Сом мелуани 2-м щIигъу япшын

Зэратх Iэмэпсымэхэм къызэрагъэлъэгъуамкIэ, гъатхэпэм и 7-13-хэм къриубыдэу гъуэгум зэрыщызекIуэ хабзэр 11527-рэ къызэпаудащ. Псори зэхэту къуэдыуэ тралъхьащ сом мелуани 7-рэ мин 21-м щIигъу. А махуэхэм япшынащ сом 2415500-рэ.

Къуэдыр махуэ 60-м къриубыдэу япшын хъунущ. Абы фIагъэкIамэ, Iуэхур Суд приставхэм Iэрагъэхьэ.
Административнэ къуэдыр хабзэм игъэува пIалъэм (УФ-м и КоАП-м и 20.25 статья) къриубыдэу ямыпшынмэ, ар хуэдитIкIэ ягъэбагъуэ е сыхьэт 50-кIэ цIыхур ягъэлажьэ.     
Къуэды птелъмэ къыщыпщIэфынущ Урысейм и Къэрал автоинспекцэм и сайтым - www.gibdd.ru.
 

Бахъсэн Ланэ.
Поделиться: