Хэхэс адыгэхэм я япэ лъагъуэхэш

«Эльбрус» тхылъ тедзапIэм 2001 гъэ ­лъандэрэ къыдигъэкI «Ди цIыху цIэры­Iуэхэр» серием хэту иджыблагъэ дунейм къытехьащ «ХьэфIыцIэ Мухьэмэд: хэхэс адыгэхэм я лъагъуэхэш» («Мухамед Ха­фицэ: первооткрыватель черкесского зарубежья») тхылъыр.

ЩIэныгъэхэмкIэ Дунейпсо Адыгэ Академием хэт, КъБР-м, КъШР-м, АР-м щIыхь зиIэ я журналист, УФ-м щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ, «Адыгэ псалъэ» газетым и редактор нэхъыщхьэ ХьэфIыцIэ Мухьэмэд и гъащIэмрэ и лэжьыгъэмрэ ­теухуа тхыгъэхэр, очеркхэр, зэпсэлъэныгъэхэр, къыхужаIахэмрэ къы­зэре­хъуэ­хъуа­хэмрэ щызэхуэхьэса мы тхылъыр адыгэ публицист, журналист, жылагъуэ лэжьакIуэ цIэрыIуэм и ныбжьыр илъэс 70 щрикъум ирихьэлIэу къыдагъэкIащ.
Адыгэу дунейм щыцIэрыIуэхэу, лъэпкъ щIэныгъэм, щэнхабзэм, гъуазджэм, жылагъуэм я лэжьакIуэхэу Бэчыжь Лейлэ, МэшбащIэ Исхьэкъ, Нэхущ Iэдэм, ШинкIубэ ­Бэгърат, IутIыж Борис, МафIэдз Сэрэбий, Къэрмокъуэ Мухьэмэд, Тхьэгъэзит Зубер, Сэхъурокъуэ Хьэутий, Пащты Герман, КIыщ Мухьэдин, Нэхей Тамарэ, БжэныкIэ Мухьэб, Уэхъутэ Александр, Псыхэмыхьэ Мусэ сымэ, нэгъуэщI куэдми лъэхъэнэ зэхуэ­мыдэхэм Мухьэмэд хужа­Iахэр, къыхуатха тхыгъэхэр зэхуэхьэ­сы­жыным, зы тхылъым щызэщIэкъуауэ ­къы­дэгъэкIыным елэжьащ «Адыгэ псалъэ» ­газетым и редактор ­нэхъыщхьэм и къуэдзэ ЖьэкIэмыхъу Маринэрэ политикэмкIэ, жылагъуэмрэ лъэпкъ IуэхухэмкIэ къудамэм и унафэщI Нэ­щIэ­пыджэ Замирэрэ.
ХьэфIыцIэ Мухьэмэд и творчествэм ­теухуа тхылъыр «Ди цIыху цIэрыIуэхэр» серием хэту къыдэгъэкIыныр зи жэрдэмыр «Эльбрус» тхылъ тедзапIэм и унафэщI ­Ацкъан Русланщ. ИкIи абы щхьэусыгъуэ иIэщ: ХьэфIыцIэр къэзымыцIыху адыгэ ­хэкуми хамэ къэралхэми щыIэкъым, и гурылъ и гъуазэу лъэпкъым хуэлажьэ ­зэпытщ.
Тхылъыр къызэрыдэкIар урысыбзэми, абы итщ ХьэфIыцIэ Мухьэмэд и гъащIэм, и лэжьыгъэм теухуауэ адыгэбзэкIэ ятха очерк­хэри, зэманымрэ цIыхухэмрэ къы­зэ­рыщ сурэт гъэщIэгъуэнхэри, щхьэхуэу щы­зэхуэхьэсащ пасэрей адыгэ цIэры­Iуэхэм я теплъэу Мухьэмэд реконструкцэ иригъэщIахэр. Псалъэм папщIэ, Инал Нэху, Идар Темрыкъуэ, абы ипхъухэу Мэл­хъурыб, Алтыншаш, Гуащэнэ сымэ, Жанхъуэт Кушыку, ХьэтIохъущокъуэ Кургъуо­къуэ, ­нэгъуэщIхэми я сурэтхэр щымыIауэ, ауэ ­ятеухуа тхыгъэхэм абыхэм я теплъэр къы­зэрыхэщыжыр и лъабжьэу ящIахэр.
Псом хуэмыдэу гъэщIэгъуэнщ ХьэфIыцIэ Мухьэмэд тыгъэ къыхуащIа тхылъхэм тетха псалъэ гукъинэжхэр щызэхуэхьэса Iыхьэр. Абы икъукIэ куэд къыбжеIэ тхы­лъыр зыхуэгъэпса цIыхум теухуауэ.
Тхылъым и пэублэ псалъэр къызыбгъэдэкI, филологие щIэныгъэхэм я доктор, профессор, ЩIДАА-м и вице-президент Бэчыжь Лейлэ и псалъэхэмкIэ жытIэнщи, «ХьэфIыцIэ Мухьэмэд и гъащIэри и лэ­жьыгъэри хуэбгъадэ хъунущ гум и мафIэр цIыхухэм яхуэзыхь нарт лIыхъужьым. Хэхэс адыгэхэм я дунейм теухуауэ абы зэ­хуихьэса, итхыжа, къыдигъэкIа тхыгъэхэм я купщIэр, я кууагъыр, я беягъыр, я мыхьэнэр нэгъэсауэ джа хъуакъым. Ар ­къапэщылъщ адыгэ тхыдэм, бзэм, щэнхабзэм, гъуазджэм елэжь ди щIэныгъэлIхэм.
Мухьэмэд зигури зи псэри зэIуха цIыхущ, езыр дэзыхьэхым гъусэ къыхуэхъухэри дрегъэхьэх, зытет дунейм и дахагъэмкIэ хэти догуашэ».

 

Ныбэжь Таисэ.
Поделиться: