Мэздэгу Адыгэ Хасэм и лIэщIыгъуэ плIанэ

«Мэздэгу адыгэхэм я зэгухьэныгъэ» лъэпкъ-щэнхабзэ обществэр къы­зэрызэрагъэпэщрэ илъэс 25-рэ зэрырикъур Iэтауэ щагъэлъэпIащ Мэздэгу къалэм дэт ЩэнхабзэмкIэ уардэунэм. Къэбэрдей-Балъкъэрымрэ Осетие Ищ­хъэрэ - Аланиемрэ зэгъусэу къызэ­рагъэпэща пшы­хьыр гуимыхужу зэхашат.

Мэздэгу адыгэхэм я гурыфIы­гъуэмрэ дэрэжэгъуэмрэ гъуни нэзи имыIэу ап­хуэдэт. Осетинхэм яхэс ди лъэпкъэгъу­хэм КъБР-м и Iэтащхьэхэм къабгъэ­дэкIыу захуигъэзащ КъБР-м и Парламентым и УнафэщIым и къуэ­дзэ ­Къардэн Мурат, Осетие Ищхъэрэ - Аланием лъэпкъ зэхущытыкIэхэмкIэ и министр Цуциев Аслъэн, Мэздэгу райо­ным и администрацэм и унафэщI Гугиев Геннадий, Курской район администрацэм  и Iэтащ­хьэм и къуэдзэ Сидоренкэ Оксанэ, Дунейпсо Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ Сэхъурокъуэ Хьэутий, Къэбэрдей Адыгэ Хасэм     и тхьэмадэ ХьэфIыцIэ Мухьэмэд, Урысейм ис адыгэхэм я лъэпкъ щэнхабзэ ав­тоно­мием и унафэщI Уэхъутэ Алек­сандр, Шэрджэс Адыгэ Ха­сэм и тхьэмадэ Аслъэн Алий сымэ, нэ­гъуэщI­хэми.
Пшыхьыр ягъэдэхащ «Кабардинка» къэ­рал къэфакIуэ академическэ ансамблым, «Бзэрабзэ» гупым, уэрэджыIакIуэхэу ЦокIыл Азэмэт, Хьэкъул Оксанэ, ХьэбытIэ Вячеслав, Дау­р Эдуард, Секинаевэ Альбинэ сымэ, нэгъуэщIхэми.

 

НэщIэпыджэ Замирэ.
Поделиться: