Мэзыхьэ Резуан и дыжьын медалыр

 

 Мазаем и 20 - 24-хэм  Биелинэ къалэм (Босниемрэ Герцеговинэмрэ) щекIуэкIащ цIы­хухъухэм боксымкIэ я дунейпсо Euro Cup2020 зэхьэзэхуэ. Абы хэтащ къэрал 18-м я спортсмен 210-рэ.

Урысейм и командэ хэхам хэтащ Къэбэрдей-­Балъкъэрым и лIыкIуэ - Урысей МВД-м и «Бахъсэн» къудамэм и IэщIагъэлI къэрал кIуэцI къулыкъум и лейтенант нэхъыщIэ Мэзыхьэ Резуан. Абы ещанэ увыпIэр къыщихьащ килограмм 81-рэ хьэлъагъым нэсхэр зыхэта зэпеуэм икIи жэз медалыр и ехъулIэныгъэхэм къыхэхъуащ.
 
 

Бахъсэн Азэмэт.
Поделиться: