Дахуэзэшами, дазэрыщыгугъыщэ щымыIэу

Урысей Федерацэм футболымкIэ и етIуанэ дивизионым и «Ипщэ» гупым 2019 - 2020 гъэхэм щызэхэт зэхьэзэхуэм щэбэт къакIуэ, гъатхэпэм и 14-м, щIедзэж. Дахуэзэшами, дазэрыщыгугъыщэ щымыIэу ди щIалэхэр абы хохьэж, зэпеуэр зэпагъэун ипэкIэ здэщыта епщыкIузанэ увыпIэм дэрэжэгъуэшхуэ къыдимыту.

ЗэрытщIэжщи, зэхьэзэхуэм и нэгъабэрей Iыхьэр «Спартак-Налшыкым» ди гур хигъэщIауэ иухащ. ЩэкIуэгъуэм (ноябрым) и 3-м Владикавказ щыIэу абы и «Алания»-р 8:0-у къазэрытекIуар ди гъунэгъухэм куэдрэ къыдахъуэныжыну Iуэхугъуэ напэтехщ. Тхьэмахуэ дэкIри, къахуеблэгъа Новороссийск и «Черноморец»-ри 2:0-у къефIэкIащ, топ нэхъыбэжи къыхудагъэкIыфыну щытауэ. Иужь дыдэ джэгугъуэращ гупсэхугъуэ мащIэу щыдгъуэтар, Краснодар къалэм щыIэу абы и ещанэ футбол гупыр хагъэщIа иужькIэ. АрщхьэкIэ а Iуэхугъуэми ущIригуфIэщэн щыIэкъым, зэхьэзэхуэм къыщыкIэрыху дыдэхэм я хьэрхуэрэгъуар зэрыщыщым къыхэкIыу.
А псори я напщIэм телъу «Спартак-Налшыкым» и футболистхэмрэ гъэсакIуэхэмрэ зэхьэзэхуэм и етIуанэ Iыхьэм щIымахуэм зыхуагъэхьэзыращ. Абы и ещанэ, кIэух, лъэхъэнэр Къэбэрдей-Балъкъэрым и къалащхьэм щызэхэтащ. Мазаем (февралым) и 21-м щыщIэдзауэ иригъэкIуэкIа зыгъэсэныгъэм «Спартак-Налшыкым» нэхъ тегъэщIапIэ щищIар гупым хэтхэм джэгупIэ губгъуэм щаIэну зэгурыIуэныгъэр егъэфIэкIуэнырщ. Абы папщIэ зэныбжьэгъугъэ зэIущIэ зыбжанэ къызэригъэпэщащ.
Япэхэр мазаем и 27-м Налшык и «ДыгъафIэ къалэ» сабий академием и стадионым щызэхэтащ. Зым иухым адрейм щIидзэу, сыхьэт 11-мрэ 13-мрэ, ди щIалэхэр Мэхъэчкъалэ и «Анжи»-м тIэунейрэ дэджэгуащ. Дауи, хэтахэри гупитIу ягуэшат – щIэзыдзэжыну урысейпсо зэхьэзэхуэм нэхъ зыщыгугъхэмрэ ахэр зыхъуэжыну зыхуагъэфащэхэмрэ. Япэм «Спартак-Налшыкым» и щIыхьыр щахъумащ Щоджэным, КIэдыкIуейм, Ольмезовым, Белоусовым, Сындыкум, Хьэшырым, Клышэ, Дэхъум, Iэпщацэм, Машэжьым, Бацэм. ЕтIуанэм дагъыстэнхэм щапэщIэтащ Къардэныр (Къумыкъур, 60), Запалацкэр, Шумахуэр, Молэмусэр, Дзэмыхьыр, Салахетдиновыр, Торосян, Уэрэзейр, Апажэр (Iэщыныр, 46), Ашур, ХъутIэр.
Футболист 50-м щIигъу лъэныкъуитIымкIи къыщрихьэлIэу псори зэхэту сыхьэтищкIэ екIуэкIа зэныбжьэгъугъэ зэIущIэхэр бжыгъэр къызэIуамыхауэ иухащ. «Спартак-Налшыкми» щIэзыдзэжыну зэхьэзэхуэм иужь дыдэ увыпIэр щызыIыгъ «Анжи»-ми яхузэфIэкIакъым зым и гъуэм адрейм зы топ нэхъ мыхъуми дигъэкIыну.
КъыкIэлъыкIуэ зэныбжьэгъугъэ зэIущIэр ди командэм дригъэкIуэкIащ Орехово-Зуевэ и «Знамя труда»-м. Ахэр щызэхуэзэнур Налшыкми Нартсанэми (Кисловодскми) зыкъомрэ яхутеухуакъым. ИкIэм-икIэжым Къэбэрдей-Балъкъэрым и къалащхьэр къыхахащ.
Урысей Федерацэм футболымкIэ и етIуанэ дивизионым и «КъухьэпIэ» гупым щыджэгу Орехово-Зуевэ и «Знамя труда» командэм гъатхэпэм и 4-м дригъэкIуэкIа зэныбжьэгъугъэ зэIущIэмкIэ «Спартак-Налшыкым» иухащ 2019 - 2020 гъэхэм щыIэ зэхьэзэхуэм зыхуэгъэхьэзырыныр.
Мэзкуу пэгъунэгъуу щыIэ Орехово-Зуевэ къалэм 1909 гъэм къыщызэрагъэпэща «Знамя труда» командэр ди къэралым щынэхъыжь дыдэхэм ящыщ зыщ. АрщхьэкIэ нобэкIэ абы и щытыкIэр дыдейхэм къазэрыщхьэщыкI щIагъуэ щыIэкъым: зыхэт Урысей Федерацэм футболымкIэ и етIуанэ дивизионым и «КъухьэпIэ» гупым епщыкIутIанэ увыпIэр (пщыкIуплIым ящыщу) щиIыгъыу 2019 - 2020 гъэхэм я зэхьэзэхуэр зэпагъэуащ, ирагъэкIуэкIа зэIущIэ пщыкIублым щэ фIэкIа щытемыкIуауэ. Евгъэпщэфын папщIэ: «Спартак-Налшыкыр» епщыкIузанэ увыпIэм щытщ, и хьэрхуэрэгъухэр плIэ къудейрэ хигъэщIауэ. Гъатхэпэм и 4-м екIуэкIа зэныбжьэгъугъэ зэIущIэми къигъэлъэгъуащ зэпэщIэувахэр я къарукIэ зэрызэщхьэщымыкIыщэр.
Республикэ «Спартак» стадионым зыщагъасэ и губгъуэм къихьа командэхэм иужьу Iэмал ягъуэтыжауэ арат щэбэт къакIуэ щIэзыдзэжыну къэралпсо зэхьэзэхуэм зэрыхуэхьэзырыр, иджыри къэскIэ зэлэжьахэр къазэрехъулIар къапщытэжыну. Ди жагъуэ зэрыхъунщи, я узыншагъэм и щытыкIэм тегузэвыхьри, «Спартак-Налшыкым» и тренерхэм абы хагъэхьатэкъым гупым и пашэхэу Сындыку Темыркъан, Машэжь Ратмир, Бацэ Къантемыр сымэ. КъищынэмыщIауэ, зи гугъу тщIы зэIущIэр щекIуэкIым фэбжь зэмылIэужьыгъуэхэр ягъуэтри, джэгун ямыухыу абы къыхэкIыжын хуей хъуащ Дэхъу Ислъамрэ Апажэ Чэримри. Дыщыгугъынщ, зэхьэзэхуэр щызэхаублэжым ирихьэлIэу ди командэм и дохутырхэм ахэр къызэфIагъэувэжыфыну.
Орехово-Зуевэ къикIахэм хуабжьу жыджэру зэныбжьэгъугъэ зэIущIэр щIадзащ. «Спартак-Налшыкым» и гъуащхьэтет Щоджэн Борис япэ дакъикъэхэм тIэунейрэ ди командэр къригъэлын хуей хъуащ. КъалъыкъуэкIа шынагъуэхэм зэкъуигъэувэжа налшыкдэсхэм адэкIэ тепщэныгъэр джэгупIэ губгъуэм щызыIэрагъэхьащ икIи зэIущIэр иухыхукIэ бэлэрыгъыжакъым. Абыхэм я ебгъэрыкIуэныгъэхэр лъэщт икIи удэзыхьэт. АрщхьэкIэ «Знамя труда»-м и гъуэр зэрыхагъэщIэфар зэ закъуэщ. 69-нэ дакъикъэм Дэхъу Ислъам штрафнойр щигъэзащIэм, топыр Iэзэу къыхитащ. Ар къигъэсэбэпри, ебгъэрыкIуэхэм яхыхьа ди гъуащхьэхъумэ Ольмезов Артур «Спартак-Налшыкым» текIуэныгъэр къыхуэзыхьа топ закъуэр хьэщIэхэм яхудигъэкIащ, абы и гъусэу езыри гъуэм дыхьэу.
Къэнэжа зэманым лъэныкъуэхэм гугъу зрагъэхьыщакъым. Ахэр нэхъыбэу зыхущIэкъуар зыщIадзэж зэхьэзэхуэм и пэ къихуэу фэбжь нэхъ мащIэ къызэрахьынырщ.
«Спартак-Налшыкым» хэту а махуэм «Знамя труда»-м дэджэгуахэщ гъуащхьэтет Щоджэныр, гъуащхьэхъумэхэу КIэдыкIуейр, Ольмезовыр, Белоусовыр, Запалацкэр (ар Дзэмыхьым 50-нэ дакъикъэм ихъуэжащ), гъуащхьэхъумэныкъуэхэу Шаваевыр, Дэхъур (Iэщыныр, 85), Iэпщацэр, гъуащхьауэхэу Хьэшырыр, Ашур, ХъутIэр (Апажэр, 64; Лъэпщыр, 75). Дауи, ахэращ ди тренерхэм зэхьэзэхуэм нэхъыбэу тегъэщIапIэ щащIынур. Я фэбжьхэр ягъэхъужмэ, шэч хэмылъу гупыр ягъэлъэщыжынущ Бацэм, Машэжьым, Сындыкум. Псом хуэмыдэу ди командэр хуэныкъуэнущ гъуащхьауэхэм, иужь зэныбжьэгъугъэ зэIущIэхэм я хьэрхуэрэгъухэм я гъуэр хэгъэщIэгъуей зэрыхъуар къэплъытэмэ.
Аращи, гъатхэпэм и 14-м сыхьэт 14-м «Спартак-Налшыкым» зэхьэзэхуэм щыщIедзэж Урысей Федерацэм футболымкIэ и етIуанэ дивизионым и «Ипщэ» гупым. Абы занщIэу къригъэблэгъэнущ зэпеуэм бжьыпэр щызыIыгъ Астрахань и «Волгарь»-р. МазиплIым нэблэгъауэ къэралпсо зэхьэзэхуэм ди щIалэхэр зэрыхэмытам дызэрыхуэзэшамрэ япэ къекIуэкIыгъуэм я хьэрхуэрэгъухэм 0:6-уэ къызэрыхагъэщIам хуэфэщэн жэуап зэретыжыпхъэмрэ къэплъытэмэ, щэбэт къакIуэ зэIущIэ удэзыхьэх къытпоплъэ.
Урысей Федерацэм футболымкIэ и етIуанэ дивизионым и «Ипщэ» гупым 2019 - 2020 гъэхэм щекIуэкI зэхьэзэхуэм и етIуанэ Iыхьэм «Спартак-Налшыкым» щIедзэж щIэуэ футболистиплI хагъэхьауэ. Ахэр ди республикэм я спорт школхэм я гъэсэнхэу нэхъапэм Черкесск и «Интер»-м хэта гъуащхьэхъумэ Шумахуэ Заур, гъуащхьэхъумэныкъуэхэу Уэрэзей Ислъамрэ Торосян Севадэрэ, гъуащхьауэ ХъутIэ Анзор сымэщ. Дыщыгугъынщ, щытыкIэ гугъум къикIыу налшыкдэсхэр дяпэкIэ къэралпсо зэхьэзэхуэм хуэфэщэну хэтыну, зыужьыныгъэм и гъуэгум адэкIэ теувэжыну.
Иджы фыщыдгъэгъуэзэнщ Урысей Федерацэм и етIуанэ дивизионым и «Ипщэ» гуп гъатхэпэм щекIуэкIыну зэIущIэ псоми. Мис ахэр:

