Хэхэс тхакIуэ телъыджэ

Гёнен къалэм дэт Омер Сейфеддин и фэеплъым деж щытщ ХьэфIыцIэ Мухьэмэдрэ Тыркум щыщ абы и ныбжьэгъухэмрэ.
Сурэтыр  Къарей Элинэ  трихащ. 2015 гъэ

Хьэткъуэ Умарщ (Омер СейфеддинкIэ зэджэжыр) иджырей тырку литературэм и новеллэ жан­рым и лъабжьэр зыгъэтIылъар. Тха­кIуэ-реалистым, тырку ли­тера­ту­рэм и мызакъуэу, дунейпсо литературэм увыпIэ хэха щеубыд.

Хьэткъуэ Умар и тхылъхэр къэ­рал куэдым къыщыдэкIащ. Уры­сыбзэкIэ зэрадзэкIауэ абы и новеллэхэр 1920 гъэхэм и кIэм къыщыщIэ­дзауэ урыс журналхэм къытохуэ. Ахэр ягу зэрырихьым къыхэкIыу, адыгэ щIалэм и тхылъ щхьэхуэхэр Мэзкуу, Ленинград 1957, 1975, 1987, 1994 гъэхэм къыщыдокI. ТхылъиплIми ит новеллэхэр, повестхэр уры­сыбзэкIэ зэрадзэкIащ Печенев Игорь, Яковлевэ Нелли, Кормушин Иван сымэ.
Си цIыхугъэфI Печеневыр илъэс куэдкIэ Анкара щылэжьащ икIи ­тыркубзэр гъуэзэджэу ещIэ. «Омер Сейфеддин пщIэшхуэ иIэщ иджы­рей тырку литературэбзэр убзыхуа зэрыхъуамкIэ, - жеIэ абы. - Eзым и зэманым псэуа тхакIуэхэми ар къащхьэщыкIырт и бзэр нэхъ къызэрыгуэкIыу, цIыхубэр зэрыпсалъэ бзэм нэхъ пэгъунэгъуу зэрыщытымкIэ. Сейфеддин и тхыгъэхэр хуэхейт хьэрып, къэжэр псалъэхэу тырку ­литературэбзэр лIэщIыгъуэ зыбжанэ хъуауэ зэIызыгъэхьэм».
Хэт хъуну-тIэ зи гугъу тщIы адыгэ щIалэр, дауэ къекIуэкIа абы и гъащIэр, и лэжьыгъэр?
Хьэткъуэ Умар и адэ Сэфудинт истамбылакIуэ ежьар. Тыркум нэса нэужь, ар зы щIыпIэм икIрэ адрейм Iэпхъуэу куэдрэ екIуэкIащ. Ауэ, икIэм-икIэжым, Мрамор тенджы­зым и Iуфэм пэмыжыжьэ Гёнен жыла­гъуэм дотIысхьэ. 1884 гъэм абы къыщалъхуащ тхакIуэ цIэрыIуэ хъуну щIалэр.
Хьэткъуэм и гъащIэр литературэм пищIэну и пщIыхьэпIэми къыхэхуэртэкъым. Арати, и ныбжьыр илъэс пщыкIутI фIэкIа мыхъуауэ, Умар Эдерне къалэм дэт дзэзешэ еджапIэм щIотIысхьэ. Ар къеухри адыгэ щIалэщIэр Истамбыл макIуэ, и щIэныгъэм хигъэхъуэн мурад иIэу.
Хьэткъуэр щIотIысхьэ «Мектебе хьэр­бийе» еджапIэ нэхъыщхьэм икIи абы офицеру къызэрыщIэкIыу, Измир ягъакIуэ. Умар а къалэм 1908 гъэм нэсыху щоIэ, ауэ тырку щIалэм буржуазие революцэр зэрызэфIэ­кIыу, абы къулыкъущIэ кърат - Македонием гъунапкъэ щихъумэну. ИлъэситI нэблагъэщ Умар абыи зэ­рыщыIар. Литературэм куэд щIауэ дихьэхырти, ар дзэм къыхокIыж.
1908 гъэм екIуэкIа революцэм иужькIэ Тыркум куэду къыщыдагъэкIыу щIадзэ сатирэ, гушыIэ журналхэр. Абыхэм традзэ усэхэр, хъыбархэр икъукIэ къащхьэщыкIырт япэрей классикэ сатирэм и щапхъэ­хэм. Тхыгъэхэм я нэхъыбэр пэджэ­жырт зэманым къигъэув къалэнхэм, литературэм и унэтIыныгъэ ­зэ­хуэ­мыдэхэм я зэныкъуэкъум. Абы­хэм яхэтт пародиехэр, эпи­граммэхэр. А зэманым щыIэ тырку сатирэм и гугъу щащIкIэ, япэу зи цIэ жаIэр Хьэткъуэ Умарт. Абы и тхыгъэ гъэп­сыкIэм и лъабжьэщ псэ щабагъэ, гу пцIанагъэ макъамэхэр, Iущыгъэ зыхэлъ акъыл гъэтIысакIэ Iуэта гупсысэхэр, апхуэдэуи хъуэр, гушыIэ шэрыуэхэр.
Гу щабагъэкIэ псыхьа усыгъэхэм къадэкIуэу, Хьэткъуэм итхырт пхъашэу, дыджу гум ежалIэ ауанхэмкIэ гъэнщIа новеллэхэр.
Умар и ныбжьэгъу тхакIуэхэу Джэс Алъпрэ Жаныпэ Алийрэ щIыгъуу «Гёнч къалэмлер» журналыр къыдигъэкIыу щIедзэ. Адыгэ щIалэм и тхыгъэ нэхъыфIхэр абы щытри­дзэрт.
1912 гъэм Хьэткъуэр аргуэру дзэм хохьэж, ауэ Балкан зауэм ар зэ­рыхэтар мащIэ дыдэщ. Умар гъэр ящIри, Алыджым мазипщIкIэ лъэхъуэщым щрагъэс, абы къызэрикIыжу, Хьэткъуэм Истамбыл егъэзэж икIи етIуанэу дзэм къыхокIыж, зэи тримыгъэзэжыну мурад быдэ ищIауэ. 1914 гъэм къыщыщIэдзауэ дунейм щехыжыну 1920 гъэм нэсыху абы Тырку щыхьэрым дэт курыт еджапIэхэм ящыщ зым литературэмкIэ щрегъаджэ.
Хьэткъуэм илъэс щэщIрэ хырэщ къигъэщIар. Абы щыщу тхэным къылъысар илъэсий къудейщ. Сыт хуэдэу щымытами, Умар иIа зэман мащIэр дамэр уэзыгъэ­шэщI, дэрэ­жэгъуэ къозыт лэжьыгъэ куукIэ ­игъэнщIыфащ. Илъэсийм къриубыдэу абы и Iэдакъэм къыщIэкIащ хъыбари 150-м щIигъу, повесть зыбжанэ, зы пьесэ, и кIэм нимыгъэсауэ романитIи къэнащ. Хьэткъуэм къы­трыригъэдзащ литературэр зыубзыху, бзэм теухуа лэ­жьыгъэ куэд. Тхыгъэ зыбжанэ абы тыркубзэкIэ зэридзэкIащ, Гомер и «Одиссея»-ри хэту.
Адыгэ щIалэм и тхэкIэм дэплъей, ар литературэм зи егъэджакIуэу къыщызылъытэ тхакIуэ цIэрыIуэ куэд КъуэкIыпIэ Гъунэгъум щыIэщ. Хьэткъуэ Умар и новеллэхэм, памф­летхэм тырку жылагъуэм и зэхэ­тыкIэр нэсу къыщигъэлъэгъуащ.
Хэбгъэзыхьмэ, къэралым щыIэ ухуэкIэр, тыркухэм я хьэл-щэныр, я псэукIэр щIэнэкIалъэ зэрищIым къы­хэкIыу, тхакIуэр ягъэкъуаншэрт «угущIэгъуншэщ, псоми ущоды­хьэшх» жаIэу. Къалэмыр зи Iэщэм зэхуэдэу ещIэ къалэми къуажэми я псэукIэр. Ар щодыхьэшх цIыху мыгъасэм, фэрыщIым, диным и лэжьакIуэхэм мыхъумыщIагъэу зэ­ра­хьэр къыщIегъэщ. УзыIэпишэу укъоджэ Хьэткъуэм и хъыбархэу «Телъыджэ», «Азэн джэ макъ», ­«Iулъхьэ», «Лэгъупыкъу», «МафIэдз», «Аргъуей», «Адакъэ», «Де­лэ», «Фон Садриштайн и щхьэ­гъусэр», «Динсыз» зыфIищахэм, «Эф­руз-бей», «Хьэрэм» повестхэм, нэгъуэщI куэдми.
Тхыгъэ зыбжанэ абы триухуащ езым и гъащIэм и къекIуэкIыкIам, и лъэпкъэгъухэм. Апхуэдэщ «Шыт­хъунщI», «Япэ мыхъумыщIагъэ», «ПIы­ртIыкъыш», «Зэшхэр», «Фы­гъуэнэд», «Бгырыпх» новеллэхэр. Абыхэм Умар щетх и адэ-анэм, игъуэ­ нэмысу дунейм ехыжа и къуэш нэхъыжьым теухуа, къызыхэкIа адыгэ лъэпкъым папщIэ псалъэ гуапэ, гурыгъу-гурылъ дахэ куэд.
Хьэткъуэм и IэдакъэщIэкIхэм щIы­пIэшхуэ щаубыд адыгэ таурыхъхэм хэт Iэмалшы, жьакIуэ КъуийцIыкIу, егъэлеяуэ пцIыупс барон Мюнхгаузен сымэ уигу къэзыгъэкI Эфруз-бей щхьэщытхъум. Абы и IуэхущIафэхэм теухуа повестым 1908 гъэм екIуэкIа революцэм и зэманым щыIа пщы-уэркъ интеллигенцэр ауан ещI, зи щэнхабзэр зэ­зымыпэсыж Iужажэхэр, напитIхэр, фэрыщI акъмыкъхэр къыщIегъэщ.
Япэ дунейпсо зауэм щыгъуэ Хьэткъуэр тэмэму бгъэдыхьащ политикэ Iуэху щытыкIэм. Пантюркистхэм я мурадхэм гушыIэ жанкIэ ар щы­дыхьэшхащ икIи «Щхьэхуитыныгъэм и пщыхьэщхьэ» новеллэм зэ­рып­хъуакIуэ зауэр гум тебгъахуэ мы­хъуну къыщигъэлъэгъуащ.
Адыгэ лъэпкъым къыхэкIа тырку тхакIуэшхуэ Хьэткъуэ Умар зыщы­псэу къэралым ис лъэпкъ псори нэхугъэм, щIэныгъэм хуишэным и гъащIэр щхьэузыхь хуищIащ; ахэр фIым, гулъытэм, зыужьыныгъэм къыхуэгъэушыным хузэфIэкI псори хилэжьыхьащ. Ауэ псом хуэмыдэжу адыгэ щIалэм и пщIэр зыгъэиныр езым иужькIэ къэхъуа ­тха­кIуэхэм я лъэпкъыр зыхуей-зыхуэныкъуэхэмрэ абы я псэкупсэ, со­циальнэ гъащIэмрэ нэхъ куууэ хэп­лъэ зэрищIарщ.
Хьэткъуэм - Омер Сейфеддин - и тхыгъэхэр къэнащ ноби игъащIэкIи я пщIэр мыкIуэдыжыну. Дунейм щехыжым зы гукъеуэ закъуэщ иIар абы: и адэжь Хэкум и IэфIагъ зэрызыхимыщIарщ, абы и къалэмыр зэры­хуимыгъэпсыфарщ.

«Адыгэ  псалъэм»  япэу  тыдодзэ  Хьэткъуэ  Умар  и  щIалэгъуэм  итха  усэ  зыбжанэ

Бгынэжа  унэ

«Бгынэжа унэр хъункъым увыIэпIэ!» -
Си гъуэгугъэлъагъуэр ткIийуэ къысхуоплъэкI.
Зэгуэр мы абгъуэр щытыгъат псэупIэу
Иджы пабжьалъэр шылъэм иретIыкI.

СимыIэж жьэгум узу сиубыдащи,
«Ар сыткIэ къэзлэжьат? - сызоупщIыж, -
ДэнкIэ сунэтIми, гуауэр щыетащи»…
«Уахътым ухуокIуэ!» - жэуап къызетыж.

«Ар гъащIэм пхрыкI псоми я лъэслъагъуэщ!» -
Iущащэу сщхьэщолъэт жьынду абрагъуэ.

Фызабэ

Мо унэр ещхьщ борэным ихьа абгъуэм,
Мо абгъуэр щыгъуэм иубыдащи, щымщ.
Мыпщащэ, мыщхьэгъусэ, е мыанэ -
Бзылъхугъэ щIалэр иджы мышэ-мышхущ.
Зы илъэс закъуэт мо щхьэгъубжэIулъым
А тIум я насып-ныбжь къыщыпхыпсар;
Зы илъэс закъуэт тенджыз кхъухь зауэлIым
ЩIым щихьыжыну Тхьэм кърипэсар!
Иджы къыхопсыр Iупхъуэм зы ныбжь закъуэ.
Уэздыгъэр нэху щыху щос щхьэгъубжэ закъуэ.

Мазэ  гуфIэрей

Дыгъэр щетIысэхым,
Мэзым сыкъыщIэкIт.
Ныбжьыр укIытэхыу,
Сакъыу къысхуеплъэкIт.
Асыхьэту пшэхэм
Къащхъуэ зыкъащIащ,
ЗыкъиIубри уафэм -
МафIэу зилыпщIащ.
Жьыбгъэм и фэр пыкIри,
КIыфIым хэткIухьащ -
Бжьыхьэм и IэфракIэу
Джафэм жэп техащ.
Жэщырти, ешауэ
Жейм хилъэфэжащ -
Дыжьын сабэ ипхъри,
Мазэр дыхьэшхащ.
 
Лъахэ

Гъунапкъэм адэкIэ, жыжьэу
Щопсэу си къуажэ.
Къуршыпсыр тхъурымбэ хужьу
А лъахэм щожэ.

Гъатхэпэм псыдзэл къудамэр
ЗэщIоупцIапцIэ,
Зиущэхуурэ сядэжь и унэр
КъыскIэлъохъуапсэ.

Зыгуэрым гуфIэгъуэ макъкIэ
Схуегъэшри гугъэ -
ЗыщIыпIэ жэнэт зэгъуэкIыу
Щопсэу си жылэ.

Закъуэныгъэ

Аузыр жейм хелъафэ,
Жыг ныбжьхэм я фэр покI.
Гъуэгу пабжьэхэр псыIафэу
Жьы щабэм къыдоудж.

Зы вагъуи зы бзий хъуаскIи
Къызаткъым лъапэнэху;
Зы макъ къыскIэлъымыджэу,
Гъуэгуанэр пхрызоху.

Зыгуэрхэм я лъэужьым
Сиш Iущым хуещI гущыкI:
Дощыщ шыр лъэ ежьужьым,
Мэхъашэу йоувыIыкI.

НэщIыпсу жэщ гъэрибым
Иджы жьы къыпеубыд;
Апхуэдэу щхьэ сыибэ -
Шы фIалъэм псэр сщIеуд?!

ЗэзыдзэкIар КЪАРМЭ Iэсиятщ.

 

ХЬЭФIЫЦIЭ Мухьэмэд.
Поделиться: