, абы нэхърэ нэхъ дахэ дунейм темыт жыхуаIэм хуэдэу тхьэIухуд хъуати. Псоми ягъэщIагъуэрт щауэм щхьэгъусэу къыхуашам и дахагъэр. ХьэгъуэлIыгъуэр зэфIэкIри, щауэр лэгъунэм щIыхьэжащ. НысащIэр уд хъужауэ къежьэу щыст.
- Иджы сэ зы упщIэ уэстынущи, къызэдаIуэ, -жиIащ удым. - Хэдэ, ухуеймэ нобэ сыкъызэрыплъэгъуам хуэдэу дахэу игъащIэ псокIэ сыщытынщ, ухуеймэ уду сыкъэнэнщ.
- Уэ узэрыхуейм хуэдэу щIы! - жэуап итащ щIалэм.
- ЦIыхубзхэр дызыхуейр къыбгурыIуащи, дахэ сыхъужынщ, - жиIащ жи удым.

Пщащэ губзыгъэ

Куэд дэкIащ мыр къызэрыхъурэ. Зы къуажэ гуэрым хуабжьу къулейуэ пщы дэст. Зэрыкъулейм хуэдэуи ар бзаджэт. Зыгуэр хиубыдыкIамэ, абы и нэфI къызэрихьыжын щыIэтэкъым. ЦIыху куэд текIуэдащ пщым и губжьым.
Апхуэдэу хиубыдыкIат и унэIутыр - жьы дыдэ ­хъуа лIыжь цIыкIур. Еуэри, пщыр зекIуэ къикIыжащ зыри къемыхъулIауэ.
Хабзэ зэрыхъуати, къуажэм дэсу хъуар къыпежьэт пщыр зекIуэ къыщыкIуэжкIэ. Къыпежьащ и унэIутри. Пщыр къызэрымыкIуэу къытехьат, здежьар къызэремыхъулIам щхьэкIэ. И губжьыр зытрикъутэн къилъыхъуэрт. Абы япэу къыпэщIэхуар унэIут тхьэмыщкIэрати, жриIащ.
- Уи сэр фIыуэ гъэжани, пщэдей мо мывэ плъагъум и фэр теупсыкI!
Сыт ищIэжынт тхьэмыщкIэм? И щхьэр ирихьэхри и унэ кIуэжащ нэщхъей дыдэу. Унэм къыщежьэрт набдзэ зытелъым я нэхъ дахэ ипхъу закъуэр. ЗанщIэу хъыджэбзым къыгурыIуащ и адэм и Iуэхур зытетыр.
- Сыт, щхьэ унэщхъей, си адэ? - къеупщIащ хъыджэбзыр.
ЛIыжьым жриIэжащ и пхъум пщым къыхуищIа унафэр.
- Умыгужьей, си адэ. Иджыпсту гъуэлъыжи жей, тщIэнум пщэдджыжь дегупсысынщи, Iэмал иIэххэу щытмэ, зыгуэр тщIэнщ.
Жэщ псом и напIэр зэтрилъхьакъым лIыжьым. Нэху зэрыщу пэшым къыщIыхьащ и пхъур икIи къыхуишиящ сэ жан дыдэ.
- КIуэ, си адэ, пщым и дежи жеIэ: «Пщыуэ щыIэм я нэхъ Iущ, уи унафэр згъэзэщIэну сыхьэзырщ. Ауэ, зэрыпщIэщи, псэум, зэрыпсэууэ и фэр трахыркъым. Мывэр фIэбгъэжу щытмэ, занщIэу и фэр тесхынущ».
Ежьащ лIыжьыр и пщым деж. УнэIутым хуащIа унафэ гъэщIэгъуэныр зэригъэзэщIэнум еплъыну къуажэдэсхэр къызэхуэсащ. Пщым щхьэщэ хуищIри, абы къригъэжьащ:
- Пщыуэ щыIэм я нэхъ Iущ, уи унафэр згъэзэщIэну сыхьэзырщ. Ауэ, зэрыпщIэщи, псэум, зэрыпсэууэ и фэр трахыркъым. Мывэр фIэбгъэжу щытмэ, занщIэу и фэр тесхынущ.
Пщым игу ирихьащ жэуап Iущыр икIи къыпыгуфIыкIащ. ЗэрыгуфIэуи и губжьри кIуэдыжащ.
- Хэт а жэуап Iущыр къыбжезыIар? - щIэупщIащ пщыр.
- Си пхъуращ, - жиIащ лIыжьым.
Пщым унафэ ищIащ хъыджэбзыр кърагъэблэгъэну. Пщащэ тхьэIухудыр къызэрилъагъум хуэдэу дихьэхри, щхьэгъусэ ищIащ.

ГушыIэхэр
СызэрыщыIэр къищIэнщ

ЦIыхухэм ауан къригъэщIын мурадкIэ Дизыкъуажэ фIыуэ къэзымылъагъу гуэрым хъыбар игъэIуащ ар къуажэпщым и пхъум лъыхъу хуэдэу.
Хъыбарыр къуажэ псом щызэлъащIысащ. Ар псоми зэхахауэ Дизыкъуажэ къыщищIэм:
- Псоми щызэхахакIэ, езы пщым и пхъум дежи хъыбарыр нэсащ, куэду фIыщ. НэгъуэщI мыхъуми, пщым ипхъу тхьэIухудым ищIэнщ сэри сызэрыщыIэр, - жиIащ абы.

ДыIэпхъуэркъэ?

Хъуэжэ мылъкуу иIэр зэщIакъуауэ, дыгъуакIуэхэр дэкIыжу щилъагъум, и тепIэнщIэлъын тIэкIур къищтэри якIэлъыкIуащ.
Ар дыгъуакIуэхэм щалъэщIыхьэм:
- Дэнэ укъикIа? сыт укъыщIыткIэлъыкIуэр? – жаIэри къеупщIащ.
- ДыздэвгъэIэпхъуэм сынокIуэ, - зыфIимыгъэIуэхуу жэуап итащ Хъуэжэ.
- Дэнэ? Дауэ? Сыт щхьэкIэ? – щIэупщIащ мыдрейхэр.
- Сэ сыткIэ сщIэн, фэ фымыщIэмэ? Фэракъэ дызыгъэIэпхъуэр? - жиIэу хьэпшыпхэмкIэ и Iэр ишийуэ уващ Хъуэжэ.
Жылау Нурбий.

Мыкъуэжь Анатолэ
Дзыхь

ГъащIэр ехь
И быным тегужьеикIауэ:
Жьыр къепщамэ,
ФIощI ирихьэжьэн.
Къытехъуам уэлбанэ,
Унэм ар щIэкIауэ,
Псыдзэм ихьын фIэщIу
Ныпежьэнщ.

Химыгъэхьэ жэщым,
Химыгъэхьэ щIыIэм -
ФIощIыр псоми
Зыгуэр къращIэн…
Дыгъэ закъуэрщ анэм
Дзыхь зыхуищIу щыIэр:
А тIум зэщхьщи аращ
Я хьэл-щэн.

ГъущIо Зариф

*   *   *
ФIыуэ ущIэслъагъур
Щхьэусыгъуэншэ фIыгъуэщ.
Гугъэм гур егъэнщIри,
ГъащIэ псор накъыгъэщ.
Уэр мыхъуамэ гъащIэр
ДыгъэкIэ щIэращIэу,
ЩIылъэм си махуэщIэр
Дауэ щесхьэкIынт?
ГущIэр зэщIэплъащIэу
УкъысхуэмыкIуамэ,
Шэху уэздыгъэу сыткIуу
ГъащIэр жэщ сфIэщIынт…
Сытри сфIэмащIэщ, -
ЩIылъэри, гъуэгу кIыхьри,
ПщIыхьри, жэщ лъэрымыхьри
НапIэзыпIэ хейщ.
Лейщ сыт хуэдэ псалъи,
ЗэщIигъаплъэу гущIэр,
Лъагъуныгъэ къабзэм
Куэду сэ сыхуейщ.
Елъытауэ уи нэм
Уэгур зы IэпапIэу,
Жэщми чэнжрэ фаджэу
ЦIыхухэм я фIэщ сщIынщ.
Зэ къыщIэплъи си нэм,
ПыгуфIыкI нэщхъыфIэу, -
Дуней псо сыухуэнщи,
Уи цIэри фIэсщынщ…

Бещтокъуэ Хьэбас

Си дахэкIей

Уджыр къыбогъажьэ,
Сигу и щэху къозгъащIэу,
Нэр зыхуэзгъэплъыз, си дахэкIей.
Жэщыр хэкIуэтами,
Мазэр хэкIуэдакъым,
Вагъуэ нитIкIэ зэ къысхудэплъей.

Пшынэ Iэпэр лъаIуэу,
Пшынэ гъуагъуэр щатэу,
Уи Iэм хуэжыIэщIэу къыдолъей.
Си нэм укъеплъакIуэу,
Сигу илъ псор къэпщIатэм,
Си псэр псэхужынт, си дахэкIей.

Хышхуэ лъагъуныгъэр
Къэукъубияуэ
Си гур, кхъуафэжьейуэ, кърехуэкI.
Дуней сызытетыр
Схуэмыгъэбэяууэ,
Уэ сызэрыпщыщIэр къызеIуэкI.

Уджыр уогъэкIащхъэ,
Си гур зи гъэр пщащэм
Къыпхуэзэш плIанэпэм уогъэзэж.
 Уи Iэр соутIыпщыжыр,
 Соплъми - умыжыжьэ,
Ауэ шэчыгъуейуэ согъэзэш.

 

Зыгъэхьэзырар ЩхьэщэмыщI Изэщ.
Поделиться:

Читать также:

27.03.2024 - 15:00 НОБЭ
26.03.2024 - 08:01 НОБЭ
25.03.2024 - 12:07 НОБЭ
22.03.2024 - 15:54 Псым и махуэ