ЕпщыкIубгъуанэ джэгугъуэ
Гъатхэпэм и 14
(щэбэт)
«Алания» (Владикавказ) - «Краснодар-3» (Краснодар)
«Спартак-Налшык» (Налшык) - «Волгарь» (Астрахань)  
«Легион Динамо» (Мэхъэчкъалэ) – «Мэшыкъуэ-КМВ» (Псыхуабэ)
 СКА (Дон Iус Ростов) - «Мэхъэчкъалэ» (Мэхъэчкъалэ)
«Биолог-Новокубанск» (Прогресс) - «Динамо-Ставрополь» (Ставрополь)
«Урожай» (Краснодар) - «Интер» (Черкесск)
 «Дружба» (Мейкъуапэ) - «Спартак-Владикавказ» (Владикавказ)
Гъатхэпэм и 15
(тхьэмахуэ)
  «Анжи» (Мэхъэчкъалэ) - «Черноморец» (Новороссийск)
ЕтIощIанэ джэгугъуэ
Гъатхэпэм и 21
(щэбэт)
«Мэшыкъуэ-КМВ» - «Спартак-Налшык»
 «Волгарь» - «Алания»   
 «Краснодар-3» - «Черноморец»
«Спартак-Владикавказ» - «Урожай»
 «Интер» - «Биолог-Новокубанск»
«Динамо-Ставрополь» - СКА
«Мэхъэчкъалэ» - «Легион Динамо»
«Дружба» – «Анжи»
ТIощIрэ езанэ джэгугъуэ
Гъатхэпэм и 28
(тхьэмахуэ)
«Анжи» - «Краснодар-3»
«Черноморец» - «Волгарь»
«Алания» - «Мэшыкъуэ-КМВ»
«Спартак-Налшык» - «Мэхъэчкъалэ»
 «Легион Динамо» - «Динамо-Ставрополь»
СКА - «Интер»
 «Биолог-Новокубанск» - «Спартак-Владикавказ»
 «Урожай» – «Дружба»

 

 

 

 

 

 

 

 

 

 

 

 

 

 

 

 

 

 

 

 

 

 

Жыласэ Заурбэч. НэщIэпыджэ Замирэщ.
Поделиться:

Читать также: