Шэшэн таурыхъхэр

Жьым фIыщIэ зэрыхуищIар

Зэгуэрым, ижь-ижьыжкIэ узэIэбэкIыжмэ, хъумпIэцIэджым щIымахуэр щIы щIагъым щигъэкIуа нэужь, гъатхэр къыщыблагъэм, и гъуэм къипщыжыну иужь ихьащ, ауэ абдеж щылъ удзыр зэран къыхуэхъурт.
ХъумпIэдзэджым удзым жриIащ:
- Си гъуэм и деж IукIуэти, ар къыIусхыну Iэмал къызэт, сэ лэжьыгъэ си куэдщ. Удз тхьэмпэр и пIэм икIакъым. ИтIанэ, хъумпIэцIэджыр бжэным и деж кIуащ.
- Ей, бжэн, гъатхэр къэсащ, си гъуэм и бжэр Iусхыну и ужь сихьащ, ауэ абы удз тхьэмпэ телъщ. НакIуэ, кхъыIэ, шхы ар.
- Абы сыкIуэ нэхърэ, удз щхъуантIэ сшхырэ, мыбдеж псынэпс щIыIэ сыщытефыхьыжмэ, нэхъыфIщ.
- НтIэ, абы щыгъуэ дыгъужьым седжэнщ, уишхын хуэдэу.
- Ей, дыгъужь, - еджащ хъумпIэцIэджыр, - си гъуэм удз тхьэмпэ телъщ. Абы жесIащ IукIуэтыну, ауэ зигъэхъейркъым. Бжэныр къакIуэркъым, ар ишхыну. КхъыIэ, накIуи бжэныр шхы.
- Абы сыкIуэ нэхърэ, мэл хъушэм нэхъ пшэру яхэтыр сшхымэ нэхъыфIщ.
- НтIэ хьэшхуэхэр къозутIыпщынущ-тIэ, къозэуэн хуэдэу.
- Ей, хьэшхуэхэ, - еджащ хъумпIэцIэджыр, - си гъуэм телъ удз тхьэмпэр IукIыркъым, бжэнри къакIуэркъым, ар ишхыну, дыгъужьым бжэныр ишхыну къакIуэркъым. ФыкъакIуэ, дыгъужьым фезауэ.
- Хьэшхуэхэм абы жэуап иратыжащ:
- Абы дыкIуэ нэхърэ, къупщхьэ дегъумэ нэхъыфIщ, Iэхъуэм къытхуидзхэм, абы и пщэрылъхэр тщIэурэ. Дыгъужьым дезэуэну дыкIуэнукъым.
- НтIэ Iэхъуэр къэзгъэкIуэнущ, башкIэ фиукIын папщIэ.
- Ей, Iэхъуэ, си гъуэм телъ удзыр IукIуэтыркъым, бжэныр къакIуэркъым, ар ишхыну, дыгъужьыр къакIуэркъым, бжэныр ишхыну, хьэшхуэхэри къакIуэркъым, дыгъужьым езэуэну. КъакIуи ахэр башкIэ укI.
- Абы сыкIуэ нэхърэ, Iэпэпшынэр къасщтэрэ уэрэд щэхуу жысIэмэ нэхъыфIщ.
- НтIэ дзыгъуэр къэсшэнущ, уи Iэпэпшынэм и бзэпсыр зэпезгъэшхыкIынущ.
- Ей, дзыгъуэ, си гъуэм телъ удз тхьэмпэр IукIуэтыркъым, бжэныр къакIуэркъым, ар ишхыну, дыгъужьыр къакIуэркъым, бжэныр ишхыну, хьэшхуэхэр къакIуэркъым, дыгъужьым езэуэну, Iэхъуэр къакIуэркъым, хьэшхуэхэр башкIэ яукIыну. КхъыIэ, къакIуи, Iэхъуэм и Iэпэпшынэм и бзэпсыр зэпышхыкI, - елъэIуащ хъумпIэцIэджыр дзыгъуэм, ауэ ари арэзы хъуакъым.
Дзыгъуэм жиIащ:
- Абы сыкIуэ нэхърэ, зы гъуэм сикIыурэ адрейм къыщызжыхьмэ нэхъыфIщ.
ХъумпIэцIэджыр къэгубжьри, жиIащ:
- Абы щыгъуэм джэдур къэзгъэкIуэнущ, уишхын папщIэ, - еджащ джэдум.
- Ей, джэду, си гъуэм телъ удз тхьэмпэр IукIуэтыркъым, бжэныр къакIуэркъым, ар ишхыну, дыгъужьыр къакIуэркъым, бжэныр ишхыну, хьэшхуэхэр къакIуэркъым, дыгъужьым езэуэну, Iэхъуэр къакIуэркъым, хьэшхуэхэр башкIэ иукIыну, дзыгъуэр къакIуэркъым, абы и Iэпэпшынэм и бзэпсыр зэпишхыкIыну. КхъыIэ, къакIуи, дзыгъуэр шхы.
- Абы сынакIуэ нэхърэ, си анэм и къауц щхьэнтэм сытелъмэ нэхъыфIщ.
- Абы щыгъуэм жьапщэм седжэнущ, уи къауц щхьэнтэр зэгуиудын папщIэ.
 - Ей, жьапщэ, къакIуи къыздэIэпыкъу. Си гъуэм удз тхьэмпэ телъщ, ар IукIуэтыркъым, бжэным селъэIуащ ар ишхыну, ауэ къакIуэркъым, дыгъужьым бжэныр ишхыну селъэIуащ, ауэ дыгъужьыр къакIуэркъым, хьэшхуэхэм селъэIуащ дыгъужьым езэуэну, хьэшхуэхэр къакIуэркъым, Iэхъуэм хьэшхуэхэр иукIыну селъэIуа пэтми, Iэхъуэр къэкIуакъым. ИтIанэ, дзыгъуэр къэкIуакъым, Iэхъуэм и Iэпэпшынэм и бзэпсыр зэпишхыкIыну. Джэдур къакIуэркъым, дзыгъуэр ишхыну. НакIуи, джэдум и анэм и къауц щхьэнтэр зэгуэуд.
ИтIанэ, жьапщэм жэуап къитыжащ:
- Зэ умыпIащIэ, хьэщIэр езгъэжьэжынщ, Тхьэ селъэIунщи, сынэкIуэнщ.
Жьыр фиижу къепщащ, джэдум жьапщэр илъагъури, щIэпхъуащ, дзыгъуэр ишхыну, дзыгъуэм джэдур къызэрыжэр илъагъури, щIэпхъуащ, Iэхъуэм и Iэпэпшынэм и бзэпсыр зэпишхыкIыну, Iэхъуэр кIуащ, хьэшхуэхэр башкIэ иукIыну. Хьэшхуэхэм ар къыщалъагъум, дыгъужьым езэуэну щIэпхъуащ, дыгъужьыр щIэпхъуащ, бжэныр ишхыну, бжэныр щIэпхъуащ, удз тхьэмпэр ишхыну, удз тхьэмпэр сысащ, зримыгъэшхыну, ауэ бжэным ар псынщIэу жьэдидзащ.
ХъумпэцIэджым и гъуэр хуит хъужащ, псоми къагъэзэжащ, хъумпIэдзэджым зыщигъэджэрэзащ и гъуэм ихъуреягъкIэ.
Абы иджыри жьым фIыщIэ хуещI.

 Дзыгъуэ зэныбжьэгъуитI

Куэд щIауэ дзыгъуитI зэныбжьэгъут. Зыр чэщанэм, адрейр бгым щыпсэурт. Ауэ тIури зэи зым и уни щыхьэщIатэкъым. Бгым щыпсэу дзыгъуэм хьэжыгъэ, лы, зэнтхъ гъэгъуа хьэжыгъэ, мэл кIапэ иIэт, адрейр - ерагъыу псэу къудейт.
Зэгуэрым бгым щыпсэу дзыгъуэм чэщанэм исыр и деж хьэщIапIэ иригъэблэгъащ. Гуапэу IущIащ, игъэтхъащ, тыгъэ къыхуищIри и унэм нэс къигъэIэпхъуэжащ. Мыгувэу чэщанэм щыпсэу дзыгъуэм бгыр зи псэупIэр иригъэблэгъащ. И пщIантIэм и ныбжьэгъур къыдыхьауэ щилъагъум, дзыгъуэ бысымым хьэщIэм фIэхъус ирихри, и щыIэкIэ-псэукIэм щIэупщIащ.
Абы ирихьэлIэу пщIантIэм зы джэду щызекIуэрт. ХьэщIапIэ къэкIуа дзыгъуэр щIэупщIащ:
- Хэт ар? Сыт абы апхуэдизу и нэр щIэцIур?
- Ар си гуащэращ, Iэмал имыIэу IэплIэ хуэщI, - жэуап итащ дзыгъуэ бысымым.
Дзыгъуэ хьэщIэр щIэпхъуащ, джэдум IэплIэ хуищIыну икIи абы ар занщIэу жьэдидзащ.
Дзыгъуэр бгым щIэпхъуэщ, и ныбжьэгъум и гъуэр къигъуэтри, абы тхъэжу щыпсэууэ щIидзащ. Зэгуэрым джэдур къэмэжалIэри, бгым дзыгъуэ ещэну кIуащ. Мэл кIапэмэ къыщыщIихьа лъэныкъуэмкIэ ар ежьащ. Джэдум гъуэр къыIуихри, щIэплъащ. Абы дзыгъуэ пшэр илът. Джэдур илъщ, дзыгъуэр къиубыдри, ишхащ.
Псалъэжьым ауэ сытми жиIэркъым: «НэгъуэщIым мащэ къыхуумытI, уэ езыр уихуэжынщ».

Насыпым къызэригъэзэжар

Зы унагъуэ гуэрым нысэ къыхуашащ. Пщэдджыжьыпэ хъухункIэ я гуфIэгъуэр псоми зэдаIэтащ. Нэхущым тхьэмадэр пщIантIэм щыдыхьэм, и унэм икI лъагъуэр къигъуэтащ. Ар лъагъуэм щытеувэм, и унэр зыбгынэ цIыхум и ныбжьыр къилъэгъуащ. Нэхъыжьыр лъэIуащ абы къежьэну. ЛъэIум и хьэтыркIэ, ар къэувыIащ. ИтIанэ, нэхъыжьыр абы еупщIащ:
- Ухэт уэ?
Абы и жэуапу къитыжащ, и унагъуэм икI Насыпрауэ. Нэхъыжьыр абы елъэIуащ и унагъуэм къигъэзэжыну.
- Хьэуэ, - жиIащ Насыпым, - сэ уи унагъуэм исхэм ящыщу зыри къысхуейкъым. Си гугъу къыумыщI. Си ужь укъиувэу укъызэрыкIуам папщIэ, уи зы лъэIу згъэзэщIэнщ.
Нэхъыжьыр гупсысэри, жиIащ:
- Мыбдеж къыщыспэплъэ, унэм згъэзэжынщи, псоми сечэнджэщынщ. Насыпыр арэзы хъуащ.
Тхьэмадэм унэм игъэзэжри, къызэрекIуэкIар псори яжриIэжащ икIи и щхьэгъусэм еупщIащ, сыткIэ елъэIуну хуейми. Абы жиIащ къулейуэ псэуну зэрыщIэхъуэпсыр. ИтIанэ, нэхъыжьыр и пхъум еупщIащ и лъэIумкIэ икIи жэуап къитыжащ фэилъхьэгъуэ дахэхэр иIэну хуейуэ. И ужь дыдэу, нысащIэм еупщIащ, къаша къудейр, зыщIэлъэIунумкIэ. НысащIэм жиIащ унагъуэм зэгурыIуэ илъыну зэрыхуейр.
Псоми едэIуа нэужь, нэхъыжьыр Насыпым и деж кIуэри и унагъуэм зэгурыIуэ кърилъхьэну елъэIуащ. ИтIанэ, Насыпым жиIащ:
- Псалъэ щыстакIэ, згъэзэщIэн хуейщ. ЗэгурыIуэ фызот. ЗэгурыIуэ здэщыIэм, сэри сыщыIэн хуейщ. ЗэгурыIуэ здэщымыIэм, Насыпи щыIэкъым.
Нэхъыжьымрэ Насыпымрэ зэгъусэу унагъуэм къихьэжащ.

Дыгъужьымрэ мэлымрэ

Щынэ зыбжанэ хъушэм къыкIэрыхури, гъуэщащ. Абыхэм дыгъужь мэжэщIалIэр ятеуэри, зэхифыщIащ икIи ирикъуху лы ишхри, мэзым зигъэпсэхуну щIыхьэжащ. Абы къилъэгъуащ, мэзым пэмыжыжьэу щыIэ хъупIэм зы мэлыжь щыхъуакIуэу. Абы бгъэдыхьэри жриIащ:
- Дауэ, мэл, си хъупIэм умышынэу ущыхъуакIуэрэ? Хэт хуит узыщIар?
- ХъупIэр уэракъым, атIэ си Iэхъуэрщ зейр, - шыIэныгъэ хэлъу жиIащ мэлым.
- ПцIы боупс! - жиIащ дыгъужьым. - Уи Iэхъуэр иджыри къалъхуатэкъым, мы хъупIэр сысейуэ щыщытам.
- Пэжкъым, - аргуэру жиIащ мэлым. - Сэ фIыуэ сыщыгъуазэщ хъупIэр си Iэхъуэм зэрейм.
Дыгъужьыр къэгубжьри, мэлыр ишхыну къэбырсеящ, ауэ и ныбэ зэризым къыхэкIыу, абы екъугъуа къудейщ. «ЗэкIэ ирепсэу, ауэ пщэдей, сыкъэмэжалIэмэ, сигу тезгъэзэгъэнщ сызэрегуакIуэу», - егупсысащ ар.
- КъэдаIуэ, мэл, - жиIащ дыгъужьым. - Дызэдауэмэ, зэи тхузэхэгъэкIынукъым хъупIэр хэт ейми: уэ уи Iэхъуэм ейуэ, сэ сысейуэ жытIэнущ. Мыпхуэдэу дыгъэщIи нэхъыфIщ: пщэдей мыбдеж дыщызэхуэгъази, мо чыцэм и деж хъупIэр зэреймкIэ хэт тхьэ щиIуэми, абы къыхуэнэнщ. Уарэзы?
- Сыарэзыщ, - жиIащ мэлым. ИтIанэ ахэр зэбгъэдэкIыжащ: дыгъужьым мэзымкIэ, мэлым къуажэмкIэ яунэтIри.
Пщэдджыжьым жьыуэ хъупIэм ар къэкIуащ, хьэшхуэ щIыгъуу. Хьэм чыцэм зыхигъэпщкIуащ, мэлым абы пэмыжыжьэу щыхъуакIуэу щIидзащ. Дыгъужьыр мэзым къыщIэкIщ, мэлыр хъупIэм щилъагъури, гуфIащ. «Иджы зы тхьэмахуэкIэ сызрикъун сшхынщ», - егупсысщ аби, хъупIэмкIэ жэрыгъэкIэ иунэтIащ. Ар гъуэгум бажэм щыIущIащ.
- Дауэ ущыт, дыгъужь? Дэнэ апхуэдизу уздэпIащIэр? - щIэупщIащ ар.
- ХъупIэм, - итащ дыгъужьым жэуап икIи абы жриIэжащ мэлым дыгъуасэ зэредэуар.
- Хьым… IуэхуфIщ, - жиIащ бажэм, - ауэ, уэ, дауи, пщIэ къыщIэкIынщ, зы Iуэхуи щыхьэтыншэу зэрызэфIамыхыр; аращи, щыхьэту сыздэшэ, - уи Iэр сIыгъынщ, уэ, абы щхьэкIэ фIыщIэу, мэлым и кIуэцIфэцIыр, и лъакъуэхэмрэ и щхьэмрэ къызэптынщ.
- Сыт-тIэ, ар хъунущ, - жиIащ дыгъужьым. - НакIуэ! Дыгъужьыр бажэм и гъусэу хъупIэм кIуэри, мэлым еупщIащ:
- Сыт? Иджыри хъупIэр уи Iэхъуэм ейуэ къэплъытэрэ?
- НтIэ, иджыри къызолъытэ, - жиIащ мэлым.
- Ей, мэл, сыту умыукIытэрэ пцIы быупсыну! - шхыдэ хэлъу жиIащ бажэм и щхьэр игъэкIэрахъуэу. - СызэригугъэмкIэ, псоми куэд щIауэ ящIэ мы хъупIэр ижь-ижьыж лъандэрэ дыгъужьым зэрейр.
- Уэ хэт ар жызыIэу зэхэпхар? - щIоупщIэ мэлыр.
- Сыт хэт жыхуэпIэр?! - и макъым зригъэIэтащ бажэм. - Абы псори щыгъуазэщ, хэти еупщI. СощIэж, ар илъэс зыбжанэ ипэкIэ къэхъуащ, иджыри сыцIыкIуу, си адэ-анэр, куэдрэ тепсэлъыхьырт мы хъупIэм: «Дыгъужьым и хъупIэм, - жаIэрт абыхэм, - дзыгъуэхэр щынэхъ пшэрщ, нэгъуэщI щIыпIэхэм нэхърэ». Аращи, мы хъупIэр уи Iэхъуэм ейуэ щытамэ, ар дыгъужьым ейуэ жаIэнутэкъым.
- Пэж зэрыжыпIэмкIэ Тхьэ пхуэIуэну? - щIэупщIащ мэлыр.
- Дауи, Тхьэ сIуэнущ, - жиIащ бажэм.
- Хъунщ, - арэзы хъуащ бажэр.
- Хъунщ, - жиIащ мэлым. - Мо чыцэм уи лъакъуэр хэгъэуви, жыIэ: Тхьэ соIуэ, мы хъупIэр дыгъужьым зэреймкIэ.
Бажэм чыцэм пэгъунэгъу зыщищIым, нитI къыхэлыдыкIыу къилъагъущ, къикIуэтыжри, жиIащ:
- Пэжыр жыпIэмэ, си адэ-анэр мы хъупIэм щытепсэлъыхьым, мэлым и цIи ираIуэу щытащ… Пэжщ, ар зей дыдэм и пэжыпIэр сэ схужыIэнукъым, аращи, гуэныхь къэсхьыну сыхуейкъым, Тхьэ сIуэуэ… Дыгъужьым япэу Тхьэ иIуэмэ, сэри ар схуэщIэнущ.
- Уэ сыт уи гугъэр? - щIэупщIащ дыгъужьыр къэгубжьауэ. - Иджыпсту Тхьэ сIуэнущ, уэ пхуэдэу сымышынэу.
И лъакъуэр чыцэм хишиеу: «Тхьэ соIуэ», - щыжиIэ дыдэм, чыцэм хьэр къыхэцIэфтри, и пщэфэцым еIэри, зэуэ илIын щIидзащ. Дыгъужьым, ерагъыу хьэм и дзэхэр къызыхичыжри, къызэмыплъэкIыу мэзым щIэлъэдэжащ. Бажэр куэд щIат Iуащхьэ лъагэм зэрыдэжейрэ икIи абы къекIиехыурэ дыгъужьым жреIэ:
- БжесIатэкъэ, дыгъужь, пцIыкIэ Тхьэ умыIуэну? УкъызэдэIуакъым, аращ пхуэфащэ къыщIыплъысар.

КъуаргъитI

Зэгуэрым къуаргъитI псэурт.
- ПсынщIэу лъати шэджагъуашхэр къэмыс щIыкIэ псы къэхь, - жриIащ зэгуэрым къуаргъ нэхъыжьым нэхъыщIэм.
- Къуаргъыр псыхьэ лъатэщ, лэгъупым псы къригъахъуэри, мафIэм тригъэуващ.
- Иджы лъати лы зыщIыпIэ къих, - унафэ хуищIащ нэхъыжьым нэхъыщIэм.
- НэхъыщIэр лъэтащ, шэджагъуашхэм фIэмыкIыу лы къихьыну. Абы здэлъатэм къилъэгъуащ щIыр зывэ вакIуэлIыр. Къуаргъыр шым тетIысхьэри, лы Iыхьэ цIыкIухэр къыкIэричу щIидзащ. Ар щилъагъум, вакIуэлI набдзэгубдзаплъэм занщIэу жиIащ:
- Лыр шыпхэщIым къыкIэрумычу, и дзажэм къыкIэрыч.
Къуаргъ акъылыншэм лыр дзажэ зэхуакум къыкIэричын щIидзащ, езэша пэтми, зы Iыхьи къыхукIэрымычу.
Къуаргъ нэхъыжьым и деж къигъэзэжащ, IэнэщIу. Къуаргъ губжьар нэхъыщIэм еупщIащ:
- Лы къэпхьа?
- Хьэуэ, къэсхьакъым.
- НтIэ абы щыгъуэм ууеймкIэ зризгъэкъунщ!
Къуаргъ нэхъыжьыр нэхъыщIэм еуэри, шыуан къэкъуалъэм хидзащ.
Апхуэдэу къуаргъ нэхъыжьым нэхъыщIэр ишхащ.

ЩакIуэ

Зы щакIуэ гуэр мэзым мыщэм щыIущIащ. Ар иукIыну и фочыр тригъэпса къудейуэ, цIыхухэм я бзэкIэ къэпсэлъащ:
- СумыукI, сэбэп сыпхуэхъужынщ.
ЩакIуэм мыщэр иукIакъым.
- Си зы щхьэц налъэ къащтэ. Укъысхуей щыхъукIэ ар гъэси, уи гъунэгъуу сыкъэхутэнущ, - жиIащ мыщэм.
ЩакIуэм щхьэцыр къищтэри, адэкIэ иунэтIащ. Гъуэгу тету ар хуабжьу къыщымэжалIэм, егупсысащ: «Япэ сызрихьэлIэ хьэкIэкхъуэкIэр сукIынщи, згъэжьэнщ».
КIуэм-кIуэуэрэ, ар къашыргъэ уIам ирихьэлIащ. ИукIыну иужь щихьэм, къашыргъэр цIыхухэм я бзэкIэ къэпсэлъащ:
- СумыукI, щакIуэ. Сыпхуэщхьэпэжынщ.
ЩакIуэм къашыргъэр иукIакъым.
- Си зы къабзий къыхэчи, укъысхуей щыхъукIэ ар гъэси, уи гъунэгъуу сыкъэхутэнущ, - жиIащ къашыргъэм.
ЩакIуэр адэкIэ здэкIуэм тхьэ щиIуэжырт: «Иджы япэу сызрихьэлIэ хьэкIэкхъуэкIэр сукIынщ, згъэжьэнщи, сшхынщ».
Ар бажэм IущIащ. ЩакIуэм ар иукIыну хуейт, арщхьэкIэ, къелъэIуащ:
- СумыукI, щакIуэ, сыпхуэщхьэпэжынщ.
ЩакIуэм бажэр иукIакъым.
- Си зыц къащтэ. Укъысхуэныкъуэ щыхъукIэ ар гъэси, уи гъунэгъуу сыкъэхутэнущ, - жиIащ бажэм.
- ЩакIуэр кIуэм-кIуэуэрэ, зы къуажэ гуэрым хуэзащ. Жылэр ихъуреягъкIэ бжыхь лъагэкIэ къэухъуреихьат. Абы хьэгъуэлIыгъуэ ин щыдахырт. Бжыхь кIапэ къэс зы цIыхущхьэ фIэлът. Зы бжэгъу къудейт нэщIыр. ЩакIуэр хьэгъуэлIыгъуэ щекIуэкI пщIантIэм дыхьэри, щIэупщIащ:
- Сыту теплъэгъуэ шынагъуэ мыбдеж щыслъагъур: бжыхьхэм цIыхущхьэхэр фIэлъщ, мыбдеж хьэгъуэлIыгъуэ щыдах. Сыт хуэдэ хьэгъуэлIыгъуэ мыр? Хэт къэзышэр?
Абы жэуап къратыжащ:
- Пащтыхьым и пхъур иригъэшэнущ, псом нэхърэ нэхъыфIу зызыгъэпщкIуф щIалэм. Ар япэщIыкIэ хуит ящI, жэщищ-махуищкIэ хамэ хъыджэбзхэм я гъусэу и нэгу зригъэужьыну. (Шэшэнхэм нэгъуэщI лъэпкъхэм я хабзэ, хьэл-щэн куэдым щапхъэ трахащ, аращи, нэгъуэщI пщащэхэм зэман дагъэкIуэным пщIэ пылъу къалъытэрт). Ар ирикъуху йофэ-йошхэ. Абы иужькIэ зэпеуэм хэтхэм щэ загъэпщкIу. Пащтыхьыпхъум ар ещанэу къигъуэтмэ, абы и щхьэр бжыхьым палъэ. Аращ зы бжыхь щIэнэщIыр. Ухуеймэ, уэри зыгъэпщкIу. Укъагъуэтмэ, уи щхьэр абдеж палъэнущ.
ИтIанэ щакIуэм жиIащ:
- Сэри а зэпеуэм сыхэтыну хуит сыфщI.
Ар хуит ящIащ. Абы жэщищ-махуищкIэ хамэ хъыджэбзхэм я гъусэу и нэгу зригъэужьащ, ефэ-ешхащ. Махуищыр щыдэкIым, абы жраIащ:
- Иджы зыгъэпщкIу.
ЩакIуэм мыщэм и цыр къыхичри игъэсащ. Цыр мафIэм зэрису, мыщэр абы и пащхьэм къихутащ:
- Сыт къэхъуар? - щIэупщIащ мыщэр.
- Уэ сыбгъэпщкIун хуейщ. Абыхэм сыкъамыгъуэтмэ, пащтыхьыпхъур къэсхьэхунущ.
- Си пщэм къыдэпщей, - жиIэщ мыщэми, ар тенджызым ихьащ.
Мыщэм щакIуэр тенджыз Iуфэм щиIэ пщыIэм щигъэпщкIущ, и бжэр хуищIыжри, щIыхьэпIэм деж щыжеящ.
ЕтIуанэ махуэм пащтыхьыпхъур и пкIэлъейм дэкIуейщ, тIэкIурэ щытри, жиIащ:
- Тенджыз Iуфэм Iут мыщэм и гъуэм къикI.
ЩакIуэр етIуанэу ягъашхэщ, ирагъафэри, хамэ хъыджэбзхэм я гъусэу и нэгу зрагъэужьащ, иужькIэ зигъэпщкIуну унафэ хуащIащ. ЩакIуэм къашыргъэм и къабзийр игъэсащ. Къашыргъэр къэлъатэщ, и бгым тригъэтIысхьэри, уафэм нэс дриIэтеящ, пшэм нэхърэ нэхъ лъагэу. ИужькIэ и дамэхэр иIэтри, къилъэтыхьын щIидзащ.
Пащтыхьыпхъур пкIэлъейм дэкIуеящ, щакIуэр къилъыхъуэну, абы тету зиплъыхьри, жиIащ:
- Жьым уи цей къуакIэр игъэхъеящ. Укъэзгъуэтащ. Къех.
Ещанэуи, япэ махуитIым хуэдэу къытригъэзэжащ. Мы зэм щакIуэм бажэм и цыр игъэсащ. Цыр зэрису, щакIуэм и пащхьэм бажэр къыщыхутащ.
- Сыт хуэдэ дэIэпыкъуныгъэ узыхуэныкъуэр? - щIэупщIащ щакIуэр.
ЩакIуэм бажэм жриIэжащ псори къызэрекIуэкIар икIи щIигъужащ:
 - СумыгъэпщкIуу хъунукъым, бажэ.
Бажэм ар гъусэ ищIащ. Зы губгъуэ хуэдиз здакIури, зы Iуащхьэ гуэрым дэкIуейри тетIысхьащ. ЩакIуэм игъэщIэгъуащ:
- Сыт, бажэ, нэхъ щIыпIэ нэрылъагъу дыдэм - Iуащхьэм и лъагапIэм сытебгъэтIысхьащ. Тынш дыдэу сыкъагъуэтынущ апхуэдэу. Мыщэм тенджыз Iуфэм щыIэ и гъуэм сыщигъэпщкIуащ, къашыргъэм и щIыбым сытригъэтIысхьэри, уафэм нэс сиIэтащ, пшэхэм нэхърэ нэхъ лъагэу - итIанэми, сыкъагъуэтащ! Уэ Iуащхьэм и нэхъ лъагапIэм сытебгъэтIысхьащ!
Бажэм жиIащ:
- Умышынэ, щакIуэ. Сэ иджыпсту Тхьэм солъэIу, сэ пшынауэ, уэ аргъуей уищIыну! Уэ къыздыжыIэ къудей: «Аминь!». Аргъуей ухъуа нэужь, си цей Iэщхьэм утетIысхьэнщ, сэ пшынауэ сыхъумэ, хьэгъуэлIыгъуэм сыкIуэнщ. Абы лезгин къафэ сыкъыщагъэфэнущ. Сэ абы арэзы сытехъуэнукъым, пащтыхьыпхъур къыздэмыфэу. Лезгин къафэ дыкъэфэн зэрыщIэддзэу, си Iэхэр сщIын щIэздзэнущ. Уэ си Iэщхьэм къыдэлъэти, пащтыхьыпхъум и кIэ къуащIэм тетIысхьи тес. Пщэдей пащтыхьыпхъум укъилъыхъуэн щIидзэнущ, зыщIыпIи укъыщимыгъуэт хъумэ, ар хэIущIыIу ищIынущ. Абы и псалъэхэр и кIэм зэрынигъэсу, цIыху къэхъужи, щIым теуви IэплIэ хуэщI.
Бажэр Тхьэ елъэIун щIидзащ:
- Сэ - пшынауэ, щакIуэр - аргъуей щIы.
Тхьэм бажэр пшынауэ, щакIуэр - аргъуей ищIащ. Аргъуейр пшынауэм и Iэщхьэм дэлъэтащ. Пшынауэр хьэгъуэлIыгъуэм кIуащ. Лезгин зыбжанэрэ къэфа нэужь, ар къэфэну къелъэIуащ. Пащтыхьыпхъум къыдэмыфэу щимыдэм, къыдэфащ. Къафэкум пшынауэм и Iэр щищIым, аргъуейр къыдэлъэтри, и кIэ къуащIэм тетIысхьащ. Аргъуейр пащтыхьыпхъум тетIысхьа нэужь, пшынауэм къэфэн иухащ; лъэныкъуэ зригъэзщ, бажэ хъужри, щIэпхъуэжащ.
Пащтыхьыпхъум къыкIэлъыкIуэ махуэм щакIуэр къилъыхъуэн щIидзащ. Ар и пкIэлъейм дэкIуеящ. Ещанэ дэкIуеипIэм тету абы псори къиплъыхьащ, щIы къатиблым и щхьэмкIи и лъабжьэмкIи щыIэр, ауэ щакIуэр илъэгъуакъым. Пащтыхьыпхъур щIым къытеувэжри, жиIащ:
- ЩIы къатиблым и щхьэми и лъащIэми щыIэкъым ар. Зы ани къилъхуакъым ар, псэууи лIауи дунейм теткъым.
Пащтыхьыпхъум ар зэрыжиIэу, аргъуейр щакIуэ хъужщ, щIылъэм къытеувэжри, IэплIэ къыхуищIащ.

 

ЗэзыдзэкIар ТекIужь Заретэщ.
Поделиться: