Иджыри зы хьэщIэщ

«Архъыз» зыгъэпсэхупIэм и кIапсэ гъуэгухэм ящыщу ищхъэрэкIэ гъэзам метри 150-кIэ и ­гъунэгъуу «FloraBoutique - Hotel&Spa» къатищу зэтет унэщIэм (метри 1650-рэ и лъэгагъщ) зыкъыщиIэтащ.

ХьэщIэщым зэуэ цIыху 80-м нэблагъэм зыщагъэпсэхуфынущ. Абы хащIыхьа пэшхэм яхэтщ цIыхуитI зэдыщIэсыным хуэгъэпсахэри, люкс теплъэ зрата унэ кIуэцI щхьэхуэхэри. Ухуэныгъэр зэгъэпэщащ европей пщэфIапIэм тещIыхьа шхапIэкIэ, зэуэ автомобиль 30-м нэблагъэ зытезагъэ гъэувыпIэкIэ, бгы-лыжэ Iэмэпсымэхэр щахъумэ пэш щхьэхуэкIэ, Интернетым и wi-fi зэпыщIэныгъэкIэ.
Зэман кIэщIым къриубыдэу мыбы къыщызэIуахынущ балигъхэмрэ сабийхэмрэ я зыгъэпскIыпIэ-есыпIэ псыгуэнхэр, къуэкIыпIэ къэралхэм щыцIэрыIуэ хьэмэм зэгъэпэщам хуэдэ, зыгъэпсэхуакIуэхэм я Iэпкълъэпкъым зыщрагъэужьыфыну пэш.

КЪУМАХУЭ Аслъэн.
Поделиться: