ЦIыхухэм яIуощIэ

«Урысей зэкъуэт» партым и Бахъ­сэн район щIыпIэ къудамэм цIы­хухэм щаIущIащ УФ-м и Президентыр Федеральнэ Зэхуэсым Зэры­зыхуигъэза Iуэхухэм хыхьэу, бын зыпI унагъуэхэм защIэгъэкъуэнымкIэ къигъэлъэгъуа IэмалыщIэхэм щахутепсэлъыхьыну.

ЗэIущIэм хэтащ «Урысей зэкъуэт» партым и Бахъсэн район щIыпIэ къудамэм и секретарым и къуэдзэ Iэхъуэбэч Андзор, КъБР-м и Пенсэ фондым и управленэу Бахъсэн щIыналъэм щыIэм и унафэщI Къумыкъу Iэминат, Бахъсэн районым социальнэ льготэхэмрэ ахъшэхэмрэ зыт и къудамэм и унафэщI Шэшэн Нажмудин, «Урысей зэкъуэт» партым и Бахъсэн щIыпIэ къудамэм и гъэзэщIакIуэ секретарь Къуэшы Ларэ. Ахэр яIущIащ бын куэд зыпI, Къубэ-Табэ, Зеикъуэ, Ислъэмей, Къулъкъужын Ипщэ къуа­жэхэм щыщ унагъуитхум.
Къызэхуэсахэр тепсэлъыхьащ псэупIэ-коммунальнэ IэнатIэм хухах субсидиер къазэрыIэрыхьэнум, зи ныбжьыр илъэси 3-7-м нэс сабийхэм папщIэ зэуэ ират ахъшэр къызэрыдахыну дэфтэрхэм, унагъуэ хуэмыщIахэмрэ бын куэд зыпIхэмрэ къэралыр зэрадэIэпыкъу Iэмалхэм, нэгъуэщIхэми.
Iэхъуэбэч Андзор щхьэхуэу къытеувыIащ къэралым унагъуэхэм зэрызащIигъакъуэм теухуауэ законодательствэм халъхьа зэхъуэкIыныгъэхэм. «Урысейм и Президентым Федеральнэ Зэхуэсым Зэрызыхуигъэзам нэхъыщхьэ дыдэу къыхигъэщахэм ящыщщ унагъуэхэм ядэIэпыкъуныр. Дэ ди къалэнщ а Iэмалхэр ди щIыналъэм щыпсэухэм едгъэщIэну», - жиIащ абы.
 Къумыкъу Iэминат къыхигъэщащ УФ-м и Президентым Зэрызыхуигъазэм къыщыгъэлъэгъуахэр зэман гъунэгъум ягъэзэщIэн зэрыщIадзэнур. ДяпэкIэ унагъуэхэм япэу къахэхъуа сабийм папщIэ къэралым сом мин 466-рэ иритынущ, етIуанэм щхьэкIэ - сом мин 616-рэ.
Къызэхуэсахэм къыхагъэщащ зэIущIэ щхьэпэ зэрырагъэкIуэкIар, мыхьэнэшхуэ зиIэ Iуэхум къазэрыхутепсэлъыхьар.

 

Улымбащ Лерэ, Бахъсэн районым и щIыпIэ администрацэм и пресс-IуэхущIапIэ.
Поделиться: