Сабий поликлиникэхэр IэмэпсымэкIэ къызэрагъэпэщ

 

КъБР-м узыншагъэр хъумэнымкIэ и IэнатIэм сабийхэм я узыншагъэм щыкIэлъыплъ и IуэхущIапIэхэм сом мелуан 76-рэ и уасэ иджырей диагностикэ Iэмэпсымэхэр къаIэрыхьащ. Ахэр къащэхуащ сабий поликлиникэхэм, медицинэ IуэхущIапIэхэм сабийхэм щеIэзэ я IэнатIэхэм я мылъку-техникэ лъабжьэр егъэфIэкIуэным хуэгъэпса федеральнэ программэм ипкъ иткIэ. Абы текIуэдэну мылъкур къыхэкIащ Урысей Федерацэм и Правительствэм и гъэтIылъыгъэ фондымрэ республикэ бюджетымрэ.

Медицинэ Iэмэпсымэу 50 къащэхуащ. Абы хэтщ УЗИ-аппаратхэр, абыхэм сымаджэщхэм къыщагъэсэбэпхэри къепхьэкI хъухэри яхэту, анализ зэращI, нэ, кIуэцI узыфэхэр къызэрахутэхэр, нэгъуэщI куэди. Iэмэпсымэхэр къыздепхьэкIи мэхъу, абы и фIыгъэкIэ сабийхэм я узыншагъэр унэми къыщапщытэфынущ.

Налшык къалэ дэт сабий поликлиникэ №1-м Iэмэпсымэхэм я лэжьэкIэр щагъэунэхуащ. «КъытIэрыхьа медицинэ оборудованэхэм Iэмал къыдат къэпщытэныгъэ зэмылIэужьыгъуэ куэд едгъэкIуэкIынымкIэ, узыр зыхуэдэр тэмэму къэтхутэнымкIэ. Псом хуэмыдэу дыщыгуфIыкIащ тэмакъым, пэм, тхьэкIумэм, нэм епха узыфэхэр къызэращIэ Iэмэпсымэхэм», - жиIащ поликлиникэм и дохутыр нэхъыщхьэ Къэшэж Мадинэ.
КъБР-м узыншагъэр хъумэнымкIэ и министр Хъубий Марат медицинэмкIэ сабий IуэхущIапIэхэм яIэрыхьа Iэмэпсымэхэр зригъэлъэгъуащ. «Программэр илъэсищым тещIыхьащ. Япэу зыIэрыдгъэхьащ узыр зыхуэдэр къызэрахутэ Iэмэпсымэхэр, абы и фIыгъэкIэ сымаджэм и щытыкIэр зыхуэдэр нэхъ псынщIэу къахуэщIэнущ. ЕтIанэгъи Iуэхум къыпытщэнущ», - жиIащ министрым.

Тхьэхущынэ Ланэ.
Поделиться: