Бэлагъы Любэ хужаIа псалъэ гуапэхэр

Переделкинэ щыIэ тхакIуэхэм я унэм щы­зэ­хуэсащ КIыщокъуэ Алим, абы и щхьэгъусэр, Къандур Мухьэдинрэ Любэрэ. 2001 гъэ

«1990 гъэхэм я гугъу тщIымэ, Кавказ Ищхъэрэм и усакIуэхэм къахолыдыкI Бэлагъы Любэ. Анэдэлъху­бзэмрэ хэкумрэ яхуиIэ лъагъуныгъэр къызэриIуатэ псалъэхэр шэрыуэщ, купщIафIэщ» (Урысейм и ТхакIуэхэм я союзым и прав­ленэм и унафэщI ­Ганичев Валерий).
«КъызыхэкIа лъэпкъым и блэкIамрэ абы и ­лъабжьэр къыщежьэмрэ псэкIэ зыхищIэну дауэ ­къехъулIэрэ мы бзылъхугъэ щIалэм икIи щып-къэм? Дэнэ кърихрэ къару лъэщкIэ гъэнщIа, тегу­шхуэныгъэ ин зыхэлъ и псалъэ шэрыуэхэмрэ гупсысэ купщIафIэхэмрэ… ЖыпIэ хъунущ, япэIуэ-кIэ ита классикхэм хаша лъагъуэм Бэлагъы Любэ ирикIуэу. Ар усакIуэ телъыджэщ» (УФ-м и Тха-кIуэхэм я зэгухьэныгъэм и япэ секретарь Ляпин Игорь, 2002 гъэ).
«Гу къабзэрэ псэ къулейрэ зиIэ цIыхум дуней псор хузэIухащ. Апхуэдэщ Бэлагъы Любэ. Ар усакIуэ Iэзэщ, зи псалъэмкIэ лъагъуныгъэри гугъуехьри зыхозыгъэщIэфщ» (Балъкъэр усакIуэ Моттаевэ Светланэ, 2004 гъэ).
Бэлагъы Любэ и «Гуащэнэ» романыр (урысыбзэкIэ щызэрадзэкIым «Царская любовь» фIэщыгъэр игъуэтащ) щIэщыгъуэщ. Сэ сызэреплъымкIэ, тхыгъэм абы щызэфIигъэуващ адыгэ лъэпкъым и гъащIэ щIэнгъуазэр (усакIуэ, критик Переяслов ­Николай).
«Иджыри къыздэсым щымыIа Iуэху еплъыкIэхэм тету урыс пащтыхь цIэрыIуэ Иван и зэманыр зэфIигъэувэжыну яужь ихьащ Бэлагъы Любэ и тхыгъэщIэ «ГуащэнэмкIэ». Дэ шэч къытетхьэркъым лъэпкъ тхылъеджэхэм ар ягу, я псэ зэ­рыдыхьэным. Апхуэдэ тхыгъэ купщIафIэщ лъэп­къым и цIыхухэр куэд щIауэ зыпэплъэри, щы­гъуазэ зызыхуащIыну я нэ къызыхуикIри» (профессор, филологие щIэныгъэхэм я доктор ХьэкIуащэ Андрей).

Усыгъэхэр

Сэ уэрэдым

Сэ уэрэдым сегъэгъыф иджыри…
Сегъэгъыфыр уэшхыр къызэрешхым,
Сегъэгъыфыр дыгъэр къызэрепсым,
МыукIытэжу си Iэпкълъэпкъыр зэсэм.

Сэ иджыри сегъэгъыфыр мазэм,
Къыщиувэм деж уафэгум гъуазэу,
Дапхуэдизу лъагэми и закъуэщ
Мазэ ныкъуэм… Ар си дежкIэ наIуэщ.

Сэ иджыри сегъэгъыфыр уэсым,
Абы и хужьыкIэм зимыхъуэжу…
ЩIым зришэкIауэ зыщигъэткIукIэ
Лъагъуныгъэм уощIэр и гуащIагъэр.

Сэ иджыри сегъэгъыфыр псалъэм,
Ар къэзыутIыпщам сыхуейщ и пщалъэм
Зэ иплъэгъуэ закъуэкIэ сыщыму
Зэрычэнжыр си гум ибзыщIыну.

Сэ иджыри сегъэгъыфыр жьыбгъэр
ЗэрызекIуэ щIыкIэм и унафэм,
Жыгхэм щытеувэкIэ мыIэсу
Мы дунейр зэрихъуэкIащ нэгъуэщIу.
УщрихьэлIэжкъым уэшхым дэгъи…

Си анэ

Мыгъэрей щIымахуэр сыту пасэ…
Уэсыр дуней кIыхьым щымысхьа.
СыщIигъэнэщхъейр сымыщIэу, нэпсыр
Си нэхэм аргуэру къыщIихуащ…

Си гум сыт къигъэкIыр мы щIымахуэм,
Си псэр зэрикъузыр сымыбзыщI.
Изогъэщхь и щхьэцым ар си анэм…
Сэ аргуэру сызэрыхамэщIщ…

И макъ щтэIэщтаблэм сегъэхыщIэ,
Ар къызэрыспэплъэм сеузэщI -
Тхьэм къыщысхуелъэIукIэ,
Сэ сымыщIэ, бегъымбар -
Си анэм и нэмыщI!

Ар мыхъуами схуэмыщынут махуэ,
Жэщым пщIыхьэпIэфI къыслъимыхьэнт,
Игу си ужьым итым къысхуэсакъыу,
Нэхъ хъумакIуэ пэжи симыIэнт!

Ауэ мы щIымахуэм сегъэхыщIэ,
СызэригъэпIыщIэр нэхъыбэжщ…
Си Тхьэ, бегъымбару къэбгъэщIахэм
Сэ си анэ закъуэри хэбжэж…

УФ-м щэнхабзэмрэ цIыхубэ коммуникацэхэмкIэ и министр Соколов Александррэ Къандур зэщхьэгъусэхэмрэ. 2008 гъэ

Лондон щекIуэкI зэхыхьэм хэтхэм Бэлагъы Любэ адыгэхэм я гугъу яхуещI.

 

 

 

Поделиться: